Зи нэхъыжь еда1уэ и 1уэху мэк1уатэ сочинение

Обновлено: 04.07.2024

Пэублэ псалъэ (егъэджак1уэм ) : Дэтхэнэ зы лъэпкъми ижь – ижьыж лъандэрэ пщ1э хуащ1у къок1уэк1 ц1ыху губзыгъэм, ущияк1уэм, гъащ1эм къыхиха 1ущагъхэр бэм я пащхьэм изылъхьэжыфым. Апхуэдэу адрей лъэпкъхэм къахэщырт я акъылыф1агък1э адыгэхэр. Я акъылыф1агъэр къызэрагъэлъагъуэр ди анэдэлъхубзэрт, адыгэбзэрт. Къэплъытэ хъунущ, адыгэбзэр нэхъ тэмэм дыдэу убзыхуа бзэхэм ящыщу, абы и щыхьэтщ псалъэ хьэулей куэд зэрыхэмытыр. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди анэдэлъхубзэм гулъытэ щ1агъуэ щыхуэдмыщ1 куэдрэ къохъу. Мы зэпеуэмк1э дэ къалэну дгъэувыр ди бзэм и дахагъыр зэхэтщ1эу ди пщэдейр зи 1эмыщ1э илъыну фэ ц1ык1ухэм абы пщ1э хуэфщ1у, фегугъуу фхъумэнырщ.

«Гуащэ и псынэ « гупым

Къуэ щхъуант1э уэхым и лъащ1эм

Псы гъуджэ ц1ык1ур щопщ1ыпщ1э;

Тк1уэпс щ1ы1э щыгъэхэр 1уфит1ым

Я удз щ1эращ1эхэм хеутхэ.

Псынэ абджыфэм и 1уфэм

Жыг хьэлэмэтхэр тожьауэ,

Дыгъэ нур гуащ1эм пэлыду

Зишэщ1 – зи1уант1эу мэк1уасэ

Махуэр хуабейщи бгы нэк1ухэм

Удз епэр тхьэмпэхэр щолалэ.

Къуалэбзу ц1ык1ухэри бэмп1ауэ

Псы щабэ 1уфэми щохуарзэ.

Фхуэс1уэтэнщи си гухэщ1ыр –

Гуауэ хьэлъэм сыполъэщыр.

Нывжес1энщи си гуф1эгъуэр –

Сэ щ1эрыщ1эу си гур хохъуэ.

Сщ1экъым сэ ар къызыхэк1ыр,

Фи губгъэным сыф1ол1ык1ыр.

Гугъэу си1эм я нэхъ лъап1эр –

Къэсхьэхунырщ фи гур гуапэу.

Фи гуф1эгъуэм и пшынэбзэр

Ауэ гуауэм хишмэ гъыбзэ

Къысф1ыщ1ок1ыр сэри нэпс.

Сыхъуу щытми нэхъ фпэжыжьэ,

Си псэр нэхъри фпэгъунэгъущ.

Фэрщ и нит1ыр си Хэкужьым,

Фи гурыщ1эр си 1эпэгъущ.

Лъэпкъым сыт хуэдэ гуф1эгъуэ къэхъуами зэраублэу щытар хъуэхъущи

- Ди зэпеуэр идохьэжьэри

Хъуэхъур ди бэу, дыбагъуэу,

Губгъуэу ди1эр бэвылъэу,

1ей тхэтыныр ди жагъуэу,

Ди жагъуэгъухэр зэгуэпу,

Ди гукъеуэр здэтшэчу,

Ди чэт гъэлъэхъу щымыщ1эу,

Ди хъыджэбзхэр щ1ык1аф1эу,

Ди щ1алэхэр гъущ1ыпсэу,

Псыблэм хуэдэу заупц1у

Пц1ащхъуэ лъатэм къадэжэу,

Я жэрагък1э алъпыжьхэу,

- Ди бзэр зэзмыпэсыжу

Ар 1эщ1ыб ищ1ыну ек1э и ужь ихьэхэм

Гъэ мэш ищ1эну губгъуэм щихьам деж,

И хьэсэм ихъуреягъыр хьэкъыршу,

И кур шыпсыранэу,

Зрагъэзыхмэ, и нэм къыщ1эуэу,

Хэ1эбэмэ, и 1эр къису,

Дзыгъуэ тхыц1эр щ1имыгъанэу –

Адыгэбзэм теухуа усэхэмрэ уэрэдрэ ягъэзащ1э:

Си нэр зыгъаплъэ,

Си лъэр здэбыдэ,

Уэ уи жьэгу дыщэм

- Дэ ди гуф1эгъуи

Утетщ гъуэгу махуэ.

Анэдэлъхубзэ, адыгэ жьабзэ,

- Уэ ди нэ ди псэ лъэпкъым и гупсэ,

Анэдэлъхубзэ, уэ узижагъуэр

Узыгъэик1эр акъыл тхьэмыщк1эщ.

- Си гум и хъущхъуэ

Пхузощ1 сыт щыгъуи

Анэдэлъхубзэ,анэм и жьабзэ,

- Адыгэбзэр жа1э к1уэдыжыну

Ар уи ф1эщ уэ хъурэ, си ныбжьэгъу?

Зэхэпхар уигу къеуэу умышынэ,

Ди бзэр хуэныкъуэххэкъым гущ1эгъу.

-Бзэр т1эщ1эк1мэ, дылъэпкъкъым.

Акъыл ин ухуэмей

Къыбгуры1уэу а т1эк1ур

-Бзэм и макъхэм ди тхыдэр,

Ди лъыр, ди псэр хэпщащ.

Бзэр тхъумэну зымыдэр

Ди биям къагъэщ1ащ.

-Бзэр т1эщ1эк1мэ, досык1ыр,

К1уа л1эщ1ыгъуэм лъык1псык1ым

Хипщэжар сыт хъужын

-Бзэр т1эщ1эк1мэ, док1уэдыр,

Лъы зыщ1этыр фысакъ

Псы зыщ1этыр тек1уэту,

Вгъэ1у бзэ хуабэм и макъ.

-Си бзэ дахэу адыгэбзэ,

Си бзэ дахэу уэ си нэху!

Уэращ си анэдэлъхубзэр,

Уэрэд «Си бзэ - си псэ, си дуней.

псалъэхэр Джэдгъэф Борис

макъамэр Молэ Владимир яйщ.

Къапсэлъыр нобэ Къэбэрдейм

Си гущ1эм нылъо1эс Ежьу: Си бзэ – си псэ, си Дуней.

Анэбзу си уэрэд

Лъагъуныгъэу сигу мыжейм,

Сигу мыжейм укъолъэт

Адыгэу тетым щ1ы хъурейм,

Ей, маржэ, жыф1эрей:

Си бзэ- си псэ, си Дуней.

Си бзэ – си Дуней!

Уэрэдыр хуэдэщ дыгъэ бзийм,

Псэм нурыр щеукъуэдий.

- Сэ хъуэхъуэн си фарзщи,

И псэук1эр еф1ак1уэу,

Къэралу щы1эм драпашэу,

Шэуэ къелъэлъэхыр тпэ1эщ1эу,

Лъэпкъыу исыр зэгуры1уэу

Зым 1эпыхур зым къищтэжу

Зы унафэм дыщ1эту

Ди лъэпкъ анэдэлъхубзэр дгъаф1эу

Ар 1эщ1ыб дымыщ1у

Гъавэр, псыр, шыгъур, гъущ1ыр, хугур

Нэмысрэ насыпрэ ди куэду

Гъэ минк1э псэун лъэпкъ тхьэм дищ1!

-Ди анэдэлъхубзэр къуилъхьэжыну

Ек1э ди ужь къихьэм

Я пк1эунэм жумэрэн щыущу,

Я хьэщ1эщым дзыгъуэ щит1 щыджэгуу,

Я шхы1эныжьым бацэ къилэлу,

Ц1амыщхъейр и гуфэу,

Л1ит1 зы уэщу, л1ищ зы хьэму,

Я хьэмэщ щэджыншэу,

Мэрамысэ бэщ1рэ, унэлъащ1э ф1ейуэ

-Жэщи махуи си анэдэлъхубзэм

Иропсалъэ мо си къуршыжь плъагъухэр,

Къалъхуащ ахэр щ1ыр щымыджэмыпц1эм,

Щ1ыщ1игъэнар арщ я щыгур тхъугъэм.

-Зэхэпхынущ си анэдэлъхубзэ

Зыхуэбгъэщхърэ уеда1уэмэ псынэм…

Си жылагъуэ 1эджэу нэм къы1уидзэм

Нэрэ нап1эу я1эр а нэщэнэрщ.

-Яхь я гъащ1эр, си бзэк1э нэщхъыф1эу,

Си тенджыз толъкъунхэу емышыжхэм,

Си бзэк1э мэгу1э е мэгуф1э

Сэ си лъахэу сыкъызыщхьэщыжыр.

-Си анэдэлъхубзэм ирипсалъэр

И куэдагък1э хъуркъым мелуан бжыгъэ,

Ауэ, си лъэпкъ мащ1эу си псэм хэлъым

Къыдок1уэк1ыр ар имыщ1эу жьыгъэ

-Си анэдэлъхубзэ хэмытауэ

Сигу къеуэк1эр фэ зэхэвмыщ1эну,

Си анэм и бзэр си къызимытамэ

Къыщ1эк1ынт сэ бзагуэу сыкъэнэну.

Си бзэу си лъэпкъыц1э .

-Уэ уи къежьап1эр, адыгэ хабзэ,

Си анэм къыздилъхуа си бзэрщ,

Си Хэкуу си нэм уэ уринабдзэщ,

Си лъэпкъым урищ1ыхь гъуазэщ.

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, дыадыгэжкъым.

Пшагъуэбэщ пщащэнэ ф1ыц1эр,

Нысэм щхьэрыгъри дыщэ пы1эжкъым,

Щ1элъыжкъым пшынэбзэм ди ц1эр.

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, ди щауэишэр

Къутауэ зы нарт шабзэшэщ,

1эщ1элъри щауэу зи пащ1эр пхъашэм

Дзэху къамэ лъэпкъ саутыншэщ .

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, ди уэредадэр

Бжьыхьэпэм и зы жэп налъэщ,

Махъсымэ к1адэр, ди дыщэидэр

Пшэк1ухьым и сыхьэт п1алъэщ.

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, дыбзу дамэншэщ,

Мыл губгъуэм иту шу налыншэщ,

Гъатхэ уэлбанэу щхьэншэ техъуанэм

Щытк1ужу дызышыгъу к1анэщ.

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, хуэзэм дыкъищтэу

Дыхъуак1эщ хамэ жыхапхъэ,

Я 1уэху зэф1эк1мэ драхьэгъащтэу

Дгъэф1энущ я боужь дапхъэ.

-Ущык1уэдынум, си адыгэбзэ.

Здэпхьынущ, сощ1э, ди хабзэр,

Нэмысу, щ1ыхьу, уи л1ыгъэ хасэу

Къинэнур хэкум зы гъыбзэщ.

Упсэу уэ куэдрэ! Уэрщ лъэпкъым и лъабжьэр!

Упсэу уэ куэдрэ1 уэ дыбдэпсэунщ!

Удигуф1эгъуэщ, уэ уди1эщ набдзэу, упсэу!

Упсэумэ ди лъэпкъыр псэунщ.

Мурадхэр : я бзэр ф1ыуэ ялъагъуным я гур къыхуэгъэушын;

Анэдэлъхубзэм хуа1э гулъытэм хэгъэхъуэн;

Бзэр шэрыуэу къагъэсэбэпыфу егъэсэн.

1 Пэублэ псалъэ.

  1. 1уэры1уатэ нэхърэ – нэрылъагъу (псалъэжьхэмк1э зэпегъэуэн).
  1. Адыгэбзэр мэбзэрабзэ (псынщ1эрыпсалъэхэмк1э зэпеуэн).
  1. Дэрэжэгъухэм я 1ыхьэ . Адэк1э къыпыщэ…(нэщэнэхэмк1э зэпеуэн)

8 Капитанхэм я зэпеуэ. Псалъэрыджэгу.

псалъэр Щоджэн Аслъэнджэрий

макъамэр Къэбэрдокъуэ Борис яйщ.

Бахъсэн уэрыжьыр къуак1эм щызоуэ,

Мы ди Хэкужьыр Дуней телъыджэщ,

Ди адыгэбзэр абы и гъуджэщ.

Зы бзэм хуэлажьэр ар лъэпкъ уэхътыншэщ,

Адыгэ лъэпкъыр дызэкъуэтынщ,

Ди бзэм и щ1ыхьыр лъагэу т1этынщ

Илъэс мин куэдрэ абы и тхыдэщ,

Псы къелъэм хуэдэу ар къарууф1эщ,

Ди лъэпкъ гъэф1эну дызэрыгуф1эщ.

Зи хэку епц1ыжу зы лъэпкъ щымы1э,

Зы бзэр зыхъумэр мис ар лъэпкъ къабзэщ,

Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ.

Зи бзэм хуэсакъхэр зэманым ток1уэ,

Гъащ1э хъуэпсэгъуэр щ1ылъэм щаухуэ.

Апхуэдэ щапхъэм дэ дегъэгушхуэ.

Блэк1а зэманхэр дэ къыдегъащ1э,

Ди нартыжь лъэпкъым уэрэд хуеусыр,

Ди лъэпкъ хъыбархэр дэни нехьэсыр.

Зи бзэм хуэлажьэхэр ар лъэпкъ уэхътыншэщ.

Адыгэ лъэпкъыр дызэкъуэтынщ,

Ди бзэм и щ1ыхьыр лъагэу т1этынщ.

1уэры1уатэ нэхърэ – нэрылъагъу

  1. Псынэ, псыбэ, бырыбищ, къыщик1ухьым щыбырыбыр п1ырып1ищщ.
  2. Ди щак1уэхьэм щ1эрык1уэхьыр щ1эк1уэрыхьырт
  3. Уэдыд, ди адэ дыдыр Дэбубыдым , быдэу едыр.

4. Мыщэ. мыщ1э мащ1э.

Псэлъафэр вжызо1э, фэ къызытек1а хъыбарыр жыво1эж. Нэхъыбэ жызы1эфыр тек1уащ.

Щамыр и ц1эт, езыр Астемырхэ ящыщт. Щам хьэрычэт, зэф1эгъэк1рэ имы1эу, и гъащ1эр тхьэмыщк1эу ирихьэк1ащ. Щ1ымахуэ гуэрым пхъэгъэсын имы1эу унэм къыщ1энэри, гузэвэху чыху 1эпл1э къыдичурэ и щ1ап1эр къызэрыхухьа бжьыхьыр игъэсыжати, псэлъафэр абы къытек1ащ.

Парипыхыр щ1ып1эц1эщ. Балъкъ 1уфэрэ Псыхъурей къуажэ щ1ыбымрэ я зэхуакурщ. Къэбэрдейм къытеуауэ щыта тургъуэтхэр Парипых деж хьэлэч зэрыщащ1ыгъам псалъэжьыр къытек1ащ.

Нажмите, чтобы узнать подробности

Къэгъэсэбэпыпхъэхэр: тхылъ, тетрад, интерактивнэ доска, диск, магнитофон, проектор.

Урокым и планыр:

I. Урокым еджак1уэхэр зэрыхуэхьэзырыр къэхутэн, урокым и темэмрэ мурадхэмрэ щыгъуазэ щ1ын.

II. Урок блэк1ам яджар къэпщытэжын:

(щхьэ белджылы зи1э псалъэуха, щхьэ мыбелджылы зи1э псалъэуха, щхьэ зимы1э псалъэуха)

1. Адыгэ хабзэм теухуа уэрэд къоуэ (Мэремыкъуэ Хъусен "Адыгэ нэмыс")

- Сытым дригъэгупсысрэ мы уэрэдым, сытым теухуа? (хабзэм, нэмысым)

-Хабзэ 3 псалъэм сыт къик1ыр? (хьэл-щэн дахэ, нэмыс, гулъытэ. )

-Хабзэм нэхъыбэу ухуэзыгъасэ, ухуэзущий псалъэхэр, жы1эгъуэхэр щы1э? (псалъэжьхэр)

Еджак1уэ хэха зыщыпл1ым карточкэ ядот (индивидуальнэ лэжьыгъэ)

1. Дэгъэхуа хьэрфхэр дэгъэувэжын:

къ. багъэ, гъэкъ. бзэн, къ. бзэ, къ. бзэлъабзэ, щ1. лэщ1э, къу. жэку, . лэрыбгъу.

2. Зэпэщ1эзых ы здэщытыпхъэм дэгъэувэжын:

чырбыш. у, къ. умыщтэ, тхылъ. у, къуаргъ. у, приёмник. у, къэт. 1амэ, жэщ. у.

3. Псалъэухар и пкъыгъуэк1э зэпкърыхын. характеристикэ етын:

Нобэ къызата унэ лэжьыгъэр сщ1ыжащ 4 . (________________________________________________________________)

4. Псалъэр зэрызэхэт 1ыхьэк1э зэпкърыхын:

2. Псалъэжь ящ1эхэр кърабжэк1:

Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи т1ыс. (щхьэ мыбелджылы)

Iуэху мыублэ блэ хэсщ.

Хабзэмыщ1э 2 щ1ык1ейщ. (щхьэ мыбелджылы)

Адыгэ хабзэр адэ щ1эинщ.

Зи нэхъыжь еда1уэ и 1уэху мэк1уатэ.

Уи псалъэ гъэ1эси уи нэмыс гъэбыдэ. (щхьэ мыбелджылы)

Нэхъыжь к1элъыджэркъым - к1элъок1уэ. (щхьэ мыбелджылы)

Япэ джэлам ущ1эмынак1э. (щхьэ мыбелджылы)

Бгъуэ егъапщи зэ пыупщ1. (щхьэ мыбелджылы)

- Мы псалъэжьхэр сыт хуэдэ псалъэухауэ зэхэт? (пкъыгъуэ нэхъыщхьит1ри зи1э, зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэ зи1э: щхьэ мыбелджылы зи1э)

- Урысыбзэк1э фыщыгъуазэу п1эрэ а псалъэуха л1эужьыгъуэхэм? (определённо-личные, неопределённо-личные, обобщённо-личные, безличные - односоставные; двусоставные)

3.Зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэм щыщу сыт хуэдэхэм щыгъуазэ фыхуэхъуа иджыри?

- Щхьэ белджылы зи1э, щхьэ мыбелджылы зи1э, щхьэ зимы1э.

- Мы псалъэухахэр зыхуэдэр зэхэвгъэк1:

Къуэк1ып1эмк1э пшэк1эху къищ1ащ. (щхьэ зимы1э)

Тхъумэнщ демышу мамырыгъэр! (щхьэ белджылы)

Къопсэпсауэ. (щхьэ зимы1э)

Мащ1э-мащ1эурэ нэхутхьэху мэхъу. (щхьэ зимы1э)

-Сыт щхьэ зимы1э псалъэухак1э зэджэр?

- Мащ1э - мащ1эурэ 3 - наречиещ, п.ф - мащ1э, дауэ?, плъыфэц1эм къытек1ащ, къытезыгъэзэжщ, обст., зэпха псалъэр - нэхутхьэху мэхъу.

III. Темэщ1эр етын. Ц1эи1уэ псалъэуха.

1. Зы усэ едзыгъуэ гук1э къыжа1э, абы и япэ псалъэухам гулъытэ худогъэщ1.

. Щыхьэрщ. И лъабжьэр тенджызу,

Гызыжу кхъухьхэр къепщыл1эу,

Хьэпшыпхэр пл1эк1э кърахыу,

Ферс ф1ейк1э напэр щалъэщ1у.

- Сыт хуэдэ усэм щыщ 1ыхьэ мыр? Хэт ар зыусар? (Щоджэнц1ык1у Алий)

-Мыдэ мыр! Джэдыц! Уафэм къолъэлъэх!

-Л1о, джэдыц уи щыпэлъагъу?

-Мыр Джалил и мыцу узи1э! ("Бабыщыкъуэ адакъэпщ" К1ыщокъуэ Алим)

. Модэ, модэ, мо кхъухьлъатэр.

Ар лъагащэу зэрылъатэ.

- Мыри хэт и усэ сатыр? (Щоджэнц1ык1у Алий)

- Щоджэнц1ык1у Алий илъэс дапщэ ирикъуа мы гъэ еджэгъуэ дызэрытым? (октябрым илъэси 115 ирикъуащ).

2. -Девгъэплъыт мы усэхэм хэт япэ псалъэухахэм. Сыт хуэдэ псалъэуха ахэр?

Щыхьэрщ. (зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэ зи1э псалъэуха къызэрык1уэ)

Модэ, модэ, мо кхъухьлъатэр. (зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэ зи1э, ц1эи1уэ)

Мыдэ мыр! Джэдыц! (зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэ зи1э, ц1эи1уэ)-назывное

3. Ц1эи1уэ псалъэухак1э зэджэр яжыдо1э, ар мыдрей псалъэухахэм къазэрыщхьэщык1ым гу лъыдогъатэ.Тхылъым и н. 52-54-м ит хабзэхэмрэ лэжьыгъэхэмрэ долэжь.

-Хабзэхэм зы еджак1уэ къоджэ.

- Лэжьыгъэ 77-р догъэзащ1э.(къратхык1, ц1эи1уэ псалъэухахэр къагъуэт, пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр щ1атхъэ)

IV. Урокым щалэжьар къызэщ1экъуэжын.

- Слайд, сурэт зыбжанэк1э псалъэжь зыт1ущ къыдогъэщ1эж.

- Ахэр зыхуэдэ псалъэухахэр къыжа1эж, нобэ щ1эуэ къащ1ари зыхуэдэр жа1э.

- Синквейн зыбжанэ къыжа1э:

( Кейс-студи - технологиещ1эм щыщщ)

2. плъыфэц1эу т1у

4. псалъипл1 хъууэ жы1эгъуэ

5. мыхьэнэк1э и гъунэгъу

Псалъэуха, псалъэжь, хабзэ

2. ц1эи1уэ, убгъуа

3. жы1эн, тхын, къэгъуэтын

4. Сэ ц1эи1уэ псалъэухар къызогъуэтыф.

5. мыхьэнэ пыухык1а зи1э

2. 1ущ, гъэщ1эгъуэн

3. жы1эн, щ1эн, едэ1уэн

4. Адыгэм псалъэжь куэд ди1эщ.

5. 1ущыгъэ къыббгъэдэзылъхьэ псалъэ шэрыуэщ

3. щ1эн, зыхэлъхьэн, зехьэн

4. Хабзэ дахэр бгъэк1уэд хъунукъым.

V. Унэ лэжьыгъэ ятын, оценкэ гъэувын: н. 52-53 п. 23 правилэ, лэжь. 78 (Б/з. - рассказ к1эщ1 зэхэлъхьэн, ц1эи1уэ псалъэухахэр хэту)

Слайды и текст этой презентации

Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и егъэджакIуэ Нэгъуей Маринэт Iэуес ипхъу.

Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и егъэджакIуэ
Нэгъуей Маринэт Iэуес ипхъу.

Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэкIэщ, дуней тетыкIэщ. (Нало З.)

Мастер-классым и темэр:

Мастер-классым и мурадхэр: 1. напэ псалъэм и мыхьэнэр гъэбелджылын; 2. напэмрэ ц1ыхугъэмрэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр

Мастер-классым и мурадхэр:

1. напэ псалъэм и мыхьэнэр гъэбелджылын;

2. напэмрэ ц1ыхугъэмрэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр ягурыгъа1уэк1эрэ еджак1уэхэм гъэсэныгъэ хэлъхьэн;

3. напэм и тезырым и хьэлъагъыр на1уэ къэщ1ын;

4. ц1ыху нэс, ц1ыху пэж, лэжьыгъэр зыгъэк1уатэ, Хэкур ф1ыуэ зылъагъу хъуным хуэгъэсэн, я гур дахагъэм пэжыгъэм, къабзагъэм, щ1эныгъэм къыхуэгъэушын.

- Псэ къабзэ-Псы къабзэ -Пэж къабзэ - Напэ къабзэ - Уафэ къабзэ- Жьы къабзэ -Тетрадь напэ

- Псэ къабзэ
-Псы къабзэ
-Пэж къабзэ
- Напэ къабзэ
- Уафэ къабзэ
- Жьы къабзэ
-Тетрадь напэ

Урокым и эпиграфыр:Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъапIэр,Я фIэнэхъ къабзэр, мазэм хуагъадэр.Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэр,Нэхъ къабзэу сыбжыр

Урокым и эпиграфыр:
Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъапIэр,
Я фIэнэхъ къабзэр, мазэм хуагъадэр.
Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэр,
Нэхъ къабзэу сыбжыр — адыгэ напэрщ.
Адыгэ напэрщ, си лъэпкъыжь напэрщ,
Уэри уи напэ, сэри си напэ адыгэ напэрщ.
ЗэтрипIэжми тхьэшхуэм ди напIэр,
МылIэжыныпсэр адыгэ напэрщ.

Псалъэжьхэр Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщНапэм ипэ псэр ихуэ.Псэр щэи напэ къэщэху.Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.Напэм техуэр жьэм

Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщ
Напэм ипэ псэр ихуэ.
Псэр щэи напэ къэщэху.
Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.
Напэм техуэр жьэм же1эр.
Напэ зиIэм лIыгъэ хэлъщ.
Напэ зимыIэм сыт епщIэфын!?
Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ.
ЛIэныгъэми лIыгъэ хэлъщ
Е улIын, е улIэн
Шыгъу зышхар псы ефэжын хуейщ.
Е пщIауэ фIым ущымыгугъ.
ИкIута из хъужыркъым

-Сэ си напэр , си ук1ытэр Уэстынкъым, сыл1ам!СУхуейм сыгъэпщыл1.С1ихыфыну сэ си напэр Дунейм теткъым зыл1.Напэншэу сыпсэу нэхърэ

-Сэ си напэр , си ук1ытэр
Уэстынкъым, сыл1ам!
СУхуейм сыгъэпщыл1.
С1ихыфыну сэ си напэр
Дунейм теткъым зыл1.
Напэншэу сыпсэу нэхърэ
нэхъыф1щ сымыпсэум
1ых ухуейм , мылъкуу си1эр.

ЩоджэнцIыкIу Алий 1900- 1941гъ.гъ.

ЩоджэнцIыкIу Алий 1900- 1941гъ.гъ.

Напэ хужьу щылъщ а хьэдэрНурыр къыщхьэщех,ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэуЛIым и хьэдэр дах.Напэ къабзэм и къабзагъэрДыгъэ бзийм хыхьащ.Анэ псоми

Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр
Нурыр къыщхьэщех,
ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэу
ЛIым и хьэдэр дах.
Напэ къабзэм и къабзагъэр
Дыгъэ бзийм хыхьащ.
Анэ псоми я быдзышэм
Бынхэм хухалъхьащ.

Псалъэжьхэр Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщНапэм ипэ псэр ихуэ.Псэр щэи напэ къэщэху.Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.Напэм техуэр жьэм

Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщ
Напэм ипэ псэр ихуэ.
Псэр щэи напэ къэщэху.
Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.
Напэм техуэр жьэм же1эр.
Напэ зи1эм л1ыгъэ хэлъщ.
Напэ зимы1эм сыт епщ1эфын!?
Напэ зимы1эм дзажэпкъ и1эщ.
Л1эныгъэми л1ыгъэ хэлъщ
Е ул1ын, е ул1эн
Шыгъу зышхар псы ефэжын хуейщ.
Е пщ1ауэ ф1ым ущымыгугъ.
Ик1ута из хъужыркъым

Бзэм зегъэужьын: Хэхэс- нэгъуэщI щIыпIэ, хамэщI къикIауэ псэу цIыху, къыщалъхуам щымыпсэууэ хамэщI щыпсэу. Факъырэ-зыри зыбгъэдэмылъ, къилъэIухуэмкIэ псэу

Хэхэс- нэгъуэщI щIыпIэ, хамэщI къикIауэ псэу цIыху,
къыщалъхуам щымыпсэууэ хамэщI щыпсэу.

Факъырэ-зыри зыбгъэдэмылъ, къилъэIухуэмкIэ псэу цIыху

Какие б ни грозили горести, И где бы ни ждала беда, Не поступайся только совестью, Ни днем,

Какие б ни грозили горести, И где бы ни ждала беда, Не поступайся только совестью, Ни днем, ни ночью, никогда!

Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ, - жаIэ. Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей - Си лъэпкъ и пащхьэ напэ тIэкIу

Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ, - жаIэ. Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей - Си лъэпкъ и пащхьэ напэ тIэкIу щызиIэм Сыкъабзэлъабзэу срехыж дунейм. Елгъэр Кашиф.

Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус, Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей, Губжьк1э бдзы уи 1упсыр Къэнэжынщ уи дей.

Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус, Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей, Губжьк1э бдзы уи 1упсыр Къэнэжынщ уи дей. К1уащ Бет1ал.

«… Ахъши, фIыгъуи, нэгъуэщI гуэри Пумылъыт уэ напэм. ЛIы хуэдэлIым псэри

Синквейн:Напэ къабзэщ,хужьщщ; къоупщ1ыр,уеущий,уегъэук1ытэ; хеящ1э нэхъыщхьэщ; Псэм ипэ- напэ.

Синквейн:
Напэ
къабзэщ,хужьщщ;
къоупщ1ыр,уеущий,уегъэук1ытэ;
хеящ1э нэхъыщхьэщ;
Псэм ипэ- напэ.

Дывгъэхъумэ, дыхуэвгъэсакъ ди цIыху, ди адыгэ напэм.

Лъэпкъ напэр тезымыхын,
зи напэр темыкIын цIыху Тхьэм псори дищI!


Презентация к уроку кабардинского языка по теме " Имя существительное" поможет второклассникам дать понятие об имени существительном.

Содержимое разработки

Хэт? Сыт? Упщ1эм жэуап хуэхъу псалъэхэр. Шэджэм Ет1уанэ къу. И курыт еджап1э езанэм щезыгъаджэ Хъубий Ж.А.

Хэт? Сыт? Упщ1эм жэуап хуэхъу псалъэхэр.

Шэджэм Ет1уанэ къу. И курыт еджап1э езанэм щезыгъаджэ Хъубий Ж.А.

Урокым и мурадхэр 1 Щы1эц1эхэм ятеухуа гуры1уэгъуэ ятын 2 Хэт? Сыт? упщIэхэм жэуап хуэхъу псалъэхэр ягъэщIэн. 3 УпщIэхэр тэмэму ягъэувыфу егъэсэн

Урокым и мурадхэр

Щы1эц1эхэм ятеухуа гуры1уэгъуэ ятын

Хэт? Сыт? упщIэхэм жэуап

хуэхъу псалъэхэр ягъэщIэн.

УпщIэхэр тэмэму ягъэувыфу егъэсэн

 Къабзэрытхэм елэжьын

Къабзэрытхэм елэжьын

ь э Пэжырытхэ дакъикъэ Ш эджэм м хуэшхуэ къу жэжь тетрад щ1ант1э ш а э а п1 п

Пэжырытхэ дакъикъэ

Къуажэхьхэр къэщ1эн. Псалъэ къэтщ1ахэм упщ1э хуэгъэувын. Зэкъуэшитху бэнак1уэ. Хьэуазэ и къуэ щ1ыбыбгъуэ. Къэпым изу цы илъщ. Ди бжыхь джабэ хьэ дзэкъэрей к1эрысщ. Хьэкъущыкъу гъуанэпщ1анэ.

Къуажэхьхэр къэщ1эн. Псалъэ къэтщ1ахэм упщ1э хуэгъэувын.

  • Зэкъуэшитху бэнак1уэ.
  • Хьэуазэ и къуэ щ1ыбыбгъуэ.
  • Къэпым изу цы илъщ.
  • Ди бжыхь джабэ хьэ

дзэкъэрей к1эрысщ.

Кроссвордыр щ1ыжын

  • Кумб къит1ык1а
  • Дунейр къэзыгъэнэху
  • 1эмэпсымэ
  • Уэсым къызэрыщажыхь
  • Ныкъуэжьэ
  • Щхьэр псэумэ зыщымыщ1э

Щы1эц1эхэм , псалъэ лъэпкъыгъуэхэм теухуа гуры1уэгъуэ Ц1ыхухэм я лъэпкъым зэреджэр я унэц1эхэращ. Псалъэхэр псори ц1ыхухэм ещхьу лъэпкъ гуэрхэм ящыщщ. Абыхэм псалъэ лъэпкъыгъуэк1э йоджэ. Щы1эц1эр псалъэ лъэпкъыгъуэщ. Хэт ? Сыт? упщ1эхэм жэуап хуэхъу псалъэхэу предмет къэзыгъэлъагъуэхэм щы1эц1эк1э йоджэ.

Щы1эц1эхэм , псалъэ лъэпкъыгъуэхэм теухуа гуры1уэгъуэ

  • Ц1ыхухэм я лъэпкъым зэреджэр я унэц1эхэращ. Псалъэхэр псори ц1ыхухэм ещхьу лъэпкъ гуэрхэм ящыщщ. Абыхэм псалъэ лъэпкъыгъуэк1э йоджэ.
  • Щы1эц1эр псалъэ лъэпкъыгъуэщ. Хэт ? Сыт? упщ1эхэм жэуап хуэхъу псалъэхэу предмет къэзыгъэлъагъуэхэм щы1эц1эк1э йоджэ.

Псалъэ лъэпкъыгъуэщ

Предмет къегъэлъагъуэ

Закъуэ, куэд бжыгъэ и1эщ

1.Тхылъымк1э гъэлэжьэн 2. Урокым ящ1ар къызэщ1экъуэжын. 3. Урокыр къазэрыщыхъуар къэхутэн. Удзыфэр къыхэзыхам псори ф1ы дыдэу къыгуры1уащ. Гъуэжьыр къыхэзыхам мы1ейуэ къыгуры1уащ. Плъыжьыр къыхэзыхам ф1ыуэ къыгуры1уакъым.

1.Тхылъымк1э гъэлэжьэн 2. Урокым ящ1ар къызэщ1экъуэжын. 3. Урокыр къазэрыщыхъуар къэхутэн.

Удзыфэр къыхэзыхам псори ф1ы дыдэу къыгуры1уащ.

Гъуэжьыр къыхэзыхам мы1ейуэ къыгуры1уащ.

Плъыжьыр къыхэзыхам ф1ыуэ къыгуры1уакъым.

1ущыцэхэ!


-75%

Читайте также: