Сочинение на тему дзыгъуэхэм я хейр джэдум зэрищ1ар

Обновлено: 05.07.2024

Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.

Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ - ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.

Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.

Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.

Сочинение Темирова Темирлана,

Пшеунова Т. А

Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.

Основные способы перевода пожертвований в Русфонд

1.Через банк

2. Через терминал QIWI (КИВИ)

3. Через банковскую карту

4. Другие способы

17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.

12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Псалъащхьэхэр нап.

1. Хэзыгъэгъуазэ______________________________________________________3-5

2. 1ыхьэ нэхъыщхьэ__________________________________________________6-14

2.1. Адыгэ бзылъхугъэр________________________________________________6-7

2.2. Сыт хуэдэ хабзэхэр к1элъызэрахьэу щыта бзылъхугъэхэм_______________ 7-9

2.3. Бзылъхугъэмрэ напэмрэ_____________________________________________10

2.4.Щхьэлъащ1эм и хьэтыр______________________________________________11

2.6. Хъуэрыбзэхэмрэ щ1агъыбзэхэмрэ__________________________________12-14

3. К1эух псалъэ ________________________________________________________15

4. Къагъэсэбэпа тхыгъэхэмрэ интернет-ресурсхэмрэ_______________________16

1.Хэзыгъэгъуазэ

Къэхутэныгъэ лэжьыгъэм и мурадхэр:

1. Хабзэм теухуауэ нэхъыщхьэу ябжыр къэхутэн.

2. Уи хабзэр умыщ1эмэ ар зэрыемык1ушхуэм ц1ыхухэр щыгъэгъуэзэн.

3. Адыгэ хабзэм тету адыгэхэр псэуным хущ1экъуным хуэшэн.

4. Адыгэхэм я бзылъхугъэхэм гулъытэшхуэ зэрыхуащ1у щытар хабзэм къызэрыхэщыр къэгъэлъагъуэн.

5. Бзылъхугъэм к1элъызырахьэ хабзэхэр къэхутэн. А хабзэхэм утету ди зэманым упсэуфынумэ зэхэгъэк1ын.

Къэхутэныгъэ лэжьыгъэр зытеухуар : Адыгэхэм я бзылъхугъэхэм къыдек1уэк1 хабзэхэр.

Къэхутэныгъэм и 1эмалхэр:

- Тхыгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэм щыгъуэзэныгъэ

Темэр ди зэманым къезэгъыу щ1ыщытыр: Дыщыпсэу зэманым лъэпкъ хабзэр к1уэдыжынк1э шынагъуэ щы1э хъуащ. Адыгэхэм бзылъхугъэм хуащ1у щыта нэмысымрэ пщ1эмрэ плъагъумэ, апхуэдэ хабзэ дахэхэр псоми къа1этыжыну иужь итынущ. А хабзэхэр ди зэманым къезэгъыу зэрыщытми псоми гу лъатэнущ.
Мы темэр къыщ1ыхэсхар: Сытым щыгъуи сыдехьэх ди тхыдэм. Нэхъ гъэщ1эгъуэн дыдэр Кавказым щыпсэу лъэпкъыу хъуам адыгэхэм хуэдэу зи бзылъхугъэ зыгъасэрэ зылъагъурэ зэрыщымы1аращ. Си лэжьыгъэмк1э сэ псоми язгъэлъэгъуну сыхуейщ апхуэдэ хабзэ дахэхэр зезыхьэ адыгэхэр дэнэ щ1ып1э щымы1ами зэрымык1уэдыжынур.

Дэтхэнэ ц1ыхуми и лъэпкъым и бзэр зэрищ1эн хуейм хуэдабзэу и хабзэхэри ищ1эн хуейщ. Ди зэманым куэдым я анэдэлъхубзэри зэрапэсыжкъым, хабзэм тетуи псэуну хуэмейхэри нэхъыбэжу щы1эу гу лъызотэ. "Хабзэр бзэгупэк1э зэрахьэркъым", -жа1э. Абы къок1 хабзэм утету упсэун хуейуэ. Жып1эк1э сыт, ар умыгъэзащ1эмэ? Ди хабзэ дахэхэр, дуней псом адыгэхэр ц1эры1уэ дызэрыхъуа ди хабзэ дахэхэр, дауэ бгъэк1уэдыжыну? Уи лъэпкъ хабзэр ф1ырэ 1ейрэ пщ1эн щхьэк1э, хабзэм лъабжьэ хуэхъуар пщ1эн хуейщ, хуейм имызакъуэу нэгъуэщ1 лъэпкъхэм я хабзэм ебгъэпщэфын хуейщ. Зи хабзэ нэхъ сыщыгъуазэ лъэпкъыу сыбжыр урысхэращ. Абыхэми я хабзэхэр ягу ирохьыж, абы тету щыпсэук1э, ар щагъэзащ1эк1э. Сэри ди адыгэ хабзэр нэхъ къыхызохыж абыхэм ейм щезгъапщэк1э.

Ди адыгэ хабзэр нэхъ сф1эгъэщ1эгъуэныж щыхъуар Нэгумэ Шорэ и 1эдакъэщ1эк1 "Ижь зэманым адыгэхэм я псэук1ар" жыхуи1ам сыщеджаращ. Апхуэдэ лъэпкъым сызэрибыным щхьэк1э си щхьэр лъагэу слъагъужащ. А тхыгъэм къыхощ ижьым псэуа адыгэхэм пэжагък1э, хьэл-щэныф1агък1э, хьэщ1э егъэблэгъэнк1э зы лъэпкъи япэ кърагъэувэу зэрыщымытар. Адыгэ хабзэм къызэщ1имыубыдэ щы1эу къыщ1эк1ынкъым сыт и лъэныкъуэк1и. Ар зэрыхъумэн хуейми шэч лъэпкъ къытесхьэркъым.

2.1ыхьэ нэхъыщхьэ

Ц1ыхубзыр дунейм и дыгъэщ,

Ц1ыхубзыр дунейм и мазэщ.

Фызмэ - гъащ1э гукъинэщ,

Анэмэ дунейм и жылэщ.

Л1ым зыдгъэлъагэ пэтми,

Я лъэгуажьэм ди жьак1эр нэскъым.

Агънокъуэ Лашэ

Адыгэ бзылъхугъэр

Адыгэ бзылъхугъэр дуней хъурей тхыдэм куууэ хыхьащ ик1и хэтщ. Ижь-ижьыж лъандэрэ хамэ къэралхэм къик1а еджагъэшхуэхэмрэ къэхутак1уэхэмрэ яф1эгъэщ1эгъуэну адыгэ бзылъхугъэм тетхыхьахэщ.

Ахэр нэсащ адыгэхэм я бзылъхугъэхэм я дахагъэм, я акъыл жаным, ахэр нэхъ дахэж зыщ1эхъук1 хабзэ гъэщ1эгъуэнхэм.

Адыгэ бзылъхугъэр дэнэ лъэпкъ къыщыхутами, адыгэ лъэпкъым къызэрыхэк1ар зэи игъэгъуэщакъым. Абы и щыхьэтщ мы дуней псом ц1эры1уэ щыхъуахэу Урысейм щап1ауэ Черкасскэ Марие, опернэ уэрэджы1ак1уэр, Францием щап1а балеринэ Черинэ Людмилэ, Америкэм щыщ балеринэ Черкасскэ Марианнэ, Францэм и л1ыхъужь ц1э зыф1аща Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан, 1932 гъэм япэ дыдэу ек1уэк1а дахагъэмк1э зэпеуэныгъэр къэзыхьа Кариман аль Шаркасие, ди усак1уэ ц1эры1уэ Балъкъэр Фоусэт, нэгъуэщ1 куэди.

Еджагъэшхуэхэм адыгэ бзылъхугъэм и дахагъымрэ и акъылыф1агъымрэ куэдым хуахь. Псалъэм папщ1э адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ здис щ1ып1э телъыджэм и климатым, я дуней тетык1эм. А псоми пэж гуэр хэлъу къыщ1эк1ынщ, ауэ адыгэ бзылъхугъэм и дахагъым, и бжьыф1агъым и къежьап1э нэхъыщхьэр адыгэ хабзэм зэрыщ1ап1ык1ырщ, нэмыс, ук1ытэ хэлъу къызэрытэджырщ. Теплъэк1э дахэ къуэдейр зыми щыщкъым ар 1эдэбу, хьэл-щэн дахэ зыхэлъу щымытмэ. Адыгэр дэнэ щ1ып1э щымы1ами адыгэу къонэж и хабзэр зэрихьэрэ абы хуэпэжмэ. Арат адыгэм бзылъхугъэр гъэсэным мыхьэнэшхуэ щ1ритыр. Ауэ жа1акъым: "Напэ дахэр илъэс нысэщи, зи псэк1э дахэр уи гъащ1э гъусэщ".

Дунейм къыщытехьа дыдэм щыщ1эдзауэ хъыджэбз ц1ык1ухэр щ1алэ ц1ык1ухэр зэрап1ым къыщхьэщок1. Хъыджэбз къалъхуамэ, гущэри гущап1эри езы унагъуэм ягъэхьэзыр, щ1алэ къалъхуамэ, ахэр псори анэшым ягъэхьэзырти къыхуашэжырт.

Адыгэхэр хъыджэбзыр щысабийм къегъэжьауэ бзэ 1эф1у, акъылыф1эу, щэныф1эу, хабзаф1эу яп1ыну хущ1экъурт. Сабийм и ц1ык1ущхьэм щегъэжьауэ псалъэ 1ей, гуауэ зэхрагъэхыртэкъым, хъыджэбз ц1ык1ухэм гъэф1агъыбзэу зэреджэхэр "си дахэ", "си псэ", "си дыгъэ", "си нэху" хуэдэхэрат.

Сыт хуэдэ хабзэхэр к1элъызэрахьэу щыта бзылъхугъэхэм ат1э?

Хъыджэбз ц1ык1ухэр ягъасэрт мыныбаблэу, къабзэлъабзэу, бзэ 1эф1у, зыхуэныкъуэ псори езым ящ1эжыфу. Абы хыхьэрт адыгэ шхыныгъуэхэр пщэф1ыныр, щыгъыныр, лъакъуэф1элъхьэхэр дыныр, ахэр къызыхащ1ык1 фэхэк1хэр, цеяпхъэхэр щ1ыныр, унэрылъ хьэпшыпхэр гъэщ1эрэщ1ыуэ хэдык1ыныр, упщ1эхэр, алэрыбгъухэр, арджэнхэр щ1ыныр.

Гулъытэшхуэ дыдэ хуащ1ырт хъыджэбз цIык1ухэм я фэм зэрызиукъэбзым, я теплъэм, я дахагъэм зэрызиужьым. Нэхъыжьхэр хуэсакъырт хъыджэбзым и Iэпкълъэпкъ пщык1ут1ыр зэхуэдэным, и увык1э, и т1ысык1э, къэк1ухьык1эхэм к1элъыплъу, абы гу лъитэу есэным. А псом еф1эк1ыу адыгэхэм Iэмал гуэрхэри я1эт езыхэм дахэщ жыхуа1эм хуэдэу сабийм, псом хуэмыдэу хъыджэбз ц1ык1ухэм я зыужьык1эр, я хэхъуэк1эр яунэт1ынымк1э (сабий къалъхуагъащ1эм и напэр бынжэлък1э ялъэщ1ырт, быдзышэкIэ ятхьэщ1ырт, нэхъ хужь, нэхъ дахэ хъун щхьэк1э). Л1эщ1ыгьуит1 -щы хуэдизк1э узэ1эбэк1ыжмэ, адыгэ хъыджэбз ц1ык1ухэм я шэфэл къэкIуэгъуэ мыхъу щ1ык1э (илъэсибгьу-пщ1ым щитым) куэншыбэ щрагъэт1агъэу щытащ. Куэншыбэм хъыджэбз ц1ык1ум и 1эпкълъэпкъыр, и бгым къыщыщ1эдзауэ и шхулъэхэм нэс, быдэу зэщ1икъузэрт, и бгырыпх щ1эпхап1эр бгъузэу, и шхужьхэр лъагэу, езыр ичауэ, лъакъуэ лъагэу къэхъун щхьэк1э. Псом нэхърэ нэхъыщхьэу ялъытэр арати, куэншыбэм хъыджэбз ц1ык1ум и бгьэхэр къигъэк1ыртэкъым. Адыгэхэм хъыджэбз дахэ зыф1ащу щытам к1эрыплъагьуэу, уи нэ къыф1энэу бгьэ и1э хъунутэкъым. ИкIи Iэк1уэц1ыр и бгыу щытын хуейт. Абы къыхэк1ыу хъыджэбз ц1ык1ум япэ дыдэу куэншыбэ щыщат1агъэм деж абы и 1эпщэр 1эпхъуамбэшхуэмрэ 1эпхъуамбапщэмрэ къапщырт. Ар тыншу къек1уэк1мэ, хъыджэбз ц1ык1ум и пщэм апхуэдит1 и гъумагьын хуейуэ ялъытэрт. Ауэ нэхъыщхьэр абы и бгым и гъумагьыр арат. Хъыджэбз цIык1ум и бгым и гъумагъ хъунур къащ1эн щхьэк1э Iэпщэр къызэрапща Iэбжьэр Iуданэм традзэрти, апхуэдипл1 къыпачырт. Арат хъыджэбз ц1ык1ум и бгым и гъумагьын хуейр: е езы хъыджэбз ц1ык1ум и Iэпщэм и гъумагьым хуэдизу плIы, е и пщэм и гъумагьым хуэдэу т1у. Нэхъ гъэщ1эгъуэныжырати, а пщалъэм темыхуэу нэхъыбэу къыщ1эк1мэ, ахэр иджыптсу зэрыжа1эм хуэдэу жып1эмэ , диетэ тк1ий трагъэт1ысхьэрт. Ди зэманым диетолог ц1эры1уэхэм зэхалъхьэ диетэхэм ещхьт ар: дагъэ зыщ1элъыр мащ1э дыдэу шхын, е зыри ирамыгъэшхыхэу пщалъэм нагъэст.

Ар уи нэгу къыщ1эбгъыхьэну ухуеймэ Петр Езанэм къызэригъэпэщауэ щыта музей Бытырбыху дэтым щ1элъым ущеплъ хъунущ. Адыгэ бзылъхугъэ ц1ык1ум и бгым и псыгъуагъыр абыхэмк1э тепщ1ыхьмэ сантиметр пл1ыщ1рэ и (48) щэныкъуэрэ т1у (52) хъунк1э хъунурат. Ди зэманым куэншыбэ щыпт1агъэнуи къезэгъыж хуэдэкъым, ит1ани я дахагъэр нэхъ къыхагъэщын щхьэк1э т1эк1у нэгъуэщ1у къагъэсэбэп хъуащ а хэьэпшыпыр.

Щхьэцыр бзылъхугъэм и фащэщ.

Хъыджэбз ц1ык1ур щагъасэк1э мыхьэнэ хэха хуащ1т и щхьэцыр зэрихьэфу, ижьыфу щытыным. Хъыджэбзым и щхьэцыр адыгэ фащэм щыщ 1ыхьэу ябжырт. Хъыджэбз дэсхэм я щхьэцыр т1ууэ ухуэнауэ зэрахьэрт, унагъуэ ихьа нэужь зыуэ ухуэнарэ и щ1ыбагъымк1э щышыхьыжауэ щытт, щхьэгъусэ зимы1эж фызабэм и щхьэ щ1ыбым щхьэцым к1эращ1эу щытащ шырыб гъэпщам ещхьу гъэпща гуэр. Жыжьэ укъиплъмэ, абы щхьит1 и1эу къыпф1эщ1т, ауэ ц1ыхухэм кърахыр ар дэ1эпыкъуэгъуншэу зэрыщытымрэ узэрыдэ1эпыкъун зэрыхуеймрэт.

Къардэнгъущ1 Зэрамыку и "Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ" пьесэм къыхэщ 1уэхугъуэм и гугъу умыщ1ыныр емык1ушхуэщ щхьэцым ущытепсэлъыхьк1э. Къанщобий фыз 1эзэм деж игъэзэжын папщ1э Гуащэгъагъ пц1анэу жыхэфэгум иригъак1уэу еплъыну къыжре1э, апхуэдэу илъагъумэ лажьэ гуэр къыхуигъуэту игу щык1ын и гугъэу. Гуащэгъагъ и щхьэцышхуэр и лъэдакъапэм теуэрт. Ар мыук1ытэу и л1ым и пащхьэ пц1анэу иувэфынутэкъыми, и щхьэцышхуэр и гупэмк1э къридзыхри кърик1уащ, и щ1ыбагъымк1э иридзэк1ыжри ирик1уэжащ. Фыз 1эзэм зыхуеяр къехъул1акъым, Къанщобий и Гуащэгъагъ дахэр нэхъыф1ыжу илъагъу хъуащ.

Бзылъхугъэмрэ напэмрэ.

Дэ ди лъэпкъыр псом хуэмыдэжу хуэтк1ийт бзылъхугъэ ц1ык1ум зыри зыхуимыгъэпсэлъэным, я напэр, я щ1ыхьыр яхъумэжыным. Хъыджэбз делар, ягъэулъияр лъэпкъ псом я дежк1э напэтэкъым, щхьэф1эхт. Ауэ апхуэдэ бзылъхугъэр зэрымыщ1эк1э яшамэ, щабзыщ1ыр закъуэт1акъуэхэм дежт, нэхъыбэм гуфэ пц1анэк1э адэ-анэм хуашэжырти и уасэ щ1атари къы1ахыжт. Куэбжэпэм гупк1эр хуагъазэрт, вит1ыр щ1агъэхурти, къашэжар гупк1эмк1э пагъэщэтырт. "Мыбы и 1элъэщ1ыр жьым трихащ",- хужа1эжырт. Апхуэдэ къызыщыщ1а хъыджэбзхэмрэ зыхуэпсэлъа бзылъхугъэ унагъуэ исхэмрэ я щхьэцыр к1агуэу паупщ1ырти хамэ щ1ып1э къик1ахэм иращэр.

Гуфэ пц1анэк1э ямышэжми, ди заманми зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыж адыгэ унагъуэм япхъухэм я щ1ыхьыр ямыхъумэжу щыткъым. Дэтхэнэ зэманми ещхьу иджыпстуи щы1эхэщ хъыджэбз щхьэпс ц1ык1ухэр, щхьэзыф1эф1хэр. Апхуэдэ жымы1эмыда1уэ зи1э унагъуэхэм ахэр хьэрэм зыщ1и къахок1.

Щхьэлъащ1эм и хьэтыр.

Бзылъхугъэм и щхьэц ут1ыпщауэ, 1элъэщ1 темылъу уэрамым къытехьамэ, ц1ыхум къахыхьамэ, абы зы гузавэгъуэшхуэ къыщыщ1ауэ арат ик1и къолъэ1ук1э бгъэщ1эхъунк1э 1эмал и1этэкъым. А хабзэращ къызытек1ари къамэ къызыхуизыха ц1ыхухъухэм я зауэр 1элъэщ1ыр зытезыхыу яку дэзыдза бзылъхугъэм къигъэувы1эфынри къызытек1ар. Мыбы щыгъуэми нэхъыщхьэр 1элъэщ1ыракъым, ат1э анэм, бзылъхугъэм и лъэ1ум уебакъуэ зэрымыхъунурат, худэчыхын зэрыхуейрат.

Бзылъхугъэм пщ1э зэрыхуащ1у щытам и щапхъэщ мы хъыбарри.

Хъыджэбз ц1ык1у гъэсам куэдым гу лъитэн хуейт. Псалъэм папщ1э , нэхъыжьым псы щыхуэпшийк1э, шынакъым и къур нэхъыжьым хуэгъэзауэ пшиин хуейт, ар тыншу къэ1эбэу п1ихыфын хуэдэу. Хъыджэбзым и гукъэк1ым куэд елъытат.

Зэгуэрым 1уэху п1ащ1эгъуэ и1эу Къэзэнокъуэ Жабагъы жэщ къытехъуати унагъуэ гуэрым еблэгъат жи. Унагъуэм ягъэхьэщ1ащ, хабзэ кърахащ. Зы махуи, махуит1и, нэхъыби дэк1ащ Жэбагъы ежьэжын 1уэху лъэпкъ зэримыхуурэ. Бысымми егъэщ1агъуэ. зэрып1ащ1эр къыжри1ати зэремыжьэжыр. Жэбагъы деж хьэщ1эщым шхын хущ1эзыхьэн унэм дэмысу унэгуащэр я гъунэгъу хъыджэбз ц1ык1ум елъэ1уащ хьэщ1эр игъэшхэну. Хъыджэбз ц1ык1ум хьэщ1эм шхын хущ1ихьащ. Къэзэнокъуэм шхэн иухри фи шхыныр убагъуэ жи1эри къехъуэхъуащ. Хъыджэбз ц1ык1уми:" Уи хьэлэлщ, дадэ",-жри1ащ. Жэбагъы хъыджэбз ц1ык1ум ф1ыщ1эшхуэ хуищ1ащ:"Си псэр къурмэн зыхуэхъун ц1ык1у! Тхьэмахуэ хъуауэ сшхам щхьэк1э "уи хьэлэлщ" къызжамы1эу, сэри семыжьэжыфу мы хьэщ1эщым сыщ1эсщ".

Дыщыпсэу зэманми бзылъхугъэм нэхъ гук1ъэк1 щи1эн хуейщ ц1ыхухъум нэхърэ. Дауэ мыхъуми, бзылъхугъэращ дунейри унагъуэри зэтезы1ыгъэр.

Хъуэрыбзэхэмрэ щ1агъыбзэхэмрэ.

Мыхьэнэшхуэ дыдэрэ гулъытэ хэхарэ хуащ1ырт хъыджэбзхэмрэ щ1алэхэмрэ джэгу щыхыхьэм, гухэлъ щызэхуащ1ым абы я зэхуэ1уэтэк1эм, я зэ1ущ1эк1эм, зэпсэлъэк1эм, лъагъуныгъэр зэрырагъажьэм. Адыгэ щIалэгъуалэр зэи дэкъузауэ я1ыгъакъым. Хуэсакъхэрт емык1у ямылэжььным, лей зэрамыхьэным, ауэ щ1эубыдауэ я1ыгътэкъым. Щ1алэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ хуиту щызэрыц1ыхухэрт ик1и щызэдэгушы1эрт хьэгъуэл1ыгъуэхэм, гуф1эгъуэхэм, ц1ыху щызэхыхьэ тхьэлъэIу хуэдэхэм. Пэжт, ауэ сытми хъыджэбзхэр, хьэгьуэл1ыгъуэм, гуф1эгъуэм к1уэртэкъым, ик1и ягъак1уэртэкъым. Ат1э хъыджэбзым а гуф1эгъуэр, е хьэгъуэл1ыгъуэр зиIэ унагъуэр абы я нэхъыжьхэм я ц1эк1э къеджэн хуейт. Апхуэдэу хуит ящ1а хъыджэбзым и щхьэм пщ1э хуищ1ыжу щытмэ, езым и закъуэ тридзэу к1уэнри къезэгъыртэкъым. Ар е и дэлъху, е дзыхь зыхуищ1 щ1алэ, е гуфIэгьуэ зи1эм ящыщ къак1уэу яшэн хуейуэ арат хабзэр. И адэ-анэм хуит зыкъригъэщ1у зэрашам ещхьыркъабзэу къашэжу къратыжын хуейт. Ари зэрыщы1эну зэраухыл1а зэманым ф1эмык1ыу. Хьэгъуэл1ыгьуэ, гуф1эгъуэхэм и деж ф1ытэкъым ик1и ек1уртэкъым хъыджэбзыр псэлъэреймэ, дыхьэшхыреймэ, къэфэреймэ. Емык1ушхуэт хамэ щ1алэ, имыц1ыху, имы1ыхьлы и гъусэу хъыджэбзым зэгъуэк1 зищ1мэ. Удж дыдэм щыгъуи ар зы щ1алэм куэдрэ къыдэудж хъунутэкъым. Гухэлъ зыщ1а щ1алэмрэ хъыджэбзымрэ нащхьэ - 1ущхьэк1э зэрыщ1эрт, хъуэр гуэрхэр зэпадзыжырт, уджым зэдыхыхьэрт. Уджым зэрыхэт нап1эдэхьеигъуэрат ныбжьыщ1эхэм нэхъыбэу я гухэлъхэр ща1уатэр. Къыхэзгъэщыну сыхуейт хъыджэбзхэмрэ щ1алэхэмрэ я хъуэрыбзэхэр зэрыхьэлэмэтыщэр. Хъуэрыбзэмрэ щ1агъыбзэхэмрэ нэхъ къыщагъэсэбэпыр щ1алэмрэ хъыджэбзымрэ я гурыщ1эр щызэхуа1уатэм дежт. Къупщхьэкъута е у1эгъэ зи1э сымаджэм щ1опщак1уэ щыхуащ1к1э, хьэгъуэл1ыгъуэ дауэдапщэ щек1уэк1к1э абы щыхэзэхуэса щ1алэгъуалэм 1эмал я1эт зэпсэлъэну, гушы1эну. ит1ани ягу илъ псори я1уатэ хъуртэкъыми хъуэрыбзэк1э зэрыщ1эхэрт. Ахэр зэмыл1эужьыгъуэ 1эджэу зэщхьэщок1.

Хъуэрыбзэм и зы щапхъэ:

Щ1алэм ф1ыуэ илъагъу хъыджэбзым и деж и дэлэлыр игъак1уэри мыпхуэдэ псалъэ хуригъэхьати:

1эгу ису зы ныбгъуэ,

Гум илъу зы псалъэ,

Сынрик1уэну зы лъагъуэ,

Сыкърик1уэжыну зы гъуэгу.

Ди уни шэщкъым,

Ди шэщи щхьэгуэкъым,

Сэр щхьэк1э уи шы лъэгу щ1умыуд.

Апхуэдэу щыхъум щ1алэм аргуэру егъак1уэри мыр жрырегъы1э:

Си къамышык1 ек1эпц1экъым,

Си фэ ф1ыц1э зэхэдзэкъым,

Фадэм сыкъигъэмызкъым,

Фызк1эрэ сыныбдихьэхкъым,

К1эпхын хужьышхуэр къытумылъафэ,

Гъатхэ мылыфым зумыгъэлъахъэ,

Щэлъахъэ зэвыр зэпумыуд.

Узэгуэмыуду уи унэ исыж -

Сэ сыпхуеймэ, укъэзгъуэтынщ.

Мыри щ1агъыбзэм и зы щапхъэщ.

Хъыджэбз ц1ык1ухэр унагъуэ ихьэным хуагъэхьэзырт пасэу щ1адзэрти. Унагъуэ ихьа нысащ1эм унэм щ1эсхэм ц1э яф1ищт. Гуащэ-тхьэмадэм я ц1эри пщыкъуэхэм я ц1эри жа1эу хабзэм къезэгъыртэкъым. Хъыджэбз гуэр зыдэк1уэну щ1алэм и къуэшым Дзыгъуэ и ц1эти, и анэр гузавэрт пщыкъуэц1эр хуэбзыщ1ынукъым жи1эу. Хъыджэбзри дэк1уэныгу хъуа гуэрти и анэм пщыкъуэц1эр зэрыхуэбзыщ1ынур иригъэлъэгъуащ. Махуэ гуэрым пщ1ант1эм и анэр и гъусэу дэту дум дзыгъуэ ц1ык1у къык1эщ1эжащ. Ар щилъагъум:"Нанэ, еплъыт мо дум къык1эщ1эжа бзу ц1ык1ум",- жри1ат. Анэми къыгуры1уащ пхъур дэбгъак1уэ зэрыхъунур.

3. К1эух псалъэ.

Ди адыгэ хабзэм куэд къызэщ1еубыдэ. Адыгэ хабзэр здынэмысрэ зылъэмы1эсрэ зы 1уэхугъуэ зэрыщымы1эр мы лэжьыгъэ к1эщ1ымк1э къэпщ1эфынущ. Мы дуней хъурей псом дызэры1уа адыгэ хабзэр дэ, къэхъу щ1эблэщ1эм, тхъумэжын хуейщ. Абы куэдрэ утепсэлъыхьк1э мыхьэнэ и1экъым, хабзэм утету упсэун хуейщ.

Си лэжьыгъэм бзылъхугъэм теухуауэ адыгэ хабзэм къищтэхэм и дзак1э ц1ык1унит1э къыщызгъэлъэгъуэфауэ аращ. Апхуэдэу куууэ щытуи, апхуэдэу куэд къызэщ1иубыдэуи си гугъакъым. Ди адыгэ псалъэжь 1ущхэм куэдым срагъэгупсысащ. ( Щ1алэ ц1ык1у уп1мэ, бгъасэмэ, адыгэл1 хъунум зыбогъэл1ал1эри, хъыджэбз ц1ык1у уп1мэ, бгъасэмэ, къэк1уэнум утолажьэ. Жылэм ягъэпуда л1ыр фызым къыдехыжыфри, фызым игъэпуда л1ыр жылэм къыдахыжыфыркъым. Ц1ыхухъум и л1ыгъэ, ц1ыхубзым и щэн. Ц1ыхубзым и лъэ1ур Тхьэм и унафэщ! Бзылъхугъэм и нэмысыр зыкъутэм, лIыгъи, адыгагъи хэлъкъым. Хабзэр кIуэдым лъэпкъри мэкIуэд )

Нанэхэм, дадэхэм нэхъыбэрэ епсэлъыл1эн хуейщ, нэхъыбэ къэщ1эн хуейщ. Лэжьыгъэм селэжьыху щ1э куэд къэсщ1ащ. Къэсщ1эну сыхуей хъуащ нэхъыбэж. Си лэжьыгъэр къыздэзы1ыгъахэм, сэбэп къысхуэхъуа си анэшхуэ Гъук1э Лилэрэ адыгэбзэмк1э си егъэджак1уэмрэ ф1ыщ1э ин яхузощ1.

Нажмите, чтобы узнать подробности

Ди тхак1уэхэм щыщу сэ нэхъыф1у слъагъур Щоджэнц1ык1у Алийщ. Алий ц1эр щыжып1эк1э, 1эмал имы1эу, уи нэгу къыщ1охьэ а ц1ыху щэджащэр къызыхэк1а адыгэ лъэпкъ уардэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, насыпыф1эщ ик1и уахътыншэщ апхуэдэ ц1ыху къызыхэк1а лъэпкъыр. Къэбэрдей - Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым нобэ а ц1эм ирипагэр. Ар я Алийщ усыгъэр ф1ыуэ зылъагъуу ди къэралышхуэм ис псоми.

Адыгэщ1ым и къуэ щыпкъэр дунейм зэрытетар илъэс пл1ыщ1 къудейщ. Арами, зэман к1эщ1ым къриубыдэу Алий адыгэхэм яхуилэжьа 1уэхутхьэбзэр лъытэгъуейщ. Адыгэбзэм и беягъыр, 1эт1элъэт1агъыр, сыт хуэдэ гурыщ1эри къызэрип1уэтэжыфынум и щыхьэт нэскъэ Алий и усэ жьгъырухэр, прозэ тхыгъэ мащ1эу ди нобэрей литературэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар! Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж, нобэми ныжэбэми дызэрыгушхуэ ц1ыхущ.

Щоджэнц1ык1у Алий хиша лъагъуэ-

ращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ


Лэжьыгъэр зыгъэзэщ1ар

Налшык къалэ

31 – нэ курыт еджап1эм

адыгэбзэмрэ литературэмк1э

и егъэджак1уэ Афэщ1агъуэ Светланэщ.

Уи гъащ1эр мащ1эу щытами,

Мык1уэдыжынхэр уи тхылъщ,

Ажалыр уэрк1э п1эщ1ами,

Ц1ыхубэм я гум ухэлъщ.

Ди тхак1уэхэм щыщу сэ нэхъыф1у слъагъур Щоджэнц1ык1у Алийщ. Алий ц1эр щыжып1эк1э, 1эмал имы1эу, уи нэгу къыщ1охьэ а ц1ыху щэджащэр къызыхэк1а адыгэ лъэпкъ уардэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, насыпыф1эщ ик1и уахътыншэщ апхуэдэ ц1ыху къызыхэк1а лъэпкъыр. Къэбэрдей - Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым нобэ а ц1эм ирипагэр. Ар я Алийщ усыгъэр ф1ыуэ зылъагъуу ди къэралышхуэм ис псоми.

Адыгэщ1ым и къуэ щыпкъэр дунейм зэрытетар илъэс пл1ыщ1 къудейщ. Арами, зэман к1эщ1ым къриубыдэу Алий адыгэхэм яхуилэжьа 1уэхутхьэбзэр лъытэгъуейщ. Адыгэбзэм и беягъыр, 1эт1элъэт1агъыр, сыт хуэдэ гурыщ1эри къызэрип1уэтэжыфынум и щыхьэт нэскъэ Алий и усэ жьгъырухэр, прозэ тхыгъэ мащ1эу ди нобэрей литературэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар! Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж, нобэми ныжэбэми дызэрыгушхуэ ц1ыхущ.

Адыгэ литературэм зымащ1эк1э нэхъ мыхъуми 1уэху хузи1а, абы щыгъуазэ, зыджа гуэри бгъуэтынкъым Щоджэнц1ык1у Алий псалъэ гуапэ, псалъэ дахэ хужызымы1э, абы и 1эзагъым пщ1э хуэзымыщ1, зи щхьэр хуэзымыгъэщхъ. Букварь зи блэгущ1эм щ1элъу еджап1эм к1уэм и деж къыщыщ1эдзауэ зи пащ1э – жьак1эр къетхъухахэм нэсыху, хэт зымыц1ыхур Щоджэнц1ык1ур! Абы и усэ жьгъырухэм, и поэмэ телъыджэхэм ямыгъэп1ейтеяр сыт хуэдэ тхылъеджэ? Сэ сызэреплъымк1э, литературэр ф1ыуэ зылъагъу дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми нобэ къыщыбгъуэтынущ Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэхэр. Щоджэнц1ык1ум и тхыгъэхэм къызэщ1аубыдащ л1эщ1ыгъуэк1эрэ адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уэ 1уэры1уатэм и 1эф1ып1эхэр, анэдэлъхубзэм и псалъэ дыщэхэр.

Алий и тхыгъэ псоми ущ1эджык1рэ уегупсысыжмэ, ижьым къыщыщ1эдзауэ нобэм къэсыхук1э Къэбэрдейм и тхыдэм ущ1эджык1ауэ, ц1ыхубэм я псэук1ар, къызэрек1уэк1ар нэрылъагъу пщыхъуауэ къэплъытэнущ. Алий и тхыгъэхэм щыпсэур гу пщтыррэ псэ къабзэрэ зи1э ц1ыху щыпкъэхэмрэ дахэхэмрэ я закъуэкъым, ат1э абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ ди щ1ыналъэ дахэр, ди къурш лъагэхэр, ди псы уэрхэр, берычэтылъэ гъавэ щ1ап1э губгъуэхэр, удз гъэгъахэр, псоми гъащ1э езытыж дыгъэр, дахагъэу щы1э псори.

Щоджэнц1ык1ум и усэ куэдыр нобэ гъащ1эм дызыщы1ууэ мыхъумыщ1агъэхэм тегъэпсауэ итхам хуэдэщ. Ди адыгэ литературэм зы1эригъэхьа ехъул1эныгъэ псомк1и ф1ыщ1э ин бгъэдэлъщ Алий.

Мис апхуэдэ лэжьыгъэф1 куэд и 1эдакъэ къыщ1эк1арщ Алий нэхъыф1у сэзыгъэлъагъур. Ар дунейм зэрехыжрэ илъэс дапщэ хъуа, ит1ани и тхыгъэ гуащ1аф1эхэмк1э ар ноби къытхэтщ, дахэр игъэдахэрэ ем ебэну. Зи ц1эри зи щхьэри нэхуу щыта а ц1ыху телъыджэм и усыгъэхэри нэхуу къытхуоблэ ноби. Ужьыхынкъым а нэхури ц1ыхум и нэр къэплъэху.


Бештокъуэ Хьэбас

Бзэр тIэщIэкIмэ, дылъэпкъкъым.

Акъыл ин ухуэмей,
КъыбгурыIуэу а тIэкIур
Утетыну дунейм.
Бзэм и макъхэм ди тхыдэр,
Ди лъыр, ди псэр хэпщащ.
Бзэр тхъумэну зымыдэр
Ди биям къагъэщIащ.
Бзэр тIэщIэкIмэ, досыкIыр,
ТIэщIэкIами дрикъунт.
КIуа лIэщIыгъуэм лъыкIпсыкIым
Хипщэжар сыт хъужын?
Бзэр тIэщIэкIмэ, докIуэдыр.
Лъы зыщIэтыр фысакъ.
Псы зыщIэтыр текIуэту,
ВгъэIу бзэ хуабэм и макъ.

Бемырзэ Мухьэдин

Адыгэбзэ

Къагъырмэс Борис

Си адыгэбзэ

Къэшэж Иннэ
* * *
Къызэпсэлъэж, си адэ, адыгэбзэкIэ,
нэгъуэщI нэхъ мыхъуми
зэ сегъэпщIыхьыж,
бгъэджэгуупсысэм
и макъыбзэ шхуэIур
уздыщагъафIэ лъахэм дигъэхьэж.
Къызэпсэлъэж уиадэм и уэсятымкIэ,
Си адэу — узым бзэр зыIуриха!
Зэпычми шыныбэ пхыруэрэд хъэтымкIэ
Шым нихьэсынущ лъагъуэ хухахар.
КъысхуэIуэтэж, си адэ, уилъахэбзэр,
а тэмакъыщIэ псынэм
и фIыншэбзэр —
мэлыхъуэ пщыIэ жьэгухэм я IугъуэкIэм
уиузхэм щIэгъэуэну зырашэкIрэ
уэсукхъуэгъуагъуэмбгыр
щIэщхьэукъукIыу.
Къызэпсэлъэж, си адэ, къэпсэлъэж!
КъызэпсэлъэкI уз
бзаджэм къыпекIуэкIи —
узыпэмастэруи мэкъупIэ пхафэу
усхурикIуэжу а пшэкIэплъ дыгъафIэм…
А зырщиджы, си адэ, къэслъэIужыр:
къэгъэпсэлъэж а уахътыншагъэм
и бзэр,
къэгъэпсэлъэж уиадэм и лъахэбзэр.
1971.

ЗэзыдзэкIар Къармэ Iэсиятщ.

Щоджэн Аслъэнджэрий

Адыгэбзэ

Ди Iуащхьэмахуэ
Уафэм ныщIоуэ,
Бахъсэн уэрыжьыр
КъуакIэм щызоуэ,
Мы ди хэкужьыр
Дуней телъыджэщ,
Ди адыгэбзэр
Абы и гъуджэщ.
Зи бзэр зыфIэдахэр
Ар лъэпкъ узыншэщ,
Зи бзэм хуэлажьэр
Ар лъэпкъ уахътыншэщ,
Адыгэ лъэпкъыр
Дызэкъуэтынщ,
Ди бзэм и щIыхьыр
Лъагэу тIэтынщ.
Ди адыгэбзэр
Мывэ джей быдэщ,
Илъэс мин куэдхэр
Абы и тхыдэщ,
Псыкъелъэм хуэдэу
Ар къарууфIэщ,
Ди лъэпкъ гъэфIэну,
ДызэрыгуфIэщ.
Зи бзэр зымыдэу
Зы лъэпкъ щымыIэ,
Зи хэку епцIыжу
Зы лъэпкъ щымыIэ,
Зи бзэр зыхъумэр
Мис ар лъэпкъ къабзэщ,
Бзэм пщIэ хуэщIыныр
Лъэпкъхэм я хабзэщ.
Мы дунеишхуэм
Лъэпкъ куэд щызокIуэ,
Зи бзэм хуэсакъхэр
Зэманым токIуэ,
ГъащIэ хъуэпсэгъуэр
ЩIылъэм щаухуэ.
Апхуэдэ щапхъэм
Дэ дегъэгушхуэ.
Ди адыгэбзэм
Лъэпкъыр зэпещIэ,
БлэкIа зэманхэр
Дэ къыдегъащIэ,
Ди нартыжь лъэпкъым
Уэрэд хуеусыр,
Ди лъэпкъ хъыбархэр
Дэни нехьэсыр.
Зи бзэр зыфIэдахэр
Ар лъэпкъ узыншэщ,
Зи бзэм хуэлажьэр
Ар лъэпкъ уахътыншэщ.
Адыгэ лъэпкъыр
Дызэкъуэтынщ,
Ди бзэм и щIыхьыр
Лъагэу тIэтынщ.

Си бзэ – си псэ, си дуней

Псалъэхэр Джэдгъэф Борис ейщ
Макъамэр Молэ Владимиррэ
Щомахуэ Хьэсэнбийрэ ейщ

Iуащхьэмахуэу уэгу пкIэлъейм
Хасэшхуэр щызэхуос.
ЖаIэр нобэ Къэбэрдейм
Къайсэри щызэхох:
Ежьу: Си бзэ — си псэ, си дуней,
Анэбзэу си уэрэд,
Лъагъуныгъэу сигу мыжейм
Сигу мыжейм укъолъэт
Адыгэу тетым щIы хъурейм,
Ей, маржэ, жыфIэрей:
Си бзэ — си псэ, си дуней,
Си бзэ — си дуней.
Япхъуатэ си бзэр къуалэбзум.
Пшынэбзэу, зэIэпах.
Мэзкуу щIодэIур си макъ зум,
Аммани щызэхах.
Ежьу.
Йоубзэ си бзэр мы дунейм.
Ар, пшэплъу, кърекIут
Си Iуащхьэмахуэу уэгу пкIэлъейм,
Тырку лъахэми лъоIэс.
Ежьу.

Читайте также: