Атэлыкъым и л1эужь краткое содержание на кабардинском

Обновлено: 03.07.2024

Пэублэ псалъэ (егъэджак1уэм ) : Дэтхэнэ зы лъэпкъми ижь – ижьыж лъандэрэ пщ1э хуащ1у къок1уэк1 ц1ыху губзыгъэм, ущияк1уэм, гъащ1эм къыхиха 1ущагъхэр бэм я пащхьэм изылъхьэжыфым. Апхуэдэу адрей лъэпкъхэм къахэщырт я акъылыф1агък1э адыгэхэр. Я акъылыф1агъэр къызэрагъэлъагъуэр ди анэдэлъхубзэрт, адыгэбзэрт. Къэплъытэ хъунущ, адыгэбзэр нэхъ тэмэм дыдэу убзыхуа бзэхэм ящыщу, абы и щыхьэтщ псалъэ хьэулей куэд зэрыхэмытыр. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди анэдэлъхубзэм гулъытэ щ1агъуэ щыхуэдмыщ1 куэдрэ къохъу. Мы зэпеуэмк1э дэ къалэну дгъэувыр ди бзэм и дахагъыр зэхэтщ1эу ди пщэдейр зи 1эмыщ1э илъыну фэ ц1ык1ухэм абы пщ1э хуэфщ1у, фегугъуу фхъумэнырщ.

«Гуащэ и псынэ « гупым

Къуэ щхъуант1э уэхым и лъащ1эм

Псы гъуджэ ц1ык1ур щопщ1ыпщ1э;

Тк1уэпс щ1ы1э щыгъэхэр 1уфит1ым

Я удз щ1эращ1эхэм хеутхэ.

Псынэ абджыфэм и 1уфэм

Жыг хьэлэмэтхэр тожьауэ,

Дыгъэ нур гуащ1эм пэлыду

Зишэщ1 – зи1уант1эу мэк1уасэ

Махуэр хуабейщи бгы нэк1ухэм

Удз епэр тхьэмпэхэр щолалэ.

Къуалэбзу ц1ык1ухэри бэмп1ауэ

Псы щабэ 1уфэми щохуарзэ.

Фхуэс1уэтэнщи си гухэщ1ыр –

Гуауэ хьэлъэм сыполъэщыр.

Нывжес1энщи си гуф1эгъуэр –

Сэ щ1эрыщ1эу си гур хохъуэ.

Сщ1экъым сэ ар къызыхэк1ыр,

Фи губгъэным сыф1ол1ык1ыр.

Гугъэу си1эм я нэхъ лъап1эр –

Къэсхьэхунырщ фи гур гуапэу.

Фи гуф1эгъуэм и пшынэбзэр

Ауэ гуауэм хишмэ гъыбзэ

Къысф1ыщ1ок1ыр сэри нэпс.

Сыхъуу щытми нэхъ фпэжыжьэ,

Си псэр нэхъри фпэгъунэгъущ.

Фэрщ и нит1ыр си Хэкужьым,

Фи гурыщ1эр си 1эпэгъущ.

Лъэпкъым сыт хуэдэ гуф1эгъуэ къэхъуами зэраублэу щытар хъуэхъущи

- Ди зэпеуэр идохьэжьэри

Хъуэхъур ди бэу, дыбагъуэу,

Губгъуэу ди1эр бэвылъэу,

1ей тхэтыныр ди жагъуэу,

Ди жагъуэгъухэр зэгуэпу,

Ди гукъеуэр здэтшэчу,

Ди чэт гъэлъэхъу щымыщ1эу,

Ди хъыджэбзхэр щ1ык1аф1эу,

Ди щ1алэхэр гъущ1ыпсэу,

Псыблэм хуэдэу заупц1у

Пц1ащхъуэ лъатэм къадэжэу,

Я жэрагък1э алъпыжьхэу,

- Ди бзэр зэзмыпэсыжу

Ар 1эщ1ыб ищ1ыну ек1э и ужь ихьэхэм

Гъэ мэш ищ1эну губгъуэм щихьам деж,

И хьэсэм ихъуреягъыр хьэкъыршу,

И кур шыпсыранэу,

Зрагъэзыхмэ, и нэм къыщ1эуэу,

Хэ1эбэмэ, и 1эр къису,

Дзыгъуэ тхыц1эр щ1имыгъанэу –

Адыгэбзэм теухуа усэхэмрэ уэрэдрэ ягъэзащ1э:

Си нэр зыгъаплъэ,

Си лъэр здэбыдэ,

Уэ уи жьэгу дыщэм

- Дэ ди гуф1эгъуи

Утетщ гъуэгу махуэ.

Анэдэлъхубзэ, адыгэ жьабзэ,

- Уэ ди нэ ди псэ лъэпкъым и гупсэ,

Анэдэлъхубзэ, уэ узижагъуэр

Узыгъэик1эр акъыл тхьэмыщк1эщ.

- Си гум и хъущхъуэ

Пхузощ1 сыт щыгъуи

Анэдэлъхубзэ,анэм и жьабзэ,

- Адыгэбзэр жа1э к1уэдыжыну

Ар уи ф1эщ уэ хъурэ, си ныбжьэгъу?

Зэхэпхар уигу къеуэу умышынэ,

Ди бзэр хуэныкъуэххэкъым гущ1эгъу.

-Бзэр т1эщ1эк1мэ, дылъэпкъкъым.

Акъыл ин ухуэмей

Къыбгуры1уэу а т1эк1ур

-Бзэм и макъхэм ди тхыдэр,

Ди лъыр, ди псэр хэпщащ.

Бзэр тхъумэну зымыдэр

Ди биям къагъэщ1ащ.

-Бзэр т1эщ1эк1мэ, досык1ыр,

К1уа л1эщ1ыгъуэм лъык1псык1ым

Хипщэжар сыт хъужын

-Бзэр т1эщ1эк1мэ, док1уэдыр,

Лъы зыщ1этыр фысакъ

Псы зыщ1этыр тек1уэту,

Вгъэ1у бзэ хуабэм и макъ.

-Си бзэ дахэу адыгэбзэ,

Си бзэ дахэу уэ си нэху!

Уэращ си анэдэлъхубзэр,

Уэрэд «Си бзэ - си псэ, си дуней.

псалъэхэр Джэдгъэф Борис

макъамэр Молэ Владимир яйщ.

Къапсэлъыр нобэ Къэбэрдейм

Си гущ1эм нылъо1эс Ежьу: Си бзэ – си псэ, си Дуней.

Анэбзу си уэрэд

Лъагъуныгъэу сигу мыжейм,

Сигу мыжейм укъолъэт

Адыгэу тетым щ1ы хъурейм,

Ей, маржэ, жыф1эрей:

Си бзэ- си псэ, си Дуней.

Си бзэ – си Дуней!

Уэрэдыр хуэдэщ дыгъэ бзийм,

Псэм нурыр щеукъуэдий.

- Сэ хъуэхъуэн си фарзщи,

И псэук1эр еф1ак1уэу,

Къэралу щы1эм драпашэу,

Шэуэ къелъэлъэхыр тпэ1эщ1эу,

Лъэпкъыу исыр зэгуры1уэу

Зым 1эпыхур зым къищтэжу

Зы унафэм дыщ1эту

Ди лъэпкъ анэдэлъхубзэр дгъаф1эу

Ар 1эщ1ыб дымыщ1у

Гъавэр, псыр, шыгъур, гъущ1ыр, хугур

Нэмысрэ насыпрэ ди куэду

Гъэ минк1э псэун лъэпкъ тхьэм дищ1!

-Ди анэдэлъхубзэр къуилъхьэжыну

Ек1э ди ужь къихьэм

Я пк1эунэм жумэрэн щыущу,

Я хьэщ1эщым дзыгъуэ щит1 щыджэгуу,

Я шхы1эныжьым бацэ къилэлу,

Ц1амыщхъейр и гуфэу,

Л1ит1 зы уэщу, л1ищ зы хьэму,

Я хьэмэщ щэджыншэу,

Мэрамысэ бэщ1рэ, унэлъащ1э ф1ейуэ

-Жэщи махуи си анэдэлъхубзэм

Иропсалъэ мо си къуршыжь плъагъухэр,

Къалъхуащ ахэр щ1ыр щымыджэмыпц1эм,

Щ1ыщ1игъэнар арщ я щыгур тхъугъэм.

-Зэхэпхынущ си анэдэлъхубзэ

Зыхуэбгъэщхърэ уеда1уэмэ псынэм…

Си жылагъуэ 1эджэу нэм къы1уидзэм

Нэрэ нап1эу я1эр а нэщэнэрщ.

-Яхь я гъащ1эр, си бзэк1э нэщхъыф1эу,

Си тенджыз толъкъунхэу емышыжхэм,

Си бзэк1э мэгу1э е мэгуф1э

Сэ си лъахэу сыкъызыщхьэщыжыр.

-Си анэдэлъхубзэм ирипсалъэр

И куэдагък1э хъуркъым мелуан бжыгъэ,

Ауэ, си лъэпкъ мащ1эу си псэм хэлъым

Къыдок1уэк1ыр ар имыщ1эу жьыгъэ

-Си анэдэлъхубзэ хэмытауэ

Сигу къеуэк1эр фэ зэхэвмыщ1эну,

Си анэм и бзэр си къызимытамэ

Къыщ1эк1ынт сэ бзагуэу сыкъэнэну.

Си бзэу си лъэпкъыц1э .

-Уэ уи къежьап1эр, адыгэ хабзэ,

Си анэм къыздилъхуа си бзэрщ,

Си Хэкуу си нэм уэ уринабдзэщ,

Си лъэпкъым урищ1ыхь гъуазэщ.

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, дыадыгэжкъым.

Пшагъуэбэщ пщащэнэ ф1ыц1эр,

Нысэм щхьэрыгъри дыщэ пы1эжкъым,

Щ1элъыжкъым пшынэбзэм ди ц1эр.

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, ди щауэишэр

Къутауэ зы нарт шабзэшэщ,

1эщ1элъри щауэу зи пащ1эр пхъашэм

Дзэху къамэ лъэпкъ саутыншэщ .

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, ди уэредадэр

Бжьыхьэпэм и зы жэп налъэщ,

Махъсымэ к1адэр, ди дыщэидэр

Пшэк1ухьым и сыхьэт п1алъэщ.

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, дыбзу дамэншэщ,

Мыл губгъуэм иту шу налыншэщ,

Гъатхэ уэлбанэу щхьэншэ техъуанэм

Щытк1ужу дызышыгъу к1анэщ.

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, хуэзэм дыкъищтэу

Дыхъуак1эщ хамэ жыхапхъэ,

Я 1уэху зэф1эк1мэ драхьэгъащтэу

Дгъэф1энущ я боужь дапхъэ.

-Ущык1уэдынум, си адыгэбзэ.

Здэпхьынущ, сощ1э, ди хабзэр,

Нэмысу, щ1ыхьу, уи л1ыгъэ хасэу

Къинэнур хэкум зы гъыбзэщ.

Упсэу уэ куэдрэ! Уэрщ лъэпкъым и лъабжьэр!

Упсэу уэ куэдрэ1 уэ дыбдэпсэунщ!

Удигуф1эгъуэщ, уэ уди1эщ набдзэу, упсэу!

Упсэумэ ди лъэпкъыр псэунщ.

Мурадхэр : я бзэр ф1ыуэ ялъагъуным я гур къыхуэгъэушын;

Анэдэлъхубзэм хуа1э гулъытэм хэгъэхъуэн;

Бзэр шэрыуэу къагъэсэбэпыфу егъэсэн.

1 Пэублэ псалъэ.

  1. 1уэры1уатэ нэхърэ – нэрылъагъу (псалъэжьхэмк1э зэпегъэуэн).
  1. Адыгэбзэр мэбзэрабзэ (псынщ1эрыпсалъэхэмк1э зэпеуэн).
  1. Дэрэжэгъухэм я 1ыхьэ . Адэк1э къыпыщэ…(нэщэнэхэмк1э зэпеуэн)

8 Капитанхэм я зэпеуэ. Псалъэрыджэгу.

псалъэр Щоджэн Аслъэнджэрий

макъамэр Къэбэрдокъуэ Борис яйщ.

Бахъсэн уэрыжьыр къуак1эм щызоуэ,

Мы ди Хэкужьыр Дуней телъыджэщ,

Ди адыгэбзэр абы и гъуджэщ.

Зы бзэм хуэлажьэр ар лъэпкъ уэхътыншэщ,

Адыгэ лъэпкъыр дызэкъуэтынщ,

Ди бзэм и щ1ыхьыр лъагэу т1этынщ

Илъэс мин куэдрэ абы и тхыдэщ,

Псы къелъэм хуэдэу ар къарууф1эщ,

Ди лъэпкъ гъэф1эну дызэрыгуф1эщ.

Зи хэку епц1ыжу зы лъэпкъ щымы1э,

Зы бзэр зыхъумэр мис ар лъэпкъ къабзэщ,

Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ.

Зи бзэм хуэсакъхэр зэманым ток1уэ,

Гъащ1э хъуэпсэгъуэр щ1ылъэм щаухуэ.

Апхуэдэ щапхъэм дэ дегъэгушхуэ.

Блэк1а зэманхэр дэ къыдегъащ1э,

Ди нартыжь лъэпкъым уэрэд хуеусыр,

Ди лъэпкъ хъыбархэр дэни нехьэсыр.

Зи бзэм хуэлажьэхэр ар лъэпкъ уэхътыншэщ.

Адыгэ лъэпкъыр дызэкъуэтынщ,

Ди бзэм и щ1ыхьыр лъагэу т1этынщ.

1уэры1уатэ нэхърэ – нэрылъагъу

  1. Псынэ, псыбэ, бырыбищ, къыщик1ухьым щыбырыбыр п1ырып1ищщ.
  2. Ди щак1уэхьэм щ1эрык1уэхьыр щ1эк1уэрыхьырт
  3. Уэдыд, ди адэ дыдыр Дэбубыдым , быдэу едыр.

4. Мыщэ. мыщ1э мащ1э.

Псэлъафэр вжызо1э, фэ къызытек1а хъыбарыр жыво1эж. Нэхъыбэ жызы1эфыр тек1уащ.

Щамыр и ц1эт, езыр Астемырхэ ящыщт. Щам хьэрычэт, зэф1эгъэк1рэ имы1эу, и гъащ1эр тхьэмыщк1эу ирихьэк1ащ. Щ1ымахуэ гуэрым пхъэгъэсын имы1эу унэм къыщ1энэри, гузэвэху чыху 1эпл1э къыдичурэ и щ1ап1эр къызэрыхухьа бжьыхьыр игъэсыжати, псэлъафэр абы къытек1ащ.

Парипыхыр щ1ып1эц1эщ. Балъкъ 1уфэрэ Псыхъурей къуажэ щ1ыбымрэ я зэхуакурщ. Къэбэрдейм къытеуауэ щыта тургъуэтхэр Парипых деж хьэлэч зэрыщащ1ыгъам псалъэжьыр къытек1ащ.

Адыгэ гуп

Адыгэ гуп

Адыгэ гуп

Ит1анэми жы-
1апхъэщ: фадэмрэ ди адыгэ хабзэмрэ зэбийщ, а т1ур
звгъусэу зы ц1ыхуми хуэ1ыгъынукъым. Абы жыжьэу
къыпимык1ухьу, а т1ур зэгъусэ зыщ1ыну яужь ихьэм и
унагъуэбжэм и закъуэкъым хуищ1ыжыр, лъэпкъым и
Показать полностью.
унагъуэбжэр хуещ1ыж. Фадэ гуащ1эр дэ къытхэзыхьахэм
я мурадыр псори къайхъул1ащ: зи хабзэр фадэ зэрыт бэр-
щыбэм и лъащ1эм къыщызылъыхъуэм адыгагъэк1и, ц1ыху-
гъэк1и узэрыщыгугъыжын щы1экъым.
Фадэр зэбэк1 гуф1эгъуэм хабзэ ущылъыхъуэ хъужы-
нукъым. Хьэгъуэл1ыгъуэр, лъэтеувэр, кхъуей плъыжь
к1эрыщ1эр гуф1эгъуэ зыщ1у щытар фадэркъым, ар-
къэркъым, ат1э абы щызэк1уэу щыта адыгагъэрщ, ады­
гэ хабзэрщ. Хьэгъуэл1ыгъуэр гуфЬгъуэщ , насыпщ, гушы-
1эщ, джэгущ, нэгузыужьщ. Ар л1ы гъэунэхуп1эщ, л1ыгъэ
зэхэгъэк1ып1эщ. Аращ ар ц1ыхум ягу къызэринэжын
хуейри, армыхъумэ щрафа бжьэ бжыгъэркъым. Абы и
лъэныкъуэк1э гъэщ1эгъуэнщ фэ зехьэ джэгук1э зи гугъу
тщ1ам хуэмыхуу хэта я къуэрылъхухэм щхьэк1э фызыжь-
хэм жа1эу щытар: къевдзыхрэ фук1ыртэкъэ, фэ ц1ынэк1э,
къэспшыныжынт.
Щ ауэишыжым иужьк!э щауэр и унагъуэм къинэжыр-
тэкъым. Апхуэдэу зыщ1хэр емык1уу ялъытэрт. Губгъуэ
лэжьыгъэ щымьг1эмэ, япэрей махуэ зыкъомым щауэр и
щ ауапЬм махуэк1эрэ к1уэжырт, абы ягъашхэу, зыхуей
хуагъазэу. Ар щауэкъуэти имы1эжу ж эщ кЬрэ и лэгъунэ
къек1уэл1эжырт. Ауэ япэхэми ещхьу жьыуэ пДэтаджэурэ
и адэми, анэми, хьэблэм дэс нэхъыжьхэми защихъумэу
пщ1ант1эм дэк1ырти ежьэжырт. Лэжьыгъэ 1энат1э пэрытмэ,
ар и щауап1эм щедзакъэрти, лэж ьапЬм к1уэрт. Лэжьыгъэ
щымы1э нэужьк1э и гъусэ, и ныбжьэгъухэм яхэту зэманыр игъак1уэрт. Аддэ нэхъ пасэм щыгъуэ апхуэдэ щ1алэр
щ ауэщ Ь зек1уэ ежьэрэ къэту щытащ. Нэхъыбэрэ къэтыху-
к1э нэхъ л1ыгъэ и1эу я1уатэрт нэхъыжьхэм.

Презентация на тему: " К 1 эрашэ Тембот Гъащ 1 эм и дерс рассказыр. Мурадыр: Тхыгъэм щ 1 элъ гупсысэ нэхъыщхьэр еджак 1 уэхэм ягурыгъэ 1 уэн; Унагъуэмрэ хьэщ 1 эщымрэ щек 1." — Транскрипт:

1 К1эрашэ Тембот Гъащ1эм и дерс рассказыр

2 Мурадыр: Тхыгъэм щ1элъ гупсысэ нэхъыщхьэр еджак1уэхэм ягурыгъэ1уэн; Унагъуэмрэ хьэщ1эщымрэ щек1уэк1ыу щыта хабзэхэр хъыбарым къызэрыхэщыр къэ1уэтэжын; Псалъэжьхэм тхыгъэм ща1э мыхьэнэр жегъэ1эн.

3 1. Хъыбарыр къэзы1уэтэжыр хэт? 2. Сыт хуэдэ псалъэжь л1ыжьым хъыбарыр къи1уэтэжын хуей щ1эхъуар?

4 И ныбжьыр дапщэм иту, ик1и хэт игъэсэн хуей хъурэ Къамболэт?

5 Хъыбарым къыщыхэщ мы упщ1эхэм щыгъуазэ дыфщ1: унагъуэхэм щек1уэк1 хабзэхэр; хьэщ1эщым щек1уэк1 хабзэхэр; щ1эблэм зэрихьапхъэ хабзэхэр.

6 Гъащ1эм къыхиха дерсым теухуауэ Камболэт жи1а псалъэхэм хэт къытхуеджэн?

7 Анзор Мухьэмэд и Атэлыкъым и л1эужь повестым сытк1э ещхь К1эрашэ Тембот Гъащ1эм и дерс и рассказыр.

8 К1эрашэ Тембот л1ыхъужьхэм я образхэр на1уэ къызэрыфщищ1, абыхэм я теплъэр фи нэгу къызэрыщ1игъэувэ художественнэ 1эмалхэр вгъэбелджылы. Ахэр текстым къыхэвгъуа- тэ.

9 Мы рассказым къыхэщ хабзэхэм щыщу нобэрей ди гъащ1эм сыт хуэдэ хабзэхэр къытхуэнауэ жып1э хъуну?

10 Тхыгъэм теухуауэ сыт хуэдэ псалъэжьхэр фхужы1эну, абыхэм гъащ1эм щагъэзащ1э мыхьэнэр къыжыф1э.

11 Мыжей Михаил Исмахьил и къуэр 1937 гъэм Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащхьэ Черкеск къыщалъхуащ. Курыт еджап1э нэужьым Къэбэрдей- Балъкъэр къэрал университетым тхыдэмрэ филологиемк1э и факультетыр къиухащ гъэхэм Къэрэшей-Шэрджэс радиом, иужьк1э щ1эныгъэ-къэхутак1уэ институтым щылэжьащ. Мыжей Михаил лъэпкъ 1уэры1уатэ зэхуэхьэсыжыным,къыдэгъэк1ыным ехьэл1ауэ куэд зэф1игъэк1ащ. Абы и ф1ыгъэк1э дунейм къытехьащ Къру-къру, къаз-къазсабий тхылъыр(1968), Адыгэ хабзэмрэ ди зэманымрэ(1980), Адыгэ хъыбархэр(1986). Тхак1уэм и 1эдакъэм къыщ1эк1ащ рассказ, повесть, пьесэ куэд. Абы и тхыгъэ нэхъыф1хэм ящыщщ ц1ыхухэмрэ унагъуэ псэущхьэхэмрэ яку къыдэхъуэ зэхущытык1эхэм теухуауэ Пщэху новеллэр.

12 Унэ лэжьыгъэ 1. Мыжей Михаил и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ къеджэн. 2. Пщэхуновеллэм къеджэн. Упщ1эхэм жэуап етын.

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

­­­­­­­­­­­­­­­­­ Муниципальное казенное общеобразовательное учреждение

РАБОЧАЯ ПРОГРАММА

по кабардинской литературе

Учитель: Ширукова З.М.

Квалификационная категория: высшая

Рабочая программа составлена на основе примерной государственной

программы по кабардинскому языку для общеобразовательных школ . 5-11 классов под редакцией Гяургиева Х.З. Нальчик, 2010г.

Зыубзыху тхыгъэ

- Федеральный компонент государственного стандарта (начального общего образования, основного общего образования, среднего (полного) общего образования), утвержденным приказом Министерства образования России от 5.03.2004г № 1089.

- Федеральный государственный образовательный стандарт основного общего образования, утвержденным приказом Министерства образования РФ № 1887 от 17.12.2010

- Региональный перечень учебников, рекомендованных (допущенных) Министерством образования КБР к использованию в образовательном процессе в образовательных учреждениях, реализующих образовательные программы общего образования на 2015/2016 учебный год.

- Базисный учебный план, утвержденный приказом Министерства образования РФ № 1312 от 09.03.2004.

-Примерная программа по кабардино-черкескому языку и литературе для

5-11 классов под редакцией Гяургиева Х.З. Нальчик, 2010г., взятая за основу.

-Положение о порядке составления и утверждения рабочих программ учебных предметов и курсов МКОУ «СОШ№3 с.п.Аргудан

Рабочэ программэр зэхэгъэуващ ФГОС-м къигъэув къалэнхэм ипкъ итк1э.

Программэм адыгэ литературэр 7 – нэ классым щегъэджыным сыхьэт 68хухэхащ, абы щыщу:

Тхьэмахуэм литературэр щегъэджыным хухахащ -2

Адыгэ литературэр зищ1ысымрэ и зэхэлъык1эмрэ псори къыщ1эзыубыдэ гуры1уэныгъэ.

Школым и къалэн нэхъыщхьэр щ1эблэм щ1эныгъэ куурэ есэныгъэ быдэрэ етынырщ, ягъуэта щ1эныгъэмрэ есэныгъэхэмрэ хуей щыхъум къагъэсэбэпыфыным хуэгъэхьэзырынырщ. Абы и лъэныкъуэк1э анэдэлъхубзэр егъэджыным и мыхьэнэр мылъытэщ. Егъэджак1уэм и дуней еплъык1эр, ц1ыхухэм я зэхущытык1эхэр псом япэу къызэра1уатэр езым къыдалъхуа бзэрщ.

Анэдэлъхубзэр школым зэрыщаджыр лъэпкъ кулътурэм, хабзэм, гъэсэныгъэм пыщ1ауэщ. Абы къыхэк1к1э лъэпкъ школым и пщ1эр зэрыщыту къэ1этын хуейуэ къоув.

7 классхэм адыгэ литературэр щыджыным и къалэн нэхъыщхъэу щытын хуейщ: еджак1уэхэм я жьэры1уатэбзэмрэ тхыбзэмрэ нэхъри егъэф1эк1уэныр, литературэмрэ теориемрэ теухуауэ абыхэм щ1эныгъэ етыныр, моральнэ-этическэ, нравственнэ, художественно-эстетическэ гъэсэныгъэ егъэгъуэтыныр, абыхэм хуэдэ къабзэу, литературно-художественнэ тхыгъэхэм езыр-езыру къеджэфу ик1и зэпкърахыфу егъэсэныр, нэгъуэщ1 1уэхугъуэхэри.

7 классхэм я программэхэм къызэщ1аубыдэ адыгэ тхак1уэхэмрэ усак1уэхэмрэ я тхыгъэ нэхъыф1хэм щыщхэр. Мы классхэм тхак1уэхэм я литературнэ лэжьыгъэхэр зэрыщаджым къыдэк1уэу, дэтхэнэ тхак1уэми усак1уэми и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ щыгъуазэ щащ1. Тхак1уэхэм я тхыгъэу программэм къыщыгъэлъэгъуахэр мыгъэк1эщ1ауэ яджыпхъэщ.

Мурадхэр: еджак1уэхэм художественнэ литературэр зищ1ысыр, ар

искусствэ л1эужьыгъуэу зэрыщытыр егъэщ1эн;

художественнэ литературэм зыхэщ1эгъуэу, гъэхуауэ ирижэу

къеджэфхэу, къызэджари гук1э яубыдыфрэ гъэк1эщ1ауэ и

мыхьэнэ нэхъыщхьэр къыжа1эжыфу егъэсэн;

-анэдэлъхубзэм хуа1э лъагъуныгъэм хэгъэхъуэн, нэхъ куу щ1ын;

- адыгэ лъэпкъым и хабзэр, и нэмысыр, и тхыдэр ящ1эу

- гу къабзэ зи1э ц1ыхур ц1ыхум и дахап1эу зэрыщытыр ящ1эу

- адыгэ 1уэры1уатэмк1э ягъуэта гуры1уэныгъэхэр нэхъ куу

- эстетикэ и 1уэхук1э гуры1уэныгъэф1хэр, гъащ1эм, дунейм я

дахэмрэ я 1еймрэ зэхагъэк1ыфу, зыхащ1эу, 1ейм

Адыгэ литературэр ФГОС-м тету школым щегъэджыным къалэну къегъэув:

анэдэлъхубзэм и дахагъыр нэхъ къызыхэщ тхыгъэхэмрэ 1уэры1уатэм щыщ пкъыгъуэ уардэхэмрэ сабийхэм егъэц1ыхуныр.

адыгэ тхак1уэ пажэхэм я 1эдакъэщ1эк1хэм щыгъэгъуэзэныр.

тхыгъэ щхьэхуэхэр е езы дыдэхэм зэхалъхьа къэ1уэтэныгъэхэр (изложенэ) я бзэк1э ятхыжыфу егъэсэныр.

прозэу тхахэр я бзэк1э къа1уэтэжыфрэ абы тепсэлъыхьыжу, усэхэм ящыщу къагъэлъэгъуахэр гук1э зэрагъэщ1эфу егъэсэныр.

анэдэлъхубзэм хуэфащэ пщ1э хуащ1у ик1и иригушхуэу къэгъэхъуныр.

еджак1уэм я бзэм зегъэужьын,я словарнэ запасым хэгъэхъуэн.

иджыпсту къек1уэк1 информационнэ ехъул1эныгъэхэм к1элъыплъыфу, хэплъэфу, зыхуейр къыхахыфрэ къагъэсэбэпыфу егъэсэныр.

ФГОС-м ипкъ итк1э щ1эныгъэ ягъуэтын хуейхэр:

Еджак1уэм езым еджэныгъэм хуи1э щытык1эр (Личностные): еджэныгъэм тэмэму хущытын, и къэухьым зегъэужьыным иужь итын, щ1эуэ зыгуэр къищ1эну хуеин, и1э щ1эныгъэм хигъэхъуэн.

Унэт1ыныгъэ (Регулятивные): къещтэ мурадыр, едж ар гъэзэщ1а зэрыхъуным хущ1окъу, езым план егъэув ик1и абы тету мэлажьэ.

Щ1эныгъэ и1эным, щ1эуэ зыгуэр къищ1эным хущ1экъуныр (Познавательные): мурадыр къыгуро1уэ, къоджэ, йода1уэ, зыхуеинухэр щ1эныгъэр 1уэхухэмк1э къыгуро1уэ, езыр-езыру зыхуеинухэр тхылъым, тетрадым кърех.

Хуиту псалъэмакъым хыбошэ, псоми бгъэдыхьэк1э щхьэхуэ къахуегъуэт (Коммуникативные): упщ1эхэр ет, адрейхэм йода1уэ, упщ1эхэм жэуап ирет; езым и еплъык1э и1эжщ, яф1эщ ещ1ыф.

Адыгэ литературэ предметыр щ1аджым и ф1агъыр

Адыгэ художественнэ литературэм и тхыгъэ нэхъыф1хэр теухуащ щ1эблэр адэ щ1ыналъэмрэ ц1ыхубэмрэ яхуэпэжу гъэсэным. Морально-этическэ художественнэ нравственнэ, эстетическэ гъэсэныгъэ еджак1уэхэм егъэгъуэтыныр школым литературэр щегъэджыным и мурад нэхъыщхьэу мэув.

Адыгэ литературэр школым щегъэджыным и къалэн нэхъыщхьэхэм щыщщ еджак1уэхэр искусствэм и псалъэм, ц1ыхубэ 1уэры1уатэмрэ литературэмрэ куууэ хэшэныр ик1и ахэр и лъабжьэу школак1уэхэм я зэхэщ1ык1ым зегъэужьыныр, духовнэ, нравственнэ ик1и художественнэ я лъэныкъуэк1э зегъэузэщ1ыныр.

Адыгэ литературэр 1эмал имы1эу яджын хуейхэм ящыщщ. Абы кьалэнышхуэ и пщэ къыдохуэ щ1эблэр бзэм и 1эф1ыр зыхищ1эу, ф1агъ-дахагъымрэ гурымыхьымрэ зэхигъэк1ыфу, лъэпкъми ц1ыхубэми л1эщ1ыгьуэк1эрэ къадэгьуэгурык1уэ художественнэ дуней епльык1э телъыджэр игъэбатэу къэхъунымк1э. Ар зи акьыл зэф1эувэ ныбжьыщ1эм щ1эгъэкъуэн хуохъу и анэдэлъхубзэмрэ Хэкумрэ ф1ыуэ илъагьуу, дэтхэнэ лъэпкъми и ф1ыр илъытэу, дунейпсо щэнхабзэм щыгъуазэрэ езым и лъэпкъ щэнхабзэр абы ирилъытыжыфу къэхъунымк1э.

Литературэр убгъуауэ джыным кърок1уэ еджак1уэхэм я бзэм зиузэщ1ыныр, ф1агъ-дахагъым и хабзэхэр бзэм зэригъэшэрыуэ 1эмалхэр къагуры1уэныр, лъэпкъ литературэм и зыужьык1эмрэ щыгъуэзэныр, абы и тхыдэм къыхэщ лъэхъэнэ нэхъ инхэр къыхагъэщхьэхук1ыфыныр, художественнэ тхыгъэр и ф1агъ-дахагъхэмк1э ек1уу зэпкърихыфу егъэсэныр, литературэм и теориемрэ и хабзэ нэхъыщхьэхэмрэ ящ1эныр.

Ебланэ классым щеджэ еджак1уэхэм адыгэ литературэмк1э ягъэзэщ1апхъэ лэжьыгъэхэр, я зэф1эк1хэр, щ1эныгъэр егъэф1эк1уэнымк1э ахэр зыхуэунэт1ахэр (компетенцэ елъытауэ)

Курыт еджап1эхэм адыгэ литературэр щегъэджыным и къалэн нэхъыщхьэу мы къэк1уэнухэр къоув:

- ныбжьыщ1эхэм литературэм къыхахыу зэхэщ1ык1 лъагэрэ гъэсэныгъэ дахэрэ яхэлъу къэгъэтэджыныр; ц1ыхугъэм и щапхъэхэр, гуп ялъагъуу, жылагъуэ 1уэхухэмрэ щхьэзакьуэ гурыгъухэмрэ зэрагъэзэгъыфу, дэтхэнэми лъысыпхъэ пщ1эр хуащ1ыжу къэхъуныр;

- литературэ образ щыпкъэхэр и гъуазэу щ1эблэр жылагьуэ гъащ1эм
хэшэныр, ныбжъыщ1эхэм я зэчиймрэ зэф1эк1ымрэ къызэ1уегьэхыныр,
дуней псо ц1ыхубэм хигъэщхьэхук1а лъап1эныгъэ нэхъыщхьэхэр
къыгуры1уэу, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ хуэпэжу къэгъэхъуныр,
къэралымрэ унагъуэмрэ я пащхьэ щихь жэуаплыныгъэр зыхегъэщ1эныр,
лъэпкъхэм яку дэлъ ныбжьэгъугъэр гьэбыдэным, ц1ыхухэм
шынагьуэншагъэ псэук1э къахузэгъэпэщыным и бэнак1уэу
къэгъэтэджыныр;

еджак1уэхэр я анэдэлъхубзэк1э зек1уэ 1уэры1уатэмрэ тхыгьэ нэхъыф1хэмрэ щыгъуазэ ш1ыныр, абык1э хуэфащэ пщ1эр анэдэлъхубзэм хуащ1у ик1и иригушхуэу къэгъэхъуныр, лъэпкъ литературэм и тхыдэмрэ нобэрей и щытык1эмрэ куууэ щыгъэгъуэзэныр, абы и жанр нэхъыщхьэхэр, и тхыгъэ нэхъыф1ыр къа1урыгъэ1уэныр;

1уэры1уатэм и л1эужьыгьуэхэр, литературэ тхыгъэхэр псэк1э зыхащ1эу, зэпкърахыфрэ абы хэлъ ф1агъхэмрэ щыщ1эныгьэхэмрэ литературэмрэ тхыдэмрэ ящыщ щапхъэхэр къагъэсэбэпурэ къагъэнэхуэфу, езыхэми псалъэр эстетикэм и хабзэк1э ягъэшэрыуэфу, литературэр гъуазджэм и нэгьуэщ1 пкъыгъуэхэм зэрадэгъуэгурык1уэмрэ къазэрыщхьэщык1ымрэ 1упщ1у зэхащ1ык1ыу егъэсэныр.

Щ1эныгъэм и ф1агъыр къэзыгъэлъагъуэ унэт1ыныгъэхэр:

предметымк1э ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр (предметные компетенции)

гъащ1эм, ц1ыхухэм яхэтынымк1э ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр

культурэ куэдым хэзэгъэнымк1э, ар зыхащ1энымк1э ягъуэт

лъэк1ыныгъэхэр (поликультурные компетенции)

информацэ зэхуэхьэсыным, абы и къэгъэсэбэпык1эм ехьэл1ауэ

ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр (информационные компетенции)

гъэсэныгъэ елъытауэ ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр (общекультурные

Адыгэ литературэр щебгъэджк1э къэбгъэсэбэп хъунущ мы къэк1уэну 1эмалхэр (методхэр):

Мы къэк1уэну щытык1эхэр (формэхэр):

джэгу-зэпеуэ,

къэ1уэтэныгъэмрэ зэпсэлъэныгъэмрэ зэгъусэу, нэгъуэщ1хэри.

Нэгъуэщ1 предметхэм пыщ1эныгъэ хуи1эхэр.

Адыгэ литературэр егъэджыным къыгуэхып1э имы1эу епхащ обществознанием, Къэбэрдей - Балъкъэр республикэм и тхыдэм, изо-м урыс литературэм, адыгэбзэ урокхэм. Абыхэм еджак1уэхэр псом хуэмыдэу хуагъасэ я хэкур ф1ыуэ ялъагъуным, абы и къыщхьэщыжак1уэу зэрыщытын хуейм. Щагъэгъуазэ зэман блэк1ам, нобэрей зэманым, л1эщ1ыгъуэ зэмыл1эужьыгъуэхэм. А зэманхэм ди лъэпкъым и къек1уэк1ык1ам, лъэпкъым и гъащ1эм къыщыхъуа 1уэхугъуэ зэхуэмыдэхэм, а псори литературэ урокхэм образнэу пыщ1а зэрыхъуахэм есэнымк1э.

Урыс литературэр адыгэ литературэ урокхэм сэбэпышхуэ мэхъу литературэм и теориехэр щаджынымк1э, художественнэ изобразительнэ 1эмалхэр зэгъэщ1энымк1э, художественнэ образ тхак1уэм къагъэщ1хэр зэрагъэщ1энымк1э, щапхъэ гъащ1эм къыщагъуэтынымк1э, ф1ымрэ 1еймрэ зэхагъэк1ынымк1э.

ИЗО-м пыщ1эныгъэ хуи1эхэр бзэм зегъэужьыным нэхъ къыщагъэсэбэпыпхъэщ. Сурэт щащ1к1э еджак1уэхэм 1эмал имы1эу гу зылъатэну къагъэсэбэпыну, гу зылъатэну къагъэсэбэпыну 1уэхугъуэщ лъэпкъым и дамыгъэ хьэлэмэтхэр. Абыхэм къарык1 мыхьэнэхэр нэгъуэщ1 куэдри къагуры1уэнымк1э, ар зэхащ1энымк1э сэбэпышхуэщ, а зэпыщ1эныгъэр.

Адыгэбзэ урокымрэ литературэмрэ къыгуэхып1э имы1эу зэпхащ бзэм щадж разделхэр литературэ урокым щегъэбыдыл1а щохъу. Псалъэм папщ1э лексикэ 1ыхьэр щаджк1э псалъэщ1э къыхыхьэным, жьы хъуа псалъэхэр хэк1ыным и щхьэусыгъуэр литературэми тхыдэми щагъуэтынущ.

Нэгъуэщ1 предметым адыгэ литературэр пыщ1эным мыхьэнэшхуэ и1эщ дэтхэнэ зы еджак1уэм дежк1и, сыту жып1эмэ я зэхэщ1ык1ыр нэхъ ирегъэф1ак1уэ, зи гугъу пщ1ы 1уэхугъуэр нэхъ гуры1уэгъуэ, гурыхь нэхъ ящохъу.

Читайте также: