Сочинение хэкум и хъумак1уэ

Обновлено: 02.07.2024

Внеклассное мероприятие про национальные блюда адыгов.

ВложениеРазмер
Про национальную кухню адыгов. 19.68 КБ

Предварительный просмотр:

Темэр: Адыгэ шхыныгъуэхэр.

Мурадхэр: еджак1уэхэм я лъэпкъ шхыныгъуэхэм теухуауэ ящ1эм хэгъэхъуэн; адыгэхэм я шхыныгъуэхэр зэхуэсыхьэсыжауэ тхылъу къыдэзыгъэк1ыжа Къубэтий Барис ягъэц1ыхун; адыгэ 1энэм ехьэл1а хабзэхэм щыгъэгъуэзэн.

Урокым зыхуеинухэр : Интерактивнэ доска, тхылъхэр, сурэтхэр, адыгэ макъамэхэр.

1. Езыгъэк1уэк1ым: Нобэ дэ дытепсэлъыхьыну дыхуейщ адыгэ 1энэмрэ абы щызек1уэ хабзэмрэ, адыгэ шхыныгъуэхэмрэ абыхэм я сэбэпынагъэмрэ. Ди зэ1ущ1эм къедгъэблэгъащ " Адыгэ шхыныгъуэхэр" зэхуэзыхьэсыжа, ар бзищк1э- адыгэбзэк1э, урысыбзэк1э, англызыбзэк1э, къыдэзыгъэк1а Къубатий Борис. Лъэпкъым и щ1ыхьыр зыл1 закъуэми къе1этыф зыхужа1эр Къубатий Борис хуэдэщ.

2. Едж. махъсымэ фалъэ и1ыгъыу хьэщ1эхэм захуегъазэ.

Нобэ мы ди зэ1ущ1эр

Ялыхь угъурлы щ1ы.

Адыгэ хэкур вэгъ-зэгъ унагъуэрэ

Мылъкуу ди1эр хэдгъахъуэу,

Хъуэхъур дибэу, дыбагъуэу,

Губгъуэу ди1эр бэвылъэу,

Ф1ыгъуэу ди1эр зэдэдгуэшу,

Тхьэм ф1ыгъуэк1э дынигъэс!

3. Адыгэхэм 1энэм шхыным теухуауэ псалъэжь куэдхэр ди1эщ. Абыхэм ящыщщ "1энэм шхын темылъмэ пхъэбгъужьщ"," Шхыным я нэхъыф1ри щынэхъ 1эф1ыр щ1эщыгъуэмэщ", "Шхэрей и узыншагъэк1и тхьэусыхэрейщ".

4. А псалъэжьхэм дэ къыдгурагъа1уэ ди лъэпкъым и ерыскъымрэ 1энэмрэ хабзэ дахэ зэрак1эрылъыр. Псом хуэмыдэу ерыскъым и пщ1эр, абы лъытэныгъэшхуэу хуащ1ыр гъунэншэт дяпэ итахэм.

5. Ц1ыхум хуащ1 пщ1эм и инагъыр 1энэ къагъэувымк1э къыбгурагъэ1уэфырт зы псалъэ къыхэмык1ыу. Абы теухуауэ зы теплъэгъуэ ц1ык1у федгъэплъынщ.

(Инжыдж 1ус Къэсей-Хьэблэжьым щыщ Дзэгъэщтокъуэ Мэлыхъуэжь и къуэ нэхъыщ1э Ехье езэшыпауэ къыздэк1уэжым Тхьэстыкъуей къыщысым:

Ехье: Щхьэ сылъэпэрапэу ныжэбэ сыгъуэгурык1уэн хуей мы адыгэ къуажэшхуэм сыблэк1ыу, сезыхужьари сыт?.

Къуажэбгъум щыс унагъуэм ек1уэл1ащ,и шыр ф1эдзап1эм ф1идзэри хьэщ1эщым щ1ыхьэну пылъу .

Фызыжьым: Еблагъэ, си щ1алэ, еблагъэ! Иджыпстук1э унагъуэм ц1ыхухъу искъыми , уи шыр уэ зыхуей 1угъащ1э, сэ иджыпсту 1энэ нэсхьынщ.

Ехье и шыр зыхуей хуегъазэри хьэщ1эщым щ1охьэ.

Фызыжьми 1энэ къегъэув, щ1алэм зрегъэтхьэщ1ри 1энэм егъэт1ыс, езыри бгъэдот1ысхьэ. Ехье шхэн щ1едзэ.Абы и нэ1ур золъэ, шхыныр ирекъух. Фызыжьыр Ехье еупщ1ын щ1едзэ.

- Зэш дапщэ фыхъурэ ,т1у?

- Уей ,нанэ нобэр къыздэсым зэкъуэшипл1 дыхъуу щытам, ауэ си къуэшхэм сэ сахыумыбжэж.

-Уей, нанэ, сэ мы шху гуащ1эмрэ мы п1астэ щ1ы1эмрэ сыкъемылыну.

-Анна, укъыстек1уэщ, си щ1алэ.

Ныуэжьым щ1алэр зэригъэунэхуну къихьахэр 1уихыжри езым гуэгушыхъушхуэр ф1ригъэгъэжащ. Ар хьэзыр хъуху ц1ыхухъухэри къэсыжащ ик1и щ1алэм и жэуапыр апхуэдизк1э ягу ирихьати, ныш хуамыук1ыуи яут1ыпщыжакъым.)

6. Бэвыр зи к1уап1эрэ 1эщыр, псэущхьэхэр, бзухэк1хэр,бдзэжьейхэр зи куэд Адыгэ Хэкум ерыскъыби имы1ауэ жып1э хъунтэкъым. Аддэ лъэхъэнэжь жыжьэм узэ1эбэк1ыжмэ, ди 1уэры1уатэми къыхощыж адыгэхэм шхын зэмыл1эужьыгъуэ куэд яупщэф1у, хэт къахуемыблэгъами ди лъэпкъ шхыныгъуэ 1эф1хэмк1э ягъэхьэщ1эфу зэрыщытар. Ауэ нэхъ хьэлэмэту абы хэлъыр шхыныр сэбэпу, къэуат щ1элъу зэрапщэф1ырт. Зэгъусэу зэдэпшхын хуей шхыныгъуэхэмрэ зэщ1ыгъуу пшхымэ зэраныгъэ узыншагъэм къыхуэзышэмрэ зэращ1эрт.

7. Уигу къэмык1ыжынк1э 1эмал и1экъым Андемыркъан и хъыбарыр. Ар сыт и лъэныкъуэк1и узыдэплъеин ц1ыхут. Андемыркъан зэи шхын лей ишхыртэкъым. Абы нэхъ и шхыныгъуэу щытар п1астэрэ лырэщ. Ара къыщ1эк1ынщ абы апхуэдиз къару щ1ыхэлъари. Зэрымыщ1эк1э щ1ым и пц1анап1эм ирашэу Андемыркъан щыхагъащ1эм

" Сэ фэ гъуамэхэр си гущ1ы1у физмыгъэплъэнк1э, Уащхъуэ Мыващхъуэ К1анэ" же1эри и сагъыдакъыр и пщэм пэщ1игъакъуэщ лъабэкъуэхъуу уври щыту и псэр хигъэк1ащ. Ар л1ыгъэншэми къарууншэми хуэмыщ1эн 1уэхугъуэщ.

8. Адыгэхэм шхыным хабзэ хуэк1элъызэрахьэу зэрыщытари иджыри мы теплъэгъуэ к1эщ1ымк1э фэдгъэлъэгъунщ.

(Къэзэнокъуэ Жэбагъы п1ащ1эу гъуэгуанэ тету и шэджагъуэ нэмэзыр блэк1ырти , хьэщ1эщ гуэрым еблагъэри нэмэз щищ1ащ.Нэмэзлыкъым къызэрытек1ыжу 1энэ къыхуагъэувати шхэщ, лэпсри трифыххьыжри:

-1элъхьэмдурилэхь, Тхьэм фигъатхъэ, дывгъэтхъащ.-жи1ащ, ауэ абы зыри къыпадзыжакъым.

Махуипл1 енк1э хьэщ1эщым исащ Жэбагъы. Зэм къахьар ет1уанэу къамыхьу ипэ махуэхэм ягъэхьэщ1ащ. Шхэгъуэр зэф1эк1ыхук1э Жэбагъы жи1э хабзэр жи1эрт, ауэ жэуап игъуэтыртэкъым. Махуэ етхуанэм унэгуащэм гъунэгъу хъыджэбз ц1ык1ум елъэ1уащ:

-Ди хьэщ1э угъурсызыр къытф1инащи мы шей къарэр куэдщ абы и дежк1э. Хуэхьи ирегъэф!

Хъыджэбз ц1ык1ум 1энэр хьэщ1эм и пащхьэм егъэуври езыр йок1уэтыж, нэмысыф1эу. Жэбагъы шей къарэр ирефри:

-1элъхьэмдурилэхь, Тхьэм фигъатхъэ, дывгъэтхъащ.

Жабагъы къотэджыжри хъыджэбз ц1ык1ум и щхьэм 1э делъэ:

-Насыпыф1эшхуэ тхьэм уищ1,си хъыджэбз ц1ык1у. А псалъэ закъуэращ сэ тхьэмахуэ хъуауэ сыщ1ыщысыр.)

9. Аращ-т1э, ерыскъыр 1эф1и гуак1уи зыщ1ыр хабзэмрэ нэмысымрэщ.

10. Ди хьэщ1э лъап1эу Борис, дауэ уеплърэ тхуэхъумэну п1эрэ дэ, иджырей зэманым и щ1эблэм апхуэдизрэ адыгэм къадэгъуэгурык1уа шхыныгъуэхэр, абы ехьэл1а хабзэхэр. Иджыри зы упщ1э. Дэ зэрытщ1эмк1э, уэ иджыри тхылъ къыдэбгъэк1ыну уолэжь. сыт ар зытеухуар? Дапщэщ къыдэк1ыну дыпэплъэну?

1.Еджак1уэхэм ягъэхьэзыра шхыныгъуэр зэрагъэхьэзыра щ1ык1эр жа1эурэ къагъэлъагъуэ.

Нажмите, чтобы узнать подробности

Муниципальнэ к1эзонэ общеобразовательнэ 1эхущ1ап1э

Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и Прохладненскэ куейм хыхьэ

Къэрэгъэш къуажэм и курыт общеобразовательнэ еджап1э № 2

Зыгъэхьэзырар: Къэрэгъэш курыт еджап1э №2-м

и пэщ1эдзэ классхэм щезыгъаджэ

Лу Маритэ Мухьэмэд ипхъу

2019гъ.

Пэублэ псалъэ.

Темэр актуальнэу щ1ыщытыр

Иджыпсту сабий къэхъухэр еджэным дихьэхкъым. Узыхуей псори хьэзыру интернетым къыщыбгъуэтыфмэ сыт ущ1еджэныр? Ауэ адыгэбзэк1э ек1уэк1 лэжьыгъэхэм жыджэру ухэтын папщ1э интернетым узыхэдэн куэд щыбгъуэтынукъым. Уэ щ1эныгъэф1 ббгъэдэлъу щытын хуейщ. Абы къыхэк1к1э тхылъ нэхъыбэрэ деджэн хуей мэхъу. Аращи мыпхуэдэ лэжьыгъэ нэхъыбэ ебгъэк1уэк1ыху, сабийхэми тхылъ нэхъыбэрэ къащтэн хуей мэхъу. Апхуэдэурэ сабийхэр тхылъ еджэным дегъэхьэха хъуну къызолъытэ.

Зэрагъэгъуэтын хуей щ1эныгъэхэр.

Предметнэ: Нало Заур и творчествэм теухуауэ я щ1эныгъэр егъэф1эк1уэн, сабийхэм я бзэм, я зэхэщ1ык1ым зегъэужьын.

Метапредметнэ: зэгъусэу щыздэлажьэк1э, щызэпсалъэк1э я зэхуакум зэгуры1уэныгъэ дэлъу, сабийр гупым хэту лэжьэным хуегъасэ: лэжьыгъэ ягъэзащ1эм теухуауэ хэт жи1эми едэ1уэф1у, абыхэм нэхъ тэмэм жэуапыр зэгъусэу къыздыхахыфыным хуеущий; я бзэм хуэшэрыуэу я гупсысэр къэ1уэтэным хуегъасэ.

Личностнэ: сабийхэм анэдэлъхубзэр яджыным дегъэхьэха мэхъу; нэгъуэщ1 ц1ыхум пщ1э хуащ1у, 1эдэбу хущытыным хуегъасэ.

Мурадхэр: предметым ехьэл1ауэ ящ1эпхъэр Нало Заур и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ нэхъ куууэ щыгъэгъуэзэн; абы и усэхэр ц1ыхубэм и хьэл-щэныр, и гъащ1эр, и гурыгъу-гурыщ1эхэр къэгъэлъэгъуэнымк1э хэк1ып1э гъуэзэджэу зэрыщытыр; Налом и усэхэм щыпхрыша гупсысэ нэхъыщхьэр, абыхэм я1э щхьэхуэныгъэхэр.

Хуэзыгъасэ: я гупсысэр къа1уэтэфу егъэсэн, щ1эрыщ1э къащ1ар къагъэсэбэпыфу егъэсэн, я творческэ зэф1эк1ыр егъэф1эк1уэн.

Гъэсэныгъэм ехьэл1ауэ: Еджак1уэхэр 1эдэбагъым, дахагъэмрэ пэжыныгъэмрэ щ1экъуным къыхуеджэн, апхуэдэ гурыщ1эхэр усак1уэм и творчествэмк1э зыхегъэщ1эн;

дэтхэнэ зы цыхури псэухук1э пэжым и телъхьэу, хэкум хуэлажьэу, ар ф1ыуэ илъагъуу, ф1ыри 1ейри зыхащ1эфу егъэсэн.

Къэгъэсэбэпыпхъэхэр: Нало Заур и сурэт, тхыгъэхэм хуащ1а сурэтхэр, тхылъ къыдигъэк1ахэм я щыщ, презентацэр, интерактивнэ доска.

Хэтынухэр: егъэджак1уэ езыгъэк1уэк1ыр, жюри, ещанэ классым щ1эс еджак1уэхэр гупит1у гуэшауэ.

Егъэджак1уэм и хэзышэ псалъэ:

Уафэ къащхъуэм зеукъэбзыр,

Дыгъэ джылыр къыщIокIыжри.

Бзум усэныр ягу къокIыжри,

Ди джэд къомыр зэдокъакъэ,

КъытхуакIэцIри дыщэ къакъэ.

Си анэр нэхъри мэхъур гуапи

Дегъэшх IэфIу лэкъум хуабэ.-

итхыгъащ Нало Заур. Лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ фIыгъуэр хъумэн илъэныкъуэкIэ адыгэ псалъэм и пщэ къыдэхуэ къалэныр зыми хуэмыдэжу зэрыиныр фIыщэу къыгуроIуэ а тхакIуэ цIэрыIуэ, щIэныгъэлI ахъырзэманым а фIыгъуэр абы езым ихъумэу икIи игъэбагъуэу щытащ – и къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куухэмкIэ, и художественнэ тхыгъэ купщIафIэхэмкIэ.

Дихьэхауэ ар кIэлъыплът адыгэ псалъэм иIэ зэфIэкIым. Абы зы жанри игъэхамэртэкъым, зы лъэхъэнэ гуэрми и щIыб хуигъазэртэкъым; фIэгъэщIэгъуэну ар кIэлъыплът адыгэ псалъэм и шыфэлIыфэм – лъэпкъ IуэрыIуатэр зэпцIу щыщIидза зэман жыжьэм къыщежьэу ди нобэм къэсыху. Зыри кIэрымыхуу, лъэпкъым лIэщIыгъуэкIэрэ къыдекIуэкI фIыгъуэр къэхутэн, зэуIу щIын, дяпэкIи егъэфIэкIуэн – аращ Нало Заур и гъащIэр зытриухуауэ щытар. ИкIи а лэжьыгъэ щхьэпэм псэемыблэжу бгъэдэтащ –– елIалIэу, егугъупэу, зыщымысхьыжу. Лъэпкъ щэнхабзэм и тхыдэр емышыжу зыдж щIэныгъэлI щэджащэм и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъ куэд адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ дунейм къытехьащ.

Сэ Нало Заур Iуащхьэмахуэ хузогъадэ. ЛIэщIыгъуэкIэрэ ди лъэпкъым къыдекIуэкIа бгы абрагъуэм и щэху псор сэтей къэзыщIыфа щыIэ? Заур и акъылым, и зэфIэкIым я куупIэр къэзыхутэфар хэт? . Пщэдей къэхъунур IупщIу зылъагъу лIы Iущт Нало Заур.

Дэтхэнэ зы тхак1уэри усак1уэри езым хуэдэхэм къахощ зытеусыхь 1уэхугъуэхэмк1э, а 1уэхугъуэхэр къызэригъэлъагъуэ 1эмалхэмк1э, и бзэм и шэрыуагък1э, гупсысэ дахэу и псалъэм хухэлъхьэхэмк1э. Ар, къапщтэмэ, елъытащ ц1ыхум игъуэта гъэсэныгъэм, щ1эныгъэм, и гъащ1эр къызэрек1уэк1ам, и акъыл ухуэк1эм, и гу къабзагъэм, гупсысэм и кууагъым, псалъэры1эзагъым, лэжьэк1эм. Ц1ыхур дунейм зэрытет къудейк1э думылъагъу куэд, ф1агъыуи щыщ1эныгъэуи, тхак1уэ-усак1уэм и 1эдакъэщ1эк1ым хэплъэгъуэнущ. Псэм и дахэр, акъылым и куур тхыгъэм хьэлэмэту къегъэнахуэ Нало Заур

Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.

Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ - ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.

Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.

Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.

Сочинение Темирова Темирлана,

Пшеунова Т. А

Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.

Основные способы перевода пожертвований в Русфонд

1.Через банк

2. Через терминал QIWI (КИВИ)

3. Через банковскую карту

4. Другие способы

17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.

12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.


Бештокъуэ Хьэбас

Бзэр тIэщIэкIмэ, дылъэпкъкъым.

Акъыл ин ухуэмей,
КъыбгурыIуэу а тIэкIур
Утетыну дунейм.
Бзэм и макъхэм ди тхыдэр,
Ди лъыр, ди псэр хэпщащ.
Бзэр тхъумэну зымыдэр
Ди биям къагъэщIащ.
Бзэр тIэщIэкIмэ, досыкIыр,
ТIэщIэкIами дрикъунт.
КIуа лIэщIыгъуэм лъыкIпсыкIым
Хипщэжар сыт хъужын?
Бзэр тIэщIэкIмэ, докIуэдыр.
Лъы зыщIэтыр фысакъ.
Псы зыщIэтыр текIуэту,
ВгъэIу бзэ хуабэм и макъ.

Бемырзэ Мухьэдин

Адыгэбзэ

Къагъырмэс Борис

Си адыгэбзэ

Къэшэж Иннэ
* * *
Къызэпсэлъэж, си адэ, адыгэбзэкIэ,
нэгъуэщI нэхъ мыхъуми
зэ сегъэпщIыхьыж,
бгъэджэгуупсысэм
и макъыбзэ шхуэIур
уздыщагъафIэ лъахэм дигъэхьэж.
Къызэпсэлъэж уиадэм и уэсятымкIэ,
Си адэу — узым бзэр зыIуриха!
Зэпычми шыныбэ пхыруэрэд хъэтымкIэ
Шым нихьэсынущ лъагъуэ хухахар.
КъысхуэIуэтэж, си адэ, уилъахэбзэр,
а тэмакъыщIэ псынэм
и фIыншэбзэр —
мэлыхъуэ пщыIэ жьэгухэм я IугъуэкIэм
уиузхэм щIэгъэуэну зырашэкIрэ
уэсукхъуэгъуагъуэмбгыр
щIэщхьэукъукIыу.
Къызэпсэлъэж, си адэ, къэпсэлъэж!
КъызэпсэлъэкI уз
бзаджэм къыпекIуэкIи —
узыпэмастэруи мэкъупIэ пхафэу
усхурикIуэжу а пшэкIэплъ дыгъафIэм…
А зырщиджы, си адэ, къэслъэIужыр:
къэгъэпсэлъэж а уахътыншагъэм
и бзэр,
къэгъэпсэлъэж уиадэм и лъахэбзэр.
1971.

ЗэзыдзэкIар Къармэ Iэсиятщ.

Щоджэн Аслъэнджэрий

Адыгэбзэ

Ди Iуащхьэмахуэ
Уафэм ныщIоуэ,
Бахъсэн уэрыжьыр
КъуакIэм щызоуэ,
Мы ди хэкужьыр
Дуней телъыджэщ,
Ди адыгэбзэр
Абы и гъуджэщ.
Зи бзэр зыфIэдахэр
Ар лъэпкъ узыншэщ,
Зи бзэм хуэлажьэр
Ар лъэпкъ уахътыншэщ,
Адыгэ лъэпкъыр
Дызэкъуэтынщ,
Ди бзэм и щIыхьыр
Лъагэу тIэтынщ.
Ди адыгэбзэр
Мывэ джей быдэщ,
Илъэс мин куэдхэр
Абы и тхыдэщ,
Псыкъелъэм хуэдэу
Ар къарууфIэщ,
Ди лъэпкъ гъэфIэну,
ДызэрыгуфIэщ.
Зи бзэр зымыдэу
Зы лъэпкъ щымыIэ,
Зи хэку епцIыжу
Зы лъэпкъ щымыIэ,
Зи бзэр зыхъумэр
Мис ар лъэпкъ къабзэщ,
Бзэм пщIэ хуэщIыныр
Лъэпкъхэм я хабзэщ.
Мы дунеишхуэм
Лъэпкъ куэд щызокIуэ,
Зи бзэм хуэсакъхэр
Зэманым токIуэ,
ГъащIэ хъуэпсэгъуэр
ЩIылъэм щаухуэ.
Апхуэдэ щапхъэм
Дэ дегъэгушхуэ.
Ди адыгэбзэм
Лъэпкъыр зэпещIэ,
БлэкIа зэманхэр
Дэ къыдегъащIэ,
Ди нартыжь лъэпкъым
Уэрэд хуеусыр,
Ди лъэпкъ хъыбархэр
Дэни нехьэсыр.
Зи бзэр зыфIэдахэр
Ар лъэпкъ узыншэщ,
Зи бзэм хуэлажьэр
Ар лъэпкъ уахътыншэщ.
Адыгэ лъэпкъыр
Дызэкъуэтынщ,
Ди бзэм и щIыхьыр
Лъагэу тIэтынщ.

Си бзэ – си псэ, си дуней

Псалъэхэр Джэдгъэф Борис ейщ
Макъамэр Молэ Владимиррэ
Щомахуэ Хьэсэнбийрэ ейщ

Iуащхьэмахуэу уэгу пкIэлъейм
Хасэшхуэр щызэхуос.
ЖаIэр нобэ Къэбэрдейм
Къайсэри щызэхох:
Ежьу: Си бзэ — си псэ, си дуней,
Анэбзэу си уэрэд,
Лъагъуныгъэу сигу мыжейм
Сигу мыжейм укъолъэт
Адыгэу тетым щIы хъурейм,
Ей, маржэ, жыфIэрей:
Си бзэ — си псэ, си дуней,
Си бзэ — си дуней.
Япхъуатэ си бзэр къуалэбзум.
Пшынэбзэу, зэIэпах.
Мэзкуу щIодэIур си макъ зум,
Аммани щызэхах.
Ежьу.
Йоубзэ си бзэр мы дунейм.
Ар, пшэплъу, кърекIут
Си Iуащхьэмахуэу уэгу пкIэлъейм,
Тырку лъахэми лъоIэс.
Ежьу.

Читайте также: