Сочинение хьэтурэ пщэхурэ я зэхущытык1эр

Обновлено: 03.07.2024

Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.

Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ - ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.

Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.

Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.

Сочинение Темирова Темирлана,

Пшеунова Т. А

Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.

Основные способы перевода пожертвований в Русфонд

1.Через банк

2. Через терминал QIWI (КИВИ)

3. Через банковскую карту

4. Другие способы

17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.

12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.

Amina, Къэсхь хабзэр

Amina Fidarova

👌

Сатаней,

Даяна Шарибова

😂

Я писала но не помню

😃

Даяна, Ар дыдэращ сэри

Даяна Шарибова

😂

No Name

👍🏻

Читал в школе это произведение

Замир Хутов

2 къэсхьау щыта мыбык1э

Дарина Катаева

😹

Сэри стхау щытаа

Маша Васильева

DELETED

"Хьэжыгъэ пут закъуэ" ЩоджэнцӀыкӀу Алий

Мы тхыгъэр ин дыдэу пхужыӀэнкъым, ауэ гурыщӀэу зыхигъащӀэм, гупсысэу уигу къигъэкӀыр куэдыщэ дыдэщ. Тхыгъэр зытепсэлъыхь зэманым лъандэрэ илъэсищэм щӀигъу дэкӀами, пщыхэмрэ пщылӀхэмрэ щымыӀэжми, тхыгъэм къыщыхъу Ӏуэхугъуэхэр ди нобэрей гъащӀэми щыхыболъагъуэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи.
Показать полностью.

Тхыгъэр зытеухуар цӀыхум и гуауэм, и фэм дэкӀ бэлыхьым, ишэч хьэзабым, гущӀэгъуншэу, цӀыхугъэншэу зыр зым дызэрыхущытырщ. А псори тхакӀуэм ди нэгум къыщӀегъэувэр сабийм и гупсысэхэмкӀэ, и гурыгъу-гурыщӀэхэмкӀэ, и нэхэмкӀэ дырегъэплъ а къэхъуа Ӏуэхугъуэхэм.

Сабийм и гум мывэшхуэ хьэлъэу телъщ а хьэжыгъэ путым къахуихьа гуауэр, дунейм и дахагъэри къыфӀэмыӀэфӀыжу ещӀ. Хуэгъэвкъым а гузэвэгъуэр илъэсибгъу хъу сабийм и гум, и акъылым.

Унагъуэр шхын щхьэ мылӀэн папщӀэ, Хьэмид и гъунэгъу Тембот хьэжыгъэ пут закъуэ щӀыхуэу, хуэлэжьэжыну къыриӀыхащ. Тембот хьэж щыӀащ, Тембот хьэжыкӀэ йоджэр, сарыкъыр щыгъщ, нэмэз щыгъэр ӀэщӀэлъщ. Ауэ сыт и пэрмэн теплъэкӀэ зыбгъэмуслъымэныныр, ауэ хьэл-щэнкӀэ, Ӏуэху щӀэнкӀэ умымуслъымэным, цӀыхухэм уазэрыхущытын хуейуэ диным фарз тщищӀ хьэлыфӀхэр пхэмылъмэ, Алыхьым хьэрэм ищӀа пагэныгъэр пхэлъмэ, динымкӀэ уи щхьэ Ӏуэхухэр дэбгъэкӀмэ!? Диным и дахагъэр, и къабзагъэр зэхащӀэфакъым апхуэдэ цӀыхухэм. ТхьэмыщкӀэхэщ дауи жыӀи.

Иныкъуэ адыгэхэм я анэбзэм теухуауэ хуаӀэ бгъэдыхьэкӀэ, гупсысэкӀэ къуэнтӀа, зэблэша, мышухэри къыхощыр тхыгъэм. Адыгэ унэцӀэр, цӀэр зэрихьэу, теплъэкӀэ адыгэу, ауэ мыукӀытэу и лъэпкъым и псэр зыхэлъ бзэр Ӏумпэм ищӀу, "дызэрекэр урысыбзэс, ди бзэр сыту ссын…",- жиӀэу. Ари мытхьэмыщкӀэу дауэ зэрыжыпӀэнур!?

Тхыгъэм къыщыхъу псоми сытэпсэлъыхьынкъым. Феджэм фэ езым щыгъуазэ фыхъунщ Хьэсет цӀыкӀу и унагъуэм хьэжыгъэ пут закъуэм бэлыхьу къатрилъхьар.

ЩоджэнцӀыкӀу Алий Ӏэзэу дегъэлъагъу цӀыху цӀыкӀум ди хьэл мыхъумыщӀэхэр, абы гуауэ къихьыр. Тхыгъэм дерс нэхъыщхьэу сэ къыхэсхар зыщ: " Адыгагъэм, муслъымэнагъэм дахэу утепсэлъыхькӀэ, фащэ дахэ зыщыптӀагъэкӀэ зэфӀэкӀкъым, ахэр уи хьэлыфӀхэмкӀэ, уи щэнымкӀэ, цӀыхухэм уцазэрыхущытымкӀэ, Ӏуэхум узэрыбгъэдыхьэмкӀэ къэбгъэлъагъуэн хуейщ, уи гъащӀэм къыхэщын хуейщ". Алыхьым апхуэдэхэм ящыщ дищӀ!

Нажмите, чтобы узнать подробности

Ди тхак1уэхэм щыщу сэ нэхъыф1у слъагъур Щоджэнц1ык1у Алийщ. Алий ц1эр щыжып1эк1э, 1эмал имы1эу, уи нэгу къыщ1охьэ а ц1ыху щэджащэр къызыхэк1а адыгэ лъэпкъ уардэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, насыпыф1эщ ик1и уахътыншэщ апхуэдэ ц1ыху къызыхэк1а лъэпкъыр. Къэбэрдей - Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым нобэ а ц1эм ирипагэр. Ар я Алийщ усыгъэр ф1ыуэ зылъагъуу ди къэралышхуэм ис псоми.

Адыгэщ1ым и къуэ щыпкъэр дунейм зэрытетар илъэс пл1ыщ1 къудейщ. Арами, зэман к1эщ1ым къриубыдэу Алий адыгэхэм яхуилэжьа 1уэхутхьэбзэр лъытэгъуейщ. Адыгэбзэм и беягъыр, 1эт1элъэт1агъыр, сыт хуэдэ гурыщ1эри къызэрип1уэтэжыфынум и щыхьэт нэскъэ Алий и усэ жьгъырухэр, прозэ тхыгъэ мащ1эу ди нобэрей литературэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар! Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж, нобэми ныжэбэми дызэрыгушхуэ ц1ыхущ.

Щоджэнц1ык1у Алий хиша лъагъуэ-

ращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ


Лэжьыгъэр зыгъэзэщ1ар

Налшык къалэ

31 – нэ курыт еджап1эм

адыгэбзэмрэ литературэмк1э

и егъэджак1уэ Афэщ1агъуэ Светланэщ.

Уи гъащ1эр мащ1эу щытами,

Мык1уэдыжынхэр уи тхылъщ,

Ажалыр уэрк1э п1эщ1ами,

Ц1ыхубэм я гум ухэлъщ.

Ди тхак1уэхэм щыщу сэ нэхъыф1у слъагъур Щоджэнц1ык1у Алийщ. Алий ц1эр щыжып1эк1э, 1эмал имы1эу, уи нэгу къыщ1охьэ а ц1ыху щэджащэр къызыхэк1а адыгэ лъэпкъ уардэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, насыпыф1эщ ик1и уахътыншэщ апхуэдэ ц1ыху къызыхэк1а лъэпкъыр. Къэбэрдей - Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым нобэ а ц1эм ирипагэр. Ар я Алийщ усыгъэр ф1ыуэ зылъагъуу ди къэралышхуэм ис псоми.

Адыгэщ1ым и къуэ щыпкъэр дунейм зэрытетар илъэс пл1ыщ1 къудейщ. Арами, зэман к1эщ1ым къриубыдэу Алий адыгэхэм яхуилэжьа 1уэхутхьэбзэр лъытэгъуейщ. Адыгэбзэм и беягъыр, 1эт1элъэт1агъыр, сыт хуэдэ гурыщ1эри къызэрип1уэтэжыфынум и щыхьэт нэскъэ Алий и усэ жьгъырухэр, прозэ тхыгъэ мащ1эу ди нобэрей литературэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар! Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж, нобэми ныжэбэми дызэрыгушхуэ ц1ыхущ.

Адыгэ литературэм зымащ1эк1э нэхъ мыхъуми 1уэху хузи1а, абы щыгъуазэ, зыджа гуэри бгъуэтынкъым Щоджэнц1ык1у Алий псалъэ гуапэ, псалъэ дахэ хужызымы1э, абы и 1эзагъым пщ1э хуэзымыщ1, зи щхьэр хуэзымыгъэщхъ. Букварь зи блэгущ1эм щ1элъу еджап1эм к1уэм и деж къыщыщ1эдзауэ зи пащ1э – жьак1эр къетхъухахэм нэсыху, хэт зымыц1ыхур Щоджэнц1ык1ур! Абы и усэ жьгъырухэм, и поэмэ телъыджэхэм ямыгъэп1ейтеяр сыт хуэдэ тхылъеджэ? Сэ сызэреплъымк1э, литературэр ф1ыуэ зылъагъу дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми нобэ къыщыбгъуэтынущ Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэхэр. Щоджэнц1ык1ум и тхыгъэхэм къызэщ1аубыдащ л1эщ1ыгъуэк1эрэ адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уэ 1уэры1уатэм и 1эф1ып1эхэр, анэдэлъхубзэм и псалъэ дыщэхэр.

Алий и тхыгъэ псоми ущ1эджык1рэ уегупсысыжмэ, ижьым къыщыщ1эдзауэ нобэм къэсыхук1э Къэбэрдейм и тхыдэм ущ1эджык1ауэ, ц1ыхубэм я псэук1ар, къызэрек1уэк1ар нэрылъагъу пщыхъуауэ къэплъытэнущ. Алий и тхыгъэхэм щыпсэур гу пщтыррэ псэ къабзэрэ зи1э ц1ыху щыпкъэхэмрэ дахэхэмрэ я закъуэкъым, ат1э абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ ди щ1ыналъэ дахэр, ди къурш лъагэхэр, ди псы уэрхэр, берычэтылъэ гъавэ щ1ап1э губгъуэхэр, удз гъэгъахэр, псоми гъащ1э езытыж дыгъэр, дахагъэу щы1э псори.

Щоджэнц1ык1ум и усэ куэдыр нобэ гъащ1эм дызыщы1ууэ мыхъумыщ1агъэхэм тегъэпсауэ итхам хуэдэщ. Ди адыгэ литературэм зы1эригъэхьа ехъул1эныгъэ псомк1и ф1ыщ1э ин бгъэдэлъщ Алий.

Мис апхуэдэ лэжьыгъэф1 куэд и 1эдакъэ къыщ1эк1арщ Алий нэхъыф1у сэзыгъэлъагъур. Ар дунейм зэрехыжрэ илъэс дапщэ хъуа, ит1ани и тхыгъэ гуащ1аф1эхэмк1э ар ноби къытхэтщ, дахэр игъэдахэрэ ем ебэну. Зи ц1эри зи щхьэри нэхуу щыта а ц1ыху телъыджэм и усыгъэхэри нэхуу къытхуоблэ ноби. Ужьыхынкъым а нэхури ц1ыхум и нэр къэплъэху.

Открытый урок по теме А. Шогенцукова

Нэрылъагъу пособиехэр : Щоджэнц I ык I у Алий и портретыр, тхылъхэм я выставкэ, плакатхэр.

Урокым и ек I уэк I ык I эр.

I . Къызэзгъэпэщ дакъикъэ.

II . Урок блэк I ам яджар къэпщытэжын.

1.Инд. опрос карточкэк1э гъэлэжьэн (нэрыбгит I ым Щоджэнц I ык I у Алий и биографиер ятхыж).

2. Фронтальнэ опрос .

-Сыт у/лэжь. фи I ар?

-Хэт Щоджэнц I ык I у Алий? Сыт а тхак I уэм хужыф I эфынур?

-( Щоджэнц I ык I у Алий тхак I уэщ, усак I уэщ. Адыгэ литературэм зи ц1эр дыщэпск1э хэзытха усак1уэщ.)

- Сыт хуэдэ тхыгъэ хэр итхауэ фщ1эрэ фэ?

3.Егъэджак1уэм и псалъэхэр.

Пэжщ Щоджэнц I ык I у Алий хэлъхьэныгъэшхуэ хуищ1ащ ди адыгэ литературэм зыригъэужьын папщ1эк1э. И тхыгъэхэм куэду феджэнущ ищхьэ классхэм.Абы и тхыгъэ налкъутхэр дунейм къызэрытехьэрэ зэманыф1 дэк1а щхьэк1э, я пщ1эр, я мыхьэнэр, лъэпкъ тхъылъеджэм хуи1э лъагъуныгъэр нэхъ лъагэ хъуа ф1эк1а, зык1и нэхъ къэлъэхъшакъым . Абыхэм я жьы къабзэм, я бзий нэхум ноби добжьыф1э, догъагъэ адыгэ литературэр, абы и дэтхэнэ ехъул1эныгъэми на1уэу хыболъагъуэ, а усак1уэ псэемыблэжым и 1эрык1хэр, езы зэман дыдэр зыпэмылъэщыфар. Усак1уэм и тхыгъэ хьэлэмэтхэр псэунущ зы адыгэ дунейм тетыху.

III .Бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэ.

Адрей урокым зи гугъ дымыщ1ыфауэ, нобэ зы хьэлэмэт вжес1энщ.

Щоджэнц I ык I у Алий 1936 гъэм ди лъахэм щы1ащ. Апщыгъуэм ар 1ущ1ащ ди тхак1уэ, усак1уэ гъуэзэджэ Уэхъутэ Абдулыхьи. Ди Хэкур ф1ыщэу зэрилъэгъуар къригъэлъагъуэу, I эдииху чэщанэм и фэеплъу итхащ мы усэри фыкъеда1уэт.

I эдииху.

1. Салам узохыжыр Инжыджым,

Л1эщ1ыгъэ усэхэр жызы1эм,

Ижь 1уэры1уэтахэр зезыхьэм.

2. А псы уэрышхуэр зи лъабжьэм,

Шыху лъагъуэм хуэдэу щолъагъуэ,

Гъэмахуэ дыгъэм пэлыду

Абджыфэм ещхьу къы1уедзэ.

3.Сэ а псы ябгэм и нэзу

Пшэр зи т1ысып1эм сытетщ.

Пшэ гуп хъар п1ащ1эхэр си щхьэгум

Къытелъ сф1эщ1ыжу гъунэгъущ.

IV . Темэщ1эм елэжьын.

1. Хэзышэ псалъэ .

2. Словарнэ лэжьыгъэ.

Хэт дауэ къыгуры1уа мы псалъэхэр тхыгъэм фыщеджэм .

· Пут – 16 кг.

· Пщ1анэ - гъавэ къэк1агъэщ1э щхъуант1э

· Даущ ерухэр - губжь зыщ1эту 1эуэлъауэу ежэх псы

· Нэкъыф1эщ 1- нэм илъагъу псори

· Дестынэ - зы гектар

· Сарыкъ - хьэжы пы1э

· Ят1э щыкъыр - ят1э тыкъыр

· Къэлътмакъ зэпедзэк1 – къэп л1эужъыгъуэ, хъуржынит1 зэпыту

· Лэп1анк1э – шэмэдж зэрагъэжан

· Л1ыщ1э – бийм пщ1эк1э хуэлажьэ ц1ыху.

· Къулъшыкъу - пщэдджыжьым сыхьэтыр 9- хэм деж

· Дзэху удз – лъэдий захуэу дэжей удз.

V . Темэщ1эр гъэбыдэжын.

- Ат1э, псори феджауэ солъытэ, ауэ нэхъ къыхэгъэбелджылык1ауэ иныкъуэм загъэхьэзыращи девгъэдэ1ут. Иужьк1э мис мы упщ1э фхуэзгъэувхэм жэуап къефтыфын папщ1э.

1. Фэ щымыуауэ къэфлъытэрэ Хьэмид суд пащхьэм имыхьэу хьэжым зэрыгуры1уар?

2. Федэ1уа иужьк1э хьэжым хар-кэ етын. Хьэсет хар-кэ етын.

2. Хьэмидрэ Хьэжымрэ я зэпсэлъэныгъэмэр инсценировать ящ1.

3. Еджак1уэхэм падзэ.

4. Мурат, Хьэсет Мусэ сымэ я зэпсэлъэныгъэр.

5. Пщы1эм хьэжыр къызэрытехьам щ1эдэ1ун.

4. Хьэжымрэ Хьэмидрэ я зэпсэлъэныгъэр инсц-ть щ1ын.

VI .Урокыр гъэбыдэжын .

Упщ1э згъэувахэу щытахэм и жэуап ирегъэтыжын:

1. Фэ щымыуауэ къэфлъытэрэ Хьэмид суд пащхьэм имыхьэу хьэжым зэрыгуры1уар?

2. Хьэжым хар-кэ ирегъэтын. Хьэсет хар-кэ ирегъэтын.

3.Псори хьэлэмэту къывгуры1уащ.

Ауэ сыхуейт къэвгъэлъэгъуэжыну тхак1уэм къигъэлъэгъуа худ.1эмалхэр?

- Сыт пейзажк1э зэджэр?

- Сыт олицетворенэк1э зэджэр?

- Сыт метафорэк1э зэджэр?

4 . Оценкэ гъэувын.

VII . У\л ятын.

Нэхъ уигу щ1ыхьа 1ыхьэм сурэт хуэщ1ын; тхыгъэм и щ1агъым щ1эт упщ1эхэм жэуап етын.

Читайте также: