Сочинение нэхъыжьхэр ди гъуазэу

Обновлено: 05.07.2024

Езыгъ. -Дэтхэнэ зылъэпкъми и1эщ зы махуэ хэха и ф1ым щыгуф1ык1ыу,и ехъул1эныгъэхэр и1эту. А махуэм лъэпкъым и нэхъыжьи и нэхъыщ1и гуф1эу щызэхохьэ. Адыгэ лъэпкъми ди1эщ апхуэдэ зы махуэшхуэ. фок1адэм и 20 –р Адыгэм и махуэщ. Адыгэм и махуэр махуэ щыхъунур я нэхъыжьхэр я жьант1эу гуф1эгъуэр я1этмэщ.

Махуэшхуэр фок1адэм и 20-р адыгэм махуэшхуэу ягъэлъэп1эныр щ1ытраухуам щхьэусыгъуэ и1эщ.

-Ди адэжьхэм гъавэр къехьэл1эжын яуха нэужьт тхьэлъэ1ушхуэ ящ1у щыщытар. Илъэсыр къызэрехъул1энур ямыщ1эу джэгу яублэу щытакъым.Хуабэр блэк1ауэ,щ1ы1эр къэмысауэ,гъавэм и ныкъуэр кърахьэл1эжарэ, и ныкъуэр губгъуэ илъу,къызыхахынри я1эу гушхуэныр и чэзууэ къалъытэрти ,я хьэгъуэл1ыгъуэхэри абдежт къыщыдахыр.

Къыщынэмыщ1ауэ ,адыгэхэм я махуэр балигъэхэм я закъуэтэкъым зытещ1ыхьар. Абы 1эмал имы1эу хэтын хуейхэм ящыщщ сабийхэр А псор къалъытэри, гъэмахуэ мазэхэр блэк1ауэ, зызыгъэпсэхуахэри къек1уэл1эжауэ, къаруущ1эрэ мурадыщ1эрэ я1эу сабийри балигъри зэрызэхуэсыжыр къалъытэри фок1адэм и 20-р адыгэм и махуэу ягъэлъэп1эныр къалъытащи, ди нэхъыжьхэм дахуэхъуахъуэрэ ди нэхъыщ1эхэр щапхъэу едгъэлъагъуэу, куэдрэ псэун лъэпкъ тхьэм дищ1.

Махуэф1к1э Тхьэр зыхуэупсэм насыпым и бжэр зэ1уех,1уэхуф1,1уэху щхьэпэ щаублэм пэублэ псалъэр хъуэхъум и жьант1эщи,хъуэхъуф1 зылъысын Тхьэм фищ1!
Уафэр къабзэу,щхъуант1эу
щ1ылъэр псомк1и гуак1уэу
мы дунейм тет макъхэр
ц1ыхухэм я щ1эщыгъуэу
къуалэбзу уэрэдхэр
ди щ1ылъэм итыну
дунеишхуэм и ц1ыхубэм
псалъэмакъыу къа1урык1ым
дыгъэ нур хэлъыну
нэмыплъ ц1ыхубэм зрамыту
гужьгъэжьгъхэр яку дэмылъу
хабзэр я1этрэ лъэпкъым къуэтхэу,
нэмыс ящ1рэ я щ1ыхьыр ину.

дэ абык1э дохъуахъуэ!

Езыгъэк1уэк1ым -Ц1ыху гъэсэныр сыт щыгъуи адыгэхэм 1уэхушхуэу, щ1ыхь зыпылъ 1уэхуу, ялъытэр. Дэ ди къалэнщ лъэпкъым къыхэхъуэ дэтхэнэ сабийми ц1ыху нэс къыхэтщ1ык1ыну. Ц1ыхум гъащ1эм щиубыдыну увып1эр елъытащ абы игъуэта гъэсэныгъэм.

Адыгагъэ, ц1ыхугъэ, адыгэ напэ, ек1у, емык1у жыхуэт1эхэр ф1ыуэ зэхащ1ык1ыу, я щхьэм пщ1э хуащ1ыжыфрэ загъэлъэп1эфу, я адэ-анэм, я лъэпкъым хуагъэфащэ хъунумрэ мыхъунумрэ зэхагъэк1ыфу ди сабийхэр къэгъэтэджыныр адэ-анэхэми, егъэджак1уэхэми – дэтхэнэ балигъми ди къалэн нэхъыщхьэщ.

Адыгэ хабзэм къызэщ1иубыдэ дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми езым и лъабжьэ, и къежьап1э и1эжщ. Адыгэ хабзэр къызэрыгуэк1 1уэху ц1ык1укъым.

Хабзэращ ц1ыхум хьэл-щэн дахэ хэзылъхьар ,

Уэ зыращ ц1ыхум лъэпкъ и напэ зыф1ищар.

Хабзэращ лъэпкъым и жьэгупащхьэр зыгъэблар,

Нэхъыжьыф1хэм я 1ущагъ мык1уэщ1ыр зыхъумар.

Хабзэращ дадэр гъуазэ дахэу зрик1уар,

А зыращ щ1алэм дамэ лъэщу къыхихар,

Хабзэращ пщащэр ди утыкум къизышар,

Уэрщ, уэращ лъэпкъым уэрэд гуапэ щ1ыхишар.

Хабзэращ пасэм и фэеплъу къигъэнар

Хабзэращ нобэ нэмыс ди1эр къэзыхьар,

Уэ зыращ, Хабзэ, ди къэк1уэнур зыпытщ1ар,

Уэрщ, уэращ лъэпкъым и нэмысыр зы1этар.

Ижь –ижьыж лъандэрэ ди щ1ып1эм къихьа дэтхэнэ зыри и дахагъым дехьэх,ар япэу щалъагъум пщ1ыхьэп1э дахэм хуэдэу къащохъу ик1и щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.

Езыгъ.- Ди хабзэм и фащэ нэхъыф1, нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ 1ыгъыныр, гъэзэщ1эныр.Адыгэр япэк1э к1уэ Нэхъыжь зэи к1элъыджэркъым. Ат1э лъэщ1охьэ, и сэмэгурабгъур зрагъэгъуэт, ф1эхъус ирахри, ит1анэщ щеупщ1ыр.

Нэхъыжь зымыгъэлъап1эр щхьэ лъап1э ихуэкъым,же1эр адыгэм.Мы псалъэжь 1ущым щ1элъыр аращи,нэхъыжьым пщ1э хуэзымыщ1ым адыгэхэм зэи фэ ираплъу щытакъым.

Нэхъыжь блэк1ым ,сыкъоувы1э,

Зэпызупщ1ыркъым и гъуэгу,

Ар блэк1ыхук1э гъуэгу симы1э,

Хабзэм хъурэ удэджэгу.

Дади Нани я т1ысып1э

Жьант1эм сык1уэу сымыт1ыс.

Симыт1ысхьэ я гъуэлъып1э,

Яхузощ1ри пщ1э, нэмыс.

Лъэпкъым щхьэузыхь сыхухъуи!

Ц1ыху узыщ1ыр хабзэращ.

Сощ1э ф1ыуэ ,жьы сыщыхъуи,

Згъуэтыжыныр нобэ сщ1арщ.

Ц1ыхур ц1ыхум зэхищ1ык1ым

Псоми дощ1эр – ар ц1ыхугъэщ,

Адыгагъэр – ар дахагъэщ,

Адыгагъэр – ар къабзагъэщ.

Адыгагъэр – ар пэжыгъэщ,

Адыгагъэр ди адыгэм

Адыгэпсэм ар и фащэщ,

Адыгэбзэм ар и щэнщ.

Нэхъыжьыф1хэу дади, нани ,

Гуащи, щауи, пщащэ ц1ык1уи –

Псори, псори зыгъэдахэр,

Я гуф1эгъуэхэр къэзы1этыр,

Я гугъехьыр зыгъэпсынщ1эр,

Я ц1ыху щ1ык1эу – адыгагъэрщ.

1эдэбагъщ, 1эсагъэщ, л1ыгъэщ.

Адыгагъэр – ар къарущ.

Адыгагъэр – ар ф1эл1ык1щ.

Адыгагъэр адыгэм и фэщ,

Адыгагъэр адыгэм ипкъщ,

Псэри, бзэри адыгагъэщ зейр,

Адыгагъэр адэм и псэщ…

Псэр хэк1ыжмэ ,къэнэжыр сыт.

Адыгэ хабзэр нэмысым, ц1ыхугъэм, л1ыгъэм, пэжыгъэм, ныбжьэгъугъэм , хьэщ1эм пщ1э хуэщ1ыным къыгуэх имы1эу епхащ. Ик1и а лъэп1эныгъэхэр ди лъэпкъым куэд щ1ауэ къыдогъуэгурык1уэ .Ар ди гъащ1эм и набдзэщ, ди гъащ1эм и купщ1эщ.

-Адыгагъэ,адыгэ хабзэ,нэмыс, дэтхэнэми пщ1э хуищ1у щытын хуейщ езым къыдалъхуа бзэм, и анэбзэм.Сыту жып1эмэ,бзэм и псалъэ дэтхэнэми хэпщауэ щытщ гур зыгъэгуф1э,дахагъэ 1уэхугъуэхэр уэзыгъэлэжь, ф1ым укъыхуезыджэ налъэхэр. Бзэм къаруушхуэ и1эщ щ1эблэм и гъэсэныгъэм и лъэныкъуэк1э.

Адыгэ къафэ, адыгэ къафэ

Адыгэм псэ и1эм и1эр уэращ.

Уэ уи макъамэ дуней гъэдахэм

Щ1эдэ1ум и псэм зэуэ зехъуэж.

-Адыгэ хабзэм хохьэ, адыгэ къафэри. Тэмэму, нэмыс пхэлъу утыку уитыныр.

Лъэпкъ къафэхэр мыхьэнэшхуэ зи1э къэхъукъащ1эщ.Адыгэ къафэ!Ар лъыр зыгъэжанщ,ц1ыхур зыгъэдахэщ,хьэл-щэн дахэр , ди лъэпкъым и 1эдэбагъыр,и щэныф1агъыр на1уэ къэзыщ1щ.

Езыгъ. - Ц1ыхур зэрыц1ыхур ищ1эжын щхьэк1э и хабзэм, и напэм, и лъэпкъым егупсысын хуейщ, и адэ-анэр игъэпэжу, абы яхуэфащэу, Нэхъыжьым пщ1э хуащ1у дунейм тетын хуейщ.

- Ди зэ1ущ1эр и к1эм ноблагъэ.Дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми лъабжьэ хуэхъуам хъуэхъу хужа1эж. Дэри ди гуапэу, гуми псэми къабгъэдэк1ыу дыхуейщ нобэ кърихьэл1а псоми хъуэхъук1э зыфхуэдгъэзэну.

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худи I э лъагъуныгъэр дызэрыц I ык I у лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджак I уэхэм.

Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф I ыц I эмрэ я зэхуаку дэлъ щ I ыналъэм зыл I и быну, лъэпкъ пщык I ут I у зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу. Адыгэхэр зэик I зауэ-банэк I э зэралъэфэл I а мылъкук I э, е нэгъуэщ I лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщыл I у абы и пщ I энт I эпск I э псэуакъым. Ат I э ахэм гъавэ хасэт, I эщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я гуащ I э къабзэ, хьэлэлк I э псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщ I э хуащ I у, пагагъэр я бэу, л I ыгъэрэ хахуагъэрэк I э, пэжыгъэк I э дуней псом ц I эры I уэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.

Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтык I э дахэ я I эт. Дэтхэнэ ц I ыхуми и хэкум нэхъапэ и I экъым, уеблэмэ и гъащ I эм япэ ирегъэщ.

C и хэкууэ дыщэ губгъуэ,

Гъащ I эщ I эм и епэр!

Кавказым и щ I ы ф I ыгъуэ,

Уи теплъэм I эф I ещ I псэр!

Си Хэку дыщэ! Сыту ф I ыщэу услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемы I э щымы I эу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ псори ф I ыуэ зэролъагъу ик I и зэдэ I эпыкъуу зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам ц I ыху псори, зым хуэдэу, къызэщ I этэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, ик I и кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.

Сыт хуэдэ I уэху яужь симытми , зэпымыууэ согупсыс , си къарум къызэрихьк I э си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщ I эным . Хэкум къулыкъу хуащ I эмэ , мамырыгъэм хуэлажьэу арщ . Мамырыгъэр ди дежк I э гъащ I э насыпыф I эщ . Дэ дыхуейщ ди ц I ыхухэм я гъащ I э насыпыф I эр махуэ къэс нэхъри нэхъыф I, нэхъ тынш , нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну . Аращ къулыкъу зыщ I эхэр псэемыблэжу щ I ыхущ I экъур къэралу щы I эр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным . Къулыкъу зыщ I э куэдым я гъащ I эр л I ыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум

папщ I э ят . Хуей хъууэ щытмэ , сыхьэзырщ си Хэку лъап I эм папщ I э си псэр стыну .

Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ .

Сэ сынасыпыф I эу зызолъытэж , сыту жып I эмэ си Хэку лъап I эм сисыжщи . Зи Хэку имысыж ц I ыхур тхьэмыщк I эщ. И Хэкум зи псэр хуемы I э щы I экъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмы I эси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэк I э жыдо I эф. Адэжьхэм я псэр зыщыхуарзэ хэкужьым къэмык I уэным щ I эмыхъуэпс хэхэсу псэу ди дэлъхухэм, шыпхъухэм зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын хуейщ. Дэнэ щ I ып I э щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.

Amina, Къэсхь хабзэр

Amina Fidarova

👌

Сатаней,

Даяна Шарибова

😂

Я писала но не помню

😃

Даяна, Ар дыдэращ сэри

Даяна Шарибова

😂

No Name

👍🏻

Читал в школе это произведение

Замир Хутов

2 къэсхьау щыта мыбык1э

Дарина Катаева

😹

Сэри стхау щытаа

Маша Васильева

DELETED

"Хьэжыгъэ пут закъуэ" ЩоджэнцӀыкӀу Алий

Мы тхыгъэр ин дыдэу пхужыӀэнкъым, ауэ гурыщӀэу зыхигъащӀэм, гупсысэу уигу къигъэкӀыр куэдыщэ дыдэщ. Тхыгъэр зытепсэлъыхь зэманым лъандэрэ илъэсищэм щӀигъу дэкӀами, пщыхэмрэ пщылӀхэмрэ щымыӀэжми, тхыгъэм къыщыхъу Ӏуэхугъуэхэр ди нобэрей гъащӀэми щыхыболъагъуэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи.
Показать полностью.

Тхыгъэр зытеухуар цӀыхум и гуауэм, и фэм дэкӀ бэлыхьым, ишэч хьэзабым, гущӀэгъуншэу, цӀыхугъэншэу зыр зым дызэрыхущытырщ. А псори тхакӀуэм ди нэгум къыщӀегъэувэр сабийм и гупсысэхэмкӀэ, и гурыгъу-гурыщӀэхэмкӀэ, и нэхэмкӀэ дырегъэплъ а къэхъуа Ӏуэхугъуэхэм.

Сабийм и гум мывэшхуэ хьэлъэу телъщ а хьэжыгъэ путым къахуихьа гуауэр, дунейм и дахагъэри къыфӀэмыӀэфӀыжу ещӀ. Хуэгъэвкъым а гузэвэгъуэр илъэсибгъу хъу сабийм и гум, и акъылым.

Унагъуэр шхын щхьэ мылӀэн папщӀэ, Хьэмид и гъунэгъу Тембот хьэжыгъэ пут закъуэ щӀыхуэу, хуэлэжьэжыну къыриӀыхащ. Тембот хьэж щыӀащ, Тембот хьэжыкӀэ йоджэр, сарыкъыр щыгъщ, нэмэз щыгъэр ӀэщӀэлъщ. Ауэ сыт и пэрмэн теплъэкӀэ зыбгъэмуслъымэныныр, ауэ хьэл-щэнкӀэ, Ӏуэху щӀэнкӀэ умымуслъымэным, цӀыхухэм уазэрыхущытын хуейуэ диным фарз тщищӀ хьэлыфӀхэр пхэмылъмэ, Алыхьым хьэрэм ищӀа пагэныгъэр пхэлъмэ, динымкӀэ уи щхьэ Ӏуэхухэр дэбгъэкӀмэ!? Диным и дахагъэр, и къабзагъэр зэхащӀэфакъым апхуэдэ цӀыхухэм. ТхьэмыщкӀэхэщ дауи жыӀи.

Иныкъуэ адыгэхэм я анэбзэм теухуауэ хуаӀэ бгъэдыхьэкӀэ, гупсысэкӀэ къуэнтӀа, зэблэша, мышухэри къыхощыр тхыгъэм. Адыгэ унэцӀэр, цӀэр зэрихьэу, теплъэкӀэ адыгэу, ауэ мыукӀытэу и лъэпкъым и псэр зыхэлъ бзэр Ӏумпэм ищӀу, "дызэрекэр урысыбзэс, ди бзэр сыту ссын…",- жиӀэу. Ари мытхьэмыщкӀэу дауэ зэрыжыпӀэнур!?

Тхыгъэм къыщыхъу псоми сытэпсэлъыхьынкъым. Феджэм фэ езым щыгъуазэ фыхъунщ Хьэсет цӀыкӀу и унагъуэм хьэжыгъэ пут закъуэм бэлыхьу къатрилъхьар.

ЩоджэнцӀыкӀу Алий Ӏэзэу дегъэлъагъу цӀыху цӀыкӀум ди хьэл мыхъумыщӀэхэр, абы гуауэ къихьыр. Тхыгъэм дерс нэхъыщхьэу сэ къыхэсхар зыщ: " Адыгагъэм, муслъымэнагъэм дахэу утепсэлъыхькӀэ, фащэ дахэ зыщыптӀагъэкӀэ зэфӀэкӀкъым, ахэр уи хьэлыфӀхэмкӀэ, уи щэнымкӀэ, цӀыхухэм уцазэрыхущытымкӀэ, Ӏуэхум узэрыбгъэдыхьэмкӀэ къэбгъэлъагъуэн хуейщ, уи гъащӀэм къыхэщын хуейщ". Алыхьым апхуэдэхэм ящыщ дищӀ!


Бештокъуэ Хьэбас

Бзэр тIэщIэкIмэ, дылъэпкъкъым.

Акъыл ин ухуэмей,
КъыбгурыIуэу а тIэкIур
Утетыну дунейм.
Бзэм и макъхэм ди тхыдэр,
Ди лъыр, ди псэр хэпщащ.
Бзэр тхъумэну зымыдэр
Ди биям къагъэщIащ.
Бзэр тIэщIэкIмэ, досыкIыр,
ТIэщIэкIами дрикъунт.
КIуа лIэщIыгъуэм лъыкIпсыкIым
Хипщэжар сыт хъужын?
Бзэр тIэщIэкIмэ, докIуэдыр.
Лъы зыщIэтыр фысакъ.
Псы зыщIэтыр текIуэту,
ВгъэIу бзэ хуабэм и макъ.

Бемырзэ Мухьэдин

Адыгэбзэ

Къагъырмэс Борис

Си адыгэбзэ

Къэшэж Иннэ
* * *
Къызэпсэлъэж, си адэ, адыгэбзэкIэ,
нэгъуэщI нэхъ мыхъуми
зэ сегъэпщIыхьыж,
бгъэджэгуупсысэм
и макъыбзэ шхуэIур
уздыщагъафIэ лъахэм дигъэхьэж.
Къызэпсэлъэж уиадэм и уэсятымкIэ,
Си адэу — узым бзэр зыIуриха!
Зэпычми шыныбэ пхыруэрэд хъэтымкIэ
Шым нихьэсынущ лъагъуэ хухахар.
КъысхуэIуэтэж, си адэ, уилъахэбзэр,
а тэмакъыщIэ псынэм
и фIыншэбзэр —
мэлыхъуэ пщыIэ жьэгухэм я IугъуэкIэм
уиузхэм щIэгъэуэну зырашэкIрэ
уэсукхъуэгъуагъуэмбгыр
щIэщхьэукъукIыу.
Къызэпсэлъэж, си адэ, къэпсэлъэж!
КъызэпсэлъэкI уз
бзаджэм къыпекIуэкIи —
узыпэмастэруи мэкъупIэ пхафэу
усхурикIуэжу а пшэкIэплъ дыгъафIэм…
А зырщиджы, си адэ, къэслъэIужыр:
къэгъэпсэлъэж а уахътыншагъэм
и бзэр,
къэгъэпсэлъэж уиадэм и лъахэбзэр.
1971.

ЗэзыдзэкIар Къармэ Iэсиятщ.

Щоджэн Аслъэнджэрий

Адыгэбзэ

Ди Iуащхьэмахуэ
Уафэм ныщIоуэ,
Бахъсэн уэрыжьыр
КъуакIэм щызоуэ,
Мы ди хэкужьыр
Дуней телъыджэщ,
Ди адыгэбзэр
Абы и гъуджэщ.
Зи бзэр зыфIэдахэр
Ар лъэпкъ узыншэщ,
Зи бзэм хуэлажьэр
Ар лъэпкъ уахътыншэщ,
Адыгэ лъэпкъыр
Дызэкъуэтынщ,
Ди бзэм и щIыхьыр
Лъагэу тIэтынщ.
Ди адыгэбзэр
Мывэ джей быдэщ,
Илъэс мин куэдхэр
Абы и тхыдэщ,
Псыкъелъэм хуэдэу
Ар къарууфIэщ,
Ди лъэпкъ гъэфIэну,
ДызэрыгуфIэщ.
Зи бзэр зымыдэу
Зы лъэпкъ щымыIэ,
Зи хэку епцIыжу
Зы лъэпкъ щымыIэ,
Зи бзэр зыхъумэр
Мис ар лъэпкъ къабзэщ,
Бзэм пщIэ хуэщIыныр
Лъэпкъхэм я хабзэщ.
Мы дунеишхуэм
Лъэпкъ куэд щызокIуэ,
Зи бзэм хуэсакъхэр
Зэманым токIуэ,
ГъащIэ хъуэпсэгъуэр
ЩIылъэм щаухуэ.
Апхуэдэ щапхъэм
Дэ дегъэгушхуэ.
Ди адыгэбзэм
Лъэпкъыр зэпещIэ,
БлэкIа зэманхэр
Дэ къыдегъащIэ,
Ди нартыжь лъэпкъым
Уэрэд хуеусыр,
Ди лъэпкъ хъыбархэр
Дэни нехьэсыр.
Зи бзэр зыфIэдахэр
Ар лъэпкъ узыншэщ,
Зи бзэм хуэлажьэр
Ар лъэпкъ уахътыншэщ.
Адыгэ лъэпкъыр
Дызэкъуэтынщ,
Ди бзэм и щIыхьыр
Лъагэу тIэтынщ.

Си бзэ – си псэ, си дуней

Псалъэхэр Джэдгъэф Борис ейщ
Макъамэр Молэ Владимиррэ
Щомахуэ Хьэсэнбийрэ ейщ

Iуащхьэмахуэу уэгу пкIэлъейм
Хасэшхуэр щызэхуос.
ЖаIэр нобэ Къэбэрдейм
Къайсэри щызэхох:
Ежьу: Си бзэ — си псэ, си дуней,
Анэбзэу си уэрэд,
Лъагъуныгъэу сигу мыжейм
Сигу мыжейм укъолъэт
Адыгэу тетым щIы хъурейм,
Ей, маржэ, жыфIэрей:
Си бзэ — си псэ, си дуней,
Си бзэ — си дуней.
Япхъуатэ си бзэр къуалэбзум.
Пшынэбзэу, зэIэпах.
Мэзкуу щIодэIур си макъ зум,
Аммани щызэхах.
Ежьу.
Йоубзэ си бзэр мы дунейм.
Ар, пшэплъу, кърекIут
Си Iуащхьэмахуэу уэгу пкIэлъейм,
Тырку лъахэми лъоIэс.
Ежьу.

Читайте также: