Адыгэбзэмк1э урок зэ1ухам и план

Обновлено: 08.07.2024

карточкэхэр, словарнэ псалъэхэр, компьютер, проектор.

ВложениеРазмер
urok_5klass.doc 113 КБ

Предварительный просмотр:

ДЕРС – зэ1уха 5 класс

Мурадыр: - темэр гуры1уэгъуэ яхуэщ1ын,зэрызыхуагъазэ псалъэм теухуауэ я1э

щ1эныгъэм хэгъэхъуэн , и тхык1эм хуегъэсэн.

-я щ1эныгъэм хэгъэхъуэн, словарнэ лэжьыгъэ ятын, адыгэбзэр ф1ыуэ

къарточкэхэр, словарнэ псалъэхэр, компьютер, проектор.

УРОКЫМ И ЕК1УЭК1ЫК1ЭР.

- сэлам яхын, гъэт1ысыжын. (хьэщ1эхэм сэлам яхын: бохъу апщий, ди егъэджак1уэхэ!)

II. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын

Нобэ япэу си урокыр къыщ1эздзэну сыхуейщ мы А.Хъ. и псалъэхэмк1э

ИРИПСАЛЪЭ, АДЫГЭЩ1 ,АДЫГЭБЗЭМ,

Тетыхунк1э мы дунейм АДЫГЭПСЭ.

-Сыт зытепсэлъыхьыр усэр?

-Сыт хужи1эр адыгэбзэм?

Пэжщ, ц1ык1ухэ , анэдэлъхубзэр зэбгъапщэ хъун щы1экъым. Абы езым и макъамэ, и дахагъ, и 1эф1агъ , и лъэщагъ и1эжщ.

Ди бзэр дэ дызэрыгушхуэщ, ди 1эщэщ, ди нэм и нэхущ.

Ди бзэр дэ дымыщ1эжмэ, дымыхъумэжмэ, ди лъэпкъыр к1уэдыжынущ. Аращи, щхьэж езым и бзэ иц1ыхун, ихъумэн хуейщ.

Иджы дыщ1эвгъэдэ1у мы псалъэ дахэхэр къызыхэтха А.Хъ. и усэм. Усэм къеджэнущ (Б.З) .

а) унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.

б) карточкэк1э гъэлэжьэн

в) псалъэухахэр зэхагъэлъхьэн. , тетрадым ирагъэтхэн.

III. Темэщ1эм елэжьын.

а)Адыгэбзэм пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэм нэмыщ1и гъэщ1эгъуэн псалъэхэр ди1эщ. Ахэр дэ къыдогъэсэбэп дыщызэпсалъэк1э, телефонк1э дыщыпсалъэк1и. Фык1элъоплъ иджы Раситэрэ Расимрэ я зэпсэлъэныгъэм ( телефонк1э зопсалъэхэр )

_Сытк1э уеджэ хъуну а псалъэхэм?

Ц1ыхухэр щызэпсалъэк1э зэрызыхуагъазэ псалъэ къагъэсэбэп. Зэрызыхуагъазэм и ц1э къизы1уэ псалъэм е псалъэ зэпхам зэрызыхуагъазэ псалъэк1э йоджэ.

Щапхъэ: - Раситэ , дэнэ ущы1э?

- Еджап1эм сыщы1эщ, си дэлъху.

б) щапхъэхэр зэпкъ-н.

в) тхылъым ит правилэм къегъэджэн.

г) Словарнэ лэжьыгъэ : мэкъумылэ Слайд

-лэжьыгъэ 166 (жьэры1уатэу гъэзэщ1эн, зы псалъэуха тетрадым ирагъэтхэн.)

- лэжьыгъэ 165 тхын, зэпкъ-н.

IV. Темэщ1эр гъэбыдэжын.

Хэт нэхъ ц1ык1ухэм, я шыпхъу, дэлъху ц1ык1ухэм зыщыхуагъазэк1э къагъэсэбэп зэрызыхуагъазэ псалъэ гуапэхэм щыщ нэхъыбэ къыжи1эн?

(Ц1ык1унит1э, дахащэ,нэхущэ,щ1алэф1, дахэ ц1ык1у. )

V. Оценкэ гъэувын

Зэрыхэлэжьыхьахэм елъытауэ оценкэ гъэувын.

VI. Унэ лэжьыгъэ ятын.

Ныбжьэгъум письмо хуэтхын, зэрызыхуагъазэ псалъэхэр хэту.

По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Ачыкъ дерс

презентация для 5 класса.


Презентация к уроку по дальневосточной литературе "Дерсу Узала"

Данная презентация приводится в помощь учителю для подготовки к первому, вводному уроку по произведению "Дерсу Узала". В ней имеются фотографии актеров, сыгравших главных персонажей в оскароносном фил.

Дерс мевзусы: Нутукъ услюплери. Дерснинъ макъсады: 1. Талебелерни нутукъ услюплеринен таныш этюв. 2.Оларнынъ арасындаки фаркъыны анълатмакъ. 3. Нутукъъларыны зенгинлештирмек, инкишаф этмек. Дерс теминаты: метинлер, та

Дерс мевзусы: Нутукъ услюплери.Дерснинъ макъсады: .


Литературный веб-квест по произведению В.К. Арсеньев "Дерсу Узала" "Давайте познакомимся, В.К. Арсеньев и Дерсу Узала" можно провести в 6-ом классе на уроках внеклассного чт.

Выдающийся путешественник, учёный, писатель Владимир Клавдиевич Арсеньев (1872-1930) занимает достойное место в истории изучения Дальнего Востока России. Его имя стоит в одном ряду с именами лучших ру.

Свидетельство и скидка на обучение каждому участнику

Зарегистрироваться 15–17 марта 2022 г.

щек1уэк1а урок - зэ1ухам и план

Егъэджак1уэр: Шырыкъу З.М.

Ц1эпапщ1эм и мыхьэнэр

Мурадхэр: предметым ехьэл I ауэ ящ I эпхъэр (образовательные) ц I эпапщ I эк I э зэджэр, къагъэлъагъуэ елъытак I э зэрызэщхьэщык I л I эужьыгъуэхэр, абыхэм бзэм ща I э мыхьэнэр егъэщ I эн, ц I эпапщIэр текстым къыщагъуэтыфу егъэсэн, псалъэухам зэрыхэувэ пкъыгъуэр къыжы I эн, гупсысэк I эр егъэф I эк I уэн, пэжырытхэмк I э я I э щ I эныгъэр хэгъэхъуэн.

Хуэзыгъасэ ( развивающие ): я гупсысэр къа I уэтэфу, щ I эрыщ I э къызэращ I ар къагъэсэбэпыфу егъэсэн, шэрыуэу, жьэры I уатэу бзэм зегъэужьынымк I э яхэлъыпхъэ щытык I эхэр, я творческэ зэф I эк I ыр егъэф I эк I уэн.

Гъэсэныгъэм ехьэл I ауэ (воспитательные): бзэр ф I ыуэ егъэлъагъун, я гупсысэр къа I уэтэфу, щ I эрыщ I э къызэрыпщ I эну I эмалхэр къэхутэн, псалъэм пщ I э хуащ I ыфу егъэсэн, гуп-гупк I эрэ лэжьэфу егъэсэн.

Ди I эну ехъул I эныгъэхэр : урокым и темэр ягъэвыфу, мурадхэр къахутэфын.

Т I ууэ е зэгъусэу лэжьэфын

Я лэжьыгъэр къахутэфын

Зэпха предметыр : адыгэ литературэ, физкультурэ, музыкэ.

Къэгъэсэбэпыпхъэр : мультимедийнэ проектор, презентацэ, зэреджэ тхылъ, карточкэ.

Сытхэр уи къэк1уэну, си бзэ дахэ,

Си анэдэлъхубзэ, си бзэ 1эф1?

Утф1эк1уэдыжын игъуэншэу сф1ощ1.

Егъэджак1уэм еджак1уэхэр нэжэгужэ зыщ1ын псалъэмакъ ирегъэк1уэк1.

Егъэдж: Фи махуэ ф1ыуэ ц1ык1ухэ!

Едж: Нэхъыф1ыжу.

Нобэ мы гъатхэ махуэ дахэм хуэдэу ди урокыр дахэу, дызыхуэгуф1эу, дызэдэ1уэжу едгъэк1уэк1ынщ. Псори фызэплъи фызыхуэгуф1э.

Еджак1уэхэр урокым хэзышэ 1ыхьэ:

Ц1ык1ухэм унэм щрагъэк1уэк1а къэхутэныгъэ лэжьыгъэр къазэрехъул1ам

Егъэдж: Къэбэрдей – Балъкъэр республикэм щыщу спортсмен дапщэ Олимп джэгук1эм хэтами, сыт хуэдэ тек1уэныгъэ абыхэм къахьами къэфхутэн хуеящ.

Еджак1уэ : Къэбэрдей - Балъкъэрым щыщу Олимп джэгук1эм хэтащ спортсменибгъу: Къардэн Мурат - дыщэ

Хушт Аслъэнбэч - дыщэ

Мудран Беслъэн - дыщэ

Рогожин Сергей - дыщэ

Аккай Хьэджимурат – дыжьын

Джэду Аниуар – дыжьын

Курамагомед Заур – домбеякъ

Махуэ Билял- домбеякъ

Тау Хьэсэнбий – домбеякъ

Егъэдж: Ц I ыхум и бзэр дахэу, шэрыуэу щытын хуейщ.

Дахэу, ек I уу, щыуагъэншэу упсэлъэфын, утхэфын щхьэк I э уи бзэр къулейуэ щытын хуейм и мызакъуэу, псалъэухахэри жы I эгъуэхэри бухуэфу щытын хуейщ.

Уэ , шу щ1алэ умып1ащ1э,

Къытпэщытыр уэ зэгъащ1э:

П1алъэр къэсрэ, ар къэушым,

Къебэкъуэнщи мывэ къуршым

Уэ плъагъункъэ къытлъэщ1ыхьэу,

Дэ а п1ащ1эм ды1эрыхьэм,

Дэ тхуэхъунущ ар к1уэдып1э,

Сашэфакъым сэ шу куэдым

Ар къепсэлъыр тхьэ1ухудым.

Егъэдж: Ц1ык1ухэ, къэдывгъэщ1эжыт сыт хуэдэ тхыгъэт мы пычыгъуэр зыщыщыр, хэтыт зытхар?

Егъэдж: Усэм къыхэгъэща псалъэхэр хэт кърибжэк1ын?

Усэм къыхэгъэща псалъэхэр кърабжэк1.

Уэ, ар, дэ, а, ар, сэ.

Егъэдж: Сыт хуэдэ псалъэ лъэпкъыгъуэм хиубыдэрэ ахэр?

Едж: Ахэр ц1эпапщ1эхэщ.

Егъэдж: Хэт къыджи1эн сыт хуэдэ темэм ехьэл1ауэ щытыну нобэрей ди урокыр?

Едж: Нобэрей ди урокыр зытеухуар ц1эпапщ1эхэщ.

Щы I эц I эм, плъыфэц I эм, бжыгъэц I эм къыщхьэщык I ыу ц I эпапщ I эм

белджылыуэ предмет, щытык I э е бжыгъэ гуэр къызэримыгъэлъагъуэр,

белджылыгъэ щигъуэтыр ар къозыгъащ I э псалъэ е псалъэухам щигъусэм

дежу зэрыщытыр къагурыгъэ I уэн.

Егъэдж: Сытк1э къащхьэщык1ыу п1эрэ ц1эпапщ1эр адрей псалъэ лъэпкъыгъуэхэм?

Интерактивнэ доскам къытредзэ

Зыгуэр ди деж къэк1уащ.

Егъэдж: Мы псалъэухам къэк1уар хэтми гуры1уэгъуэ?

Едж: Гуры1уэгъуэкъым.

Егъэдж: Къыхэгъэща псалъэм и п1эк1э щы1эц1э хэвгъэувэт.

Едж: Темыр ди деж къэк1уащ.

Зыгуэр - Темыр

Къык1элъык1уэ псалъэухам ц1эпапщ1эр плъыфэц1эк1э зэфхъуэк1ыт.

Апхуэдэ тхылъ си ныбжьэгъуми къищэхуащ.

Си ныбжьэгъум тхылъ гъэщ1эгъуэн къищэхуащ

Егъэдж : Сыт хуэдэ псалъэ лъэпкъыгъуэхэр къэвгъэсэбэпа псалъэухар убзыхуа хъун папщ1э?

Едж : Щы1эц1эрэ плъыфэц1эрэ.

Егъэдж : Сытк1э къащхьэщык1рэ адрей зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэм ц1эпапщ1эр?

Едж : Абы предметхэр, щытык1эхэр, бжыгъэхэр къегъэлъагъуэ, ауэ я ц1э

дыдэр къри1уэркъым. Езыхэм къагъэлъагъуэхэм елъытауэ ц1эпапщ1эхэр

л1эужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщок1.

Таблицэм к1элъыплъын.

2. Текстым елэжьын.

- А си щ1алэ, щхьэ унэщхъей? – же1э гуащэм.

- Сэ сымынэщхъейм хэт нэщхъеин? – же1э и къуэм.

- Сыныбжьэгъукъым, сыжэрэгъукъым. Мо пщ1ант1эм дэт ди хьэжьрэ пэт

1уэху ещ1э, зи мыхъуми хьэулей къыдыхьэмэ, мэбанэ. Сэ сыдэсщ жьэгум

яжьэр зэ1ызощ1эри, дунейм щащ1эри сымыщ1эу, зэрысщ1эни симы1эу.

Егъэдж: Ц1ык1ухэ, къэдывгъэщ1эжыт хэту п1эрэ зытепсэлъыхьыр мы пычыгъуэр?

Едж: Мы пычыгъуэр зытепсэлъыхьыр Сэтэнейрэ Сосрыкъуэрэщ.

Егъэдж: Ар дауэ къэфщ1а?

Едж: Жьэгум яжьэ зэ1ызыщ1эу дэсыр - Сосрыкъуэщ. Гуащэр – Сэтэней гуащэщ.

1 гуп: Пычыгъуэм хэт ц1эпапщ1эхэр къыхэтхык1ын, л1эужьыгъуэхэр

къыжы1эн. Орфограммэ зи1э псалъэхэм я тхык1эр ягу къагъэк1ыжын.

2 гуп: Ц1эпапщ1эхэр зи п1эк1э къэк1уа псалъэ лъэпкъыгъуэхэр къыжы1эн.

Текстым псалъэу хэтыр зи лъэпкъыгъуэр къэхутэн. Нагъыщэ хэтхэм я

гъэувык1эр ягу къагъэк1ыжын.

Зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ

Ц1ык1ухэм я 1эпкълъэпкъым зрагъэукъуэдий. Макъамэ къоуэ.

Псалъэжьхэм елэжьын (жьэры1уатэу)

Сыт хуэдэ ц1эпапщ1эхэр къахуэпхь хъуну мы псалъэжьхэм?

Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи т1ыс.

Гъатхэ махуэм гъэр егъашхэ.

Щхьэм имытмэ, лъэм имыгъуэщ.

Улажьэмэ, лыжь пшхынщ.

Интерактивнэ доскам къытридзэ усэм елэжьын.

1 гуп: Псалъалъэмк1э лэжьэн.

Псалъэхэм я мыхьэнэр тхын, псалъэухам хэту щапхъэ къэхьын.

2гуп: Ц1эпапщ1эхэр къыхэтхык1ын, къагъэлъагъуэ елъытак1э гуп-гупу гуэшын.

Ещанэ едзыгъуэм хэт ц1эпапщ1эхэр псалъэухам и сыт хуэдэ пкъыгъуэу хэувами гъэбелджылын.

Зыкъэпщытэж

Ц1эпапщ1эм теухуауэ къэтщ1ахэр къэдгъэсэбэпурэ жэуап пэжыр къыхэтхынщ.

А) Ц1эпащ1эхэр зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэщ.

Б) Ц1эпапщ1эхэр зи щхьэ хущымыт псалъэ лъэпкъыгъуэщ.

В) Ц1эпапщ1эм зи гугъу ищ1ым и ц1эр къре1уэ.

Г) Ц1эпапщ1эм предмет е щытык1э къегъэлъагъуэ.

Д) Ц1эпапщ1эр псалъэхэм я п1эк1э къок1уэ.

Е) Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэуи пкъыгъуэ ет1уанэуи хоувэ.

Ё) Падежк1э зэхъуэк1а мэхъу.

5. Рефлексия

1. Нобэ ди щ I эныгъэм хэдгъэхъуауэ п I эрэ?

2. Сэ къызэхъул I ащ…..

3. Сэ гъэщ I эгъуэн сщыхъуащ…..

4. Къызэгугъуэк I ащ….

Псори ф I ыуэ фылэжьащ, фыпсэу, жэуап къэзытахэм фи дневникхэм

оценкэхэр сывгъэув. Еджак I уэхэми оценкэ зыхуагъэувыжыр

Унэ лэжьыгъэр етын: Литературэмк1э зэджа тхыгъэхэм къыхэтхык1ын псалъэухаих- блы ц1эпапщ1э хэту.

Ц1эпапщ1эхэр – ар зэрагъэлъагъуэ, зэрыщ1эупщ1э псалъэхэщ. Псалъэм папщ1э: мыр, ар, дэ, хэт? Сыт? Апхуэдэ, мыпхуэдиз, фэ, мы, си, сысей, нэгъуэщ1хэри.
Егъэджак1уэр:

Ц1эпапщ1эм и разрядхэр дапщэ хъурэ?
Еджак1уэр:

Адыгэбзэм ц1эпапщ1эхэм къагъэлъагъуэ мыхьэнэ елъытак1э разряд зыбжанэу зэщхьэщок1:- ц1эпапщ1э: сэ, дэ, уэ, фэ, ар, ахэр;

- зыгъэлъагъуэ ц1эпапщ1э: мы, мо, а;

- еигъэ ц1эпапщ1э: си, уи, ди, фи, и, я,зи, сысей, дыдей, ууей, фыфей, ей, яй, зей;

- зэрыупщ1э ц1эпапщ1э: хэт? Сыт? Дапщэ? Дэтхэнэ? Дэра? Сыт хуэдэ? Хэт ей? Хэти? Сытым и? сытым ей? Сл1о?

-относительнэ ц1эпапщ1э: хэт? Сыт?

- белджылы ц1эпапщ1э: псо, езы, щхьэк1э, хэти, сыти, хэт ейри, сытым ейри;

- белджылыншагъэ ц1эпапщ1э: гуэр, зыгуэр.

- мыхъуныгъэ ц1эпапщ1э: зыри, зыгуэри.
Егъэджак1уэр:


    1. Фыкъеджэ, ц1эпапщ1эр къэвгъуэт.

    2. Къыхэвгъэщ ц1эпапщ1эхэр псалъэухам зэрыхэувэр къыжыф1э.

    Япэ псалъэухар:

    Илъэситху япэк1э ди анэр къыпхуэзгъанэри сэ еджак1уэ сык1уауэ щытащ.

    Мы псалъэухам ц1эпапщ1эхэу т1у хэтщ- сэ, ди; Сэ- щхьэ ц1эпапщ1эщ, пс. Подл. Хоувэ, Ди- еигъэ ц1эпапщ1эщ, зи щхьэ хущымытщ, псалъэм опред. Хоувэ.
    Ет1уанэ псалъэухар:

    Нобэ махуэ уэф1 дахэщ, апхуэдэ махуэм псым зыщыбгъэпск1ыну гуапэщ.

    Фэ сытк1и фи щхьэ фыдэ1эпыкъужащ. Фэ- щхьэ ц1эпапщ1эщ, куэд бжыгъэ, псалъэухам подлежащэу хоувэ; фи- еигъэ ц1эпапщ1э, псалъэухам определенэу хоувэ.
    Епл1анэ псалъэухар:

    Ар усэ ф1ыуэ къоджэ.

    Ар- зыгъэлъагъуэ ц1эпапщ1эщ, псалъэухам подлежащэу хоувэ.
    Етхуанэ псалъэухар:

    Сэращ пэшыр зэлъызы1ухар. Сэращ- щхьэ ц1., псалъэухам сказуемэу хоувэ.

    Мы псалъэухахэр еджак1уэхэм здэщысым зэпкърахыу, доскам еджак1уэ зы, т1у щыгъэлэжьэн:

    - ц1эпапщ1э хэту псалъэуха къагупсысу, зэпкърахын?

    Ахэр доскам щылэжьэху упщ1э къэнахэм жэуап ирегъэтын.
    Еджак1уэр:

    Щы1эц1э, плъыфэц1э, бжыгъэц1эхэм хуэдэу, ц1эпапщ1эхэм предмет, щытык1э, бжыгъэ белджылы къагъэлъагъуэркъым. Абыхэм къагъэлъагъуэм мыхьэнэ белджылыгъэ щигъуэтыр, ар къозыгъащ1э, нэгъуэщ1 псалъэ е псалъэуха щыщы1эм и дежщ, псалъэм папщ1э:

    Ар ( Хьэчим) шахмат мэджэгур.

    Ц1эпапщ1эхэр зэхуэмыдэу падежк1э зэхъуэк1а мэхъу, ахэр псалъэухам пкъыгъуэ ет1уанэу хоувэ.

    Адыгэбзэм щхьэ ц1эпапщ1эхэу ди1эщ: сэ, дэ, уэ, фэ, ар, ахэр. Щхьэуэ щы щы1эщ- япэ, ет1уанэ, ещанэ.
    - Япэ щхьэм и щхьэ ц1эпапщ1эхэщ: сэ, дэ. Мыбыхэм къагъэлъагъуэ псалъэр жызы1эр. Псалъэм папщ1э: Сэ ф1ыуэ соджэ.
    - Ет1уанэ щхьэм и щхьэ ц1эпапщ1эхэщ: уэ, фэ. Абыхэм псалъэр зыжра1эр къагъэлъагъуэ, псалъэм папщ1э: Уэ дыгъуасэ еджап1эм укъэк1уа?
    - Ещанэ щхьэм и щхьэ ц1эпапщ1эхэщ: ар, ахэр. Мыбыхэм зи гугъу ящ1 щхьэр къагъэлъагъуэ. Псалъэм папщ1э: Ахэр мэзым зыплъыхьак1уэ к1уащ.
    Егъэджак1уэр:

    Абы къык1элъык1уэу еджак1уэхэм яже1эн хуейщ, щхьэ ц1эпапщ1эхэм я закъуэ куэд бжыгъэр.
    Закъуэ бж. : сэ, уэ, ар; Куэд бж.: дэ, фэ, ахэр. Еджак1уэхэм ящ1эн хуейщ, щхьэ ц1эпапщ1эхэм я склоненэр.
    И.п.- сэ- уэ- дэ- фэ.

    П.п.- сэрк1э- уэрк1э- дэрк1э- фэрк1э.

    П.п.- абык1э, абыхэмк1э;

    О.п.- арауэ, ахэрауэ.
    Егъэджак1уэр:

    Къык1элъык1уэу еджак1уэхэм ящ1эн хуейщ, щхьэ ц1эпапщ1эхэм псалъэухам щагъэзащ1э къалэныр? Щхьэ ц1эпапщ1эхэр псалъэухам подлежащэу, дополненэу, сказуемэу хоувэ.

    П.п. Ар усэ ф1ыуэ къоджэ.

    Усак1уэм уэ тхылъ къуитащ.

    Сэращ пэшыр зэлъы1узыхар.

    Темэщ1эр зэрыгъэубыдыным и пэ къихуэу еджак1уэхэм ящ1апхъэщ щхьэ ц1эпапщ1эхэм ягъэзащ1э къалэныр.

    Щхьэ ц1эпапщ1эхэр щы1эц1эм и п1эк1э къэк1уауэ аращ. Ахэр щы1эц1эм щ1ыгъууи, щ1ымыгъууи къок1уэ.

    Нажмите, чтобы узнать подробности

    Урок кабардинского языка в третьем классе. Тема изучения "Глагол".

    Темэр: Глагол

    Ди урокым къыщ1ыдодзэ,

    е 3-нэ классым и еджак1уэхэращ.

    2. Мэкъамэ къоуэ.

    - Мыпхуэдэ мэкъамэ уеда1уэурэ сытхэр пхуэщ1эну?

    -Укъэфэфынущ, уджэгуфынущ,ужэфынущ, н.къ.

    - Ит зэманым ивгъувэт а псалъэхэр щхьэк1э зэфхъуэк1ыурэ.

    (сабийхэм лэжьыгъэр жьэры1уатэу ягъэзащ1э)

    - Псалъэ лъэпкъыгъуэк1э зищ1ысыр сыт мы псалъэхэр?

    - Нобэрей ди темэри зытеухуар аращ, глаголыращ. Глаголым теухуауэ фщ1э псори къэтпщытэжынщ.

    Ет1ыуанэ 1ыхьэ.

    1. (орг.момент) "Ассоциация"

    Е. - Фи нэр зэтефп1и "газет" жыф1эт.

    - Сыт фи нэгу къыщ1игъыхьэр а псалъэм?

    - Сыт хуэдэ газетхэм я ц1эхэр фщ1эрэ?

    - Фи унагъуэхэм сыт хуэдэ газетхэр щызэрахьэрэ, фи адэ анэхэр сыт хуэдэ газетхэм еджэрэ?

    - Сыт зэреджэр газетхэмрэ журналхэмрэ къыщыдагъэк1 унэм?

    2.Урокым и темэр яже1эн.

    -Нобэрей ди урокыр адрей урокхэм ещхькъым. Дэ "Глагол"-к1э зэджэ редакцияр къыдэлъэ1уащ газетым тратхэну материалхэр яхуэдгъэхьэзырыну. Абы ипкъ итк1э фэ дэтхэнэри иджыпсту газетым и лэжьак1уэ фыхъун хуейщ. Газет редакциям фыщылэжьэн щхьэк1э куэд фщ1эн хуейщ, куэдми фыщыгъуазэу фыщытын хуейщ. Абы щхьэк1э собеседование едгъэк1уэк1ын хуейщ. Иджыпсту зы джэгук1э дыджэгунущи, упщ1эхэм жэуап тэмэму къефтыфмэ псори "Глагол" редакциям фыщылэжьэну хуит фызощ1.Джэгук1эм зэреджэр "Пэжрэ, пц1ырэ"-щ.

    а) Глаголыр зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэщ. +

    б) Глаголым лэжьыгъэ гуэр къегъэлъагъуэ +

    в) Глаголым упщ1эу хуоув (хэт? сыт?) -

    г) Глаголым щхьэк1э зехъуэж +

    д) Глаголым зэманк1э зехъуэж+

    е) Глаголым бжыгъэк1э зехъуэж +

    ж) Глаголым предметым и фэр къегъэлъагъуэ-

    -Жэуапхэр тэмэму къызэфтащи, псори "Глагол" редакциям и лэжьак1уэу фыкъызощтэ. Редакциям щ1эс ц1ыхухэр гуп -гупу отделхэм щылажьэу аращи, фэри гуп-гупу отделхэм фыщ1эзгъэт1ысхьэнщ, урок псок1э редакциям фыщылэжьэнущи, япэ дыдэу къэвлэжьыну улахуэр (зарплатэр) балл бжыгъэк1э къэдгъэлъэгъуэнущ, ар нэхъ лъагэ зэрыхъуным яужь фит.

    3. Тетрадым щыгъэлэжьэн.

    Фи тетрадхэм ивотхэ лэжьак1уэ фыкъыщащта мазэр, махуэр (числор).Редакторхэр дахэу ик1и пэжу тхэн хуейщи,фегугъуу фытхэ.

    4. Япэ напэ

    "Ар псоми ф1ыуэ фщ1эн хуейщ"

    Адыгэ алфавитым и хьэрфхэм щыщу фигу нэхъ дэзыхьэхымк1э щапхъэхэр къэфхь.

    Щы1эц1э. Плъыфэц1э. Глагол.

    х.- хадэ хамэ хесэ

    гу.- гуащэ гуащ1э гуетхэ

    м.- мэз мае матхэ

    дж.- джабэ джафэ джэлащ н.къ.

    Зы псалъэ къэс зы балл къыволэжь (баллхэр доскам къитхэн, ряд е ц1ыху къэс ейр).

    5. Ет1ыуанэ напэ

    (наукэм и отдел)

    "Наукэмрэ глаголымрэ"

    Хэту п1эрэ мы отделым и нэхъыщхьэр?

    Ар къэфщ1эну фыхуеймэ, мы усэм фыкъеджи, псалъэ щыгъэпщк1уар къэвгъуэт. (акростих-научное название).Мыр акроусэщ.

    -Газет, журнал,тетрадь е тхылъ

    Лэжьэну хуейхэм я пщэрылъщ

    Ар ди щ1эныгъэм и курылъщ,

    Газет, журнал, тетрадь е тхылъ.

    О-о-о абы гухэлъхэри къыбжа1ыф

    Лэжьэну хуейхэри къагъуэтыф. (2 балла)

    -Газетым и япэ напэр псом нэхърэ нэхъ гугъущ ик1и нэхъыщхьэщ. Сыт хуэдэу п1эрэ япэ напэри адрейхэри зэрыщытын хуейр? Ар дахэу, удихьэхыу, дыубзыхуэнщ иджыпсту.

    а) Темэ зытеухуар тэмэму зэк1элъыхьауэ зэрыщытыр (последоват.содержания)

    б) Нэгъэсауэ зэхэлъхьа зэрыхъуар (полнота содержания).

    в) Эстетикэ и лъэныкъуэк1э газетым и теплъэр. (эстетичность оформления)

    6. Группэхэм я лэжьыгъэр къэгъэлъэгъуэн.

    (Работа по группам).

    Япэ напэр догъэхьэзыр.

    Кластер зэхэлъхьэн.

    псалъэ лъэпкъыгъуэщ предметым ищ1эр

    е къыщыщ1ыр сыт ищ1эр?

    къегъэлъагъуэ сыт къыщыщ1ыр?

    Зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэщ.

    Предметым ищ1эр е къыщ1ыщ1ыр къегъэлъагъуэ.

    Сыт ищ1эр? Сыт къыщыщ1ыр?

    Щхьэк1э, бжыгъэк1э, зэманк1э зехъуэж. (хэт пэжу, дахэу ищ1ами баллищ хуагъэув - 3 балла)

    Зэк1ужу зэк1элъыхьауэ зэрыщытыр

    И дэхагъ, гъэщ1эгъуэнагъыу зэрызэхэлъхьар

    7. Ет1ыуанэ напэ

    Къык1элъык1уэ лэжьыгъэм Глаголым теухуауэ фи научнэ щ1эныгъэхэр къыщывгъэлъэгъуэн хуейщ. Къехыгъуит1ым хэт псалъэхэр зэгуэвдзэурэ псалъэжьхэр зэхэвгъэувэж.

    1. Лажьэм лыжь ешхыр - егъэлъап1э

    2.Лэжьыгъэм ц1ыхур - къыдок1уэ

    3. Хьэщ1эм насып - гъэсэныгъи и1эщ

    4. Шы1эныгъэ зи1эм - мылэжьар хущ1огъуэжыр

    - Псалъэ щ1этхъахэр зэманк1э зэфхъуэк1.

    ит зэман къэк1уэну зэман блэк1а зэман

    Музыкальнэ физминуткэ (зарядкэ дощ1)

    8. Ещанэ напэ

    "Щ1алэгъуалэ лъыхъуак1уэхэр"

    "Глагольск" жыхуи1э къалэм дыдэ1эпыкъун хуейщ. Абы жьапщэшхуэ къыщыхъури глаголхэр гужьеяуэ зэбгырыжащи, иджы я унэхэр къахуэгъуэтыжыркъым,щхьэж я унэ ешэл1эжын хуейщ.

    Читайте также: