Тхьэгъэзит зубер и творчество сочинение

Обновлено: 02.07.2024

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Выберите документ из архива для просмотра:

Выбранный для просмотра документ День весеннего равноденствия.docx

Егъэджак1уэр: Къардэн М.Т.

Еджап1эр: Шэджэм къ. МКОУ СОШ№1

Мурадыр: еджак1уэхэм я къеджэк1эр, я зэхэщ1ык1ыр, я бзэр егъэф1эк1уэн; тхылъ еджэным гупыж хуегъэщ1ын; псэущхьэхэр ф1ыуэ ялъагъуу, абыхэм гулъытэ хуащ1у, гущ1эгъу яхэлъу гъэсэн;

щ1ыуэпсым щек1уэк1 гъащ1эр псори зэрызэпыщ1ар, абы щыпсэу дэтхэнэми гулъытэ хуэщ1ын, хъумэн зэрыхуейр къагурыгъэ1уэн.

-Фи махуэ ф1ыуэ, ц1ык1ухэ! Нобэрей ди дерсыр адрейхэм ещхькъым. Хьэщ1э лъап1э къытхуеблэгъахэщ, ц1ык1ухэ! Зыдгъэзэнщи нэмыс тхэлъу иджыри зэ ди хьэщ1эхэм гулъытэ яхуэтщ1ынщ.

91 слайд про весну)

Хьэщ1эм насып къыдок1уэ, жа1э, ц1ык1ухэ, куэд щ1ауэ къемыпсауэ, дыгъэ ц1ык1ур гуф1эжу къытхэпсащ. Ц1ыхур нэхъыбэрэ гуф1эху, 1ейр мэк1уэд, и 1уэхуф1хэри къохъул1э! Дэри ди дыгъэ ц1ык1ухэмк1э дыхуэвгъэгуф1эжи, едвгъэгъэлъагъут дыф1эф1у дыкъызэрык1уар! Мис иджы шэч къытесхьэркъым ди мурадхэр къызэрыдэхъул1энум.

Еджак1уэхэм я бзэм зегъэужьын.

-Ныт1э, ц1ык1ухэ, псори дызэрыщыгъуазэщи, сыт хуэдэ 1уэхуи яужь ихьэн и пэк1э, ц1ыхум зыкъызэщ1игъаплъэу и хьэлщ, и лэжьыгъэр къемыхьэлъэк1ыу ирихьэк1ын папщ1э.

Дэри а хьэлым дебэкъуэнкъым, т1эк1у зыкъызэщ1эдгъэплъэнщ, упщ1эхэм жэуап къеттынщ.

Ар къыщыщ1эддзэнщ псынщ1эрыпсалъэхэм.

Аращи, ц1ык1ухэ, сэ къыхызодзэ, фэ къыпывощэ. (Разминка)

-Дзыдзэм дзыгъуэм зыщридзым,

Дзыгъуэм псыдзэм зыхидзащ.

Дзыгъуэр псыдзэм щ1игъэнащ,

Ар щилъагъум дзыдзэр гъащ.

-Чыц1хэр чыцэм къыхахуж,

Чыц1хэр чэтым ныщ1ахуэж.

-Зузэ бзухэм йоубзэрабзэ,

Зузэ бзухэр къегъэубзэ.

-Ц1ывыр вагъэм къыхэмык1,

Ц1ывым вагъэ къимыгъэк1.

-Псыр къиуамэ, ик1ыгъуейщ.

-Къазыр хадэм къыпхок1,

Къэбыр хадэм къыщок1.

-Уэгунэбзур уэгум къыщофэ,

Уэгунэбзур уэгум щофий.

-нобэ сыт хуэдэ махуэ?- мэрем

-сыт хуэдэ мазэр ек1уэк1рэ?- гъатхэпэм и 22-щ.

-макъ зэпышу зэшыпхъуит1, хьэрфу ди1эм и пэ ит?-А,Э

-псалъэм и пэм пымыувэ,, псалъэм и к1эм щымыгувэ?-Э

-мэз дахэм и кум итыр сыт?- жыг.

-Жыгым и кум итыр сыт?-Ы

2. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.

Гъатхэм теухуа усэхэр, теплъэгъуэхэр жегъэ1эн, (проект лэжьыгъэ дэщ1ыгъуу)

( 2-4 слайды 3 видео про весну, что я говорила.)

Жэуап пэжыр къыхэхын:

Гъатхэ лъэхъэнэм хиубыдэ мазэр.

А) Щоджэнц1ык1у 1эдэм

В) К1ыщокъуэ Алим

Темэщ1эм хэшэн:

(5-6 слайды 1- зима в лесу , 2- лето в поле, где убирают что-то…)

- Иджыпсту макъамит1 дедэ1уэнущ.

-Сэ гъэмахуэ хуабэр си нэгу къыщ1егъыхьэ, ц1ыхухэм уэрэд жа1эурэ губгъуэм йолэжьыхь, ц1ык1ухэм къажыхь, дыгъэ зрагъэури псыхъуэм дэтщ.

– Сэ си нэгу къыщ1ыхьащ щ1ымахуэ мэзыр, уэсыр куэду телъщ, псэущхьэ ц1ык1ухэм шхын къалъыхъуэу къажыхь, щ1ымахуэ бзу ц1ык1ухэр дияуэ жыг къудамэхэм тесщ

-Ныт1э, къыжыф1эфыну п1эрэ нобэ дызытепсэлъыхьынур?

(7 слайд -адыгэхэр зэрыпсэуар къыхэщу сурэт)

-Адыгэхэр нэхъ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ.
Дунейм и п1алъэ зыщ1эу псэууэ щыта пасэрейхэм къащ1энащ нэщэнэ куэд, 1эзагъ, 1эмал, гулъытэ ин, нэгъуэщ1хэри.

Пасэрей ц1ыхухэр зэреджар тхылъкъым. Абы и егъэджак1уэр гъащ1эрт, дуней зытетырт.

Нэхъыбэу абы гулъытэ зыхуищ1ыу щытар, дауи, дунейм и къэхъукъащ1эхэрт.

(9 слайд- Созвездие тельца и времена года)

Япэ щ1ык1э псалъэ гугъухэр зэдгъэщ1энщ.

А махуэм ц1ыхухэр зэхуэсрэ тхьэм хъуэхъур хуагъэшу, гъавэ бэв къаритыну, я маф1ащхьэ мысэхыжрэ я жьэгу пащхьэм берычэтыр щызэблахыу псэук1э къаритыну елъэ1ухэу щытащ.

(10 слайд- гъэрэ щ1ырэ зэрагъэпраздникыу щытар къызыхэщ сурэтхэр)


Гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1 жэщым, унагъуэм ису хъуар ини, ц1ык1уи жейртэкъым. Ужейуэ илъэсыщ1эр къибгъэхьэну мыф1у ялъытэрт. Илъэсыщ1эм щхьэк1э 1энэ къащтэрт. Абы 1эмал имы1эу телъын хуейт хъыршынищ. Мэл, вы домбей яук1ырт, ауэ 1эмал имы1эу джэд ф1ыц1э яук1ырт. Ат1э, дэри Тхьэм делъэ1унщ гъэ дызытехьэр угъурлы тхуэхъуну.

Гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1 махуэр щ1алэгъуалэм нэхъыф1 дыдэу ялъагъу тхьэлъэ1ухэм ящыщт. Еш ямыщ1эжу ахэр джэгухэрт, зэпеуэрт, хьэрхуэрэгъу зэхуэхъухэрт.

Физминутка- уджхэш Фыкьафэ, фыджэгу…

1 гупым къыхедзэ:

Уэ хьуромэ-хьуромэ уо-уо

Уэ хьуромэ токьу, уо-уо

Токьумакьыр зи 1эщэ, уо-уо

Нэгьуэщ1 1эщи димы1э, уо-уо

Чышыр ди уанэгущ, уо-уо

Дыгьужьыгур ди1эщ, уо-уо

Пы1эу ди1эр чыныпэщ,уо-уо

Бгыпэ тетыр ди бийщ,уо-уо

Кьик1уэтыжыр хуэмыхущ, уо-уо

Ди уанэжь лъэгубгьуэщ,уо-уо

Тхьэм и губгьуэ дивгьыхьэ,уо-уо

Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэр хъуэрыбзэм хуэшэрыуэу щытащ.

Нэхьыбэу ар кьэзыгьэсэбэпу щытар щ1алэхэмрэ хьыджэбзхэмрэщ.

2 гупым къыхедзэ:

(11 слайд – ленивый мальчик в картинках)

Щхьэхынэм зэрыщ1энак1э :

Уцэ щхьэц бапхъэ, кхъуейжьапхъэ 1упэ.

Бжьыпэ убыд, къаубыдыр зы1эщ1эк1.

К1элъэфыр зи дагъуэ, шэджагъуэрытэдж.

Джак1уэр зи жагъуэ, гъуагъуэр зи ныбэ.

Блэ шэрэз дыкъуакъуэ, ныкъуакъуэ бырт1ым.

Т1ымыжь гурывэ, жьэрывэ бзаджэ.

Къэудж адакъэ, къэдабэ джанэ.

Анэ мыда1уэ, 1уэхуншэ нат1э.

Т1энк1э мыщ1агъуэ, гъуэншэдж лъэпахъуэ.

Хъуэрыр зымыдэ, дэ ц1ынэ 1эпэ.

Пэ теуда, дапхъэм щыгъуащэ.

Пэщащэ лъакъуэ. къуак1э къыдэнэ.

Банэр зыхэуэ, уэуэур зи махуэ.

Хуэмыху фэндырэ, шэдыр зи к1уап1э.

Ят1э лъэгуажьэ, 1эбжьанэ лэныстэ.

Сабын щышынэ, хьэр зыгъэбанэ.

Псысэ хуэмылъэ, тхылъ хэмызагъэ.

Загъэр зымыщ1э, шк1ащ1э къэтэдж.

Мыщхъыдж щитхьэлэ, лэжьэнк1э уашхэу,

Шхынк1э дыгъужьыр, мэрак1уашхэ здэдмышэн!

(12 слайд- мальчики-Драчуны в картинках)

Т1у зэзэуамэ ауан зэращ1ыр:

Мыстрэ Мыстрэ зэзэуа,

Мыст и нак1эр щ1ауда,

Мыстыр щтэри щ1эпхъуэжа,

Мыстхэ дежк1э дэлъэда,

Мыстхэ я хьэр къыхуилъа,

Лъейуэ пщ1ант1эм дэжыжа.

Жэк1э унэм къэк1уэжа.

Дзыгъуэ гъуэмбым и1эба

Езым псори ишхыжа!

Пц1ыупсым зэрыщ1энак1эр :

Мо щ1алэжьыр башыпэк1э мавэ,

И вым уанэ трелъхьэ,

И хьэр псафэ ешэ,

И шым вакъэ щет1агъэ,

Гъэшым шыгъу хедзэ,

И тутыныр къурыкъу,

Къэрэкъурэр и баш

Шыпхъум и щхьэр еупс,

Пц1ы иупсу къек1ухь.

3 гупым къыпещэ гушы1эхэмк1э.

Гушы1эхэр. (еджак1уэхэм жа1э)
Зэныбжьэгъуит1 зэхуэзати, зыр и Хьэм щытхъурт:
-Пщ1эрэ, си хьэр газет йоджэфыр.
Адрейм жэуап къретыж:
-Сощ1э, си Хьэм къызжи1эжащ.

Зэныбжьэгъуит1ыр аргуэру зэхуэзащ:
Зым же1э:
-Си хьэр, щ1ыбым къыщик1ухьауэ къэк1уэжа нэужь, уэзджынэр негъэзури, бжэр ху1узох.
-Сэ си Хьэм уэзджынэр нигъэзуркъым, - же1э адрейм. Абы езым 1унк1ыбзэ1ух и1ыгъщи, бжэр 1уехри ныщ1охьэж.

Как ни говори, а родной язык всегда останется родным. Когда хочешь говорить по душе,

ни одного французского слова нейдет, а ежели хочешь блеснуть, тогда другое дело.

/Великий русский писатель Лев Николаевич Толстой/


Паунежева Залина Хасановна

учитель, 01.09.2012., кабардинский язык и литература. Образование - высшее.

Общий трудовой стаж - 10 лет,

педагогический стаж - 8 лет,

стаж работы в должности учителя - 2 года

Имеет первую квалификационную категорию. Дата аттестации: декабрь 2014

Достижения учителя:

1. Грамота МОУ «СОШ №1 с.п. Куба-Таба (2012 г.) за многолетний добросовестный труд, большой вклад в дело обучения и воспитания подрастающего поколения.

2. Грамота МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба (2013 г.) за многолетний добросовестный труд, большой вклад в дело обучения и воспитания подрастающего поколения.

3. Благодарность МОУ «СОШ №1 с.п. Куба-Таба (2014 г.) за добросовестный труд в системе образования.

4. Грамотой МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба (2013 г.) за подготовку победителей и призёров внутришкольных, районных, республиканских мероприятий.

5. Грамотой МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба (2014 г.) за подготовку победителей и призёров внутришкольных, районных, республиканских мероприятий.

6. Грамотой МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба (2013 г.) за плодотворное руководство методическим объединением кабардинского языка и литературы.

8. Диплом РУО Баксанского района (2014 г.) в муниципальном этапе Республиканского конкурса "Родной язык - душа моя, мой мир" в номинации "Лучший учитель родных языков и литератур основной школы"

9. Диплом I степени в Республиканском конкурсе "Родной язык - душа моя, мой мир - 2014г" в номинации "Лучший учитель родных языков и литератур основной школы "

10. Победитель конкурса муниципального этапа "Учитель года-2015"

Методическая работа:

1. Доклад на РМО учителей кабардинского языка и литературы тему: "Повышение эффективности урока через активное использование современных образовательных технологий на уроках кабардинского языка и литературы."

2. Доклад на МО учителей кабардинского языка и литературы на тему: "Актуальность ИКТ в процессе обучения"

Распространение передового опыта:

1. Мастер - класс в педагогической мозайке по теме: "Использование инновационных технологий преподавании кабардинского языка и литературы"

hello_html_m5a9b7b44.jpg

Бзэм и махуэм ирихьэл1эу Хьэтуей къуажэм курыт еджап1эм _____ классым щек1уэк1а пшыхь.

hello_html_m5a9b7b44.jpg

- Хэку къызыщалъхуам, къызыхэк1а лъэпкъым къыдек1уэк1 адыгэ хабзэ дахэр куу

хъуным, хъумэным елэжьын.

- Я лъэпкъым, я бзэм хуа1э ф1ылъагъуныгъэм зегъэужьын.

Пшыхьым и ек1уэк1ык1эр

  1. Хэзыщэ псалъэмакъ. (Тхьэгъэлэдж Светэ и макъамэ «Бзэрабзэ си

хъыбар псоми фызогъащ1э.

Нобэ махуэ лъап1эщ,

Школым ящ1 унафэ:

Ди еджап1эм щ1эсхэр дэ къыдогъэблагъэ.

Нобэ икъук1э махуэ лъап1эу.

Дэ мы школым дашэ хьэщ1эу.

Езыгъ.: Фыкъеблагъэ, Фыкъеблагъэ!

- Фи махуэ ф1ыуэ, нобэ кърихьэл1а псоми! Нобэрей ди пшыхьыр зытеухуар ди бзэ дахэ, ди бзэ 1эф1, ди бзэ шэрыуэращ.

Адыгэм и хабзэщ сыт хуэдэ 1уэхури хъуэхъук1э къыщ1идзэуи, дэри а хабзэм тету щ1эддзэнщ.

- Ат1э дапщэщ къежьауэ п1эрэ а хабзэ дахэр?

- Хъуэхъур ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадок1уэк1. Хъуэхъуэныр хабзэ дахэщ. Абы пыщ1ар угъурлыгъэрэ акъылыф1агъэрэщ. И ныбжьымрэ и акъылымрэ теухуауэ адыгэхэм мыхъуэхъуэф яхэткъым.

- Адыгэм хьэщ1э и1эмэ, япэ хъуэхъур абы тражы1ыхьу щытщи, девгъэхъуэхъут дэри ди хьэщ1эхэм.

-Ди хьэщ1э лъап1эхэ!

Узыншагъэ быдэ фи1эну,

Фи лъэр здихьам насып здифхьэну.

Нобэ къэфк1уа гъуэгуанэм

Нэхъ гугъехь фымылъагъуу

Куэдрэ ц1ыхухэр вгъэгуф1эу

Усэ ц1ык1ухэр къоджэ

Зджащ нэмыцэр, зэи

Урысыбзэр хъуащ си 1эщэ лъэщ

Ауэ ф1ыуэ слъагъуу адыгэбзэ макъым

И дахагък1э зыри пэмылъэщ

Налкъут щыгъэу ар къызэролъэлъыр.

Жэнэт бзууэ къо1ущащэр зэм…

Си лъэпкъ уардэ – Нобэ ф1ыуэ слъытэм

И къежьап1эр ди уахътыншэ бзэрщ.

Езыгъ: Дэ си1эщ анэдэлъхубзэ дахэ, шэрыуэ, купщ1аф1э.Ар адыгэбзэщ. Ди адыгэбзэр бзэ нэхъ жьы дыдэхэм ящыщщ.

- Сэ сыадыгэщ! – жызы1э дэтхэнэми ищ1эну и къалэнщ адыгэбзэр, сыт щхьэк1э жып1эмэ ар абы и лъым хэтщ, и анэдэлъхубзэщи, къыдалъхуащи.

Бзэр щымы1эм, щы1экъым лъэпкъри. Бзэ нэхъыбэ пщ1эху, уи акъылым зеужь, гъащ1эм ухэплъэ уохъу. Нэгъуэщ1ыбзэ пщ1эмэ адыгэбзэр зыщыбгъэгъупщэн хуейуэ аракъым. Аращи дывгъэбзэрабзэ ди бзэр!

Езыгъ : Упсэу уэ куэдрэ!

Уэрщ лъэпкъым и лъабжьэр.

Упсэу уэ куэдрэ!

Уэ уди1эщ шабзэу

Упсэумэ, ди лъэпкъыр псэунщ.

(Мэзым и макъ къо1у)

Езыгъ.: Щ1ып1э куэдым щикъухьащ ди адыгэхэр. Сыту гуапэт а къомыр зыуэ зэгъусэу культурэми, бзэми, зэрагъэузэщ1у щытыну. Дэнэ ущымы1эми, уадыгэщ.

Къапщтэмэ, псоми а зы бзэр т1урылъщ, дэтхэнэм къыжьэдэк1ри ди адыгэбзэ шэрыуэщ, блэ шэрэзыр къыхэмыхьэну дэтхэнэми дгъэдахэрщ. Ауэ а ди бзэм и гъуджэр ик1и я фащэр ди япэ ита ц1ыхухэмрэ абыхэм жа1а псалъэхэмрэщ. Ахэр ди адыгэ 1уэры1уатэм хыхьэ псалъэжьхэмрэ, жы1эгъуэхэмрэщ . Псалъэжьхэм лъэпкъым и гупсысэк1эр, и дуней еплъык1эр л1эщ1ыгъуэк1э щызэхуэхьэсащ. Псалъэжьхэр нобэми ди культурэм, ди гъащ1эм хэпщауэ, нэхъыщ1эр ягъэ1ущу, нэхъыжьыр яущийуэ щытщ. Дэри нобэ абы гъунэгъу зыхуэтщ1ынщ. Абык1э дэ къыддэ1эпыкъунщ ди еджак1уэ ц1ык1ухэр. (сабийхэм псынщ1эрыпсалъэ, псалъэжьхэр жа1э)

Ц1ык1ухэм псалъэжьхэр жа1э

- Бзэр джатэм нэхърэ нэхъ жанщ

- Адыгэ хабзэр адэ щ1эинщ

- Адыгагъэр – нэмысщ, нэмысыр – насыпщ.

- Адэр дэм хуэдэщи, анэр нэм хуэдэщ

- Уи адэ и щ1ап1э гъэдахэ, уи анэ дахэу епсалъэ.

- Адыгагъэ мыщ1э адыгэбзэ щ1экуъщ.

- Адыгагъэр къалэнщ, армыхъумэ 1уэхутхьэбзэкъым.

- Еблагъэ зи бэм и бын мэжал1экъым

- Псэм ф1э1эф1ыр, нэм ф1эдахэщ

- Бзэгур шэм нэхърэ нэхъ жэрщ

- 1ущыр щэ мэчэнджащэ

- Акъыл к1эщ1ыр бзэгу к1ыхьщ

- Акъылыр къалэнкъым, хабзэр убзэныркъым.

- Пшынауэр бгъунлъэм, лъэпкъыр мэук1ытэ.

Ди анэбзэу-ди адыгэбзэр ф1ыуэ зэрытлъагъур, зэрыдгъэшэрыуэр къыджезы1энур псынщ1эрыпсалъэхэрщ. Псынщ1эрыпсалъэхэр жы1эгъуей щхьэк1э, бзэр къута хъунымк1э сэбэпышхуэщ, щ1эныгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэм я къихып1эщ. Девгъээда1уэт – т1э абыхэм.

- Жьэгум дэлъ яжьэ жьэражьэм л1ыжь жьак1эхум кхъужь мыхъу пэрихъумащ

- Зазэ и зэзыр зэзэмызэ мэуз.

- Пыжь пызу пыту щыту жыг.

- Щак1уэ щ1алэм щ1ак1уэ щ1агъым щ1акхъуэ ныкъуэ щ1элъу щ1ихри щ1эк1ыжащ.

- Щ1алэ щ1акъуэр щ1ыунэм щ1ыхьэри щ1ак1уэ щ1агъым щ1элъ щ1акъуэ ныкъуэр щ1ихри ещ1экъуауэурэ щ1эк1ыжащ.

- Гъук1эр бгъук1э къалъэри пк1элъейм дэлъеижащ

- Мыщэр пэщащэурэ мащэм ищэтащ

Езыгъ.: 1уэры1уатэм и ф1ып1эщ къуажэхьхэри. Ахэр зэгъэк1уауэ, шэрыуэу, зэгъэщ1эгъуаф1эу гъэпсащ. Къуажэхьхэм къуагъащ1э лъэпкъым и акъылымрэ и гулъытэмрэ здынэсыр. Ижь-ижьыж лъандэрэ ц1ыхухэм пщыхьэщхьэрэк1э лэжьыгъэ нэужьым зыщагъэпсэхук1э къащ1эу щытащ а къуажэхьхэр. Ат1э къэфщ1эфыну п1эрэ фэри ахэр. Девгъэплъыт, ди хьэщ1э лъап1эхэ.

- Сэ сыхуейт зыхуэзгъэзэну ди хьэщ1эхэм. Класс къэсыхук1э ц1ыху т1урыт1 фыкъыдогъэблагъэ ди сценэм. Дызэпеуэнщ класск1эрэ, тек1уэм саугъэт къелэжь.

Феплъыт мы къуажэхьхэр къыфхуэщ1эмэ:

  1. Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ. ( Набдзэ)
  2. Зэкъуэшитху док1уейри бырт1ым ц1ык1у къап1ыт1 . ( 1эпхъуамбитху, пэ)
  3. Дзэ уз зымыщ1э, дзэ куэд зы1ут. ( Пхъэх)
  4. Зи щхьэр матэ, зи к1эр топ. ( Аслъэн)
  5. Хьэуазэ и къуэ щ1ыбыбгъуэ. ( Щ1акхъуэ)
  6. Нэ ц1ык1у, пэ ц1ык1у, тэн ц1ык1у зыщыгъ. ( Дзыгъуэ)
  7. Вакъэ лъапэ к1ыхьу мэз щ1ыхьэрей. ( 1эжьэ)
  8. Щ1ым и 1эф1ыр къыщ1эзыш, шэм и хужьыр къызэрыж, жылэр зыгъэунэ, быныр къэзыгъатхъэ. ( Нартыху)
  9. Банэ топу зи пэр т1ей (цыжьбанэ)
  10. Зи пэр папц1э, зи к1эр гъуанэ (мастэ)
  11. К1уэ пэтми бжьиз зымык1у (гущэ)
  12. Вагъуит1 яку 1уащхьэ (пэ)
  13. Ди гуэн ц1ык1у лы изщ (1эпхъуалъэ)

- Езыгъ : Фыпсэу, хъарзынэу фыкъыздэлэжьащ. Ик1и т1эк1у зыдывгъэпсэху. Абык1э дэ къыддэ1эпыкъунщ ди пэщ1эдзэ классым щеджэ ди еджак1уэ ц1ык1ухэм я къафэр. Къедывгъэблагъэ!

  • Хэт, ц1ык1ухэ, фэ фщыщу къебжэк1ым хуэ1эзэр, хэт и жьэнахуагъэм дык1элъигъэплъын?

Т1ум къебжэк1 жа1э:

  • Си къаз пльэгъуа? - Вындыр-щэ?
  • Слъэгъуащ. - Жыгым пысщ.
  • Дэнэ к1уа? - Жыгыр-щэ?
  • Абгъуэм исщ. - Уэщым иреупщ1э.
  • Сыт къиук1эц1? - Уэщыр-щ1э?
  • Джэдык1э. - Пщ1ащэм хэлъщ.
  • Хэт ишх? - Пщ1ащэр-щэ?
  • Мэлыхъуэм. - Лыгъэм ес.
  • Сыт къыдит? - Лыгъэр-щэ?
  • Хъурыфэ. - Псым егъэунк1ыф1.
  • Хэт игъэтэдж? - Псыр-щэ?
  • Тэджырей. - Хьэм иреф.
  • Хэт ибз? - Хьэр-щэ?
  • Бзэрей. - Л1ым щ1ыгъущ.
  • Хэт ид? - Л1ыр-щэ?
  • Дэрей. - Мэкъу йоуэ.
  • Хэт щит1агъэ? - Мэкъур-щэ?
  • Уи шыпхъум. - Шхалъэм дэлъщ.
  • Дэнэ ук1уэ? - Шхалъэр-щэ?
  • Хьэщ1ап1э. - Жэмыр бгъэдэтщ.
  • Сыт къраугъэшх? - Жэмыр-щэ?
  • Щыхь куц1рэ фо - П1ап1у къехь.
  • Си 1ыхьэр-щэ? - Джэдум иреф.
  • Гъуанэм илъщ. - Джэдур-щэ?
  • Илъыжкъым. - Гъуанэм исщ.
  • Дэнэ к1уа? - Гъуанэр-щэ?
  • Вындым ишхащ. - Уэ уисыжщ.
  • Дунейм тетым сыт нэхъ дахэ?
  • -Адыгэ хъыджэбзырщ.
  • -Абы нэхъ дахэжыр сыт?
  • -Адыгэшу къабзэрщ.
  • -Адыгэшыр зыгъэдахэр сыт?
  • -АдыгэлI губзыгъэращ.
  • -Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?
  • -И бзэрщ- адыгэбзэрщ.

Езыгъ: Адыгагъэр дэни къыщыхощыр, ди адыгэ уэрэдхэми, ди усак1уэ, тхак1уэ 1эзэхэм я 1эдакъэщ1эк1хэми. Девгъэда1уэт-т1э абыхэм.

(ц1ык1ухэр усэ къоджэ)

Адыгэбзэ – си анэбзэ

Си лъэпкъым и псэр

Сэри ди Тхьэшхуэм къыс1урилъхьащ.

А бзэм нэхъ лъап1э

Бэзэр 1уэхухэр мыхъумэ, нэгъуэщ1 гуэрхэм

Ар жызы1эм, ахэр зи жьэ къек1уэм,

И анэ быдзышэр ещ1 хьэрэм.

Зи бзэр нэгъуэщ1ыбзэк1э зыхъуэжым,

Сыт имыхъуэжыну къыхуэнэн?

Лъэпкъым и хабзэр хэкIуэдэжат

Ауэ, упсэумэ, анэдэлъхубзэ,

Адыгэ хабзэри мыкIуэдыжынщ.

Адыгэ хабзэр дзапэ уэрэдкъым,

Дыхуэмеижуи, IэщIыб тхуэщIынкъым.

Адыгэ хабзэр-ар анэдэлъхущи

Ди псэр пытыхукIи, дэ дгъэзэщIэнщ.

Езыгъ: Адэк1э ди пшыхьым уэрэдк1э къыпащэнщ ди езанэ классым щ1эс еджак1уэ ц1ык1ухэм.

Езыгъ: Ди пшыхьым и пэм деж зэрыжыт1ащи, адыгэм и сыт хуэдэ 1уэхури хъуэхъук1э къыщ1едзэ,хъуэхъук1и еух. Дэри а хабзэм дытету дыхуейт ди пшыхьым ик1эм деж ди адыгэ лъэпкъым дынывэхъуэхъуну.

(ц1ык1ухэм хъуэхъу жа1э)

Ди гур хуабэ къысхуэфщ1ащ,

Псалъэ дахи зэхэтхащ,

Бзэми дэ зедгъэужьащ,

Ныбжьэгъу куэди къэдгъуэтащ.

Саугъэту дэ хъуэхъу дахи нывжет1ыну дыхуежьащ.

Уафэ джабэр ди унэ бжыхьу,

ЩIым и лъащIэр дитIысыпIэу,

Ди анэ-адэхэр псом хуэмыдэу тлъытэу,

Ди зэхуаку дэлъыр гулъытэу,

Дызытеувэр щIы фIыцIэ щабэу,

Адыгэ Хабзэр ди щIэблэм едгъащIэу,

Шыгъу пIастэм зыщыдмыгъащIэу,

ФIы щIэным дыхуэпIащIэу,

Нэщхъеягъуэхэр ди мащIэу,

Адыгэ цIыхухэр щэджащэу,

Уз бзаджэхэм дыгъуасэр я мащэу,

Жьы угъурлыхэр къытхуепщэу,

Ди Iэнэм тетыр тхъущIэжу,

Ди тхыдэ телъыджэр тщIэжу,

Ддэр цIыхугъэрэ напэу,

Адыгэ Хэкум и Iуэхур тфIэнэхъапэу,

ЗэгурыIуэныгъэр ды зэхуакум щыбатэу

Ди псыежэххэм я щIагъыр мывэкIэщхъыу,

Адыгэ лъэпкъыр Тхьэм дигъэпсэу.

Езыгъ : Зыузэщ1, еф1ак1уэ, си лъэпкъ дахэ!

Бзэрабзэ си бзэу адыгэбзэ!

Узыншэу, ди щIэблэ Iумахуэ!

Еф1ак1уэ, гъагъэ адэжь лъапсэ!

Ет1энэгъэ ф1ык1э, си адыгэ махуэ!

Слайды и текст этой презентации

ФIэхъус апщий, щIылъэр гуфIэу
Зи IэфIыгъэм дэуша,
Бзу гъэфIахэр зи пшынауэу
Дунейр гуапэу зыпежьа!

Гъатхэ

Мэлыжьыхь

Накъыгъэ

Псалъэжьхэр нэвгъэсыжГъатхэ уафэр…Гъатхэм тумысар…Гъатхэм жеяр…Гъатхэпэ уэгъурэ…Гъатхэм пасэу пщIэр…ГъэфIым умыгъуэтар…Гъатхэ унэ…

Гъатхэ уафэр…
Гъатхэм тумысар…
Гъатхэм жеяр…
Гъатхэпэ уэгъурэ…
Гъатхэм пасэу пщIэр…
ГъэфIым умыгъуэтар…
Гъатхэ унэ…

Гъатхэр гъэгъа нэгумэ…
Гъатхэм умыгъэтIылъа…
Гъэр гъэфIмэ…
Зы гъатхэ махуэм …
Гъатхэ удз къэкIагъащIэр къипфыщIыкIыну фIыкъым…

Гъатхэ уафэр гъуанэщГъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжыркъым Гъатхэм жеяр бжьыхьэм мэгъыжГъатхэпэ уэгъурэ бадзэ уэгъуэ уэлбанэрэГъатхэм пасэу пщIэр бжьыхьэм

Гъатхэ уафэр гъуанэщ
Гъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжыркъым
Гъатхэм жеяр бжьыхьэм мэгъыж
Гъатхэпэ уэгъурэ бадзэ уэгъуэ уэлбанэрэ
Гъатхэм пасэу пщIэр бжьыхьэм и гъуэу мэхъу
ГъэфIым умыгъуэтар гъейм бгъуэтыжыркъым
Гъатхэ унэ гъуанэщ

Гъатхэр гъэгъа нэгумэ, бжьыхьэр гъавэ гупл1эщ Гъатхэм умыгъэтIылъа бжьыхьэм къэпщтэжыркъым Гъэр гъэфIмэ пшагъуафэщЗы гъатхэ махуэм щ1ымахуэ псо

Гъатхэр гъэгъа нэгумэ, бжьыхьэр гъавэ гупл1эщ
Гъатхэм умыгъэтIылъа бжьыхьэм къэпщтэжыркъым
Гъэр гъэфIмэ пшагъуафэщ
Зы гъатхэ махуэм щ1ымахуэ псо уегъашхэ
Гъатхэ удз къэкIагъащIэр къипфыщIыкIыну фIыкъым, уи адэм и жьак1э къыбофыщ1ык1ыж


МафIэщхьэтыхьыр ди еджапIэм

МафIэщхьэтыхьыр ди еджапIэм

Масленица – ЩIымахуэр егъэжьэжын

Понедельник- Встреча

Лакомка

Разгул

Проводы

Проводы

Проводы

Г ъ а т х э

Тхьэгъэзит Зубер 1934гъ.

Псалъэ гугъухэрГъэрэ щIырэ зэхокI-щIымахуэр йокI гъатхэр къохьэ.Уей-щIыIэ.ЗэрыхэмыгъащIэ-зэрытемыгъакIуэ.Вагъэбдзумэ-щывэкIэ пхъэIэщэм къыгуихыу сатыру игъэтIылъ щIы.ЛъэкI къамыгъанэу ягъахъэ-зэралъэкIкIэ зоныкъуэкъу, зобэнхэр

Гъэрэ щIырэ зэхокI-щIымахуэр йокI гъатхэр къохьэ.
Уей-щIыIэ.
ЗэрыхэмыгъащIэ-зэрытемыгъакIуэ.
Вагъэбдзумэ-щывэкIэ пхъэIэщэм къыгуихыу сатыру игъэтIылъ щIы.
ЛъэкI къамыгъанэу ягъахъэ-зэралъэкIкIэ зоныкъуэкъу, зобэнхэр






Пробуждение











Художественнэ-изобразительнэ Iэмалхэр. КъэгъэпсэуныгъэТэрч къыхедзэ уэрэд кIыхьырДеипс цIыкIур йожьу ТэрчПапщэу щатэу.

Къэгъэпсэуныгъэ
Тэрч къыхедзэ уэрэд кIыхьыр
Деипс цIыкIур йожьу Тэрч
Папщэу щатэу.

Читайте также: