Лъагъуныгъэм и къарур сочинение

Обновлено: 05.07.2024

Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.

Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ - ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.

Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.

Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.

Сочинение Темирова Темирлана,

Пшеунова Т. А

Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.

Основные способы перевода пожертвований в Русфонд

1.Через банк

2. Через терминал QIWI (КИВИ)

3. Через банковскую карту

4. Другие способы

17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.

12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худи I э лъагъуныгъэр дызэрыц I ык I у лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджак I уэхэм.

Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф I ыц I эмрэ я зэхуаку дэлъ щ I ыналъэм зыл I и быну, лъэпкъ пщык I ут I у зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу. Адыгэхэр зэик I зауэ-банэк I э зэралъэфэл I а мылъкук I э, е нэгъуэщ I лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщыл I у абы и пщ I энт I эпск I э псэуакъым. Ат I э ахэм гъавэ хасэт, I эщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я гуащ I э къабзэ, хьэлэлк I э псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщ I э хуащ I у, пагагъэр я бэу, л I ыгъэрэ хахуагъэрэк I э, пэжыгъэк I э дуней псом ц I эры I уэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.

Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтык I э дахэ я I эт. Дэтхэнэ ц I ыхуми и хэкум нэхъапэ и I экъым, уеблэмэ и гъащ I эм япэ ирегъэщ.

C и хэкууэ дыщэ губгъуэ,

Гъащ I эщ I эм и епэр!

Кавказым и щ I ы ф I ыгъуэ,

Уи теплъэм I эф I ещ I псэр!

Си Хэку дыщэ! Сыту ф I ыщэу услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемы I э щымы I эу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ псори ф I ыуэ зэролъагъу ик I и зэдэ I эпыкъуу зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам ц I ыху псори, зым хуэдэу, къызэщ I этэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, ик I и кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.

Сыт хуэдэ I уэху яужь симытми , зэпымыууэ согупсыс , си къарум къызэрихьк I э си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщ I эным . Хэкум къулыкъу хуащ I эмэ , мамырыгъэм хуэлажьэу арщ . Мамырыгъэр ди дежк I э гъащ I э насыпыф I эщ . Дэ дыхуейщ ди ц I ыхухэм я гъащ I э насыпыф I эр махуэ къэс нэхъри нэхъыф I, нэхъ тынш , нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну . Аращ къулыкъу зыщ I эхэр псэемыблэжу щ I ыхущ I экъур къэралу щы I эр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным . Къулыкъу зыщ I э куэдым я гъащ I эр л I ыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум

папщ I э ят . Хуей хъууэ щытмэ , сыхьэзырщ си Хэку лъап I эм папщ I э си псэр стыну .

Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ .

Сэ сынасыпыф I эу зызолъытэж , сыту жып I эмэ си Хэку лъап I эм сисыжщи . Зи Хэку имысыж ц I ыхур тхьэмыщк I эщ. И Хэкум зи псэр хуемы I э щы I экъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмы I эси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэк I э жыдо I эф. Адэжьхэм я псэр зыщыхуарзэ хэкужьым къэмык I уэным щ I эмыхъуэпс хэхэсу псэу ди дэлъхухэм, шыпхъухэм зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын хуейщ. Дэнэ щ I ып I э щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.

зыфхуэзгъэзэну сыхуейт. Сытым ебгъэщхь хъуну мы ди гъащ1эр?

Едж . Гъащ1эр ебгъэщхь хъунущ къиуауэ нэри пэри зыхьу ежэх псы уэрым.

Егъ. Сыт ар абы щ1евгъэщхьыр?

Едж. Псы губжьар зыми щысхьыркъым. Икъук1э къаруушхуэ уи1эн хуейщ.

абы упэщ1этыфын щхьэк1э. Гъащ1эри аращ. Абы и толъкъунхэм

ущызэрадзэм дежи уапэщ1этыфын щхьэк1э къаруушхуэ

Егъ.: Хэт и деж занщ1эу фи гур здэжэр фыщыгузавэм деж?

Егъ.: Тху къыщыфхьахэм деж, хэт япэ дыдэ вгъэгуф1эр?

Егъ.: Хэт фыщысымаджэм деж мыжейуэ къыфщхьэщысыр?

Егъ . Упщ1э 1эджи пхуэгъэувынущ анэм теухуауэ. Гъунапкъэншэщ анэм.

быным хуи1э лъагъуныгъэм и инагъыр. Урок к1уам унэ лэжьыгъэу

фыкъэк1уэну. Иджы къэтщпщытэжынщ рассказыр зытеухуар. Гъэм и

сыт хуэдэ зэмант, сыт хуэдэ лъэхъэнэт Шариф зи гугъу ищ1ыж

Едж . Гъэмахуэ махуэт ар къыщыхъуар. А лъэхъэнэм зауэр и гуащ1эгъуэу

ек1уэк1ырт, сабийхэм я адэр зауэм щы1эт. Я анэр сымаджэу куэдрэ

хэлъауэ къэтэджыжагъащ1эти унагъуэр дэ1эпыкъуэгъуншэт.

Егъ . Зауэ зэманым Шариф и фэм дэк1а гугъуехьыр сыт хуэдэ

Едж . А лъэхъэнэм сэ сызеич лант1эти, си гъуэгур зы чыц1ыбжьэ

закъуэу шыхьат: чы лъэдакъэр мэзым щ1этт, чы щхьэк1эр бэзэрым

теуэрт. А зеичыр ща1уант1эк1э зэпымыщ1ык1ын щхьэк1э, ди анэм

лъэк1 къимыгъанэу бгъафэк1и 1эгуфэк1и игъэхуабэрт.

Егъ . Дауэ къывгуры1уэрэ мы псалъэхэм къарык1ыр?

Еджак1уэхэм жэуап къат.

Егъ . К1эщ1у хэт тхутепсэлъыхьыжын рассказым?

Едж . Рассказым к1эщ1у топсэлъыхьыж. (квантование)

Егъ . Хъарзынэщ. Иджы рассказыр зэпкърытхынщ.

Словарнэ лэжьыгъэ едгъэк1уэнщ. (Слайдк1э къредзэ мы псалъэхэр).

Хьэчэхьэпсэу, бешор зи лъэнк1эп1ауэр, вакъэзэщ1эдэ. Ахэм я

Егъ . Вакъэзэщ1эдэм нэмыщ1 сыт хуэдэ вакъэ л1эужьыгъуэхэр щы1а уэ

фщ1эрэ иджы къамыгъэсэбэпыжу, сыт ар къыщ1эдмыгъэсэбэпыжыр?

Едж . Гуэншэрыкъ, к1эрэхъ хуэдэхэр щы1ащ, ауэ ахэр

къэдгъэсэбэпыжыркъым, абыхэм я п1эк1э нэгъуэщ1 вакъэ

л1эужьыгъуэхэр къежьащ, псалъэхэри жьы хъури бзэм

Егъ . Мэзым к1уэ щ1алэ ц1ык1уит1ым анэр щхьэ як1элъыжа, дауэ къащыхъуа ар щ1алэ ц1ык1ухэм.

Едж . Анэ 1эгум 1эщ1эпщ1энт1ыхьа шыгъу т1эк1ур Шариф щритам

абы къыщыхъуащ ар и у1эгъэм трик1утэну хуихьауэ. Абы анэ пщ1энт1эпсыр ирифащ. И анэр гугъу иригъэхьащи Шариф шыгъум

Егъ . Щ1алэ ц1ык1уит1ыр зэрык1а псыр сытым иригъэщхьа Шариф?

Едж . Мывэ хужьхэм щ1эж псы къабзэр шыдыгу шэрхъым игъэутхъуа иужь Шариф иригъэщхьащ ар анэм къак1элъихьа шыгъум. Псым ик1ыу къыщызэплъэк1ыжам, псыр къабзэт, нэхутхьэхут,нэщхъыф1эт.

Егъ. Квантованиер зищ1ысыр сыт?

Едж. Пычыгъуэр зэхуэхусауэ абы и гупсысэ нэхъыщхьэр а пычыгъуэм

Егъ. Арати дыкъыдэк1ащ, жыхуи1эм щыщ1эдзауэ ,сигук1э ауан сощ1 а

гупсысэхэр, жыхуи1эм нэс фыкъеджи квантовать схуэфщ1ыт

Едж. Уэи, нэхъ ин дыдэу къыщиуам дежи л1ыгъэ и1эмэ, а псыр ди анэм

Егъ . Тхак1уэм псымрэ анэмрэ зэрегъапщэ. Сытк1э зэщхь а т1ур?

Едж . Анэр гъащ1эм и къежьап1эщ. Псыри аращ. Псыншэу гъащ1э

щы1энукъым. Тхак1уэм ирегъапщэ ар и анэм. Зэзэмызэ зыгуэрым

игъэутхъуэми аргуэру къыпхуэгуф1эж зэпытщ, емышыжщ, псэм

е1эф1эк1щ. Анэри аращ: сыт щыгъуи гуапэщ, хуабэ зэпытщ.

Егъ . Псым сыт хуэдэ мыхьэнэ щи1э гъащ1эм?

Едж . Мы дунейм псэ зы1уту зыри щыпсэуфынукъым псыншэу,

зэман гуэрк1э псы емыфэу яхуэхьми, Псыр псэхэлъхьэжщ.

Егъ . Ат1э апхуэдиз къытхуэзыщ1э псым хуэфащэ пщ1э хуэтщ1рэ?

Едж. Хьэуэ. Языныкъуэхэм деж демыгупсысу псыр дуц1эп1урэ

щ1ыуэпсым и хабзэр докъутэ, ди щхьэм ди зэран зэредгъэк1ыжым гу

Егъ . Сытк1э и зэран къыдэк1ыжрэ псым пщ1э зэрыхуэдмыщ1ым?

Едж. Псыдзэшхуэу къоури ц1ыхум 1исраф

яхелъхьэ. Абы нэмыщ1к1э ф1ей тщ1а

псыежэххэр хыхэм, тенджызхэм

холъэдэж. А псыхэм ц1ыхухэм

зыщагъэпск1. Ар зэран яхуохъу абы хэс

псэущхьэхэми. Абы къыщаубыд

бдзэжьейхэр зышхыжри дэращ. Ар узынщагъэмк1э хуабжьу зэранщ.

Егъ . Ат1э апхуэдэ къэмыхъун щхьэк1э сыт тщ1эн хуейр?

Едж . Дэ, иджы къэхъу щ1эблэр, дыхущ1экъун хуейщ дыкъэзыхъуреихь

дунейр сыт щыгъуи тхъумэну, къабзэу зетхьэну.

Егъ. : Ф1ы дыдэщ. Иджы, ди лъэпкъ 1ущыгъэхэм щыщу и гугъу тщ1ынщ адыгэ псалъэжьхэм. Абыхэм сыт сабэпынагъыу я1эр?

Едж .: Псалъэжьхэр чэнджэщэгъу къытхуохъу, дагъэ1ущ, даущий, щыуагъэм

Егъ. : Иджы гуп- гуп лэжьыгъэ едгъэк1уэк1ынщ. Япэ гупым мыбдеж тет псалъэжьхэм и пэр къегъэжьащи, ар ик1эм нагъэсынщ, и мыхьэнэри къыджа1энщ.

Псым езым……. езым и жап1э къегъуэтыж

Псы жап1эжь…… унэ томыщ1ыхь

Псы куэд зэхэлъэдэжмэ………….тенджыз мэхъу

Егъ . Ет1уанэ гупым мы псалъэухар тэмэму фтхыжынщи къыхэк1ыр ди пащхьэ къралъхьэнщ

Къонэ, псыр, жап1эр, гъужми. Ухуэл1эмэ, дахэщ, псым, 1эф1щи, плъагъур, ф1ыуэ. Щ1ы, щещ1, псырэ, щ1агъым, пэт, гъуэгу. Хотк1уабзэ, ц1ык1у, псышхуэм, псы.

Едж . Псыр гъужми жап1эр къонэ. Псы ухуэл1эмэ, 1эф1щи, ф1ыуэ плъагъур дахэщ. Псырэ пэт щ1ы щ1агъым гъуэгу щещ1 Псышхуэм псы ц1ык1у хотк1уабзэ.

Егъ . Адэк1э док1уэ. Мы доскам феплъыт. (псы къиуа роликк1э

къегъэлъагъуэ). Сыт мыбы щыфлъагъур?

Едж. Псы къиуа шынагъуэщ.

Егъ . Сытым евгъэщхьрэ мыр?

Едж . Щ1алэ ц1ык1уит1ыр къызрихьэл1эжа псы къиуа шынагъуэрщ.

Егъ . Хэт ягу къэк1ыр щ1алэ ц1ык1ухэм псы къиуам щы1уплъэм?

Едж . Я анэрщ. Ямылъагъу щ1ык1э псэк1э зыхащ1э а т1ум я анэр къапежьауэ.

псы 1уфэм гузавэу зэры1утыр. Я анэр щалъагъук1э т1уми я гур

мэпсэхуж. Псы 1уфэ зырызым 1утми, зыхащ1э анэм и лъагъуныгъэр, и

Егъ. Сыт игу къэк1ыжар Шариф псы къиуар щилъагъум?

Едж . Анэмрэ псымрэ щызэригъапщэм Шариф егупсысат хэт нэхъ лъэщми

ик1и къыщыхъуат анэр нэхъ къарууф1эу. «Дауи ди анэр нэхъ къарущ.

Егъ. Ар игу къэзыгъэк1ыжар сыт?

Едж . Ар игу къигъэк1ыжу Шариф и 1эгум илът шыгъу т1эк1ур. Гъэщ1эгъуэнракъэ, апхуэдизу уэшхым ц1ык1ухэр щиуфэнщ1ым, шыгъур зэрыгъущэу къэнат. Шариф и анэр къызэригъэжам щхьэк1э шыгъум хузэгуэпри псым хидзащ. «Хуэфащэщ, нанэ къигъэжэн

Егъ . Щ1алэ ц1ык1уит1ыр жэщым къэушу я анэр щалъагъум дауэ къащыхъуа?

Едж. Шариф жэщым къыщызэщыуам япэ щ1ык1э и ф1эщ хъуакъым илъагъур. Анэм и нэпсри къежэхырт, и сабийхэр зрикъузыл1эрт. Зэкъуэшит1ым дежк1э мы дунейм теттэкъым анэм нэхърэ нэхъ 1эф1и нэхъ къаруи. Псы къиуа шынагъуэм ик1ри анэр к1уат и бынит1ым я деж.

Сабийхэм теплъэгъуэ ц1ык1у къагъэлъагъуэ.

Егъ . Анэм теухуа мы псалъэжьхэр стрелкэк1э зэпыфщ1эт. (Слайд)

Адэр дэм хуэдэщи, пхъум и джанэщ.

Анэр нэщи, адэ къуэш адэ палъэщ

Анэ шыпхъу анэ палъэщи, уи анэрэ уи нит1рэщ

И анэ еплъи, ипхъу къашэ

Къомыщыжынур , анэр нэм хуэдэщ

Уи адэ-анэм яхуэпщ1 пщ1эр адэр дэщ

Анэм и хабзэр быным къыпхуащ1эжынщ.

Егъ. Мы сурэтым щыфлъагъур сыт хуэдэ удз? (Доскам к1эрыгъэпщ1ауэ

к1эрылъщ, ромашкэ сурэт. Абы и къапщ1ийхэм тетхахэщ псалъэхэр)

Едж . Шынэ-шынэщ. Урысыбзэк1э абы ромашкэщ зэреджэр.

Егъ . Мы удзым и къапщ1ий къэс псалъэ тетхэм гу лъыфтэт.

Едж . Абы тетхащ мылъку, лэжьап1эф1, къулыкъу, ныбжьэгъу, къуэш , ику

итым тетщ анэ лъагъуныгъэ.

Егъ . Фи нэгу къыщ1эвгъыхьэт мы удзыр жьыбгъэшхуэм е псыдзэм

ирихьэжьауэ, гущ1эгъуншэу ифыщ1у. (Еджак1уэхэр къыдэк1ыурэ

зырызурэ къыпач къапщ1ийхэр). Къэнар сыт?

Едж . Къэнар псыми жьыми зыри зыхуемыщ1а анэ лъагъуныгъэрщ. Мылъкур былымщ, былымыр уэсэпсщ, дыгъэ зэрытепсэу к1уэдыжынущ. Ныбжьэгъуми укъимыгъэпэжу пф1эк1уэдыжынущ, лэжьап1эф1ри къулыкъури нобэ уи1эмэ, пщэдей уимы1эжынк1э мэхъу. Ярейм хуэк1уэмэ, къуэшри къоижынк1э хъунущ. Къомыижыну щы1эр уи анэрэ уи нит1рэщ. (коллаж)

Егъ . Пэжщ. Мы дунейм утетыхук1э анэм хуэдэу укъэзыгъэпэжыфын ц1ыху тету къыщ1эк1ынкъым. Си гуапэ хъунт ар зэй фщымыгъупщэу фигу илъмэ.

Егъ . Синквейн зэхэдвгъалъхьэт анэм теухуауэ.

Мэжьыщ1э, мэтхьэщ1э, мэпщаф1э.

Анэм нэхъ 1эф1 теткъым дунейм.

Егъ . Сыт хуэдэ нэщэнэ, псалъэжь къыхэщрэ мы тхыгъэм?

Егъ . Нэгъуэщ1 иджыри сытым гу лъыфта?

Едж. Рассказым хэтщ тхыгъэм и бзэр къулей зыщ1 псалъэхэр, апхуэдэхэщ

зэгъэпщэныгъэхэр, метафорэхэр, эпитетхэр, олицетворенэхэр. (Махуэр

к1элъэфт, щынэ 1эрып1у, жей 1эф1,псыр емышыжщ, нэщхъыф1эщ,

Щхьэлыкъуэшхуэ и хъущ1э макъыр, н.) Абы нэмыщ1к1э мы тхыгъэм

куэду хэтщ фразеологическэ оборотхэр.( бзаджэ тестхъуэрт, жьэрэ 1эрэ

Егъ. Иджыри зэ феплъыж мы псы къиуами тхыгъэр квантовать схуэфщ1ыт?

Едж . (зы еджак1уэ рассказым ик1эм къоджэ) Анэ лъагъуныгъэрт псы къиуам и къарум тек1уэу ар изыхар. Псы къиуа 1эджэм нэхърэ нэхъ лъэщщ а анэ лъагъуныгъэр.

Егъ. Анэм теухуа словарнэ аукцион едгъэк1уэк1ынщ.

Еджак1уэхэм жэуап къат.

Егъ. К1эух псалъэу сынывэупщ1ыну сыхуейт, сыт нобэрей урокым къыхэфха?

Еджак1уэхэм жэуап къат.

Егъ.: Хъарзынэщ, ф1ы дыдэу фылэжьащ. И к1эм жыс1эну сызыхуейращ. Мы

Нажмите, чтобы узнать подробности

Данный урок является обобщающим. Урок проводился в 8 классе. Целью урока было выявить то, что дети поняли по данному рассказу.

Къэбэрдей- Балъкъэр Республикэм Прохладнэ

муниципальнэ куейм хыхьэ Алътуд къуажэм дэт

муниципальнэ кIэзонэ щIэныгъэм и етIуанэ еджапIэ

адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ

и егъэджакIуэ Нэгъуей Маринэт Iэуес и пхъурщ

2016-2017 гъ.гъ.

Урокым и мурадхэр:

рассказыр къазэрыгурыIуар къэпщытэн;

образ нэхъыщхьэхэр зэпкърыхын;

рассказыр зэрытха бзэр, къыщыгъэсэбэпа художественнэ- изобразительнэ Iэмалхэр наIуэ къэщIын;

рассказым хэлъ гъэсэныгъэ- ущииныгъэ мыхьэнэр гъэбелджылын;

еджакIуэхэм я зэхэщIыкIымрэ я бзэмрэ зегъэужьын

Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр:

Урокым и ек1уэк1ык1эр:

Егъэдж.(Сл.1-2)

Анэр дунейм и дыгъэщ.
Анэр дунейм и мазэщ.
Анэр дунейм и жылэщ.

Анэ, сыту псалъэшхуэ ар. Анэ псалъэр щыжып1эк1э гущ1эр егъэп1ейтей.
Анэ псалъэр щыжып1эк1э гущ1эм зыкъыдегъазэ. Абы быным хуи1э лъагъуныгъэм к1э и1экъым, сытым дежи, быныр балигъ хъуами, ар сабийщ анэм дежк1э, и гур хуэмыгъуэщ жэщи махуи, мы дуней псом тету п1эрэ адэ-анэм хуэдэу псэ къабзэрэ гу хьэлэлрэ зи1э нэгъуэщ1 ц1ыху! Ялъэк1амэ, быным и зы щхьэц налъэ хагъэхунтэкъым. Дэк1амэ, къыдэмыхьэжын къаф1ощ1ыр, жьы къепщамэ, ирихьэжьэнк1э шынэу мэпсэу. Нэгъуэщ1у жып1эмэ, анэм и гур сытым дежи быным и гъусэщ,Аращ анэр нэм щ1ыхуагъадэри . Мы псалъэхэри, иджыри нэгъуэщ1 псалъэ дахэ куэдхэри яхуэфащэщ анэхэм. Iуэхугъуэ куэд къыщытпоплъэ дэ гъащIэ гъуэгуанэм. А псоми къежьапIэ яхуэхъур хэт? – Анэрщ. (СЛ.3.4) Ауэ, девгъэгупсысыт, ц1ык1ухэ, анэ псоми я гур зэхуэдэу п1эрэ?

Едж.Зэхуэдэкъым
Егъэдж. Ди жагъуэ зэрыхъунщи ,зэхуэдэкъым. Тетщ дунейм нэгъуэщ1 анэхэри. Быныр къалъхуауэ , ауэ зыхуей хуагъэзэну хуэмейуэ. Апхуэдэхэм

Едж.(1эдэм) Рассказыр зытеухуар анэмрэ бынымрэ зэхуа1эн хуей щытык1эрщ. Тхыгъэм дэгъуэу къыщыгъэлъэгъуащ анэк1э узэджэнур сабийм гъащ1э езыт, е езыта ц1ыхубзыр зэрыармырар, ат1э а сабийр зыгъэбэяу, ар зып1 ц1ыхур арауэ зэрыщытыр.

Егъэдж. Пэж дыдэу жып1ащ,мы зи гъу тщ1ы 1уэхугъуэр адыгэ литературэм нэхъапэк1э зэи къыщамы1этауэ Къущхьэ С. япэу къи1этащ, ик1и психологизм лъэщ щ1элъу зэпкърихащ мы темэр. ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджыпстурей ди зэманым ар псори зыгъэп1ейтей зыгъэгулэзщ.Рассказым зи гугъу щищ1 1уэхугъуэхэм заужьурэ йок1уэк1, хэт ц1ыхухэми захъуэж, заужь.Къэдвгъэщ1эжыт , ц1ык1ухэ хэт сымэ я образхэм дыщрихьэл1эрэ мы рассказым?

Едж.(Алихъан) Мы рассказым дыщрохьэл1э 1энусэ, Салимэ, Исмэхьил, Заурчик сымэ.

Егъэдж.Пэж дыдэщ,Ахэр тхыгъэм къыхэщыж образхэращ. Дэтхэнэ зы тхыгъэми хуэдэу мыбы хэт образхэри бгуэш хъунущ гурымыхьхэмрэ гурыхьхэмрэ ( отриц. положит.) Япэ щ1ык1э зэхэдвгъэхыж мы доскам ит псалъэхэм щыщу дэтхэнэ образым сыт хуэдэ псалъэр хуэфащэми (Кристинэ)

Иджы къыжыф1эт хэт сымэ образ гурыхьхэм хедгъэубыдэнур?

Едж .( Альбинэ).Салимэ, Исмэхьил

Егъэдж .Хэт сымэ образ гурымыхьхэр?

Егъэдж. Сыт хуэдэ ц1ыху 1энусэ?

Едж. (Астемир) 1энусэ сэ сигу ирихьакъым. Ар ел1ал1эркъым сабий п1ыным, анэм и къалэныр игъэзащ1эркъым. И къуэм нэхърэ и щхьэхуитыныгъэм, тыншыгъуэм щ1огупсыс. Апхуэдэу уанэу ущытыныр ик1и емык1ущ, хабзэми къемызэгъщ.

Егъэдж.1энусэ и щытык1эр Къу. С. дауэ къигъэлъэгъуа? Тхылъымк1э къэгъуэтауэ къедж.

Едж.( Алимбек) Сщ1эркъым сщ1энур…

Егъэдж.Тэмэм дыдэу гу лъыптащ , абы и гур сабийм зык1и хуэмыгъуэкъым , езым ейуи къэпщ1энукъым ,уеблэмэ сымаджэщым щыщ1эхуами дыщ1элъакъым ик1и к1элъык1уакъым. Апхуэдэ ц1ыхут 1энусэ, ещхьу п1эрэ абы Салимэ?

Едж.(Алинэ) Хьэуэ, Салимэ 1энусэ ещхькъым. Ар хьэл- щэн дахэ зыхэлъ адыгэ хъыджэбзщ , езыр балигъ зэрыхъурэ куэд щ1акъым, щ1алэ дыдэщ. Ауэ Салимэ хузэф1ок1 къэзылъхуа анэм 1эщ1ыб ищ1а хамэ сабийр гурыщ1э къабзэк1э ф1ыуэ илъэгъуну, ар ип1ыну ц1ыхугъи л1ыгъи къылъыкъуок1.Абы сабийр гурэ псэк1э елъагъу, сытри хуещ1э: хуожьыщ1э,хуотхьэщ1э, егъашхэ, сымаджэ щыхъуами и гъусэу сымаджэщым дыщ1элъащ .сабийр езым и насыпым япэ ирегъэщ,ар ф1ыуэ илъагъу Исмэхьил пык1ыну хьэзырт Заур ц1ык1у 1эщ1ыб иригъэщ1ыну яужь ихьамэ.

Егъэдж. Пэжу жыф1ащ. 1энуси Салими я 1уэху еплъык1эк1и я дуней тетык1эк1и зэхуэдэкъым, я образхэри зэпэщ1оуэ. А ц1ыхубзит1ым я образхэм нэмыщ1 рассказым дыщрохьэл1э Исмэхьил. Сыт хуэдэ къалэн щигъэзащ1эрэ Исмэхьил и образым и тхыгъэм, ар дауэ тхак1уэм къигъэлъагъуэрэ?

Едж. (Асланбек) Исмэхьил Салимэ ф1ыуэ зылъагъу щ1алэщ, ар лэжьак1уэжьщ, псэ хьэлэлщ, сытк1и дэ1эпыкъуэгъу хуохъу и хъыджэбзым. Ауэ, рассказым къызэрыхэщымк1э, япэ щ1ык1э абы къыгуры1уакъым хамэ сабийм Салимэ апхуэдиз гулъытэ щ1ыхуищ1ыр, апхуэдиз лъагъуныгъэ щ1ытригъэк1уадэр , ар иригузавэрт ц1ыхухэм жа1энум.Хуэмурэ абы къыгуро1уэ апхуэдэ хьэл- щэнхэм Салимэ и пщ1эр зык1и зэримыгъэлъахъшэр, ат1э нэхъ лъагэ зэрищ1ыр, ик1и Салимэ хуэдэ анэк1э хэти ухуэупсэ зэрыхъунур. Аращ ар загсым щ1эк1уэр.

Егъэдж. Пэж дыдэщ, Исмэхьили 1уэху еплъык1эм зрегъэхъуэж лъагъуныгъэм и хьэтырк1э. Тхылъымк1э къэдвгъэгъуэти дыкъевгъаджэт:

Едж. (Емзэгъ Ислъам) ..Хэт и унэц1эк1э…

Егъэдж.Ц1ык1ухэ, фэ унэ лэжь. фи1ащ мы тхыгъэм ехьэл1ауэ тест лэжь. зэхэфлъхьэну, апхуэдэ лэжь. ди пащхьэ кърилъхьащ 1ут1 А. Девгъэплъыт тхуэщ1ыжмэ:

Тест лэжьыгъэхэр

1.Рассказыр зытхар:

А)Щоджэнц1ык1у Алий

Б)К1ыщокъуэ Алим

В)Къущхьэ Сулът1ан

2.Рассказыр зытеухуар:

А)Хэку зауэшхуэм

Б)Адыгэхэм

В)Укъэзылъхуаракъым анэр, узып1арщ

А) Нанэ

Б) 1энусэ

В)Салимэ

4.Салимэ ип1 сабиим иц1эр:

А)Заур

б)Алим

в)Тембулэт

5.Анэ гущ1эгъуншэу рассказым къыщыхэщыр:

А)Жэнпагуэ

Б)Салимэ

В)Анусэ

6.Салимэ и щ1алэр:

А)Заур

Б)Исмэхьил В)Хьэдис

Егъэдж. Пэжщ.Пц1ы хэмылъу, куэдым урегъэгупсыс мы рассказым , гурыщ1э зэхуэмыдэ куэдхэр уи гум къыщегъэуш.Фэ фи гум сыт хуэдэ гупсысэхэр, гурыщ1эхэр къыщигъэуша мы тхыгъэм?

Едж. (Ратмир) Мы тхыгъэм сэ сигу къигъэк1ащ Заур хуэдэу зи анэхэм хыф1адза сабий ц1ык1ухэр , ауэ Заур насыпышхуэу къеуэл1ащ Салимэ, и анэм нэхърэ куэдк1э нэхъыф1у ар зыхуей абы хуигъэзэнущ, ауэ адрей сабий къом сабий унэм къыщ1анэхэр –щэ? Ахэр сытк1э зэрыкъуаншэр?

Хыф1эбдзами ар зеиншэ къабзэу
Зи1эм анэ иримыгъэхъуапсэу
Зыхуей хуэзэу Хэкум ип1ыжынщ.
Быну тетым я ц1эк1э дунейм
Анэу щы1эм ягу сыкъипсэлъык1ыу
Сэ узох нэлатым я нэхъ 1ейр Зэрысхузэф1эк1к1э узгъэик1эу.

Егъэдж. Куэдым уезыгъэгупсыс , уи гущхьэм зыкъезыгъэгъазэ псалъэхэмк1э гъэнщ1ащ Анэтолэ и усэ сатырхэр. Ауэ, мы усэм къыхэщыж анэм, нобэрей рассказым дызыщрихьэл1а 1энусэ хуэдэхэр нэхъ щымащ1эщ мы дунейм.Зэрыжыт1ащи, мы тхыгъэм къызэрыхэщыжщи, анэхэр зэхуэдэкъым, апхуэдэу жып1э хъунущ бынхэм щхьэк1и

Анэм и быным лей къытримыгъэхьэн, ихъумэн папщ1э маф1э лыгъэм хыхьэфынущ, хуей хъуми и псэр итыфынущ. Абы быным хуимыщ1эн ф1ыгъуэ телъкъым мы дунеишхуэм, ауэ ахэр зэхэзмыщ1ык1 бынхэри щыкуэдщ мы гъащ1эм, абы и щыхьэтщ иджыпсту фэдгъэлъагъуну пычыгъуэр.

Сценкэ гъэлъэгъуэн.
Миланэ
Авт. И щхьэгъусэр дунейм ехыжауэ зы фызабэ гуэр псэурт. Абы зы къуэ ц1ык1у закъуэ ф1 эк1 и1этэкъым. Арат абы мы дуней дахэшхуэм гурыф1ыгъуэу щилъагъуну и1эххэри! Зы гъэмахуэ пщыхьэщхьэ гуэрым мыпхуэдэу къэхъуащ. Анэр и къуэ закъуэм зыкъомрэ бгъэдэта нэужь:
Лаурэ
Анэ: Иджы, си дуней нэху, жэщ хъуащ, нэхулъэф1 укъик1! Мы дуней нэхушхуэм алыхьым гу щыуигъахуэ!

Теуэ макъ.
Ратмир
Псэхэх: Уи хъуэпсап1эр къохъул1энукъым , анэ насыпыншэ!

Анэ: Ухэт уэ?

Псэхэх: Сэ сы-Псэхэхщ! – Уи къуэ закъуэм и псэр хэсхыну сыкъэк1уащ.

Анэ: Кхъы1э, псэхэх, си нит1ыр ищ1и хьэфизу дунейм сыкъытенэ! Си тхьэк1умит1ыр с1ыхи дэгу сагъроуэ дунейм сытеут1ыпщхьэж! Ауэ си къуэ закъуэм и псэр хыумых! Щхьэщэ пхузощ1- гущ1эгъу къысхуэщ1!

Псэхэх: Хьэуэ. Ар зэрыпхуэсщ1эн ф1ыгъуэ щы1экъым.

Анэ: Кхъы1э, псэхэх, иджыри зы тхьэмахуэ закъуэ п1алъэу къызэтыж. Зы тхьэмахуэ закъуэк1э си щ1алэ ц1ык1ур сыгъэлъэгъуж.

Псэхэх: Ирехъу апхуэдэу, анэ насыпыншэ!

Анэ: Нак1уэ, си щ1алэ, мы бгъуэнщ1агъыжьым дыщ1эт1ысхьэмэ,псэхэх угъурсызым ды1эщ1эк1ауэ къэплъытэ хъунущ.

Псэхэх: Ущоуэ, анэ насыпыншэ!

Анэ: Ухэт уэ?

Псэхэх: Сэ сы-псэхэхщ! Уэста п1алъэр къэсати, уи щ1алэ закъуэм и псэр хэсхыну сыкъэк1уащ.

Анэ: Кхъы1э, Псэхэх, хьэфизи сыщ1, дэгуи сыщ1, бзагуи сыщ1! А псом нэмыщ1к1э, япэ щ1ык1э сэ си псэр хэх, ауэ си щ1алэ ц1ык1у закъуэм и псэр хэпхауэ сумыгъэлъагъу!

Псэхэх: Хьэуэ. Ар зэрыпхуэсщ1эн ф1ыгъуэ щы1экъым.

Анэ: Кхъы1э, Псэхэх, иджыри зы тхьэмахуэ закъуэ п1алъэу къызэтыж. Зы тхьэмахуэ закъуэ си щ1алэ ц1ык1ур сыгъэлъэгъуж.

Псэхэх: Ирехъу апхуэдэу, анэ насыпыншэ!

Анэ: Нак1уэ, си щ1алэ, тэхъуанэр быдэу гъэжащ, абы жьы дэхуп1и, псы дыхьэп1и, нэху дэдзып1и и1экъым, абы дисмэ псэхэх угъурсызым ды1эщ1эк1ауэ къэплъытэ хъунущ!

Псэхэх: Ущоуэ, анэ насыпыншэ!

Анэ: Ухэт уэ?

Псэхэх: Сэ сы-псэхэхщ!Ещанэу Уэста п1алъэр къэсати, уи щ1алэ закъуэм и псэр хэсхыну сыкъэк1уащ.

Анэ: Кхъы1э псэхэх, хьэфизи сыщ1, бзагуи сыщ1! А псом нэмыщ1к1э, япэ щ1ык1э сэ си псэр хэх, ауэ си щ1алэ ц1ык1у закъуэм и псэр хэпхауэ сумыгъэлъагъу!

Псэхэх: Еуей. Сыту 1ейщэу дзыхэ сыкъэпщ1а, анэ насыпыншэ, уэ к1уэж, уи щ1алэм сэ зы лъэ1у хузи1эщи ар жес1энущ.

Псэхэх: Иджы си щ1алэ уэ къэда1уэ, уи анэ тхьэмыщк1эм и ф1ыгъэк1э уи псэр хэсхыну сэ къэзгъэнащ, ауэ зы лъэ1у пхузи1эщ, к1уэжи уи анэм и гур къысхуэхь. Махуищыр п1алъэу сэ узотыр.

Анэм быныр зэрилъагъур
Псы ежэхым и к1ыхьагъщ,
Быным анэр зэрилъагъур
Телъ лъэмыжым и к1ыхьагъырщ.

Егъэдж .Ц1ык1ухэ, Мы теплъэгъуэм сыт гуры1уэгъуэ тщищ1ыр?

Едж. (Миланэ) Мыбы гуры1уэгъуэ тщещ1 анэм быным папщ1э и псэр итыфыну зэрыхьэзырыр, ауэ къуэм ар къызэримылэжьар.

Егъэдж. Пэжщ, Абы нэмыщ1к1э, ц1ык1ухэ, гу лъыфтауэ п1эрэ мы теплъэгъуэм хэта псалъэ гъэщ1эгъуэнхэм е къарык1 мыхьэнэм фыщымыгъуазэу,хэтамэ сыт хуэдэ псалъэ?

Едж. Нт1э, хэтащ. Тэхъуанэ

Егъэдж. Пэж дыдэу гу лъыфтащ, тетрадхэм ирегъэтхэн

Бзэм зезыгъэужь дакъикъэ

тэхъуанэ- пасэрей бгъэныщхьэ унэжь цIыкIу

хьэкъ-къалэн, долг

сэкъат- щыщ1эныгъэ, къуаншагъэ

Ц1ык1ухэ, нобэ фэ гуры1уэгъуэ фщыхъуауэ къызолъытэ бынымрэ анэмрэ я кум дэлъын хуей зэхущытык1эр.Рассказым теухуауэ унэм фи1а лэжь. ящыщщ сочиненэ к1эщ1 зэхэфлъхьэну фэ фи еплъык1эр адэ- анэмрэ бынымрэ яку дэлъын хуей зэхущытык1эр. Хэт и сочин. къытхуеджэн?

Егъэдж. Хъэрзынэу птхащ, дэтхэнэ бынри зэман дэк1мэ, езыхэри адэ-анэ хъунущ, ялъэгъуа дыдэри ящ1эжынущ. Абы къыхэк1ыу ф1ы пщ1эмэ, ф1ыр бгъуэтыжынщ.Анэм теухуауэ псалъэжьхэр фтхыну унэ лэжь. фи1ати дыкъевгъэджэжыт:

Едж.: Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ.

Анэ зимы1эм гу1эр и махуэщ. (Алихъан)

Едж.:
Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.
Анэм и быным хуищ1эр ф1эмащ1эщ.(Алимбек)

Едж.
Анэм къуипэсыр гунэсщ
Анэм къуитыр 1эф1щ (Альбинэ)

Едж.
Быныр нэм и хъуахуэщ.
Анэм и щапхъэр пхъум и бзыпхъэщ. (Лаурэ)

Едж.
Анэнэп1сыр уэсым нэхърэ нэхъ щ1ы1эщ.
Бзаджэр уи пэшэгъумэ, уи анэ мыгъуэ хъунщ. (1эдэм)

Едж.
Анэнэп1эсрэ гупк1э т1ысып1эрэ.
Сабийм адэ имы1эжмэ, зеиншэкъым, анэ имы1эжмэ, зеиншэщ. (Кристинэ)

Егъэдж. Икъук1э псалъэ 1ущщ мыхэр ик1и мыхьэнэшхуэ зи1эщ.Анэм теухуауэ псалъэжьхэр къыщыфщ1эжак1э , ц1ык1ухэ, къэдвгъэщ1эжыт иджыри сыт хуэдэ тхыгъэхэм деджа анэм теухуауэ?

Егъэдж. Тэмэм дыдэу къэфщ1эжащ.Нобэ зи гугъу тщ1ы рассказым теухуауэ дызэджар къэтпщытэжащи , сыхуейтиджы къызжеф1эну сыту п1эрэ мы тхыгъэмк1э Къу. С. къыджи1эну зыхуеяр?

Едж. Мы рассказыр зытепсэлъыхь 1уэхугъуэр гъащ1эм къыщыхъуащ, ауэ апхуэдэ куэдрэ къэхъуркъым 1энусэ хуэдэ анэхэр мащ1э дыдэщ. Мы тхыгъэмк1э Сулът1ан къыдже1э апхуэдэ къэхъун зэрыхуэмейр.Ар адыгэ хабзэми ц1ыхугъэми къызэремык1ур, апхуэдэ зы щапхъэ закъуэми лъэпкъыр зэригъэпудыр.

Егъэдж.Тэмэм дыдэу жып1ащ, ауэ сэри т1эк1у щ1ызгъужынут. Гъащ1эр дэтхэнэ зы ц1ыхуми зэщ къызэрыдитыр , а гъащ1эр къыдэзытри анэращ, анэ псоми а ц1э лъап1эр ягъэпэжу, фэ фхуэдэ бын ц1ык1ухэми ар зэхащ1ык1ыу

щытмэ гъащ1эр нэхъ дахэ, нэхъ тынш хъунущ. Ищхьэк1э зэрыжыт1ащи, 1энусэ хуэдэ анэхэр мащ1эщ. Нт1э, сыт хуэдэ анэхэр нэхъыбэ?

Быну щы1эм ягу сыкъипсэлъык1ыу

Анэ псоми хъуэхъу сэ фхузотхыр

Къахуэвгъэгъуу бынхэм я сэкъатыр

Насып лъагэм фи щхьэр фигъэ1эту.
Бын гуф1эгъуэм напщ1эр дыхэлъэту

Жьыщхьэ махуэу бынхэм фащхьэщыту

Тхьэм фэ куэдрэ фигъэпсэу

Егъэдж. Ф1ы дыдэу фылэжьащ ц1ык1ухэ, нобэрей ди урокыр абдежым щыдухащ. Куэдрэ тхурепсэу ди анэхэр, ди япэ куэдрэ тхьэм анэхэр иригъэт, яхуэтщ1ыфу анэхэм дэ гулъытэ нэс. Ди насыпщ ди анэхэр тхуэпсэумэ. Ди насыпщ, ди анэхэр дунеягъэк1и ахърэтк1и къытхуэаразымэ.

Читайте также: