Сочинение нэхъыжьхэм я жьауэм дыщ1эту допсэу

Обновлено: 03.07.2024

Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.

Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ - ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.

Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.

Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.

Сочинение Темирова Темирлана,

Пшеунова Т. А

Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.

Основные способы перевода пожертвований в Русфонд

1.Через банк

2. Через терминал QIWI (КИВИ)

3. Через банковскую карту

4. Другие способы

17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.

12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Нэхъыжьхэм я махуэм теухуа пшыхь.

hello_html_504ac6c0.jpg

Махуэшхуэр езыгъэкIуэкIым и макъ къоIу (сабийхэр)

Сэ си нанэ 1 ущабэщ .

Сэ си дадэ акъылыф 1 эщ .

Сэ си нанэ и бзэр 1 эф 1 щ .

Сэ си дадэ берычэтщ .

Сэ си нанэ сыринэщ .

Сэ си дадэ сырипсэщ .

Сэ си нанэ си щэху хузо 1 уатэ .

Сэ си дадэ си акъылэгъущ .

Сэ си нанэ псоми сыхуегъасэ .

Сэ си дадэ щапхъэ тызох.

hello_html_7ce83715.jpg

Япэм: Фи махуэ фIыуэ, ди нанэ 1ущабэхэ!

ЕтIуанэм: Фи махуэ фIыуэ, ди дадэ жанхэ!

Япэм: Фи махуэ фIыуэ, ди щIэблэ Iумахуэ!

ЕтIуанэм: Фи махуэ фIыуэ, ди хьэщIэ лъапIэхэ!

Егъэджак1уэм: Ф1ыщ1э зыхуэтщ1 ди нэхъыжьыф1хэ. Ди гуапэу идошажьэ ди нахъыжьхэм я махуэ лъапIэм хуэдгъэхьэзыра гуфIэгъуэ пшыхьыр. Куэд щ1ащ нахъыжьыф1хэм я махуэм гулъытэ лей хуащ1у къызэрежьэрэ. Сыт нэхъри нэхъ лъап1эщ жьыгъэр. Ар щ1эблэм и чэнджэщщ и ущиещ, и набдзэщ, и гъэсэныгъэщ, и псэщ. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадокIуэкI нэхъыжьым нэхъ лейуэ пщ1э хуэщ1ыныр. Ар ди адыгэ хабзэщ.

Сыт нэхъ лъап1э си дадэ,

Сыт нэхъ лъп1э сэ си нанэ.

Си адыгэ гуащIэ,

Абы я къежьап1эщ!

И къуэм и къуэжым къилъхужар

Гуц1ык1ук1э зблишу фызыжь зблок1.

Гъащ1э к1апит1у сф1ощ1 слъэгъуар.

Сэ л1эщ1ыгъуит1 си нэгум щ1ок1ыр.

Зыр-мис псэуну къэушащ.

Гуц1ык1ум илъщ пэлыду дыгъэм,

Куэд щ1ауэ исщ ар и хъым жьыгъэм.

Ауэ ар щ1огуф1ык1:

Уэ къызжеп1аи гъэщ1эгъуэныр.

Гугъэр зыф1эк1уэда плъэгъуа?

Хуогуф1э ар сабий къэгъам,

Дадэ, да1уэт,уэ зэхэпхрэ?

Е а макъыр жьыбгъэм бблихрэ,

Щ1эдэ1упэт а макъамэм,

Уи псэр егъэтыншыр,

Мыжеяхэм уэрэд щабэ

Гъуэлъыжахэм а 1ущащэр

Я пщ1ыхьым хуосакъыр,

А телъыджэу сэ зыхэсщ1эм

Зыхэхыт и макъыр.

1. Си нанэу си псэм хуэзгъадэу

Дуней насып къызэзыт .

Уи гъащ 1 э гугъур уэрэду

Мы щ 1 ылъэм сэ щызо 1 эт .

Си нанэу си дыщэ пшэплъ ,

Дахагъэу щы 1 эр зыхэлъ ,

Сф 1 ощ 1 анэ псом уралей ,

Уэрщ зыгъэнэхур дунейр .

Уойрэ , уойрэ , уорира , уойрэ , уойрэ , уорира

Си нанэ дыщэ. Си нанэ, синанэ.

Си нанэ дахэ. Си нанэ дыщэ.

2.Мазэщ1э бзыгъэм дыщафэу

Къищу солъагъу уи сурэт.

Нуру уогъаблэ си уафэр
Сщ1ыгъуу гъуэгуанэм утетщ.

Си нанэу си дыщэ пшэплъ,

Дахагъэу щы1эр зыхэлъ,

Сф1ощ1 анэ псом уралей,

Уэрщ зыгъэнэхур дунейр.

3.Уэ гуапэу 1э къыздэплъамэ,

Нэхъ ф1ыгъуэ сэ сыхуэмей.

Си гъащ1эм и дыщэ дамэ

Куэдрэ схуэпсэу си Дуней.

Си нанэу си дыщэ пшэплъ,

Дахагъэу щы1эр зыхэлъ,

Сф1ощ1 анэ псом уралей,

Уэрщ зыгъэнэхур дунейр.

Уи лъагъуныгъэм нэхъ гуащ1э.

Тумыгъуэтэн щ1ы хъурейм,

Уэ сыноплъыху согумащ1э,

Сф1ощ1ыр уэ псом уралей.

Тхузэхэбуфэу уи нэщхъи

Уэ уи нэмыплъ къыдумыт.

Уи псэ къабзагъэр зэзгъэщхьи

Мы дунейшхуэм темыт.

Уэ пхуэсщ1а псори сф1эмащ1эу,

Сыт нэхъ пф1эф1ын?Согупсыс.

Си гум пхуигъаф1эр ф1ы защ1эу,

Сэ усэ, мис. пхузоус.

Егъэджак1уэ; Нэхъыжьым и чэнджэщым нэхъ 1ущ уещ1, и 1эф1агъым нэхъ щабэ уещ1,и лъагъуныгъэм нэхъ гумащ1э уещ1.Ар уи унагъуэ исымэ-насыпщ.

Пщэдджыжь нэмэзым, жьы дыдэу л1ыжьыр я унэм къыщ1эк1ат.

-Алоу, мыр сыт, мы лъэкъуамп1эхэр зи1ысыр, зейр зэзгъэщ1энти.

Лъэужьым теувэри ежьащ

-Тобэ,- мыр сыт телъыджэ?

-Ущымыуэт, тхьэмадэ. Сэ сытелъыджэкъым. Сэ уэ суриунагъуэ насыпщ. Мы си лъэужьым утету укъэмык1уатэмэ, сыбгъуэтыжынутэкъым, уи дежи нэзгъэзэжынутэкъым. Нобэ сыкъыщыбгъуэтыжак1э хэдэ.Уэ уи унагъуэк1э уи1эщ шыхэри, 1эщышхуэхэри, мэлхэри. Дияпэк1э абы щыщу зыщ фи1энур.

- Абы и унафэ си закъуэ дауэ сщ1ын? Згъэзэжу си унагъуэм исхэм сечэнджэщ мыхъуну п1эрэ?

- Сыт щ1эмыхъунур? Унагъуэр зы ц1ыху закъуэ и акъылк1э псауркъым.

Л1ыжьым и унагъуэм егъэзэжыри 1уохур зы1утар ягурегъа1уэ.

Щ1алэм: - Шыр шыкъэ зиунагъуэрэ?

Щ1алэм:- Хьэуэ, жэмыр шэ, жып1энумэ, гъэш,кхъуей,лыщ.

Щ1алэм: - Мэлыр - Цы ухуей, лыр апхуэдэкъэ, нышыр щэ?

– Мы ди нысэ нэхъыщ1э ц1ык1ур дауэ еплъыну п1эрэ мы псори щ1ызэныкъуэкъу 1уэхум?

- Тхьэ, мы псоми ягу къэмык1а сэ сщ1эуэ къыщ1эмык1ын, ауэ фыкъызэупщ1к1э сызэригугъэр хэслъхьэнщ. Сэ сыхэдатэмэ шы, вы, мэл къыхэзмыхынт. Сэ къэсщтэнт ди унагъуэм зэгуры1уэрэ зэдэ1уэжыр илъыну. Нэхъыжь - нэхъыщ1э тщ1эуэ, щхьэж и увып1эрэ и т1ысып1эрэ имыгъэгъуащэу, зым 1эпыхур зым къищтэжу дыпсэуну. Сэ арат къыхэсхынур.

И нысэ нэхъыщ1эм и псалъэр л1ыжьым нэхъ игу ирихьащ.

-Сыт къэхъуар, нет1э унэщхъеиуэ, угузавэу ук1уэжащ, иджы уогуф1э?

-Уэ унасыпыр пэжмэ, сэ уэ сыпхуейкъым шыуи, выуи, жэмуи, мэлуи, нэгъуэщ1 мылъку гуэруи. Хъуну щытмэ, нэгъэзэж си унэ зэгуры1уэныгъэ нилъхьэж , нэхъыжьрэ нэхъыщ1эрэ язэхуаку дэлъ пщ1эрэ щ1ыхьу,унагъуэ нэмысу.

- Апхуэдэ чэнджэщ уэ къозытахэр тхьэм пхуигъэпсэу. дуней насыпыр, дуней мылъкур зыбгъэдэлъыр нэмыс ящ1эу зэгуры1уэрэ зэдэ1уэжу, зэхуэарэзыуэ зым 1эпыхур зым къищтэжу зэдэпсэухэрщ. Ущагъэуакъым унагъуэм щ1эсхэм.

-Ар зи чэнджэщыр си нэрыбгэ нэхъыщ1э ц1ык1урщ.

- Хъарзынэщ, ауэ апхуэдэу езым зэхомыгъэх. Ф1ыуэ зэрыплъагъур къегъащ1э, ауэ ущымытхъу къызыф1эщ1ыжынщ.

- Нак1уэ иджы, дгъэзэжынщ унэм. Апхуэдэ нысэ щыбгъуэтак1э уре1э уэ щыри, жэмри, мэлри, нэгъуэщ1у узыхуеири.

Нэхъыжьыр гъэлъап1и, уи щхьэр лъэп1энщ.

Жьы зэрымысым нэмыс илъкъым, щ1э зэрымысым насып илъкъым.

Жьыф1 здэщымы1эм щ1эф1и щы1экъым.

Нэхъыжьым жьэ ет, нэхъыщ1эм гъуэгу ет.

Адэшхуэ-анэшхуэмрэ къуэрылъху-пхъурылъхумрэ зэф1щ: зым и зэманыр ик1ащ,адрейм и махуэр къэсакъым

DELETED

Нет. Ибо настолько стали ленивыми, что даже на такую простую тему пару предложений не хотят писать.
Да, я оч вредная.
Тебе здесь сочинение никто писать не будет.

DELETED

DELETED

Muslim Arabov

Алия, изверг

DELETED

Muslim Arabov

Алия, молчу молчу

Алан Хамуков

DELETED

😕

Алан, А так,я просто сказал

Алан Хамуков

Анна, а так , я тоже

Абдул Король


Абдул Король

Автор кто?

Тимур Карданов

😂

Что ж человеку то не помогаете?

DELETED

Анэ. Сыт хуэдиз 1эф1агърэ гуапагърэ къуитрэ мы зы псалъэм,сыту мыхьэнэ куэд къик1рэ мыбы.
"Анэр анэщ" жып1эмэ,абы псори къок1:укъызэрилъагъури зэрыплъагъужри,къыпхуи1э щытык1эри,хуи1эжри,зэрумыужэгъури укъызэримыужэгъури.Куэдрэ,куэдыщэрэ,уеблэмэ игъащ1эк1э зэрыбгъэпсэунури.Анэм и 1эф1щ япэ дыдэ зыхэпщ1эри,зи хуабэ къыплъысри,зи лъагъуныгъэ мык1уэщ1к1э
Показать полностью. зозыгъэгъэнщ1ри.Аращ уи унэр дыщэк1э зыблэну яужь итри,псоми нэхърэ нэхъ насыпыф1э уищ1ыну хущ1экъури,игъащ1эк1э къомыфыгъуэну-къомыижынури,сыт хуэдиз ехъул1эныгъэ е къулеягъэ умыгъуэтами.
Гъащ1э мыхъумыщ1эми,зэман бзаджэми азырщ-анэрщ-зызымыхъуэжу къанэр:и сабийм тегужьеик1ауэ,жей лъэпкъ имыщ1эу,абы и псэук1э,п1ык1э хъунум йогупсыс.Анэр сыт щыгъуи быным папщ1эк1э хыхьэфынущ маф1эм.
Ц1ыхум гузэвэгъуэ къыщылъысам деж ипэ псалъэу а гузэвэгъуэм къыхихыжыфыр "мамэ" жыхуи1э а псалъэ закъуэрщ.Щ1ым дытетыф дызэрыхъуу,жьым дытесу псым депыджын щ1ыдодзэ.Ауэ анэгур маблэр,анэпсэм ди гъащ1эр нэху тщещ1.Анэгур дэнэк1и мажэ:еджэн хуейщ,яшэн хуейщ,абы пыщ1а дэтхэнэ зы 1уэхугъуэри зи фэм нэхъыбэу дэк1ыр анэрщ.Анэгур тхьэмыщк1эщ.И быныр "мыпхуэдэ сыхьэтым къэк1уэж" жи1эу щ1игъэк1арэ къэгувамэ,маф1эм ирегъэс,псым ирегъэтхьэлэ,мыгъуагъэ куэдым анэпсэм къыщежыхь.
Щ1алэгъуалэм куэдым къагуры1уэркъым анэм къытхуищ1э псор.Анэм и джэ макъи и лъэ1уи ди тхьэк1умэм щызэхимых щы1эщ.Ауэ анэм и джэ макъыр псом нэхърэ нэхъапэщ.
Дунейм узэрыхэплъэр,уэзыгъэлъагъур,1эф1 къыпщызыщ1ыр нэращи,анэр-нэ пэлъытэщ.Аращ щ1ыжа1эр"Анэр нэщ", жа1эу.
Анэм къуитар къуетыпэ,анэ1эм къы1эщ1эк1ам нэхъ хьэлэл щы1экъым.Анэм къуит тыгъэр чэнджащи щ1егъуэжи зыхэмылъ гуапагъэщ.Укъыщалъхуа махуэм щыщ1эдзауэ анэм хузэф1эк1 псори къыпхуещ1э.А псоми урегъэгупсыс -Анэгук1э къе1эри анэ1эк1э къитри къызитам къысхуищ1ащ -жыхуи1э псалъэжьым.Уэри укъэзылъхуа,гугъу апхуэдизрэ къыбдехьа анэм и хьэкъышхуэ зэрыптелъыр зэик1 зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым.Щ1ымахуэ щ1ы1и,жьапщэ махуэми анэм дыгъэр къытхурегъэпсыф,уэрэдыр щ1ыналъэм макъыбэу зэрылъэлъу щегъэ1уф.


1. Пэщ1эдзэ классхэмщеджэ ц1ык1ухэм я бзэмзегъэужьын.

2. Сабийхэрщыгъуазэ щ1ын ижь-ижьыжлъандэрэадыгэхэм къадэгъуэгурык1уа хабзэгъуэзэджэхэм.

4. Ц1ык1ухэр гъэсэн, нэхъыжьхэмхуэфащэ пщ1э хуащ1ыфу.

5. Адыгэхабзэммыхьэнэшхуэбалигъхэмисабийхэми я дежк1э зэри1эр ц1ык1ухэм ягурыгъэ1уэн.

6. Еджак1уэ ц1ык1ухэр щыгъуазэ щ1ын хабзэр зымыгъэзащ1эхэр щытык1э гугъухэмзэриувэркъэзыгъэлъагъуэусэхэм, псалъэжьхэм.

Еджак1уэ: Фи махуэ ф1ыуэ!

Фыкъеблагъэди хьэщ1э лъап1эхэ!

Егъэджак1уэ: Диадыгэхабзэм и фащэнэхъапэдыдэхэмящыщщ, адыгагъэмрэадыгэнэмысымрэ 1ыгъыныр. Абы къызэщ1еубыдэ ц1ыхум и щ1ыхьыр зэримыгъэпудыныр, пэжыгъэр, ук1ытэр, гулъытэр, нэхъы-жьым пщ1э хуэщ1ыныр бзылъхугъэрлъытэныр, сабиймхуэсакъыныр, гъэсэныгъэхэлъхьэныр.

Мы зигугъу сщ1а 1уэхугъуэ псомиухэплъэжмэ, гуры1уэгъуэ мэхъуадыгэунагъуэмсабиймщигъуэтым хуей гъэсэныгъэм и куууагъыр.

Къэтщтэнщнобэнэхъдызыгъэгузавэзы 1уэхугъуэ: нэхъыжьымрэ нэхъыщ1эмрэ яку дэлъ зэхущытык1эр. Аращдипсалъэмакъризытеухуауэщытынур.

Тхыдэмуриплъэж нэужьк1э, лъэпкъкуэдым я деж ущрохьэл1э ц1ыхухэм жьыхъуахэр яук1ыжу, бгым щ1адзу, щ1ып1э пхыдзамяшэрэкъагъанэузэрыщытар. Апхуэдэхъыбархэтщдиадыгэ 1уэры1уатэми.

Дедэ1уэнщ Бэдынокъуэнартхэмкъахилъхьа хабзэф1ым теухуахъыбарым.

Еджак1уэ: Бэдынокъуэ и адэБэдынишатбгымщидзыну, ауэгу щ1эгъур къытек1уэри абы и адэр иук1акъым. Мэзым щигъэпщк1ури къэк1уэжащ.

Гъейщыхъум, л1ыжьым и чэнджэщхэмк1э гъавэр къахуэк1ыу, 1эщхэр яхуэбагъуэу щ1идзэжащ.

Мы хъыбырымкъыщежьэу жып1э хъунущнэхъыжьым хуэщ1ын хуей гулъытэр, пщ1эр. Къарук1э пэмылъэщыжми, жьыхъуа ц1ыхум 1эзагъ, 1ущагъ ин гъащ1эм къыхихауэ и1эщ.

Егъэджак1уэ: Нэхъыжьым пщ1э хуэзымыщ1 ц1ыхур адыгэхэм

Ат1э сыт хуэдэхабзэнэхъыжьым ехъэл1ауэ бгъэзэщ1эн хуейуэадыгагъэмкъигъэуврэ?

Дедэ1уэнщ ц1ык1ухэм абы теухуауэ ящ1эм.

1. Нэхъыжьухуэзамэ, ар ц1ыхухъуми ц1ыхубзми, уэнэхъапэ ф1эхъус епхынхуейщ. Ауэ ф1эхъус щепхк1э уэнэхъапэуи 1эр умыший, и 1эр къып1эщ1илъхьэну хуитырезынэхъыжьырщ.

2. Нэхъыжь и гъуэгу зэпаупщ1ыркъым. Ар нэмысыншагъэщ. Укъэувы1эу къак1уэр блэк1ыху уежьэнхуейщ.

3. Нэхъыжьгъуэгумкъыщыпхуэзамэ, зэрызек1уэ хабзэгуэрымуисмэ, ибгъэт1ысхьэу здэк1уэм нэспшэныруиадыгэкъалэнщ.

5. Нэхъыжьым къыбжи1эм и к1эм нэс уедэ1уапхъэщ, а жи1эр уигуиримыхьми. Къыбжи1эр е лъэ1ур бгъэзэщ1апхъэщ. Упсэумэ, а нэхъыжьым и п1эм уэриузэриувэнурзэизыщумыгъэгъупщэ. Нобэуэнэхъыжьым пщ1эуэ хуэпщ1ыр, пщэдейуэ къыпхуащ1ыжынщ.

6. Нэхъыжь блэк1ыу инуупсэлъэныр, е инуудыхьэшхыныр емык1ущ, а блэк1ым утепсэлъыхь е ук1элыдыхьэшх къыф1эщ1ынщ.

7. Нэхъыжьым и пащхьэ ущитк1э зып1уант1эу, зыпшант1эу уи 1эхэр уижыпымилъу, тутынуефэу, зыбгъэлъэгъуэныр емык1ущ.

9. Нэхъыжьуигъусэу ук1уэмэ, ижьырабгъур абы ейщ. Зыщ1ып1э ущ1ыхьэнумэ, япэ щ1ык1э бжэр 1убохри нэхъыжьыр щ1ыбогъэхьэ, ит1анэ уэ ущ1охьэ.

11. Нэхъыжьым зыщихуапэк1э дэ1эпыкъу, и щыгъыным ху-к1элъыплъ, и вакъэрхуэгъэкъабзэ.

12. Жьыхъуампсалъэмакъышхуэрэ 1эуэлъауэшхуэрэ яф1эф1-къым. Нэхъыжьым сыт и лъэныкъуэк1и хуэсакъынхуейщ.

13. Уэрам тет1ысхьэп1эм утесу нэхъыжь блэк1мэ, укъэтэджынхуейщ. Блэк1ыр ц1ыхубзми, ц1ыхухъуми ущысынырнэмысыншагъэщ.

14. Нэхъыжьщыту нэхъыщ1э т1ысыркъым, абы и гъуэлъып1э ит1ысхьэркъым, и т1ысып1э хэхамдеж т1ысыркъым.

15. Нэхъыжьымнэщхъыдзэу, пхъашэуепсалъэркъым, абы зыпа-щ1ыжу псалъэркъым.

16. Нэхъыжьыр хьэщ1эмэ, и закъуэубгъэшхэнырхабзэмкъе- мык1ущ. Абы шхыным и нэхъыф1ыр хуагъэфащэ.

17. Адэм, анэм е нэгъуэщ1 нэхъыжьгуэрымнэмэз ищ1ыну зи-гъэхьэзырмэ, абы до1эпыкъу.

18. Нэхъыжьым пщ1э хуэпщ1мэ, пщ1э хубощ1 адыгагъэм, уилъэпкъым и къежьап1эм.

19. Хабзэмузэрыхущытымхуэдэущ гъащ1эри къызэрыпхущытыжынур.

Ц1ыхум узэрыхуэгуэпэн 1эмалхэм щ1эи гъуни я1экъым. Ауэ, псом нэхърэнэхъ 1ейр арщи, ц1ыхум уегуэуэнмизы мащ1э дыдэщузыхуейр.

Еджак1уэ: Хьэсэн тет1ысхьэп1эм тест, сэхуран и1унщ1у, и лъа-къуэхэрзэтедзауэ. Л1ыжь сымаджэр, хуэмдыдэу, баш и1ыгъыу къэк1уэжырт. Ар щилъагъумХьэсэн абы егуэуащ, ауан ищ1у:

- Уа, тхьэмадэ, шабзэкъур сытк1э къэпщэхуа? – жи1эри.

- Ей, си щ1алэ, си щ1алэ, тхьэм ф1ык1э унигъэс. Уэри си ныбжьунэсмэ, зырииумытукъуатынщбашыр – жи1ащ л1ыжьым.

Егъэджак1уэ: (Сыт хуэдэщыуагъэхэр ищ1а Хьэсэн?).

Ат1э иджы дедэ1уэнщ. ДжаурджийХь. итхарассказ к1эщ1 ц1ы-

Еджак1уэ: Еджэняухришколым къыщ1эк1ыжауэ АслъэнрэМуратрэунэм къэк1уэжырт. Абыхэмкъалъэгъуащтыкуэным къыщ1эк1ыжа нанэр. Абы къищэхуахэрилъучыматэхьэлъэ и1ыгът. Аслъэнтхылъылъэр Мурат иритринанэматэр къы1ихащ. Абы нанэрунэмнигъэсыжрикъи-гъэзэжащ. Мурат къеупщ1ащ:

- Хэт а зиматэрзыхуэпхьыжар?

- Нанэщ, – жи1ащ Аслъэн.

Уэуинанэу ара? – Урикъуэрылъху, хьэмэурипхъурылъху?

- Хьэуэ, си нанэкъым.

- Ат1э фи гъунэгъу?

- Ат1э, уи сыт, дэнэ щыпц1ыхурэ?

- Си зырик1щ, сц1ыхуркъым.

(Сыт хуэдэукъыхэщрэХьэсэн мы дыкъызэджарассказым?)

Егъэджак1уэ: Иджыди хьэщ1эхэм зедгъэгъэпсэхунщ, уэрэд, усэ едгъэдэ1уэнщ.

Ар мамэ и гущ1эм нэсри,

И нэпсыр къыщ1игъэк1ат.

К1иякъым мамэ. Схуэшхыдэу,

И 1элъэщ1 к1апэм щэхудыдэу

И нэпсыр к1уэц1игъэпщк1уат.

А нап1эзып1эм си псалъэм

Сымыщ1эу сщ1эныр сыхэплъэу

Мамэ и жагъуэхъунпсалъэ

Щхьэ си жьэм къыжьэдэк1ат?

Сэ шыгъушыпсып1эм сыхэлъу

Жэщ к1ыхьыр езгъэк1уэк1ат,

Сэ, дауэ сегуэуэк1ат?

Сэпсалъэжагъуэ жыс1ар зэ,

Зезгъэ1этауэ си макъ

Тенауэ, къупщхьэ къысф1эщ1у,

Иджыри ф1элъщ си тэмакъ.

Егъэджак1уэ: Псоми зэрытщ1эщи, 1уэры1уатэм мыхьэнэшхуэ и1эщ щ1эблэр гъэсэнымк1э. Лъэпкъым и гупсысэр, и дуней еплъык1эр, и акъылыр на1уэу къыхощпсалъэжьхэм. Ахэр 1уэхугъуэ куэдымепхами, жып1э хъунущ, абы я къэлъэннэхъыщхьэргъэсэныгъэрауэ. Сыт хуэдэукъыхэщу п1эрэ зэик1 жьымыхъупсалъэжьхэмнэхъыжьым хуэщ1ын хуей пщ1эмрэ нэмысымрэ?

1. Нэхъыжьыр гъэлъап1и (уищхьэ лъап1э хъунщ).

2. Зинэхъыжь еда1уэ (и 1уэху мэк1уатэ).

3. Жьымеубзи (щ1эр гъэгушхуэ).

4. Нэхъыжьымжьэет, (нэхъыщ1эм гъуэгует).

5. Нэхъыжь зымыгъэлъап1эр, (щхьэ лъап1эгъуэ ихуэркъым.)

6. Нэхъыжь к1элъыджэркъым - (к1элъок1уэ);

7. Щ1алэ къагъапц1э щхьэк1э, (л1ыжь пц1ы хуаупсрэ?).

8. Жьызэрымысымнэмысилъкъым, (щ1э зэрымысым насып илъкъым).

9. Жьант1эм ущ1эмыкъу (пхуэфащэмэкъыплъысынщ).

10. Нэхъыжьыф1 зи1э (нэхъыщ1эф1и и1эщ).

11. Жьырщхьэукъуэреймэ, (щ1алэр джэгурейщ).

12. Л1ыжьыр жьэгум мак1уэ, (щ1алэр джэгум мак1уэ).

13. Ужьмэжьыхуэдэщыти, (ущ1эмэ, щ1э хуэдэущыт).

Ди нэхъыжьыф1хэм фи махуэ лъап1эм

Гупырвгъэдахэу, хъуэхъудахэ ф1эту,

Куэдрэ дэ фыкъытхэт!

Ди нэхъыжьыф1хэу дыкъэзылъхуахэм,

Бынхэр вгъэгуф1эу, къалъхуахэр вгъаф1у

Ди гъащ1эм щапхъэфыхуэхъу.

Дадэ жьак1эхухэ, нанэ щхьэц1 тхъуахэ,

Жьыгъэри гъащ1эм и ныбжьщ.

Жьыгъэм фытек1уэу, зытевмыгъак1уэу

Ди нэхъыжьыф1хэр фыпсэу!

Фи щхьэцыртхъуами, набгъэфыхъуами,

Фи илъэсбжыгъэмжьыфэ фищ1ами,

Жьыгъэр зы1эту ц1ыхугъэ дахэм

Нэхъыжь блэк1ым сыкъоувы1э,

Зыпызупщ1ыркъым и гъуэгу.

Ар блэк1ыхук1э блэк1 симы1э.

Дадинани я т1ысып1э

Жьант1эм сык1уэу сымыт1ыс.

Симыт1ысхьэ я гъуэлъып1эм,

Яхузощ1ыр пщ1э, нэмыс.

Ц1ыху узыщ1ыр хабзэращ.

Сощ1э ф1ыуэ, жьысыщыхъум

Згъуэтужыныр, нобэ сщ1арщ.

Нани ищ1э шыпсэхэр сегъащ1э.

Нанэ сытым дежи схуогумащ1э.

Сыгъынанэми, нанэзы жимы1э.

Т1у имыщ1у сэдадэ сыт жызмы1эм

Дадэ 1эджэрэ гуф1эу схуожы1эщ1э,

Нанэ и 1эф1агъыр фэ фымыщ1э.

Дадинани си псэмхуэдэщ,

Зым фимы1э ахэмхуэдэ.

Егъэджак1уэ: Ц1ык1ухэ, иджы жыдывгъэ1эт, сыт хуэдэгъэсэныгъэкъыхэфха едгъэк1уэк1а псалъэмакъым?

Читайте также: