Сочинение на кабардинском языке къабзагъэр узыншагъэщ

Обновлено: 07.07.2024

- ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэкIэ ягъуэта щIэныгъэр къэпщытэжын;

-я бзэм зегъэужьын.

Нэрылъагъу пособиехэр : ЩоджэнцIыкIу Алий и портретыр, тхылъхэм я выставкэ, плакатхэр.

Урокым и екIуэкIыкIэр.

I. Къызэзгъэпэщ дакъикъэ.

II. Урок блэкIам яджар къэпщытэжын.

1.Инд. опрос карточкэк1э гъэлэжьэн (нэрыбгитIым ЩоджэнцIыкIу Алий и биографиер ятхыж).

2. Фронтальнэ опрос .

-Сыт у/лэжь. фиIар?

-Хэт ЩоджэнцIыкIу Алий? Сыт а тхакIуэм хужыфIэфынур?

-( ЩоджэнцIыкIу Алий тхакIуэщ, усакIуэщ. Адыгэ литературэм зи ц1эр дыщэпск1э хэзытха усак1уэщ.)

- Сыт хуэдэ тхыгъэ хэр итхауэ фщ1эрэ фэ?

3.Егъэджак1уэм и псалъэхэр.

Пэжщ ЩоджэнцIыкIу Алий хэлъхьэныгъэшхуэ хуищ1ащ ди адыгэ литературэм зыригъэужьын папщ1эк1э. И тхыгъэхэм куэду феджэнущ ищхьэ классхэм.Абы и тхыгъэ налкъутхэр дунейм къызэрытехьэрэ зэманыф1 дэк1а щхьэк1э, я пщ1эр, я мыхьэнэр, лъэпкъ тхъылъеджэм хуи1э лъагъуныгъэр нэхъ лъагэ хъуа ф1эк1а, зык1и нэхъ къэлъэхъшакъым . Абыхэм я жьы къабзэм, я бзий нэхум ноби добжьыф1э, догъагъэ адыгэ литературэр, абы и дэтхэнэ ехъул1эныгъэми на1уэу хыболъагъуэ, а усак1уэ псэемыблэжым и 1эрык1хэр, езы зэман дыдэр зыпэмылъэщыфар. Усак1уэм и тхыгъэ хьэлэмэтхэр псэунущ зы адыгэ дунейм тетыху.

III.Бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэ.

Адрей урокым зи гугъ дымыщ1ыфауэ, нобэ зы хьэлэмэт вжес1энщ.

ЩоджэнцIыкIу Алий 1936 гъэм ди лъахэм щы1ащ. Апщыгъуэм ар 1ущ1ащ ди тхак1уэ, усак1уэ гъуэзэджэ Уэхъутэ Абдулыхьи. Ди Хэкур ф1ыщэу зэрилъэгъуар къригъэлъагъуэу, Iэдииху чэщанэм и фэеплъу итхащ мы усэри фыкъеда1уэт.

1.Салам узохыжыр Инжыджым,

Л1эщ1ыгъэ усэхэр жызы1эм,

Ижь 1уэры1уэтахэр зезыхьэм.

2. А псы уэрышхуэр зи лъабжьэм,

Шыху лъагъуэм хуэдэу щолъагъуэ,

Гъэмахуэ дыгъэм пэлыду

Абджыфэм ещхьу къы1уедзэ.

3.Сэ а псы ябгэм и нэзу

Пшэр зи т1ысып1эм сытетщ.

Пшэ гуп хъар п1ащ1эхэр си щхьэгум

Къытелъ сф1эщ1ыжу гъунэгъущ.

IV. Темэщ1эм елэжьын.

Хэт дауэ къыгуры1уа мы псалъэхэр тхыгъэм фыщеджэм .

  • Пут – 16 кг.
  • Пщ1анэ - гъавэ къэк1агъэщ1э щхъуант1э
  • Даущ ерухэр - губжь зыщ1эту 1эуэлъауэу ежэх псы
  • Нэкъыф1эщ 1- нэм илъагъу псори
  • Дестынэ - зы гектар
  • Сарыкъ - хьэжы пы1э
  • Ят1э щыкъыр - ят1э тыкъыр
  • Къэлътмакъ зэпедзэк1 – къэп л1эужъыгъуэ, хъуржынит1 зэпыту
  • Лэп1анк1э – шэмэдж зэрагъэжан
  • Л1ыщ1э – бийм пщ1эк1э хуэлажьэ ц1ыху.
  • Къулъшыкъу - пщэдджыжьым сыхьэтыр 9- хэм деж
  • Дзэху удз – лъэдий захуэу дэжей удз.

V. Темэщ1эр гъэбыдэжын.

- Ат1э, псори феджауэ солъытэ, ауэ нэхъ къыхэгъэбелджылык1ауэ иныкъуэм загъэхьэзыращи девгъэдэ1ут. Иужьк1э мис мы упщ1э фхуэзгъэувхэм жэуап къефтыфын папщ1э.

1. Фэ щымыуауэ къэфлъытэрэ Хьэмид суд пащхьэм имыхьэу хьэжым зэрыгуры1уар?

2. Федэ1уа иужьк1э хьэжым хар-кэ етын. Хьэсет хар-кэ етын.

2. Хьэмидрэ Хьэжымрэ я зэпсэлъэныгъэмэр инсценировать ящ1.

3. Еджак1уэхэм падзэ.

4. Мурат, Хьэсет Мусэ сымэ я зэпсэлъэныгъэр.

5. Пщы1эм хьэжыр къызэрытехьам щ1эдэ1ун.

4. Хьэжымрэ Хьэмидрэ я зэпсэлъэныгъэр инсц-ть щ1ын.

Упщ1э згъэувахэу щытахэм и жэуап ирегъэтыжын:

1. Фэ щымыуауэ къэфлъытэрэ Хьэмид суд пащхьэм имыхьэу хьэжым зэрыгуры1уар?

2. Хьэжым хар-кэ ирегъэтын. Хьэсет хар-кэ ирегъэтын.

3.Псори хьэлэмэту къывгуры1уащ.

Ауэ сыхуейт къэвгъэлъэгъуэжыну тхак1уэм къигъэлъэгъуа худ.1эмалхэр?

- Сыт пейзажк1э зэджэр?

- Сыт олицетворенэк1э зэджэр?

- Сыт метафорэк1э зэджэр?

4. Оценкэ гъэувын.

Нэхъ уигу щ1ыхьа 1ыхьэм сурэт хуэщ1ын; тхыгъэм и щ1агъым щ1эт упщ1эхэм жэуап етын.


Къайсэр сыщыдэсауэ щытам, нытIэ адыгэ сымаджэри куэду къахуэзэтэкъэ, си тырку дохутыр ныбжьэгъухэм ар жаIэ зэпытт:" КъэкIуа сымаджэр адыгэрэ мыадыгэрэ къыщыщIэхьэ дыдэм щыщIэдзауэ занщIэу къыбоцIыхуф" жари.

Ар даурэ къызэрыфщIэр жыпIэмэ, "ИпэщIыкIэ нэмысыфIэхэщ, сымаджэу къаша я анэжъ - адэжъхэм фIыуэ яхуыщытщ, дахэ хуыжаIэ, итIанэ къабзэхэщ, бэшэчхэщ, дохутырым къыщыкIуэхэкIэ я джанэгъуэншэдж щIагъщIэлъхэр зэрахъуэкI, ущеIэзэкIэ пщIэнтIэпсымэ къыпщIихьэнкъым" жаIэт.

Ари сэ си гуапэ хъут, срипагэт абы, жаIэр пэжщ, къабзагъэкIэ дызхэс лъэпкъым куэдкIэ дащхьэщокI. «Къабзагъэр узыншагъэщ" жызыIэ зы лъэпкъым дыкъыщыхэкIакIэ, ар гъэщIэгъуэныщэкъым.

Адыгэхэм я къабзагъэм гуы лъызытэр дохутыр закъуэхэракъым, адыгэ унагъуэ ихьа хэткIэй апхуэдэщ.

ГъуэгурыкIуэуэ зы къуажэ ущыблэкIкIэ зэрыадыгэ къуажэр унэхэм я щIыб теплъэмкIэ напIэзыпIэм къыбоцIыху, унэхэм я блынджабэхэр етIэхукIэ ящи уэсчэсэйм хуэдэуэ хужьыбзэщ, пщIэнтIэшхуэ къапытщ, я хьэщIэщхэр щхьэхуэу хэхауэ къыдэтщ, я хадэхэр узэдащ, уардэ унэу щымытми теплъэ дахэ яIэщ.

УнэкIуэцIхэри абы къыкIэрыхукъым, хьэпшыпкIэ къуауэ щымытынкIэй хъуынущ, ауэ, хуейм ирекъулейсыз хуейм иреунагъуэ бей, е фIейуэ е мэ Iей къыщIихыуэ адыгэ унагъуэ гъуэтыгъуейщ, сэ слъэгъуакъым.

ШхыныфI щащхын, пIэ къабзэ щыхэлъын, хьэщIагъэ зырагъэхын пIапщIэ, мэлыхъуэ щынахъуэр адыгэ къуажэм Iуэху шыхуежъэн, гъуэгурыкIуэхэр адыгэ унагъуэ щыхьэщIэну я нэр къокI.

Мы зи гугъ дщIахэр Адыгэхэр Тыркум нэхъ къыщыкIуагъэщIэхэрат, нобэ жыфIэмэ иджы куэдымкIэ къыткIэлъыщIэхьэжахэщ.

Адыгэхэр Хэкум къиIэпхъукIыу тырку щIыналъэм къыщыкIуа дыдэхэм, фIыгъэм хуэгъэза лъэныкъуэ куэдымкIэ дыкъызхэхьэ жылэм дакъыщхьэщыкIыу зэрыщытар ар сэ насыпыншагъэуэ солъытэ

Сыт щхьэкIэ жыфIэнурэ фгъэщIэгъуэнущ, лIыгъэкIэй, щэныфIагъэкIэй, тIэкIу ипэ зи гуыгъу тщIа къабзагъэкIэй, културэм хуэгъэза дэтхэнэ зы лъэныкъуэкIэй усхэтIысхьэ цIыхуыбэм уащхьэщыкIыуэ щытмэ мыувэIэу уотэ, а нэхъыкIэ щэнхабзэм хуэгъэзауэ къапыпхын бгъуэтыркъым, кIуэху уиIэри уфIокIуэдыж.

Адыгэм аращ къащыщIар, яхэлъ фIыгъуэхэм зыкъомыр яIэпыщIэхуащ, зыкъомыри IейкIэ зэрихъуэкIащ, яIэщIэлъхэри зэрыхуэфащэу фIымкIэ яунэтIэфакъым.

ИкIи социално-экономикэ и лъэныкъуэкIэ фIыуэ зиужъыфакъым икIикI илъэс мин бжыгъэкIэ зэригъэпэща и хабзэ дахэхэр ихъуымэфу абы ищIыIу щIагъуэ трилъхьэфакъым.

Абы ищIыIуыжи, а зэманхэм Уэсмэн паштыхьыгъуэми и къэкъутэжыгъуэ и тхьэмыщкIэгъуэт, зехьэзэхуэрэ зауэбанэм хэтти Адыгэ хэхэсхэри зы гуыгъуехьым къыхэкIхэри адрей гуыгъуехьым хэхуахэт.

БлэкIа уэлбанэм щIакIуэ къыкIэлъыпщтэжкIэ зырикI къикIынукъым, ауэ зэзэмызэ согуыпсыс: адыгэхэм ХэкуыжьыпIэр щырагъэбгынам тырку щIыналъэхэр мыхъуу, мамыру, социалнэ-экономикэ и лъэныкъуэкIэ, културэкIэ нэхъ хуэщIауэ, зауэбанэ зыдыщымэIэ зы къэралыгъуэ Iэпхъуауэ щытатэмэ, нобэ и щытыкIэр даурэ хъуыну пIэрэт жызори ?

Нэхъ Iей зэрымыхъуыну щытам шэч хэлъкъым.

СУРЭТ ГУЭРЫМ И ХЪЫБАР

ЖызыIэжар Тамбий Тухьфэщ,

зытхыжар Тэгъулан Екъубщ, Тырку щIыналъэ

Бешкъэзакъхьэблэрэ Азейрэ я зэхаку шыкIэ дэлъыр зы махуэ ныкъуэ гъуэгущ. Зы шы дэгъуэ утесу Мэчэнеикъуэ удэхьэрэ ПсышхуэмкIэ урекIуэкIмэ, Ло КъуажэкIэ зиукъуэдийуэ нэхъ кIэщIу зы шы гъуэгу иIэщи, мис абыкIэ урикIуэмэ шэджагъуэ мыхъууи унэсынущ.

Бешкъэзакъхьэблэ щыщ Тамбий Казим зы къуэрылъу цIыкIу иIэт ТухьфэкIэ еджэуэ, и куэщIым иримыгъэкIыу, абы аткIэ щымыIэуэ фIыуэ илъагъут хъыджэбз цIыкIур.

Казим, цIыкIууэ и зы хъыджэбз лIати, абы и фэеплъуэ абы и цIэр и къуэрылъу хъыджэбзым фIищыжат.

Дадэр и шым елъэдэкъауэщ, МэчэнеикъуэкIэ щхьэдэхри, Азей и гъуэнэгъу къуажэхэми Iумыуэуэ занщIэуэ Азей кIуэщ, и Iуэху зыфIигъэкIри шэджагъуэ нэужьхэм къуажэм къыдэхьэжащ.

Казим пщIэхьэпIэуэ игу къэкIыжатэкъым и къуэрылъу цIыкIур данэ бохуцеяпхъэкIэ къызэригъэгугъуар.

Казим абдежым шым къемыпсыхыу, занщIэу къиIуантIэщ, мыщхьэхыу Азей нэс игъэзэжщ, хъыджэбз цIыкIум данэ бохуцеяпхъэр къыхуищэхури къуажэм къэкIуэжатэм жаIэри жа1эж.

Адыгэхэр, езыбы я бынхэм щIагъуэу нэсэIуасэ яхуэмыхъуу зыбгъадэмыгъэхьэ хуэдэу щытми, я къуэрылъ-пхъурылъухэмкIэ икъукIэ хъыжьэхэщ.

Зыгъэи апхуэдэуэ, абы щыгъуэ сурет техыныр къежьагъащIэти, и шыпхъумрэ и къуэрылъу хъыджэбз цIыкIумрэи яхэту и унэгъухэм щыщ зы гуп Азей ишэри зыхэтхэуэ сурет зытырагъэхри къагъэзэжауэ щытащ.

Зытырагъэхщ къагъэзэжри, къагъэзэжа щхьэкIэ и къуэрылъху хъыджэбз цIыкIур сурэтым нэщхъейуэ къикIат жаIэ.


Мы зэ далэ, и хъыджэбз цIыкIур нэжэгужэрэ нэщхъыфIэу дэгъуэ дыдэуэ къикIат.

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худи I э лъагъуныгъэр дызэрыц I ык I у лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджак I уэхэм.

Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф I ыц I эмрэ я зэхуаку дэлъ щ I ыналъэм зыл I и быну, лъэпкъ пщык I ут I у зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу. Адыгэхэр зэик I зауэ-банэк I э зэралъэфэл I а мылъкук I э, е нэгъуэщ I лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщыл I у абы и пщ I энт I эпск I э псэуакъым. Ат I э ахэм гъавэ хасэт, I эщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я гуащ I э къабзэ, хьэлэлк I э псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщ I э хуащ I у, пагагъэр я бэу, л I ыгъэрэ хахуагъэрэк I э, пэжыгъэк I э дуней псом ц I эры I уэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.

Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтык I э дахэ я I эт. Дэтхэнэ ц I ыхуми и хэкум нэхъапэ и I экъым, уеблэмэ и гъащ I эм япэ ирегъэщ.

C и хэкууэ дыщэ губгъуэ,

Гъащ I эщ I эм и епэр!

Кавказым и щ I ы ф I ыгъуэ,

Уи теплъэм I эф I ещ I псэр!

Си Хэку дыщэ! Сыту ф I ыщэу услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемы I э щымы I эу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ псори ф I ыуэ зэролъагъу ик I и зэдэ I эпыкъуу зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам ц I ыху псори, зым хуэдэу, къызэщ I этэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, ик I и кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.

Сыт хуэдэ I уэху яужь симытми , зэпымыууэ согупсыс , си къарум къызэрихьк I э си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщ I эным . Хэкум къулыкъу хуащ I эмэ , мамырыгъэм хуэлажьэу арщ . Мамырыгъэр ди дежк I э гъащ I э насыпыф I эщ . Дэ дыхуейщ ди ц I ыхухэм я гъащ I э насыпыф I эр махуэ къэс нэхъри нэхъыф I, нэхъ тынш , нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну . Аращ къулыкъу зыщ I эхэр псэемыблэжу щ I ыхущ I экъур къэралу щы I эр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным . Къулыкъу зыщ I э куэдым я гъащ I эр л I ыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум

папщ I э ят . Хуей хъууэ щытмэ , сыхьэзырщ си Хэку лъап I эм папщ I э си псэр стыну .

Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ .

Сэ сынасыпыф I эу зызолъытэж , сыту жып I эмэ си Хэку лъап I эм сисыжщи . Зи Хэку имысыж ц I ыхур тхьэмыщк I эщ. И Хэкум зи псэр хуемы I э щы I экъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмы I эси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэк I э жыдо I эф. Адэжьхэм я псэр зыщыхуарзэ хэкужьым къэмык I уэным щ I эмыхъуэпс хэхэсу псэу ди дэлъхухэм, шыпхъухэм зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын хуейщ. Дэнэ щ I ып I э щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.

Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.

Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ - ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.

Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.

Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.

Сочинение Темирова Темирлана,

Пшеунова Т. А

Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.

Основные способы перевода пожертвований в Русфонд

1.Через банк

2. Через терминал QIWI (КИВИ)

3. Через банковскую карту

4. Другие способы

17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.

12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.

Читайте также: