Сочинение по кабардинскому языку бэдынокъуэ

Обновлено: 05.07.2024

Урок: Кабардинская литература.Тип урока: Подготовка к сочинению.

Цель урока: Активизация учебной и творческой деятельности учащихся средствами литературы, народного фольклора музыки, искусства, обеспечение обще культурного и музыкального развития путем постижения народных традиций.

ВложениеРазмер
plan_konspekt_poema_madina.docx 227.16 КБ

Предварительный просмотр:

МКОУ " ООШ №4 Г.П.Терек" адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и егъэджак1уэ Мамий Альбинэ.

Учитель:Мамиева Альбина Артуровна.

Урок: Кабардинская литература.

Дата проведения: 06.02.2015год.

Место проведения: МКОУ ООШ №4 ГП Терек, 9класс.

Тип урока: Подготовка к сочинению.

Цель урока: Активизация учебной и творческой деятельности учащихся средствами литературы, народного фольклора музыки, искусства, обеспечение обще культурного и музыкального развития путем постижения народных традиций.

Задачи:

2. Развитие эстетического вкуса учащихся. Способствовать развитию интеллектуальных умений и навыков, диалектического мышления, памяти.

3. Способствовать мыслить, осознавать и доказывать мнение, не забывая своих традиций, воспитывать любовь к искусству горцев, музыке, к родной литературе, к народной музыке. Выбор структуры урока был сделан соответственно типу урока.

Этапы урока

2. Этап проверки домашнего задания.

3. Подготовка учащихся к работе на основном этапе.

4. Основной этап.

6. Подведение итогов.

На уроке использованы следующие методы обучения: поисковые, исследовательские. Методы контроля: устные, письменные, групповые, индивидуальные.

Всю работу на уроке я спланировала, учитывая психологические и возрастные особенности класса и рекомендации психолога школы.

На следующем этапе учащиеся провели поисково-исследовательскую работу. Продемонстрировали любовь к музыке, к искусству, к литературе, к обычаям и традициям адыгского народа. Содержание урока способствует всестороннему развитию личности.

Мурадыр: 1. Адыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэныр Мадинэ и образым къызэрыхэщыр.

2. Пасэ зэманым псэуа адыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэнымрэ нобэрей адыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэнымрэ зэгъэпщэн. 3.Еджак1уэхэм я гупсысэр тэмэму зык1элъахьыфу гъэсэным елэжьын.

Ц1ыхубзыр гъащ1эм и дыгъэщ, ц1ыхубзыр дунейм и мазэщ.

I.Урокымхуэгъэхьэзырын

Егъ.:Фи махуэ ф1ыуэ!

Егъ.:Мы фызэдэ1уа произведенэм хэт щыгъуазэ? Сыт хуэдэ оперэм щыщ мы пычыгъуэр? Сыт хуэдэ художественнэ тхыгъэм тращ1ык1ыжа мы тхыгъэр?

Eгъ.:Хэт ар зыгъэзащ1эр?

5-нэ слайдыр къэгъэлъэгъуэн.

Къэхутэныгъэ лэжьыгъэ. Презентацэ еджак1уэхэм ящ1ын.

Бэгъэтыжь Светэ- уэрэджы1ак1уэ 1эзэщ. Къэбэрдей - Балъкъэрым и щ1ыхь зи1э уэрэджы1ак1уэщ.

Егъ.: Сыт хуэдэ гупсысэхэр къытхуигъэушрэ мы пычыгъуэм дыщеда1уэк1э?

Егъ.: Гук1э зэхэфщ1ауэ п1эрэ поэмэм и пычыгъуэмрэ макъамэм и зэпыщ1эныгъэмрэ?

3-4 слайдхэр къэгъэлъэгъуэн. Къэхутэныгъэ лэжьыгъэ. Еджак1уэхэм презентацэ ящ1ын.

Къардэн Хьэсэн къэгъэлъэгъуэн. Къардэн Хьэсэн Къэбэрдей-Балъкъэрым и композитор ц1эры1уэщ. Ар февралым и т1ощ1рэ щым Шэджэм езанэкъуажэм 1923 гъэм къыщалъхуащ. Ленинград дэт консерваториер къиухащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гимнырзыхилъхьащ.

Егъ.: Щоджэнц1ык1у Алий и ц1эр зезыхьэ театрым щагъэувауэ щытащ спектакл.Феплъамэ,хэтсымэ л1ыхъужь нэхъыщхьэхэм я ролхэр зыгъэзэщ1ар? Фц1ыхуу п1эрэт ахэр?

Едж.:Мадинэ и ролыр игъэзэщ1ащ Бэгъэтыжь Светэ.Заур и ролыр игъэзэщ1ащ Жылокъуэ Мухьэмэдин.

Егъ.:Сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр къыхэщрэ мы тхыгъэми?

Едж.: Ц1ыхубзым хьэм хуэдэу зэрыхущытар, пщ1э зэримы1ар.

Егъ.:Адыгэ ц1ыхубзым и образ зэмыл1эужьыгъуэхэр къыщызэригъэпэщащ Щоджэнц1ык1у Алий ди литературэм. Дэ ди къалэнщ абы итха тхыгъэхэм щыгъуазэ зытщ1ыну, абыхэм пщ1э яхуэтщ1ыну. Абы къыхэк1ыуи урокым дэ нобэ къыщызэдгъэпэщащ Щоджэнц1ык1у Алилй и тхыгъэхэм теухуа тхылъ (выставкэ). Мыбы фэ щыгъуазэ щызыхуэфщ1ыфынущ тхак1уэм и гъащ1э гъуэгуанэм, абы итха тхыгъэхэр зытеухуа 1уэхугъуэхэм. Гъащ1эм и дахагъэр зыхэфщ1эфу фыхуэзыгъэсэн куэди къыхэфхынущ.

Егъ.:Щоджэнц1ык1у Алий Мадинэ и образыр телыджэу къигъэлъэгъуащ. Унэм щывгъэхьэзыра Мадинэ и сурэтхэм фытхутепсэлъыхь.

II.Унэ лэжьыгъэр

Едж. сурэтхэм топсэлъыхь. Мы сурэтым сэ къыщызгъэлъэгъуащ адыгэ ц1ыхубзым и дахагъэр, и къабзагъэр.

Едж.:Мадинэ1эсэщ, сабырщ, хьэл-щэндахэ хэлъщ.

Егъ.:Хъарзынэу фи сурэтхэм фытхутепсэлъыхьащ.

Егъ.: Искусствэри, живописри, литературэри- ахэр псори ц1ыхум игупсысэр къызэра1уатэ 1эмалщ. Ди Хэкумсурэтыщ1 1эзэ куэд исщ. Абыхэм ятеухуа фэ вгъэхьэзыра лэжьыгъэхэмфыкъытхуеджэ.

Ет1уанэ гупым я къэхутэныгъэ лэжьыгъэ. Презентацэ.

Сурэтыщ1 К1ыщ Мухьэдин тепсэлъыхьын. К1ыщ Мухьэдин сурэтыщ1 1эзэщ. Абы и лэжьыгъэхэр дуней псом щыц1эры1уэщ. Ар Шэджэм къуажэм 1939 гъэм къыщалъхуащ. Ленинград дэт университетыр къиухащ. 1973 гъэм тхак1уэхэм я союзым хагъэ хьащ. Абы Мадинэ и сурэтыр ищ1ащ.

Егъ.: Аращи, гуры1уэгъуэ хъуауэ къыщ1эк1ынщ Щоджэнц1ык1у Алийи поэмэм и темэ нэхъыщхьэр.Мурадыр.

1. Адыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэнырМадинэ и образым къызэрыхэщыр.

2. Пасэ зэманым псэу аадыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэнымрэ нобэрей ц1ыхубзым и хьэл-щэнымрэ зэгъэпщэн.

3. Еджак1уэхэм я гупсысэр тэмэму зык1элъахьыфу гъэсэным елэжьын.

III. Урокым и 1ыхьэ нэхъыщхьэм хуэгъэхьэзырын

9-слайд къэгъэлъэгъуэн. Зэрызэпкърах упщ1эхэр.

1. Адыгэ ц1ыхубзыр хэт и образымк1э поэмэм къыщыгъэлъэгъуа ик1и сыт хуэдэу къэгъэлъэгъуа?

2. Адыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэн удэзыхьэхыу Мадинэ хэлъыр сыт?

3. Мадинэ насыпыф1э хъуным хэт сымэ зэран къыхуэхъуар?

4. Гъащ1эм щек1уэк1 залымыгъэм хуэдэ 1эмалхэмк1э пэуврэМадинэ?

5.Сыт абы хузэф1эк1ар?

6. Мадинэ и образыр сыт щ1элъап1эр?

Егъ: Дауэ иухрэ поэмэр?

Едж:Мадинэ Пылыжь Джэрий док1уэ. Ар насыпыншэмэхъу. И къуэ закъуэр ц1ыхубз уэчыл хъуну щогугъу. Мадинэ апхуэдэ гъащ1эмк1э арэзыкъым. Ар зэныкъуэкъужурэ сымаджэ мэхъури мал1э.

Егъ:Мадинэ зыхэпсэук1а зэманыр игъащ1эм сытк1э зэранхуъхъуа?

Едж: Вывод. Феодализмэр трахыжа щхьэк1э къэмынэу, а зэманым псори зи 1эмыщ1э илъу щытахэр мылъку зыбгъэдэлъхэмрэ къулейхэмрэт.

Егъ: Пасэ зэманым псэуа адыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэным рэнобэрей ц1ыхубзым и хьэл-щэнымрэ зэщхьу п1эрэ? Зэдывгъапщэт. Едж:Ди зэманым ц1ыхубзыр щхьэхуит хъуащ, я пcэук1эри нэхътынш хъуащ.

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худи I э лъагъуныгъэр дызэрыц I ык I у лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджак I уэхэм.

Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф I ыц I эмрэ я зэхуаку дэлъ щ I ыналъэм зыл I и быну, лъэпкъ пщык I ут I у зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу. Адыгэхэр зэик I зауэ-банэк I э зэралъэфэл I а мылъкук I э, е нэгъуэщ I лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщыл I у абы и пщ I энт I эпск I э псэуакъым. Ат I э ахэм гъавэ хасэт, I эщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я гуащ I э къабзэ, хьэлэлк I э псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщ I э хуащ I у, пагагъэр я бэу, л I ыгъэрэ хахуагъэрэк I э, пэжыгъэк I э дуней псом ц I эры I уэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.

Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтык I э дахэ я I эт. Дэтхэнэ ц I ыхуми и хэкум нэхъапэ и I экъым, уеблэмэ и гъащ I эм япэ ирегъэщ.

C и хэкууэ дыщэ губгъуэ,

Гъащ I эщ I эм и епэр!

Кавказым и щ I ы ф I ыгъуэ,

Уи теплъэм I эф I ещ I псэр!

Си Хэку дыщэ! Сыту ф I ыщэу услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемы I э щымы I эу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ псори ф I ыуэ зэролъагъу ик I и зэдэ I эпыкъуу зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам ц I ыху псори, зым хуэдэу, къызэщ I этэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, ик I и кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.

Сыт хуэдэ I уэху яужь симытми , зэпымыууэ согупсыс , си къарум къызэрихьк I э си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщ I эным . Хэкум къулыкъу хуащ I эмэ , мамырыгъэм хуэлажьэу арщ . Мамырыгъэр ди дежк I э гъащ I э насыпыф I эщ . Дэ дыхуейщ ди ц I ыхухэм я гъащ I э насыпыф I эр махуэ къэс нэхъри нэхъыф I, нэхъ тынш , нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну . Аращ къулыкъу зыщ I эхэр псэемыблэжу щ I ыхущ I экъур къэралу щы I эр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным . Къулыкъу зыщ I э куэдым я гъащ I эр л I ыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум

папщ I э ят . Хуей хъууэ щытмэ , сыхьэзырщ си Хэку лъап I эм папщ I э си псэр стыну .

Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ .

Сэ сынасыпыф I эу зызолъытэж , сыту жып I эмэ си Хэку лъап I эм сисыжщи . Зи Хэку имысыж ц I ыхур тхьэмыщк I эщ. И Хэкум зи псэр хуемы I э щы I экъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмы I эси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэк I э жыдо I эф. Адэжьхэм я псэр зыщыхуарзэ хэкужьым къэмык I уэным щ I эмыхъуэпс хэхэсу псэу ди дэлъхухэм, шыпхъухэм зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын хуейщ. Дэнэ щ I ып I э щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.

Нажмите, чтобы узнать подробности

Бзэрабзэ, си бзэ дахэу, адыгэбзэ!

Мурадхэр: - ЦIыхум и анэдэлъхубзэм нэхърэ нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр псэкIэ еджакIуэхэм зыхегъэщIэн;

- Я бзэм пщIэ хуащIу, фIыуэ ялъагъуу, ирипсалъэу, Iуэху иризэрахьэу, я гупсысэ хуиту къраIуатэу егъэсэн;

Адыгэ макъамэ дахэ къеуэу композицэр езыгъэкIуэкIынум къыщIедзэ.

Сэ соупщIыр, сэ соупщI дыгъуасэм,

Тхыдэм и дыгъуасэ гум и щIасэм:

- Яхъумахэр сыт ди адыгэлIхэм,

Я псэ IэфIыр мафIэм щыпэралъхьэм?

Зыщ жэуапыр: ар адыгэ напэщ,

ГъащIэм елъэпIэкI адыгэ напэщ.

Ноби си гум арщ щIигъэнэхъапэр

Си адыгэ, си адыгэ напэр.

Сэ соупщIыр, сэ соупщI си махуэм,

Си нобэрей махуэ гум и нэхум:

- Зыхуэлажьэр сыт си гуащIэ мащIэр,

СыщIэпагэ мы си лъэпкъ гумащIэр?

Зыщ жэуапыр: ар адыгэ напэщ,

ГъащIэм елъэпIэкI адыгэ напэщ.

Ноби си гум арщ щIигъэнэхъапэр

Си адыгэ, си адыгэ напэр.

Сэ соупщIыр, сэ соупщI си гъащIэм,

Си къэкIуэну гъащIэ нуру сфIэщIым:

- Къытезнэнур сыт си лъахэ дыщэм,

Сыпсэну сэ сащымыгъупщэу?

Зыщ жэуапыр: ар адыгэ напэщ,

ГъащIэм елъэпIэкI адыгэ напэщ.

Ноби си гум арщ щIигъэнэхъапэр

Си адыгэ, си адыгэ напэ!

Джэдгъэф Борис.

Езыгъэк1уэк1ым: 2. Къыщалъхуа махуэм щыщ1эдзауэ ц1ыхум зэхехыр анэм, адэм, адэшхуэ – анэшхуэхэм я макъ. Псалъэхэр имыщ1э щ1ык1э сабийм макък1э къиц1ыхуу хуожьэ махуэ къэс илъагъу, игъунэгъу ц1ыхухэр. Ауэрэ псэлъэфу, къэзыухъуреихь дунейр зыхищ1эу щ1едзэ. Щ1эныгъэл1хэм къызэрахутамк1э, сабийм илъэсибл ныбжьым щитым псалъэу нэхъыбэ дыдэ зэрегъащ1э, игу иреубыдэ, адэк1э къигъэщ1эну и гъащ1э псом нэхърэ. Аращи, абы щыщ1эдзауэ, ц1ыхум и бзэм лъагъуныгъэ хуи1эу къэгъэтэджын хуейщ. Ауэ сытми жа1эркъым, щ1эныгъэ уимы1эу упсэуфынущ, ауэ бзэр умыщ1эу упсэуфынукъым. Пэжщ ар иджыи.

Езыгъэк1уэк1ым: 3. Къызэрахутамк1э, бзэуэ миних (6 тыс.) щы1эщ. Абы и ныкъуэр хэк1уэдэжыным нэсауэ щытщ, сыт щхьэк1э жып1эмэ ц1ыху ирипсалъэкъым, нобэр къыздэсым тхыгъэ зимы1э лъэпкъи хэтщ, псалъэм папщ1э, Африкэм и ц1ыхухэм щыщу процент 80% -м иджыри я1экъым тхыгъэ. Илъэс къэс бзэуэ пщ1ы (10) хок1уэдык1, мэк1уэдыж. Гуры1уэгъуэщ, бзэр к1уэдыным нэхърэ нэхъ гузэвэгъуэ зэрыщымы1эр, сыт щхьэк1э жып1эмэ абы и гъусэуи лъэпкъри мэк1уэд.

Езыгъэк1уэк1ым: 4. А гузэвэгъуэр къамыгъэхъун е нэхъ мащ1э ящ1ын папщ1э, бзэр ц1ыхум ф1ыуэ егъэлъагъун, егъэджын, егъэщ1эн, хъума хъун мурадк1э 2000 гъэ лъандэрэ ЮНЕСКО –м, мазаем и 21 махуэр бзэхэм я махуэу траухуауэ ягъэлъап1э. Дэри мы тхьэмахуэм абы теухуауэ едгъэк1уэк1ащ 1уэхугъуэ зыбжанэ , ик1и ахэр псори къызэщ1эткъуэжу нэбэ, бзэм и махуэм, литературно – макъамэ композицэри, зэрыжыт1ащи, абы тедухуащ.

5. Анэдэлъхубзэу бзэм я лей!

Ди гущэ къуапэм и уэрэд,

Укъыддалъхуащи ди псэм ухуэдэщ.

Ди адыгэбзэ, уей!

6. – Дунейм щынэхъ дахэр сыт?

- Абы нэхъ дахэжыр сыт?

- Адыгэ шу къабзэрщ!

- Адыгэшыр зыгъэдахэр сыт?

- Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?

- И бзэр – адыгэбзэрщ!

Бэзэр 1уэхухэр мыхъумэ, нэгъуэщ1 гуэрхэм

Ар жызы1эм, ахэр зи жьэ къек1уэм,

И анэ быдзышэр ещ1 хьэрэм.

Зи бзэр нэгъуэщ1ыбзэк1э зыхъуэжым,

Сыт имыхъуэжыну къыхуэнэн?

Дэ ар хэдмыгъэкIуэдэжу едгъэфIакIуэу, дгъэлъапIэу, зедгъэужьу, ипэкIэ дгъэкIуатэу дыпсэун хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ адыгэбзэр лIэщIыгъуэ куэдкIэрэ лъэпкъым гъащIэм къыкIуэцIрихауэ, химыгъэкIуэдэжу, иригъэфIакIуэу, зригъэужьу къогъуэгурыкIуэ.

Си анэдэлъхубзэ, зэкъым уэ губгъэну

ЗэрыпхужаIахэр нэху къыптемыщхьэну,

ЖаIэрт убзэхыну, жьым зэрихьэ бгъэну,

КъалэкIыхьым адкIи сыфIумышыфыну.

Ауэ, зыпIэтащи, бгъэхэм уохьэуохуэ.

Тэрчым и псыпыхуу мыкIуэщIыжщ уи псалъэр.

Шууейр и уанэгум нобэ щогъэхахуэ,

Тхуожумарт сыт IуэхукIи уэ Iущыгъэу пхэлъыр.

ЗашэщIащ уи гъуэгухэм, къэрал Iэджэм нэсу.

НэгъуэщIыбзэ жылэхэр зыхэплъхьащ бэвыгъэу.

Фыздопсэу бзэ Iэджэ нобэ зэнэзэпсэу.

Сэри сегъэусэ пхэлъ уи шэрыуагъэм.

Си анэдэлъхубзэ, узианэщ - ушэ,-

Анэр зэи хъуркъым гущэ уэрэдыншэ.

ЩоджэнцIыкIу Iэдэм.

11. Бгы лъапэм къыщIэж нартсанэу къабзэ, анэ быдзышэу къэуат, хьэуа пэлъытэу узыпхыплъыф, налкъут – налмэсу гъэжа, дыщэ плъыжьым ефIэкI, Iущыгъэ инхэр къызэIузых, зи жылакIэр, кIуэдыж яфIэщIми, бэурэ къэкIыж, тенджызым имытхьэлэф, гурыщIэ куухэр зэрыIуах IункIыбзэ, бийм игу изых, анэ гущабэу къодэхэщIэф, пэж зэраIуатэ, лъагъуныгъэбзэкIэ дахащэ.

12. Уэ урибзэщ нарт Бэдынокъуэ, лIыгъэм сыт щыгъуи ухуэгъэпсащ, уэ урибзэщ Сэтэней гуащэ, хьэгъэщагъищи Iэзэу зыбохьэ, уэ урибзэщ ПащIэ Бэчмырзэ, Iущыгъэ инкIэ уэ упсыхьащ. УIурылъащ ЩоджэнцIыкIу Алий, уэрщ зэраIуэтар Лацэ, Мадинэ сымэ я лъагъуныгъэр!

13. Си адыгэбзэ, си адыгэпсэ, уэ усIурылъщи, сэ нэхъ бей щымыIэ, уэ узиIэщи, зеиншэ зыми сыхуэмыщIын, си лъахэм и гур уэращ, уэрщ и хъумакIуэр си лъэпкъым!

Сэ слъэкIыгъамэ, уи щIыхьыр уафэм нэсыхукIэ сIэтынт, илъэс мин къакIуэхэм упсэун хуэдэу, къулеигъэ псори уэстынт, ахэр уэ узэриIэр сымыщIэу щытамэ,Тхьэм сыпхуелъэIуурэ уэ къыпхуеIысхынт, си адыгэбзэ, си адыгэпсэ!

Си анэдэлъхубзэ, си лъэпкъыбзэ,

Анэбзэу си псэм къеубзэрабзэ,

Хэт и бзэ сэркIэ нэхъ щэбэн!?

Нэхъ къехуэбылIэ псэм згъуэтын!?

IущагъкIи хэт къыппэлъэщын!?

Хэт и бзэ упэсщIын слъэкIын!?

Уэрыншэу сыт схузэфIэкIын!?

Уэрыншэу сыпсэун слъэкIын!?

Си адыгэбзэ, си псэм и псэ,

Лъэпкъ гъащIэм лъыкIэ ухэпщащ.

Лъы защIэ лъэпкъыр куэдрэ хъурти,

УщIыгъуащ, хуэбусу гъыбзэ бын кIуэдахэм,

ДэпIэтащ бгъэпсалъэу пшынэр,

Уэращ ди лъэпкъым и нэ вагъуэр

Мэмхэгъ Рая.

15. Адыгэхэм къакIуа гъуэгуанэ хьэлъэм и Iэужьщ ди лъэпкъэгъухэр дуней псом щикъухьа зэрыхъуар. Ауэ дэнэ щымыпсэуами ахэм я гур я хэкужьымкIэ щыIэщ, я бзэри, я хабзэри зыщагъэгъупщэркъым.

16. Бзэр т1эщ1эк1мэ, дылъэпкъкъым.

Акъыл ин ухуэмей

Къыбгуры1уэу а т1эк1ур

Бзэм и макъхэм ди тхыдэр,

Ди лъыр, ди псэр хэпщащ.

Бзэр тхъумэну зымыдэр

Ди биям къагъэщ1ащ.

Бзэр т1эщ1эк1мэ, досык1ыр,

К1уа л1эщ1ыгъуэм лъык1псык1ым

Хипщэжар сыт хъужын.

Бзэр т1эщ1эк1мэ, док1уэдыр,

Лъы зыщ1этыр фысакъ.

Псы зыщ1этыр тек1уэту,

Вгъэ1у бзэ дахэм и макъ.

Бештокъуэ Хьэбас.

17. Лъэпкъыр узыншэу щытын папщ1э, ар япэк1э к1уэтэн щхьэк1э щ1эблэ узыншэ и1эн хуейщ. Сабийр дунейм къыщытехьа махуэм щыщ1эдзауэ анэдэлъхубзэр дахэу зэрыбзэрабзэр зыхегъэщ1эн хуейщ. Сыт хуэдэу гухэхъуэ зи анэбзэр зыгъэбзэрабзэ щ1эблэм уедэ1уэну!

И бзэр имыщ1эжым.

Бухъар пы1эр лъагэу

Жьым нэмыс хуимыщ1ым.

И пщ1эр ф1эмык1уэдым,

1уэхук1э щытхъу къихьамэ,

Мис аращ адыгэр.

И ф1ыщ1агъэр щ1эблэм

Мис аращ адыгэр!

И гур ныбжьэгъу куэщ1мэ –

Мис аращ адыгэр!

Щоджэнц1ык1у Нурий.

Адыгэбзэу си бзэ лъапIэ,

Хэкум уэ уриуэздыгъэщ.

Адыгэбзэу си бзэ дахэ,

Дунейм уэ уринэхугъэщ.

Адыгэбзэу си псэм и псэ,

Сэ узиIэщ гъащIэ Iэнэу.

Адыгэбзэу си нэм и нэ,

Сэ узобжыр узианэу.

Адыгэбзэу си бзэ пагэ,

Лъэпкъым уэ урикъэбзагъэщ.

Адыгэбзэу си бзэ гуапэ,

Дунейм уэ урипэжыгъэщ.

Адыгэбзэу си бзэ нахуэр,

Уэ ди лъэпкъым уридыгъэщ.

Адыгэбзэу си бзэ хахуэр,

Си лъэпкъ уардэм уримазэщ.

Уэрщ си лъэпкъым и хъумакIуэр.

УщыIухукIэ уэ ди лъахэм,

Ибэ хъункъым си лъэпкъ мащIэр.

Хьэрэдурэ М.

20. Си адыгэ лъэпкъри, си анэдэлъхубзэри зэи уэрэдыншэ хъунукъым, бзэрэбзэнущ, зи цIэр жыжьэ Iуа, зи хэкур, лъэпкъыр, бзэр зыгъэбжьыфIа е иджыри зыгъэбжьыфIэ цIыху щэджащэхэм я цIэр хэмыкIуэдэжу дунейм тетыху. Дэ дрогушхуэ ди лъэпкъ уардэм Редадэ, Инал, Идар Темрыкъуэ, Нэгумэ Шорэ, Къардэн Къубатий, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, тхакIуэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КъардэнгъущI Зырамыку, Шортэн Аскэрбий, сурэтыщI КIыщ Мухьэдин, Пащты Гермэн, дирижер Темыркъан Юрэ, артистхэу ТIыхъужь Алий, ДыщэкI К1унэ, олимп чемпионхэу Къардэн Мурат, Хъущт Аслъэнбэч, Мудран Беслъэн, Джэду Аниуар сымэ, нэгъуэщI куэдхэри къызэрытхэкIам. Мыбыхэм хуэдэ адыгэ дунейм тетыху, ди лъэпкъри псэунущ, ди адыгэбзэри бзэрэбзэнущ.

21. Адыгэбзэр убзэрабзэм,

Уафэ къащхъуэм зеукъэбзыр,

Дыгъэ джылыр къыщIокIыжри,

Бзум усэныр ягу къокIыжыр.

22. ЦIыхум и псэм пищIыфынур, сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, абы и гъунэгъу дыдэращ, фIыуэ илъагъуращ, къыдалъхуаращ. Апхуэдэщ анэдэлъхубзэри цIыхуу дунейм тетым я дежкIэ, ар анэм къыдделъху. Дэ ар хэдмыгъэкIуэдэжу едгъэфIакIуэу, дгъэлъапIэу, зедгъэужьу, ипэкIэ дгъэкIуатэу дыпсэун хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ адыгэбзэр лIэщIыгъуэ куэдкIэрэ лъэпкъым гъащIэм къыкIуэцIрихауэ, химыгъэкIуэдэжу, иригъэфIакIуэу, зригъэужьу къогъуэгурыкIуэ.

Уи адэжьхэм я бзэм урипсалъэу,

Я хъыбарыжь Iущхэр уи пшыналъэу,

Хъуэхъум я нэхъыфIхэр зэхыуагъэхыу

Ху махъсымэ фалъэр зэIэпыпхыу –

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Уи къурш лъапэ псынэпс къыщыкъуалъэр

Уи бын и быныжхэм къыщIагъалъэу,

Уи Iэщ хъушэм хъупIэхэр яуфэбгъуу –

Мо 1уащхьэмахуэшхуи къыбдалъагъуу

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Уи нэмыс, уи фащэ, уи джэгукIэм

Уи щIэблэщIэ уардэр щыгуфIыкIыу,

Уи лъэпкъ напэр лIыгъэкIэ бгъэпэжу –

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Уи шы лъэпкъыфI пцIащхъуэу щIэлъэтыкIым

Укъэшэсрэ лIыуэ бгъэшу батэр,

Уэ уи щIакIуэ кIапэр жьым зэрихуэу –

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Хьэм уигу щIэгъуу –

Дунеишхуэм уэ щыпщIэн щыпщIауэ,

ЛIым и хьэлкIэ гъащIэ къэбгъэщIауэ –

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

АфIэунэ Лиуан.

Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.

Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ - ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.

Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.

Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.

Сочинение Темирова Темирлана,

Пшеунова Т. А

Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.

Основные способы перевода пожертвований в Русфонд

1.Через банк

2. Через терминал QIWI (КИВИ)

3. Через банковскую карту

4. Другие способы

17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.

12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.

Читайте также: