Т1ыт1у и дыгъэ шыщ1эр кратко

Обновлено: 30.06.2024

Пэублэ псалъэ (егъэджак1уэм ) : Дэтхэнэ зы лъэпкъми ижь – ижьыж лъандэрэ пщ1э хуащ1у къок1уэк1 ц1ыху губзыгъэм, ущияк1уэм, гъащ1эм къыхиха 1ущагъхэр бэм я пащхьэм изылъхьэжыфым. Апхуэдэу адрей лъэпкъхэм къахэщырт я акъылыф1агък1э адыгэхэр. Я акъылыф1агъэр къызэрагъэлъагъуэр ди анэдэлъхубзэрт, адыгэбзэрт. Къэплъытэ хъунущ, адыгэбзэр нэхъ тэмэм дыдэу убзыхуа бзэхэм ящыщу, абы и щыхьэтщ псалъэ хьэулей куэд зэрыхэмытыр. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди анэдэлъхубзэм гулъытэ щ1агъуэ щыхуэдмыщ1 куэдрэ къохъу. Мы зэпеуэмк1э дэ къалэну дгъэувыр ди бзэм и дахагъыр зэхэтщ1эу ди пщэдейр зи 1эмыщ1э илъыну фэ ц1ык1ухэм абы пщ1э хуэфщ1у, фегугъуу фхъумэнырщ.

«Гуащэ и псынэ « гупым

Къуэ щхъуант1э уэхым и лъащ1эм

Псы гъуджэ ц1ык1ур щопщ1ыпщ1э;

Тк1уэпс щ1ы1э щыгъэхэр 1уфит1ым

Я удз щ1эращ1эхэм хеутхэ.

Псынэ абджыфэм и 1уфэм

Жыг хьэлэмэтхэр тожьауэ,

Дыгъэ нур гуащ1эм пэлыду

Зишэщ1 – зи1уант1эу мэк1уасэ

Махуэр хуабейщи бгы нэк1ухэм

Удз епэр тхьэмпэхэр щолалэ.

Къуалэбзу ц1ык1ухэри бэмп1ауэ

Псы щабэ 1уфэми щохуарзэ.

Фхуэс1уэтэнщи си гухэщ1ыр –

Гуауэ хьэлъэм сыполъэщыр.

Нывжес1энщи си гуф1эгъуэр –

Сэ щ1эрыщ1эу си гур хохъуэ.

Сщ1экъым сэ ар къызыхэк1ыр,

Фи губгъэным сыф1ол1ык1ыр.

Гугъэу си1эм я нэхъ лъап1эр –

Къэсхьэхунырщ фи гур гуапэу.

Фи гуф1эгъуэм и пшынэбзэр

Ауэ гуауэм хишмэ гъыбзэ

Къысф1ыщ1ок1ыр сэри нэпс.

Сыхъуу щытми нэхъ фпэжыжьэ,

Си псэр нэхъри фпэгъунэгъущ.

Фэрщ и нит1ыр си Хэкужьым,

Фи гурыщ1эр си 1эпэгъущ.

Лъэпкъым сыт хуэдэ гуф1эгъуэ къэхъуами зэраублэу щытар хъуэхъущи

- Ди зэпеуэр идохьэжьэри

Хъуэхъур ди бэу, дыбагъуэу,

Губгъуэу ди1эр бэвылъэу,

1ей тхэтыныр ди жагъуэу,

Ди жагъуэгъухэр зэгуэпу,

Ди гукъеуэр здэтшэчу,

Ди чэт гъэлъэхъу щымыщ1эу,

Ди хъыджэбзхэр щ1ык1аф1эу,

Ди щ1алэхэр гъущ1ыпсэу,

Псыблэм хуэдэу заупц1у

Пц1ащхъуэ лъатэм къадэжэу,

Я жэрагък1э алъпыжьхэу,

- Ди бзэр зэзмыпэсыжу

Ар 1эщ1ыб ищ1ыну ек1э и ужь ихьэхэм

Гъэ мэш ищ1эну губгъуэм щихьам деж,

И хьэсэм ихъуреягъыр хьэкъыршу,

И кур шыпсыранэу,

Зрагъэзыхмэ, и нэм къыщ1эуэу,

Хэ1эбэмэ, и 1эр къису,

Дзыгъуэ тхыц1эр щ1имыгъанэу –

Адыгэбзэм теухуа усэхэмрэ уэрэдрэ ягъэзащ1э:

Си нэр зыгъаплъэ,

Си лъэр здэбыдэ,

Уэ уи жьэгу дыщэм

- Дэ ди гуф1эгъуи

Утетщ гъуэгу махуэ.

Анэдэлъхубзэ, адыгэ жьабзэ,

- Уэ ди нэ ди псэ лъэпкъым и гупсэ,

Анэдэлъхубзэ, уэ узижагъуэр

Узыгъэик1эр акъыл тхьэмыщк1эщ.

- Си гум и хъущхъуэ

Пхузощ1 сыт щыгъуи

Анэдэлъхубзэ,анэм и жьабзэ,

- Адыгэбзэр жа1э к1уэдыжыну

Ар уи ф1эщ уэ хъурэ, си ныбжьэгъу?

Зэхэпхар уигу къеуэу умышынэ,

Ди бзэр хуэныкъуэххэкъым гущ1эгъу.

-Бзэр т1эщ1эк1мэ, дылъэпкъкъым.

Акъыл ин ухуэмей

Къыбгуры1уэу а т1эк1ур

-Бзэм и макъхэм ди тхыдэр,

Ди лъыр, ди псэр хэпщащ.

Бзэр тхъумэну зымыдэр

Ди биям къагъэщ1ащ.

-Бзэр т1эщ1эк1мэ, досык1ыр,

К1уа л1эщ1ыгъуэм лъык1псык1ым

Хипщэжар сыт хъужын

-Бзэр т1эщ1эк1мэ, док1уэдыр,

Лъы зыщ1этыр фысакъ

Псы зыщ1этыр тек1уэту,

Вгъэ1у бзэ хуабэм и макъ.

-Си бзэ дахэу адыгэбзэ,

Си бзэ дахэу уэ си нэху!

Уэращ си анэдэлъхубзэр,

Уэрэд «Си бзэ - си псэ, си дуней.

псалъэхэр Джэдгъэф Борис

макъамэр Молэ Владимир яйщ.

Къапсэлъыр нобэ Къэбэрдейм

Си гущ1эм нылъо1эс Ежьу: Си бзэ – си псэ, си Дуней.

Анэбзу си уэрэд

Лъагъуныгъэу сигу мыжейм,

Сигу мыжейм укъолъэт

Адыгэу тетым щ1ы хъурейм,

Ей, маржэ, жыф1эрей:

Си бзэ- си псэ, си Дуней.

Си бзэ – си Дуней!

Уэрэдыр хуэдэщ дыгъэ бзийм,

Псэм нурыр щеукъуэдий.

- Сэ хъуэхъуэн си фарзщи,

И псэук1эр еф1ак1уэу,

Къэралу щы1эм драпашэу,

Шэуэ къелъэлъэхыр тпэ1эщ1эу,

Лъэпкъыу исыр зэгуры1уэу

Зым 1эпыхур зым къищтэжу

Зы унафэм дыщ1эту

Ди лъэпкъ анэдэлъхубзэр дгъаф1эу

Ар 1эщ1ыб дымыщ1у

Гъавэр, псыр, шыгъур, гъущ1ыр, хугур

Нэмысрэ насыпрэ ди куэду

Гъэ минк1э псэун лъэпкъ тхьэм дищ1!

-Ди анэдэлъхубзэр къуилъхьэжыну

Ек1э ди ужь къихьэм

Я пк1эунэм жумэрэн щыущу,

Я хьэщ1эщым дзыгъуэ щит1 щыджэгуу,

Я шхы1эныжьым бацэ къилэлу,

Ц1амыщхъейр и гуфэу,

Л1ит1 зы уэщу, л1ищ зы хьэму,

Я хьэмэщ щэджыншэу,

Мэрамысэ бэщ1рэ, унэлъащ1э ф1ейуэ

-Жэщи махуи си анэдэлъхубзэм

Иропсалъэ мо си къуршыжь плъагъухэр,

Къалъхуащ ахэр щ1ыр щымыджэмыпц1эм,

Щ1ыщ1игъэнар арщ я щыгур тхъугъэм.

-Зэхэпхынущ си анэдэлъхубзэ

Зыхуэбгъэщхърэ уеда1уэмэ псынэм…

Си жылагъуэ 1эджэу нэм къы1уидзэм

Нэрэ нап1эу я1эр а нэщэнэрщ.

-Яхь я гъащ1эр, си бзэк1э нэщхъыф1эу,

Си тенджыз толъкъунхэу емышыжхэм,

Си бзэк1э мэгу1э е мэгуф1э

Сэ си лъахэу сыкъызыщхьэщыжыр.

-Си анэдэлъхубзэм ирипсалъэр

И куэдагък1э хъуркъым мелуан бжыгъэ,

Ауэ, си лъэпкъ мащ1эу си псэм хэлъым

Къыдок1уэк1ыр ар имыщ1эу жьыгъэ

-Си анэдэлъхубзэ хэмытауэ

Сигу къеуэк1эр фэ зэхэвмыщ1эну,

Си анэм и бзэр си къызимытамэ

Къыщ1эк1ынт сэ бзагуэу сыкъэнэну.

Си бзэу си лъэпкъыц1э .

-Уэ уи къежьап1эр, адыгэ хабзэ,

Си анэм къыздилъхуа си бзэрщ,

Си Хэкуу си нэм уэ уринабдзэщ,

Си лъэпкъым урищ1ыхь гъуазэщ.

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, дыадыгэжкъым.

Пшагъуэбэщ пщащэнэ ф1ыц1эр,

Нысэм щхьэрыгъри дыщэ пы1эжкъым,

Щ1элъыжкъым пшынэбзэм ди ц1эр.

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, ди щауэишэр

Къутауэ зы нарт шабзэшэщ,

1эщ1элъри щауэу зи пащ1эр пхъашэм

Дзэху къамэ лъэпкъ саутыншэщ .

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, ди уэредадэр

Бжьыхьэпэм и зы жэп налъэщ,

Махъсымэ к1адэр, ди дыщэидэр

Пшэк1ухьым и сыхьэт п1алъэщ.

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, дыбзу дамэншэщ,

Мыл губгъуэм иту шу налыншэщ,

Гъатхэ уэлбанэу щхьэншэ техъуанэм

Щытк1ужу дызышыгъу к1анэщ.

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, хуэзэм дыкъищтэу

Дыхъуак1эщ хамэ жыхапхъэ,

Я 1уэху зэф1эк1мэ драхьэгъащтэу

Дгъэф1энущ я боужь дапхъэ.

-Ущык1уэдынум, си адыгэбзэ.

Здэпхьынущ, сощ1э, ди хабзэр,

Нэмысу, щ1ыхьу, уи л1ыгъэ хасэу

Къинэнур хэкум зы гъыбзэщ.

Упсэу уэ куэдрэ! Уэрщ лъэпкъым и лъабжьэр!

Упсэу уэ куэдрэ1 уэ дыбдэпсэунщ!

Удигуф1эгъуэщ, уэ уди1эщ набдзэу, упсэу!

Упсэумэ ди лъэпкъыр псэунщ.

Мурадхэр : я бзэр ф1ыуэ ялъагъуным я гур къыхуэгъэушын;

Анэдэлъхубзэм хуа1э гулъытэм хэгъэхъуэн;

Бзэр шэрыуэу къагъэсэбэпыфу егъэсэн.

1 Пэублэ псалъэ.

  1. 1уэры1уатэ нэхърэ – нэрылъагъу (псалъэжьхэмк1э зэпегъэуэн).
  1. Адыгэбзэр мэбзэрабзэ (псынщ1эрыпсалъэхэмк1э зэпеуэн).
  1. Дэрэжэгъухэм я 1ыхьэ . Адэк1э къыпыщэ…(нэщэнэхэмк1э зэпеуэн)

8 Капитанхэм я зэпеуэ. Псалъэрыджэгу.

псалъэр Щоджэн Аслъэнджэрий

макъамэр Къэбэрдокъуэ Борис яйщ.

Бахъсэн уэрыжьыр къуак1эм щызоуэ,

Мы ди Хэкужьыр Дуней телъыджэщ,

Ди адыгэбзэр абы и гъуджэщ.

Зы бзэм хуэлажьэр ар лъэпкъ уэхътыншэщ,

Адыгэ лъэпкъыр дызэкъуэтынщ,

Ди бзэм и щ1ыхьыр лъагэу т1этынщ

Илъэс мин куэдрэ абы и тхыдэщ,

Псы къелъэм хуэдэу ар къарууф1эщ,

Ди лъэпкъ гъэф1эну дызэрыгуф1эщ.

Зи хэку епц1ыжу зы лъэпкъ щымы1э,

Зы бзэр зыхъумэр мис ар лъэпкъ къабзэщ,

Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ.

Зи бзэм хуэсакъхэр зэманым ток1уэ,

Гъащ1э хъуэпсэгъуэр щ1ылъэм щаухуэ.

Апхуэдэ щапхъэм дэ дегъэгушхуэ.

Блэк1а зэманхэр дэ къыдегъащ1э,

Ди нартыжь лъэпкъым уэрэд хуеусыр,

Ди лъэпкъ хъыбархэр дэни нехьэсыр.

Зи бзэм хуэлажьэхэр ар лъэпкъ уэхътыншэщ.

Адыгэ лъэпкъыр дызэкъуэтынщ,

Ди бзэм и щ1ыхьыр лъагэу т1этынщ.

1уэры1уатэ нэхърэ – нэрылъагъу

  1. Псынэ, псыбэ, бырыбищ, къыщик1ухьым щыбырыбыр п1ырып1ищщ.
  2. Ди щак1уэхьэм щ1эрык1уэхьыр щ1эк1уэрыхьырт
  3. Уэдыд, ди адэ дыдыр Дэбубыдым , быдэу едыр.

4. Мыщэ. мыщ1э мащ1э.

Псэлъафэр вжызо1э, фэ къызытек1а хъыбарыр жыво1эж. Нэхъыбэ жызы1эфыр тек1уащ.

Щамыр и ц1эт, езыр Астемырхэ ящыщт. Щам хьэрычэт, зэф1эгъэк1рэ имы1эу, и гъащ1эр тхьэмыщк1эу ирихьэк1ащ. Щ1ымахуэ гуэрым пхъэгъэсын имы1эу унэм къыщ1энэри, гузэвэху чыху 1эпл1э къыдичурэ и щ1ап1эр къызэрыхухьа бжьыхьыр игъэсыжати, псэлъафэр абы къытек1ащ.

Парипыхыр щ1ып1эц1эщ. Балъкъ 1уфэрэ Псыхъурей къуажэ щ1ыбымрэ я зэхуакурщ. Къэбэрдейм къытеуауэ щыта тургъуэтхэр Парипых деж хьэлэч зэрыщащ1ыгъам псалъэжьыр къытек1ащ.

Свидетельство и скидка на обучение каждому участнику

Зарегистрироваться 15–17 марта 2022 г.

Выберите документ из архива для просмотра:

Выбранный для просмотра документ В гости к сказке. Ударенэ..doc

КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ и ТЭРЧ МУНИЦИПАЛЬНЭ КУЕЙМ ХЫХЬЭ

КЪУАЖЭ Т1ЫСЫП1Э ЗИ1Э АКЪБАЩ ИПЩЭ ПСОМК1 и Щ1ЭНЫГЪЭ

КУРЫТ ЩРАГЪЭГЪУЭТ МУНИЦИПАЛЬНЭ ЕДЖАП1Э

Таурыхъым деж хьэщ1ап1э

Егъэджак1уэр – Тен А.Т.

Таурыхъым деж хьэщ1ап1э.

Темэр: Ударенэ.

Мурадыр:

Псысэр ф1ыуэ ялъагъуным еджак1уэхэм я гур къыхуэгъэушын;

Псалъэм щыщу зы пычыгъуэр нэхъ зэрытракъузэм гу лъегъэтэн;

Сабиийхэм я бзэр, адыгэбзэр еф1эк1уэн папщ1э, я псалъэк1эм зегъэужьын.

Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэ: ИКТ, хьэрф дэк1уашэ жьгъыжьгъхэмрэ дэгухэмрэ, ребусхэр, псалъэжьхэр, мэкъамэхэр.

Урокым и ек1уэк1ык1эр

(мэкъамэр къеуэу урокым щ1едзэ)

Пэщ1эдзэ псалъэ. Ф1эхъус зэрах.

Едж. Фи махуэ ф1ыуэ!

Ф1эхъус гуапэ хьэщ1эхэм фыдохыр,

Ди урокым и бжэр фхузэ1удохыр.

Дыщ1охъуэпс фэтхынуи хьэщ1агъэ,

Мурадым щыгъуазэ сощ1.

Егъ. Школ уэзджынэр къеуэжащ,

Дэ урокым щ1эддзэжащ.

Зы дакъикъэ дэдмыгъэхуу

Дэ дыда1уэу, дыгупсысэу,

Хабзэ дахэр тщымыгъупщэу

Ди щ1эныгъэм хэдгъэхъуэну

Ди мурадщ дэ а гъуэгуанэр

Мурад тщищ1ыр дгъэзэщ1эну.

Си бзэ дахэу адыгэбзэ,

Си бзэ дахэу уэ си нэху!

Уэращ си анэдэлъхубзэр –

Си насыпти уэ узи1эщ,

Папи мами сопсэлъэф!

Егъ. Аращи, дэ доблагъэ таурыхъым и хьэщ1эщым.

hello_html_m35da464f.jpg

Таурыхъгуащэ

Таурыхъгуащэ. «Ф1эхъус апщий нэм хуэдэу си ц1ык1ухэ,

Дахэу ди шыпхъухэ,

Жану ди къуэшхэ,

Дыгъэ- щыгъэу ди бынхэ!

Фи жьэгу дэлъыну лъэпкъ таурыхъ

Пасэрей тхыдэ, хъыбарыф1,

Акъыл, щ1энхабзэ къыхэфхыну

Яджар къэпщытэжын. Теплъэгъуэ.

Таурыхъгуащэ. Щы1ащ – псэуащ зыл1рэ зы фызрэ. Я1эт абыхэм зы къуэ ц1ык1у. Абы зэреджэр Шыкъумц1ийт.

Едж. Зэгуэрым я гъунэгъу щ1алэ ц1ык1ухэм мэзым амуухьэ к1уэну загъэхьэзырырт. Ар къыщищ1эм, Шыкъумц1ий и анэм елъэ1уащ:

hello_html_1cbcee79.jpg

Шыкъумц1ий. - Мамэ, мамэ! Си ныбжьэгъу ц1ык1ухэм я гъусэу сэри кхъы1э мэзым амуухьэ сыгъак1уэ!

Анэм. - Узгъэк1уэнщ, си щ1алэ ц1ык1у, ауэ уи ныбжьэгъухэм я губзыгъагъымрэ, я 1ущагъымрэ къэсщ1эн папщ1э мис мы лэжьыгъэхэр гъэзэщ1эн хуейщ.

(Лэжьыгъэр матэм илъу егъэджак1уэм хуеший)

- Мы лэжьыгъэхэр фи егъэджак1уэм къыхузогъанэри феда1уэ.

Хьэрф зыхэзэрыхьахэм псалъэ къахэфщ1ык1ыж. (слайд № 1)

1. ы, у, 1у, ж, ы, г (жыгыу1у)

2. д,э,хъу, б,ж,э,н (бжэндэхъу)

3. р,къу,а,гъ (къуаргъ)

4. п,а,щ,э,хъу,ц1 (пц1ащхъуэ)

5. гъу, а, з, у,б,ж,э,б (бзугъуабжэ)

Егъ. - Дауэ бгуэш хъуну мыхэр?

Едж. - Къуалэбзу лъэтэжхэмрэ, щ1ымахуэр изых бзухэмрэ.

Егъ. - Щ1ымахуэр изых бзухэм сытк1э сэбэп фахуэхъуфыну п1эрэ?

Едж. - Бзухэр щ1ымахуэм мэмэжал1э. Бзу шхап1эм щыкъун тек1утэн хуейщ, унэ яхуэщ1ын хуейщ. Ахэр дэ сэбэп къытхуохъу.

Лэжьыгъэ 2. Макъ дэк1уашэ жьгъыжьгъ къэзыгъэлъагъуэ хьэрфхэм дэгу къэзыгъэлъагъуэ хьэрфхэр гуэгъу хуэщ1ыжын. (слайд № 2)

б- п, в – ф, гъ – хъ, д – т,

дз – ц, ж – ш, жь – щ, л – лъ.

Егъ. - Дауэ къапсэлърэ макъ дэк1уашэ жьгъыжьгъхэмрэ дэгухэмрэ?

Едж. - Макъ дэк1уашэ жьгъыжьгъхэр щ1эжьыуэ щ1эту къапсэль, макъ

дэк1уашэ дэгухэр даущ мащ1э щ1эту къапсэлъ.

Лэжьыгъэ 3.

Егъ. - Ещанэ лэжьыгъэр дгъэзэщ1эн папщ1э дигу къэдывгъэк1ыжыт, ди бзэр дауэ зэхэт?

Едж. - Ди бзэр псалъэухаурэ зэхэтщ.

Егъ. - Псалъэухар щэ?

Едж. - Псалъэухар псалъэурэ зэхэтыжщ. Псалъэухам гупсысэ пыухык1а и1эщ.

Егъ. - Псалъэухар щатхк1э сыт хуэдэ хьэрфк1э къегъэжьэн хуей?

Едж. - Псалъэухар щатхк1э хьэрфышхуэк1э кърагъажьэ и к1эми зэрызыхагъэк1 нагъыщэ ягъэув.

Егъ. - Иджы, девгъэплъыт доскам ит тхыгъэм: Псалъэухар къыщыщ1идзэмрэ щиухымрэ къэфхутэ. Псалъэухам и к1эм нагъыщэ вгъэув. (слайд №3)

(интерактивнэ доскамк I э къэгъэлъэгъуэн)

Лэжьыгъэр ягъэзащ1э.

Егъ. - Мы дыкъызэджа тхыгъэр сыт зытеухуар?

Едж. - Мы тхыгъэр теухуащ нэхъыжьым пщ1э хуэщ1ыным.

Егъэ. -Ат1э, сыт псалъащхьэу хуэпщ1 хъуну мыбы?

Егъ. - Фэ унэ лэжьыгъэу фи1ащ фи унагъуэм ис фи нэхъыжьхэм пщ1э зэрахуэфщ1ым, фазэрыдэ1эпыкъухэм теухуауэ фыкъытхутепсэлъыхьыну.

Едж. 1. - Гъэ еджэгъуэщ1эм зэрыщ1идзэжрэ дэ ди щ1эныгъэхэм, хьэлщэн дахэхэм хэдгъэхъуэну ди мурадщ. Ар зи ф1ыщ1эр ди адэ-анэхэмрэ ди егъэджак1уэхэмрэщ. Дэ сыт щыгъуи нэхъыжьхэм я жы1эм дода1уэ.

hello_html_1b092f57.jpg

Едж. 2. -Дэ нэхъыжьхэм дадоплъей, щапхъэ ятыдох, пщ1э яхудощ1. Дэ ахэр ф1ыуэ долъагъу, зэрытхузэф1эк1к1э дадо1эпыкъу.

Едж. 3. - Дэ унагъуэм сэбэпышхуэ дыщохъу. Ди адэ – анэхэм дадо1эпыкъу. Ди гъунэгъу л1ыжь – фызыжьхэм гулъытэ яхудощ1. 1уэху гуэрхэмк1э сэбэп дахуохъу.

Егъ. - Сыт хуэдэ псалъэжь фщ1эрэ нэхъыжьхэм ятеухуауэ?

Едж. 1. – Нэхъыжь щыту умыт1ыс.

Едж. 2 - Нэхъыжьыр гъэлъап1и, уи щхьэ лъап1э хъунщ.

Едж. 3 - Зи нэхъыжь еда1уэ и 1уэху мэк1уатэ

Едж. 4 - Нэхъыжьыф1 зи1э нэхъыщ1эф1и и1эщ.

Едж. 5 - Уи анэ къыбжи1эм еда1уэ, уи адэ къыбжи1эр гъэзащ1э.

Едж. 6 - Уи адэ – анэм яхуэпщ1 нэмысыр уи быным къыпхуащ1ыжынщ.

Анэм - Фыгубзыгъэу, хабзэ фхэлъу, намысыф1эу фыщытщи сэ хуит сощ1 си щ1алэ ц1ык1ур фи гъусэу мэзым нэк1уэну. Ауэ, сыныволъэ1у, мы си Шыкъумц1ий ц1ык1у фыхуэсакъыу къыздефшэк1ыну, фымыгъэгъуащэу къыздэфшэжыну.

Таурыхъгуащэ - Арати, ц1ык1ухэр мэзым к1уащ. Дэтхэнэ зыми аму 1эпл1э зырыз кърачащ.

Едж. - Къэк1уэжыну къежьэжащи гъуэгур ягъуэтыжыркъым. К1ыф1 къатехъуащ. Ешаел1ауэ мэзым къыхэк1ыжащи здэк1уэнур ящ1эркъым. Адэ жыжьэу плъэхэри маф1э ц1у ц1ык1у гуэр къалъэгъуащ.

Егъ. - Ц1ык1ухэ, маф1э ц1ур гъунэгъущ жып1эу уежьэ хъуну?

Едж. - Маф1э ц1ур гъунэгъущ жып1эу уемыжьэ, хьэ банэ макъыр жыжьэщ жып1эу къомыгъанэ.

Егъ. - Сыт абы иджыпсту жи1ар?

Едж. - Ари псалъэжьщ.

Къабзэрытхэ лэжьыгъэ.

Егъ. - Шыкъумц1ий и ныбжьэгъухэр игъусэу а маф1э ц1ум нэсыху дэ къалэмыр къыдощтэри мы доскам ит мазэмрэ махуэмрэ ди тетрадым идотхэ. Къэбзэрытхым ттхыну хьэрфхэр къэтщ1эн папщ1э лэжьыгъэ догъэзащ1э. Щ1алэ ц1ык1ум псалъэ зыкъом щитхым, абы мы псалъэхэм щыуагъэ хищ1ыхьащ: (слайд №5)

Уынагъуэ, ц1ыхуыгъэ, гъуынэгъу.

- Сыт щ1алэ ц1ык1ум щыуагъэхэр ищ1ынк1э щ1эхъуар? Сыт абы имыщ1эр?

Едж. - Макъ дэк1уашэ у – ми, 1упэр хъурей хъууэ къапсэлъ адрей макъ дэк1уашэхэми я ужьк1э макъ ы къапсэлъ, ауэ хьэрф ы ятхыркъым.

Егъ. - Къабзэрытхым ттхынущ дигу къэдгъэк1ыжурэ хьэрф у зыбгъэдэувэу дамыгъит1 хъухэр:

1у ху гу ку

Таурыхъгуащэ - Маф1э ц1ур здэщы1эм нэсхэри зы унэ лъэбышэ гуэр 1ущ1ащ. А унэм щыпсэурт уд фызыжь ц1ык1у. Щ1алэ ц1ык1ухэр къыщилъагъум:

Таурыхъгуащэ - Уд фызыжь ц1ык1ур пщэф1ап1эм щ1ыхьэжащ. И дзэхэр жану илъащ .

Едж. - Арати, ц1ык1ухэр жеягъэнщ иджы щыжи1эм ахэм ящыщ зы ишхыну пэшым къыщ1ыхьащ.

Удым - Сыт, Шыкъумц1ий ущ1эмыжейр? Сыт ухуей?

Шыкъумц1ий - Ди анэм иджы хуэдэхэм деж псы хьэлывэрэ хыв шатэ 1уврэ сигъэшхырт!

hello_html_m68fd36ee.jpg

Удым - Ар 1уэху - т1э?

Таурыхъгуащэ - Уд фызыжьым псы хьэлывэрэ , хыв шатэрэ къыхуихьри Шыкъумц 1 ий иригъэшхащ .

Едж . - Заул дэк 1 ри , уд фызыжьыр щ 1 алэ ц 1 ык 1 ухэр зыщ 1 элъ пэшым хуэм дыдэу щ 1 ыхьащ .

Удым - Сыт , Шыкъумц 1 ий , аргуэру ущ 1 эмыжейр ?

Шыкъумц 1 ий - Ди анэм иджы хуэдэхэм деж кхъуейжьапхъэ схуищ 1 ырти сигъэшхырт .

Удым - Ар 1 уэху т 1 э ?

Таурыхъгуащэ - Уд фызыжьым псынщ 1 эу кхъуейжьапхъэ ищ 1 ри Шыкъумц 1 ий иригъэшхащ .

Едж . - Аргуэру т 1 эк 1 у дигъэк 1 ри уд фызыжьыр щ 1 алэ ц 1 ык 1 ухэр зыщ 1 элъ пэшым щ 1 ыхьащ .

Удым - Иджы гуэрым щхьэ умыжейрэ , Шыкъумц 1 ий ?

Шыкъумц 1 ий - Сэ сыщ 1 эмыжейр мыращ : си анэр иджы хуэдэхэм деж псым к 1 уэрт , кхъузанэк 1 э псы къысхуихьырти сригъафэрт .

Удым - Ат 1 э ар 1 уэху ?

Таурыхъгуащэ - Фызыжь ц 1 ык 1 ум кхъузанэр къищтэри псыхьэ к 1 уащ .

Егъ . - Ц 1 ык 1 ухэр уд фызыжьым имышхыу къедгъэлын папщ 1 э къащ 1 эрей и 1 ыхьэ къыфхуагъэхьащ .

Яджыным елэжьын. Темэщ1эр джын.

Ребусым щыгъэпщк1уа псалъэр къэщ1эн:

hello_html_md861991.jpg
hello_html_144dbbbf.jpg

жьынду 1энэ

Едж. 1. - Дыгъурыгъур жьынду лъэпкъщ, п1ащэщ. Килограммит 1 – щы и хьэлъагъщ . Я тхыц1эхэр гъуэжьыфэщ. Бгъэгу щ1агъыр нэхъ хужьыфэщ. И пэри лъэбжьанэхэри ф1ыц1эщ. И цыр 1увщ. Жьындухэм дзыгъуэхэр, тхьэк1умэк1ыхьхэр, мэз джэдхэр,тхьэрыкъуэхэр къащэк1у.

Едж . 2. - Адыгэхэм ижь – ижьыж лъандэрэ шхыным пщ 1 эшхуэ хуащ 1 у , 1 энэм нэмысышхуэ щызэрахьэу щытащ . 1энэм щызек1уэ хабзэм быным гъэсэныгъэ къыхахырт. Л1ыгъэ, нэмыс, хабзэ зэрылъ унагъуэм 1энэ къыщащтэк1э, адыгэхэм хъуэхъу я1эт:

Мы 1энэр къыщытщта унагъуэр-

Уардэ унэ зэтесу,

Зы губгъэни ямы1эу,

Гъэ мин унагъуэ тхьэм ищ1!

2. Жьын-ду 1э – нэ

Егъ. – Дауэ къэдпсэлъа мы псалъэхэр?

Едж. – Зы пычыгъуэр нэхъ хэкъузауэ къэдыпсэлъащ.

Егъ. – ( / ) дамыгъэмк1э сыт къэдгъэлъагъуэр?

Едж. – Ударенэ зытехуэ макъыр (хьэрфыр)

Егъ. - Ат1э, сыт ударенэк1э зэджэр?

Едж . - Псалъэр зы пычыгъуэ нэхърэ нэхъыбэ хъумэ , а пычыгъуэхэм щыщу зы макъыр нэхъ хэкъузауэ къапсэлъ . Абы ударенэк 1 э йоджэ .

VI. Зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ . Джэгук 1 э . ( къагупсысурэ жа 1 э псалъэ ) Япэ пычыгъуэм ударенэр техуэмэ дыщысщ , ет 1 уанэм техуэмэ дыкъотэдж .

( акъыл , хабзэ , нэхъыжь , напэ , унагъуэ , хахуэ , насып , адыгэ , анэ .)

VII. Яджар егъэбыдыл I эн.

Лэжьыгъэ 149. Упщ1эхэм жэуап етын. Жэуапхэр тхын. Ц1эхэм

ударенэ тегъэувэн.

Таурыхъгуащэ - Гъэпц1агъэк1эрэ Шыкъумц1ий жэщищк1э и ныбжьэгъу ц1ык1ухэр ажалым къы1эщ1игъэк1ри псори гуф1эрэ нэжэгужэхэу унэм къэк1уэжащ.

Едж . - Уд фызыжь ц 1 ык 1 ум кхъузанэк 1 э еуэ псы кърегъахъуэ – еуэ йожыж , еуэ кърегъахъуэ – еуэ йожыж . Апхуэдэурэ нэху щыху псыхъуэм дэсауэ къыщигъэзэжым , щ 1 алэ ц 1 ык 1 ухэр бгъуэтмэ къащтэ …

Удыр - (къыщ1олъадэри)

Дэнэ щы1э джаур ц1ык1ухэр,

Жыжьэ фык1уэн фигугъа?

Мыр сыт унэ, мыр сыт пэш?

Мыхэр Шыкъумц1ий и къуэш?

Сыт мыбыхэм ящ1эр?

Егъ. - Псори си еджак1уэщ,

Нэхъыжьхэр ди хьэщ1эщ.

Къащ1эр нэхъ гурыхуэр.

Удым - А-а-а, къэсщ1эжащ жыхуэп1эр.

Ц1ык1ухэм зэ сак1элъык1уат

Я еджэк1эм гу лъыстат

Жа1эр сигу изубыдат

Быдэу сэ фыкъызэда1уэ

Сэ фысщ1ынщ а псоми на1уэ:

Нобэ къыфхуэсхьащ лэжьыгъэ щхьэпэ,

Фыпэлъэщмэ, ар си гъуэгум и лъэмыжщ,

(Нэм сэкъат имыгъуэтын папщ l э зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ)

(презентация)

Егъ. - Феплъыт, ц1ык1ухэ, мы доскам. Мы псалъэхэр къэвгъэсэбэпурэ мыхьэнэк1э зэпыщ1ауэ псалъэуха къэхьын: (слайд № 6)

Лъэпкъ, бзэ, адыгэ.

Едж. – Дэтхэнэ лъэпкъми езым и бзэ и1эжщ. Ц1ыхухэр я бзэк1э мэпсалъэ. Адыгэхэми адыгэбзэ ди1эщ. А бзэмк1и адыгэхэр дызэгуро1уэ. Ди бзэмк1э допсалъэ, доджэ, дотхэ.

Удым. - Сыту гугъу мы адыгэбзэр!

Адыгэбзэр сыт щ1эвджынур?

Едж. - Гугъукъым зыри зыщ1эм дежк1э

Адыгэбзэр хэт ф1эгугъуми

Ещхьщ си дежк1э псы1эрышэм

Ар уэрэду зэхыдохыр

Губгъуи, къурши къыдэушу!

Удым - Сыту 1ущ защ1эхэ!

Кхъы1э ц1ык1ухэ, сызыхэвгъэхьэ!

Егъ . – Абыхэм уэ пхуэдэ жа 1 эркъым . Узыхагъэхьэн папщ 1 э зыпхъуэжын хуейщ .

Удым . - Зысхъуэжын , зызмыхъуэжын !? Ат 1 э , сэ фэ фэзгъэлъагъунщ ( щ 1 ок 1 ыж )

Егъ . - Сыт хуэдэ псалъэк 1 э зыхуэвгъазэ хъуну удым ?

Едж . - Жьэр гъэкъабзэ , бзэр гъэ 1 эсэ ,

Уи напэр хужьу, уи щэныр дахэу

Ц1ыхум уахэтмэ, ф1ыуэ укъалъагъунщ.

Егъ. - Нобэрей урокым гъэсэныгъэм теухуауэ сыт къыхэфхар?

Едж . - Нобэрей урокым дэ къэтщ 1 ащ нэхъыжьым пщ 1 э хуэщ 1 ын

зэрыхуейр, ахэр ф1ыуэ лъагъун зэрыхуейр, дадэ1эпыкъун зэрыхуейр.

- Зи нэхъыжь еда1уэм и 1уэху мэк1уатэ.

- Дэ нобэ зэдгъэщ1ащ ударенэк1э зэджэр.

Унэ лэжьыгъэ 147, нап. 62.

а) Пычыгъуэхэм псалъэ къыхэфщ1ык1ыж.

б) Зы псалъэр хэту псалъэуха зэхэфлъхьэ.

Таурыхъгуащэ - Аращи, пэ зи1эм к1эухи и1эщ.

Таурыхъыр и к1эм нэблэгъащ.

Таурыхъ едэ1уахэм сыхуейт зыхуэзгъэзэну:

Сыт хуэдэ лъэгап1э фыдэмык1ами,

Сыт хуэдэ лъэгап1э фытемыхьами,

Фи лъэпкърэ, фи гурэ,

Фи адыгэбзэр фи псэу,

Фынасыпыф1эу Тхьэм куэдрэ фигъэпсэу!

Едж. - Адыгэбзэр си псэкъым,

Адыгэбзэр си нэкъым,

Си псэм хуэдэр си анэрщ,

Си нэм хуэдэр си адэрщ.

Ар си нит1ым я нэщи,

Ар схэлъ си псэм и псэщи.

Конспект урока по кабардинскому языку по теме

Бесплатное участие. Свидетельство СМИ сразу.
До 500 000 руб. ежемесячно и 10 документов.

Выбранные нами методы соответствовали задачам занятия, характеру и содержанию учебного материала, уровню знаний, умений и навыков учащихся. Так, были использованы словесные методы: объяснение, вопросы; наглядные методы: изобразительная наглядность, демонстрация слайдов; практические; частично-поисковый, методы стимулирования мотивов интереса к учению: познавательные задания.Конспект урока по кабардинскому языку по теме "Псалъэ лъэпкъыгъуэхэмк1э гуры1уэгъуэ" (3 класс)


1. Пэщ1эдзэ классхэмщеджэ ц1ык1ухэм я бзэмзегъэужьын.

2. Сабийхэрщыгъуазэ щ1ын ижь-ижьыжлъандэрэадыгэхэм къадэгъуэгурык1уа хабзэгъуэзэджэхэм.

4. Ц1ык1ухэр гъэсэн, нэхъыжьхэмхуэфащэ пщ1э хуащ1ыфу.

5. Адыгэхабзэммыхьэнэшхуэбалигъхэмисабийхэми я дежк1э зэри1эр ц1ык1ухэм ягурыгъэ1уэн.

6. Еджак1уэ ц1ык1ухэр щыгъуазэ щ1ын хабзэр зымыгъэзащ1эхэр щытык1э гугъухэмзэриувэркъэзыгъэлъагъуэусэхэм, псалъэжьхэм.

Еджак1уэ: Фи махуэ ф1ыуэ!

Фыкъеблагъэди хьэщ1э лъап1эхэ!

Егъэджак1уэ: Диадыгэхабзэм и фащэнэхъапэдыдэхэмящыщщ, адыгагъэмрэадыгэнэмысымрэ 1ыгъыныр. Абы къызэщ1еубыдэ ц1ыхум и щ1ыхьыр зэримыгъэпудыныр, пэжыгъэр, ук1ытэр, гулъытэр, нэхъы-жьым пщ1э хуэщ1ыныр бзылъхугъэрлъытэныр, сабиймхуэсакъыныр, гъэсэныгъэхэлъхьэныр.

Мы зигугъу сщ1а 1уэхугъуэ псомиухэплъэжмэ, гуры1уэгъуэ мэхъуадыгэунагъуэмсабиймщигъуэтым хуей гъэсэныгъэм и куууагъыр.

Къэтщтэнщнобэнэхъдызыгъэгузавэзы 1уэхугъуэ: нэхъыжьымрэ нэхъыщ1эмрэ яку дэлъ зэхущытык1эр. Аращдипсалъэмакъризытеухуауэщытынур.

Тхыдэмуриплъэж нэужьк1э, лъэпкъкуэдым я деж ущрохьэл1э ц1ыхухэм жьыхъуахэр яук1ыжу, бгым щ1адзу, щ1ып1э пхыдзамяшэрэкъагъанэузэрыщытар. Апхуэдэхъыбархэтщдиадыгэ 1уэры1уатэми.

Дедэ1уэнщ Бэдынокъуэнартхэмкъахилъхьа хабзэф1ым теухуахъыбарым.

Еджак1уэ: Бэдынокъуэ и адэБэдынишатбгымщидзыну, ауэгу щ1эгъур къытек1уэри абы и адэр иук1акъым. Мэзым щигъэпщк1ури къэк1уэжащ.

Гъейщыхъум, л1ыжьым и чэнджэщхэмк1э гъавэр къахуэк1ыу, 1эщхэр яхуэбагъуэу щ1идзэжащ.

Мы хъыбырымкъыщежьэу жып1э хъунущнэхъыжьым хуэщ1ын хуей гулъытэр, пщ1эр. Къарук1э пэмылъэщыжми, жьыхъуа ц1ыхум 1эзагъ, 1ущагъ ин гъащ1эм къыхихауэ и1эщ.

Егъэджак1уэ: Нэхъыжьым пщ1э хуэзымыщ1 ц1ыхур адыгэхэм

Ат1э сыт хуэдэхабзэнэхъыжьым ехъэл1ауэ бгъэзэщ1эн хуейуэадыгагъэмкъигъэуврэ?

Дедэ1уэнщ ц1ык1ухэм абы теухуауэ ящ1эм.

1. Нэхъыжьухуэзамэ, ар ц1ыхухъуми ц1ыхубзми, уэнэхъапэ ф1эхъус епхынхуейщ. Ауэ ф1эхъус щепхк1э уэнэхъапэуи 1эр умыший, и 1эр къып1эщ1илъхьэну хуитырезынэхъыжьырщ.

2. Нэхъыжь и гъуэгу зэпаупщ1ыркъым. Ар нэмысыншагъэщ. Укъэувы1эу къак1уэр блэк1ыху уежьэнхуейщ.

3. Нэхъыжьгъуэгумкъыщыпхуэзамэ, зэрызек1уэ хабзэгуэрымуисмэ, ибгъэт1ысхьэу здэк1уэм нэспшэныруиадыгэкъалэнщ.

5. Нэхъыжьым къыбжи1эм и к1эм нэс уедэ1уапхъэщ, а жи1эр уигуиримыхьми. Къыбжи1эр е лъэ1ур бгъэзэщ1апхъэщ. Упсэумэ, а нэхъыжьым и п1эм уэриузэриувэнурзэизыщумыгъэгъупщэ. Нобэуэнэхъыжьым пщ1эуэ хуэпщ1ыр, пщэдейуэ къыпхуащ1ыжынщ.

6. Нэхъыжь блэк1ыу инуупсэлъэныр, е инуудыхьэшхыныр емык1ущ, а блэк1ым утепсэлъыхь е ук1элыдыхьэшх къыф1эщ1ынщ.

7. Нэхъыжьым и пащхьэ ущитк1э зып1уант1эу, зыпшант1эу уи 1эхэр уижыпымилъу, тутынуефэу, зыбгъэлъэгъуэныр емык1ущ.

9. Нэхъыжьуигъусэу ук1уэмэ, ижьырабгъур абы ейщ. Зыщ1ып1э ущ1ыхьэнумэ, япэ щ1ык1э бжэр 1убохри нэхъыжьыр щ1ыбогъэхьэ, ит1анэ уэ ущ1охьэ.

11. Нэхъыжьым зыщихуапэк1э дэ1эпыкъу, и щыгъыным ху-к1элъыплъ, и вакъэрхуэгъэкъабзэ.

12. Жьыхъуампсалъэмакъышхуэрэ 1эуэлъауэшхуэрэ яф1эф1-къым. Нэхъыжьым сыт и лъэныкъуэк1и хуэсакъынхуейщ.

13. Уэрам тет1ысхьэп1эм утесу нэхъыжь блэк1мэ, укъэтэджынхуейщ. Блэк1ыр ц1ыхубзми, ц1ыхухъуми ущысынырнэмысыншагъэщ.

14. Нэхъыжьщыту нэхъыщ1э т1ысыркъым, абы и гъуэлъып1э ит1ысхьэркъым, и т1ысып1э хэхамдеж т1ысыркъым.

15. Нэхъыжьымнэщхъыдзэу, пхъашэуепсалъэркъым, абы зыпа-щ1ыжу псалъэркъым.

16. Нэхъыжьыр хьэщ1эмэ, и закъуэубгъэшхэнырхабзэмкъе- мык1ущ. Абы шхыным и нэхъыф1ыр хуагъэфащэ.

17. Адэм, анэм е нэгъуэщ1 нэхъыжьгуэрымнэмэз ищ1ыну зи-гъэхьэзырмэ, абы до1эпыкъу.

18. Нэхъыжьым пщ1э хуэпщ1мэ, пщ1э хубощ1 адыгагъэм, уилъэпкъым и къежьап1эм.

19. Хабзэмузэрыхущытымхуэдэущ гъащ1эри къызэрыпхущытыжынур.

Ц1ыхум узэрыхуэгуэпэн 1эмалхэм щ1эи гъуни я1экъым. Ауэ, псом нэхърэнэхъ 1ейр арщи, ц1ыхум уегуэуэнмизы мащ1э дыдэщузыхуейр.

Еджак1уэ: Хьэсэн тет1ысхьэп1эм тест, сэхуран и1унщ1у, и лъа-къуэхэрзэтедзауэ. Л1ыжь сымаджэр, хуэмдыдэу, баш и1ыгъыу къэк1уэжырт. Ар щилъагъумХьэсэн абы егуэуащ, ауан ищ1у:

- Уа, тхьэмадэ, шабзэкъур сытк1э къэпщэхуа? – жи1эри.

- Ей, си щ1алэ, си щ1алэ, тхьэм ф1ык1э унигъэс. Уэри си ныбжьунэсмэ, зырииумытукъуатынщбашыр – жи1ащ л1ыжьым.

Егъэджак1уэ: (Сыт хуэдэщыуагъэхэр ищ1а Хьэсэн?).

Ат1э иджы дедэ1уэнщ. ДжаурджийХь. итхарассказ к1эщ1 ц1ы-

Еджак1уэ: Еджэняухришколым къыщ1эк1ыжауэ АслъэнрэМуратрэунэм къэк1уэжырт. Абыхэмкъалъэгъуащтыкуэным къыщ1эк1ыжа нанэр. Абы къищэхуахэрилъучыматэхьэлъэ и1ыгът. Аслъэнтхылъылъэр Мурат иритринанэматэр къы1ихащ. Абы нанэрунэмнигъэсыжрикъи-гъэзэжащ. Мурат къеупщ1ащ:

- Хэт а зиматэрзыхуэпхьыжар?

- Нанэщ, – жи1ащ Аслъэн.

Уэуинанэу ара? – Урикъуэрылъху, хьэмэурипхъурылъху?

- Хьэуэ, си нанэкъым.

- Ат1э фи гъунэгъу?

- Ат1э, уи сыт, дэнэ щыпц1ыхурэ?

- Си зырик1щ, сц1ыхуркъым.

(Сыт хуэдэукъыхэщрэХьэсэн мы дыкъызэджарассказым?)

Егъэджак1уэ: Иджыди хьэщ1эхэм зедгъэгъэпсэхунщ, уэрэд, усэ едгъэдэ1уэнщ.

Ар мамэ и гущ1эм нэсри,

И нэпсыр къыщ1игъэк1ат.

К1иякъым мамэ. Схуэшхыдэу,

И 1элъэщ1 к1апэм щэхудыдэу

И нэпсыр к1уэц1игъэпщк1уат.

А нап1эзып1эм си псалъэм

Сымыщ1эу сщ1эныр сыхэплъэу

Мамэ и жагъуэхъунпсалъэ

Щхьэ си жьэм къыжьэдэк1ат?

Сэ шыгъушыпсып1эм сыхэлъу

Жэщ к1ыхьыр езгъэк1уэк1ат,

Сэ, дауэ сегуэуэк1ат?

Сэпсалъэжагъуэ жыс1ар зэ,

Зезгъэ1этауэ си макъ

Тенауэ, къупщхьэ къысф1эщ1у,

Иджыри ф1элъщ си тэмакъ.

Егъэджак1уэ: Псоми зэрытщ1эщи, 1уэры1уатэм мыхьэнэшхуэ и1эщ щ1эблэр гъэсэнымк1э. Лъэпкъым и гупсысэр, и дуней еплъык1эр, и акъылыр на1уэу къыхощпсалъэжьхэм. Ахэр 1уэхугъуэ куэдымепхами, жып1э хъунущ, абы я къэлъэннэхъыщхьэргъэсэныгъэрауэ. Сыт хуэдэукъыхэщу п1эрэ зэик1 жьымыхъупсалъэжьхэмнэхъыжьым хуэщ1ын хуей пщ1эмрэ нэмысымрэ?

1. Нэхъыжьыр гъэлъап1и (уищхьэ лъап1э хъунщ).

2. Зинэхъыжь еда1уэ (и 1уэху мэк1уатэ).

3. Жьымеубзи (щ1эр гъэгушхуэ).

4. Нэхъыжьымжьэет, (нэхъыщ1эм гъуэгует).

5. Нэхъыжь зымыгъэлъап1эр, (щхьэ лъап1эгъуэ ихуэркъым.)

6. Нэхъыжь к1элъыджэркъым - (к1элъок1уэ);

7. Щ1алэ къагъапц1э щхьэк1э, (л1ыжь пц1ы хуаупсрэ?).

8. Жьызэрымысымнэмысилъкъым, (щ1э зэрымысым насып илъкъым).

9. Жьант1эм ущ1эмыкъу (пхуэфащэмэкъыплъысынщ).

10. Нэхъыжьыф1 зи1э (нэхъыщ1эф1и и1эщ).

11. Жьырщхьэукъуэреймэ, (щ1алэр джэгурейщ).

12. Л1ыжьыр жьэгум мак1уэ, (щ1алэр джэгум мак1уэ).

13. Ужьмэжьыхуэдэщыти, (ущ1эмэ, щ1э хуэдэущыт).

Ди нэхъыжьыф1хэм фи махуэ лъап1эм

Гупырвгъэдахэу, хъуэхъудахэ ф1эту,

Куэдрэ дэ фыкъытхэт!

Ди нэхъыжьыф1хэу дыкъэзылъхуахэм,

Бынхэр вгъэгуф1эу, къалъхуахэр вгъаф1у

Ди гъащ1эм щапхъэфыхуэхъу.

Дадэ жьак1эхухэ, нанэ щхьэц1 тхъуахэ,

Жьыгъэри гъащ1эм и ныбжьщ.

Жьыгъэм фытек1уэу, зытевмыгъак1уэу

Ди нэхъыжьыф1хэр фыпсэу!

Фи щхьэцыртхъуами, набгъэфыхъуами,

Фи илъэсбжыгъэмжьыфэ фищ1ами,

Жьыгъэр зы1эту ц1ыхугъэ дахэм

Нэхъыжь блэк1ым сыкъоувы1э,

Зыпызупщ1ыркъым и гъуэгу.

Ар блэк1ыхук1э блэк1 симы1э.

Дадинани я т1ысып1э

Жьант1эм сык1уэу сымыт1ыс.

Симыт1ысхьэ я гъуэлъып1эм,

Яхузощ1ыр пщ1э, нэмыс.

Ц1ыху узыщ1ыр хабзэращ.

Сощ1э ф1ыуэ, жьысыщыхъум

Згъуэтужыныр, нобэ сщ1арщ.

Нани ищ1э шыпсэхэр сегъащ1э.

Нанэ сытым дежи схуогумащ1э.

Сыгъынанэми, нанэзы жимы1э.

Т1у имыщ1у сэдадэ сыт жызмы1эм

Дадэ 1эджэрэ гуф1эу схуожы1эщ1э,

Нанэ и 1эф1агъыр фэ фымыщ1э.

Дадинани си псэмхуэдэщ,

Зым фимы1э ахэмхуэдэ.

Егъэджак1уэ: Ц1ык1ухэ, иджы жыдывгъэ1эт, сыт хуэдэгъэсэныгъэкъыхэфха едгъэк1уэк1а псалъэмакъым?

Нажмите, чтобы узнать подробности

2. Сабийхэр щыгъуазэ щ1ын адыгэ 1уэры1уатэм и жанр нэхъыщ-хьэхэм (таурыхъхэм, псысэхэм, псалъэжьхэм, джэгук1эхэм, усэрыбжэхэм, псынщ1эрыпсалъэхэм, къуажэхьхэм, нэщэнэхэм).

3. Еджак1уэ ныбжьыщ1эхэм егъэлъагъун 1уэры1уатэм и лъэп- къыгъуэхэм ц1ыхухэм я дежк1э мыхьэнэшхуэ зэра1эр(абыхэмк1э ц1ыхухэм дунейм и щэхухэр къызэрахутэр, емрэ ф1ымрэ зэхагъэк1ыфу зэрызагъасэр, я акъылым, я бзэм зэрызрагъэужьыр, я зэф1эк1хэр нэхъ ин зэращ1ыфыр).

4. Ц1ык1ухэр егъэсэн, хъыбархэмрэ таурыхъхэмрэ жа1эжыфу, пса-лъэжь зэхахахэр щыпсалъэк1э къагъэсэбэпыфу, джэгук1э зэмыл1эужьы-гъуэхэмк1э джэгуфу, нэщэнэхэмк1э ц1ыхум и хьэлыр, дунейм и щытык1энур къахутэфу, хабзэ дахэ зыхэлъ я ныбжьэгъухэм хуэфащэ пщ1э хуащ1ыфу.

Егъэджак1уэ: (хэзышэ псалъэмакъ).

Ини ц1ык1уи, зыужьыныгъэ хьэлэмэтхэр зы1эрызыгъэхьаи е къы-к1эрыхупаи иджык1э къэхутауэ щы1э лъэпкъхэм зыри яхэткъым зи 1уэры1уатэ зэзымыгъэпэща, ар зимы1э, пасэхэми иужьк1и ар зыубгъуауэ зи гъащ1эм къыщызымыгъэсэбэп.

Лъэпкъым, ц1ыхум зыхуэмей зэик1 къагупсысыркъым, зэдэууэ абыхэм псоми я 1уэры1уатэ щызэхалъхьэк1э ар зыгуэрым епхащ, 1эмалыншагъэм къыхэк1ащ. Къалэн зэхуэмыдэхэр игъэзащ1эу л1эщыгъуэ куэдк1э ар къызэрыгъуэгурык1уам и щыхьэтщ.

Адыгэхэм я дежк1э 1уэры1уатэм и мыхьэнэр ин дыдэщ. Абы ехъумэ хабзэри, нэмысри, л1ыгъэри. 1уэры1уатэм ныбжьышхуэ и1эщ. Абы лъэпкъым и ныбжьыр и ныбжьщ.

Адыгэ 1уэры1уатэм къызэщ1еубыдэ нарт хьыбархэр, псысэхэр, таурыхъхэр, псалъэжьхэр, къуажэхьхэр, уэрэдхэр, гъыбзэхэр, псынщ1эрыпсалъэхэр, нэщэнэхэр нэгъуэщ1хэри.

Пэжщ, ди лъэхъэнэм 1уэры1уатэм и пщ1эр нэхъ къэлъэхъшащ. Ар епхащ тхылъ, радио, кино, телевиденэ, Интернет хуэдэхэр къызэрежьам.

^ Таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ гуп-гупу зэрызэщхьэщык1ыр.

Еджак1уэ: Адыгэ 1уэры1уатэм и куэдщ таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ. Ахэр хьэлэмэту зэхэлъщ, купщ1аф1эщ, на1уэщ, шэрыуэщ. Ижь - ижьыж зэман лъандэрэ ц1ыхум природэр къигъэ1урыщ1эфу, къуалэбзухэм хуэдэу лъэтэфу, зыхуейр ягъуэту, 1ейм тек1уэу псэуну хущ1экъу зэпыту къок1уэк1. Мис апхуэдэ 1уэхугъуэхэм къегъэщ1 таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ. Абыхэм сыт щыгъуи пэжыр пц1ым, ф1ыр 1ейм щыток1уэ.

Зытепсэлъыхь 1уэхугъуэ елъытак1э таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ гуп - гупу зэщхьэщок1. Абыхэм нэхъ щытепщэщ бажэ, дыгъужь, мыщэ, адакъэ, бгъэ, пц1ащхъуэ нэгъуэщ1хэри. Мыпхуэдэ псысэхэр нэхъыбэу щаусар ц1ыхум щак1уэныр нэхъ и 1эщ1агъэу щыщыта зэман жыжьэр арщ. Хьэк1э-кхъуэк1эхэм теухуа псысэхэм щ1агъыбзэк1э къа1уатэр ц1ыхухэм я зэхущытык1эр, абыхэм я хьэл - щэнхэр. Мыпхуэдэ таурыхъхэм щызэпэщ1оувэ хьэлэлымрэ хьэрэмымрэ, бзаджэмрэ, 1эсэмрэ, пэжым и телъхьэмрэ пц1ыупсымрэ.

Еджак1уэ: Ет1уанэ гупым хыхьэхэр шыпсэу, удыгъэ зыхэлъу щытщ. Мыпхуэдэ шыпсэхэм къыхэщ ц1ыхухэми, псэущхьэхэми къалъэтыхь: уд фызыжьым куэд лъок1, благъуэм тенджызыр зы 1убыгъуэу иреф. Мып-хуэдэ псысэхэр щок1уэк1 псы щ1агъым, щ1ы щ1агъым, губгъуэ, мэз пхы-дзахэм.

Еджак1уэ: Ещанэ гупым хыхьэ таурыхъхэр л1ыхъужьхэм, мылъку зэгъэпэщыным теухуащ. Л1ыгъэ зезыхьэу мыбыхэм нэхъыбэу къахэщыр зэкъуэшищым я нэхъыщ1эрщ. Абы еук1ыф къуажэр зымыгъэпсэу иныжьыр, я псыр зыубыдауэ зыри зыпэмылъэщ благъуэр. И теплъэк1э фейцейуэ щытми, гурыщ1э къабзэ и1эщ, пэжым и телъхьэщ, дэ1эпыкъуэгъу зыхуэхъур гузэвэгъуэ къызылъэ1эса ц1ыхухэрщ. Абыхэм я 1уэху зэф1имыгъэк1ауэ, ахэр аразы имыщ1ауэ и щхьэ 1уэху зэрихуэркъым. Аращ абы и мурадхэри къыщ1ехъул1эр. Апхуэдэ ц1ыхур лъэпкъым егъэлъап1э, е1эт.

Еджак1уэ: Епл1анэ гупым хыхьэхэр къэхъукъащ1эхэмрэ тхыдэмрэ теухуахэщ. Мыбыхэм лъабжьэ яхуэхъур дунейм и зы къэхъукъащ1э гуэрщ. Псалъэм папщ1э, л1ыхъужьыр тенджыз т1уащ1эм зэпрок1ри шыбз гуартэ къызэпреху. Шыхэм зэ уафэм, зэ тенджыз щ1агъым, зэ мэзым зыща- гъэпщк1у. Мы гупым хыхьэхэр апхуэдизк1э таурыхъыфэщи, ф1эщ щ1ы- гъуейщ апхуэдэ 1уэхугъуэхэр къэхъунк1э хъуну е къэхъуауэ щытауэ. Апхуэдэу щытми, абыхэм лъабжьэ яхуэхъур дунейм и зы къэхъукъащ1э гуэрщ. Апхуэдэу таурыхъыф1у 1уэры1уатэм игъэщ1эращ1эу, игъэлъап1эу щытыр лъэпкъым и л1ыхъужьхэрщ, абыхэм я 1уэхущ1афэхэрщ, я тхыдэрщ.

Еджак1уэ: Етхуанэ гупым хыхьэхэр унагъуэм, быным, лэжьыгъэм, хабзэм теухуахэрщ. Мыбыхэм къыхощ бейхэмрэ тхьэмыщк1эхэмрэ яку дэлъа бэнэныгъэр. Мыпхуэдэ таурыхъхэм щызэпэщ1оувэ бе-ймрэ тхьэмыщк1эмрэ, быдэмрэ хьэлэлымрэ, пэжымрэ пц1ымрэ.

Псалъэжьхэр.

Егъэджак1уэ: Псалъэжьхэр 1уэры1уатэм и адрей жанрхэм зы- къомк1э къащхьэщок1: мыхэр ц1ыхум и нэгу щ1эк1а, гурэ псэк1э зэхищ1э, л1эщ1ыгъуэк1эрэ зык1элъыплъа 1уэхугъуэ гуэрхэм ехьэл1ащ. Псалъэжьхэр бзэм и гъусэу, къыгуэхып1э имы1эу абы епхауэ щытщ. Аращ ахэр ц1ыхум нэхъыбэрэ къыщ1игъэсэбэпри, нэхъ куэдым щ1ащ1эри. Лъэп-къым и гупсысэри, и дуней еплъык1эри, и акъылри на1уэу къыхощ пса-лъэжьхэм. Сабийм лэжьыгъэр ф1ыуэ илъагъуу, нэхъыжьым пщ1эрэ нэмысрэ яхуищ1у, нэхъыщ1эм къыщхьэщыжу, л1ыгъэ, хьэл-щэн дахэ хэлъу къэтэджынымк1э псалъэжьхэм я пщ1эр ин дыдэщ.

Еджак1уэ: Псалъэжьхэр зэщхьэщыбгъэк1 хъунущ мыпхуэдэ гупурэ:

1. Лэжьыгъэм ехьэл1ахэр.

2. Ц1ыхум и дуней еплъык1эм епхахэр.

3. Хабзэм, нэмысым ехьэл1ахэр.

4. Ц1ыхум и хьэл-щэныр къэзыгъэлъагъуэхэр.

5. Гъэсэныгъэм, сабий п1ыным ехьэл1ахэр.

6. Бзылъхугъэм теухуахэр.

7. Щхьэхынагъэм, хуэмыхуагъым ехьэл1ахэр.

8. Гъэм и зэманым теухуахэр.

9. Хьэл-щэным, хьэщ1агъым ехьэл1ахэр.

(Псалъэжьхэр къазэрыгуры1уэр жа1э).

1. Зэхьэзэхуэр мэунэри зэижит1ыр мэунэхъу.

2. Нэхъыжь к1элъыджэркъым-к1элъок1уатэ.

3. Щ1эныгъэрэ 1эщ1агъэрэ зэкъуэшщ.

4. Хамэ Хэку сыщытхъэ нэхърэ, си Хэкужь сыщыл1э.

5. Куэд жызы1э нэхърэ, куэд зылэжь.

6. Хуэмыху зимыгъазэурэ мазэр къохьэж.

7. Гъатхэм жеяр, бжьыхьэм магъыж.

8. Япэ умыуэ, къоуэм ущымысхь.

Сабий джэгук1эхэр.

Егъэджак1уэ: Дэтхэнэ зы лъэпкъми хуэдэу, адыгэхэм л1эщ1ыгъуэ зыбжанэк1э зэрагъэпэщауэ я1эщ щ1эблэм и акъылым зегъэужьынымк1э 1уэры1уатэ хьэлэмэт. Сабий 1эры1уатэм мыхьэнэшхуэ и1эщ ц1ык1ухэм емрэ ф1ымрэ зэхащ1ык1ыу, къэк1ыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ ф1ыуэ ялъагъуу, нэхъыжьым пщ1эрэ нэмысрэ хуащ1у, мыхъумыщ1эу щымыту, тэмакък1ыхьу, бэшэчу, щхьэх ямыщ1эу гъэсэнымк1э.

Къебжэк1хэр, джэгузэхэшэхэр, щ1энэк1алъэхэр.

Егъэджак1уэ: Сабий 1уэры1уатэм и жанр гъэщ1эгъуэнхэм ящыщщ къебжэк1хэр, джэгузэхэшэхэр, щ1энэк1алъэхэр. Джэгузэхэшэхэр е зэрабж усэхэр хьэлэмэту зэгъэк1уауэ зэхэлъщ. Абы къыхэк1к1э, ахэр жы1эгъуаф1э, гум иубыдэгъуаф1э мэхъу. Джэгузэхэшэхэм я нэхъыбэр гушы1эу зэхэлъщ. Зэрабж усэ ц1ык1ухэм я къалэн нэхъыщхьэр гупыр джэгук1э гуэрым хуэгъэхьэзырынырщ. Апхуэдэхэмк1э къыщ1адзэ джэгук1эхэмк1э псори аразыщ. Зэрызабж усэм и щ1эдзап1эр хуозэ усэр жызы1эм, адэк1э псоми я бгъэм е1усэурэ усэм щыщ зы пычыгъуэ е псалъэ ц1ык1у къэс къа- лъегъэс, и к1э дыдэ пычыгъуэр зытехуэр хок1, апхуэдэу къыщ1адзэжурэ забж, псори хэк1ыу, зы ф1эк1а къэмынэжыху.

(зэрызабж усэхэр).

Егъэджак1уэ: Ц1ык1ухэр джэгуурэ зыгуэрк1э щызэщыхьэжым деж, къагъэсэбэпырт щ1энэк1алъэхэр. Абыхэмк1э ауан иращ1 сабий зыгъэгусэрейр, джэгум хэмызагъэр, пц1ыупсыр, щхьэхынэр.

Читайте также: