Си махуэр зэрызгъак1уэр сочинение

Обновлено: 05.07.2024

Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.

Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ - ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.

Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.

Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.

Сочинение Темирова Темирлана,

Пшеунова Т. А

Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.

Основные способы перевода пожертвований в Русфонд

1.Через банк

2. Через терминал QIWI (КИВИ)

3. Через банковскую карту

4. Другие способы

17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.

12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.

Нажмите, чтобы узнать подробности

Гъатхэпэм и 14 -р адыгэбзэм и махуэщ . "Бзэр тебзэщ, Хабзэр абы и щ1эбзэщ". Дыщывгъэпсалъэ ди бзэ дахэмк1э ди унагъуэхэм, уэрамхэм, дэтхэнэ 1уэху щ1ап1эми. Адыгэбзэк1э дывгъатхэ! Ди бзэмк1э дэтхэнэ зы адыгэ зэхыхьэри зэхэдвгъашэ! Адыгэбзэм дривгъэпсэу! Бзэр бзэху, лъэпкъри нэхъ лъэщ мэхъу! Адыгэбзэ - Адыгэпсэ!

Фи махуэ ф1ыуэ ди егъэджак1уэ лъап1эхэ, ц1ык1ухэ!

Гъатхэпэм и 14 -р адыгэбзэм и махуэщ . "Бзэр тебзэщ, Хабзэр абы и щ1эбзэщ". Дыщывгъэпсалъэ ди бзэ дахэмк1э ди унагъуэхэм, уэрамхэм, дэтхэнэ 1уэху щ1ап1эми. Адыгэбзэк1э дывгъатхэ! Ди бзэмк1э дэтхэнэ зы адыгэ зэхыхьэри зэхэдвгъашэ! Адыгэбзэм дривгъэпсэу! Бзэр бзэху, лъэпкъри нэхъ лъэщ мэхъу! Адыгэбзэ - Адыгэпсэ!

Адыгэбзэм махуэ псори ей пэтми, ди бзэми махуэ хэха иlэу догъэлъапlэ нэхъ лейуэ. Махуэшхуэр зытеухуар 1853 гъэм гъатхэпэм и 14-м Тифлис къалэм япэрей адыгэ Хьэрфылъэ тхылъ къэзэрыдэкlарщ. Зи lэдакъэщlэкlыр Бырсей Умарт, хьэрып тхыбзэмкlэ зэхэгъэуват.

Бырсейм и япэ алыфбейр зытещIыхьауэ щытар хьэрып тхыбзэрат. Ауэ еджапIэм зэрыщылэжьа зэманым, шэч хэмылъу, абы къыгурыIуэжащ и щыуагъэр. ИужьыIуэкIэ абы зэхигъэуващ адыгеибзэм и грамматикэ. 1862 гъэм кавказыдж Усларрэ Бырсей Умаррэ къэбэрдеибзэм и азбукэ къыдагъэкIащ урыс графикэм тету. Ар и лъабжьэу дунейм къытехьат Кавказ лъэпкъхэмрэ щIыпIэхэмрэ тепсэлъыхь тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъыр, Лопатинскэм, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ сымэ зэхалъхьар.

Адыгэбзэ, анэдэлъхубзэ! Мы псалъэхэр ди гум къохуэбыл1э, дегъэин. Абы дэ зэхыдегъащ1э къыддалъхуа , ди гум щыдгъаф1э бзэ лъап1э дызэри1эр. Зи бзэр ф1ыуэ зымылъэгъуж , ар зымыщ1э ц1ыхум къыщалъхуа лъэпкъыр ф1ыуэ хуэлъэгъунукъым. Бзэмк1эщ узыщыщ лъэпкъри, абы и хабзэ дахэри, уи щ1ыналъэ хъуэпсэгъуэри зэрызэхэпщ1эр. Ц1ыхубэм ф1ыгъуэу зэригъэпэщахэм я нэхъ лъап1эщ л1эщ1ыгъуэк1эрэ къыдэгъуэгурык1уэ и анэдэлъхубзэр. Бзэм епхащ ц1ыхубэм ехъул1эныгъэу зы1эрагъэхьахэр, абы адэк1э и дунейм зэрызиужьынури аращ зэлъытар. Бзэр имы1эмэ, абы гъащ1и и1энукъым. Бзэр имы1эмэ, лъэпкъым и лъэпкъыгъэр ф1ок1уэд, ар адрейхэм яхошыпсыхьыж. Зи щхьэ,зи лъэпкъ пщ1э хуэзыщ1ыж дэтхэнэри телэжьэн хуейщ къыдалъхуа и анэдэлъхубзэм, ар и нэ, и псэуи илъагъуу, и1этын хуейщ. Бзэм и гъащ1эр зи 1эмыщ1э илъыр къэзыгъэщ1а лъэпкъырщ, пэжу бгъэдэтмэ, тэмэму игъэлажьэмэ, еф1эк1уэнущ.

Нобэрей адыгэ щ1эблэм я къалэнщ къыдалъхуа бзэр, я адэшхуэхэм къащ1эна хабзэ дахэр яхъумэну, ипэк1э ягъэк1уэтэну, лей къытрамыгъэхьэну.

Адыгэбзэ (Бемырзэ Мухьэдин)

1.Си гъатхэ дыгъэ къуэмыхьэж

Си гукъыдэж, си гурыф1ыгъуэ,

Узи1эу зыми семыфыгъуэ

Узи1эу зыми семыиж.

2.Си анэдэлъхубзэ, уэ улъэщщ,

Зи зэманыгъуэу угурыхуэщ

Ц1ыхугу дэтхэнэри къот1эщ1

Уэ ущагъабзэк1э 1эрыхуэу.

3.Уэ уаф1эжьгъейми къэбгъэщ1ащ

Гъэ минхэр, си бзэ уэ бгъэщ1ащ

Иджыри мащ1экъым уи нат1эр.

4.Си лъэпкъым щ1эблэ къыщ1эхъуам

Насып вагъуэбэу ужьэхэпсэу

Я нэхъ тхьэмыщк1э ущыхъуам

Уре1э уэ, си адыгэбзэ!

Адэк1э къыпысщэну сыхуейщ Адыгэ 1уэры1уатэм теухуа гуп зэпеуэ.

Псалъэжьхэр махуэ къэс бзэм къыщагъэсэбэп. Абыхэм 1ущагъ ябгъэдэлъщ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ я1эщ. Псалъэжьхэм ди бзэр къулей, шэрыуэ ящI. Абыхэм я ухуэкIэкIэ кIэщIщ, ауэ я гъащIэр кIыхьщ.

-Гуп къэск1э псалъэжь фи пащхьэм илъщ зэхэгъэувэжын хуейуэ. Псалъэжьыр зэхыдогъэувэри и мыхьэнэр къыжыдо1э.

Псалъэжьхэр:

Гъатхэм жеяр, бжьыхьэм магъыж.

Куэд жызы1э нэхърэ, куэд зылэжь.

Хуэмыхум зимыгъазэурэ мазэр къуохьэж.

Ц1ыхугъэр пщэи къэпщэхуи хъуркъым.

Нэмыс здэщымы1эм насып щы1экъым.

Хъэзыр хъу гупыр фи 1э ц1ык1ухэмк1э фызэрыубыд. Япэ хьэзыр хъу гупым япэ дедэ1уэнщ.

Псынщ1эрыпсалъэхэри ди 1уэры1уатэм щыщщ. Абыхэм мыхэнэшхуэ я1эщ сабийхэм я бзэм зегъэужьынымк1э.

Гуп къэск1э псынщ1эрыпсалъэ фи пащхьэм илъщи абы тэмэму къызэреджэн хуейм хуэдэу къеджэн. Зывгъэхьэзыри фи 1э ц1ык1ухэмк1э фызэрыубыд. Япэ хьэзыр хъу гупым япэ дедэ1уэнщ.

Псынщ1эрыпсалъэр:

Мо псыхъуэм мывопц1э ц1ык1у дэлъыр уи закъуэ уи мывопц1э ц1ык1у? Ар псоми ди зэхуэдэ мывопц1э ц1ык1ущ.

Гуп къэск1э къуажэхь щырыщ гъуэрыгъуэурэ къэфщ1энущ. Гуп сызэупщ1ым къимыщ1эфмэ адрей гупхэм жэуап къат хъунущ.

-Зи пкъыр щ1ым щ1элъ, зи щхьэцыр дунейм телъ. (пхъы)

-Зи губгъуэр хужь, зи жылэр ф1ыц1э. (тхылъ)

-Зи к1эр зылъэфу, зи фэр зи бий. (бажэ)

-Банэ топу зи пэр т1ей. (цыжьбанэ)

-Зэшищ зы пы1э ящхьэрыгъщ (1энэ)

-Вак1уэ дэк1ым к1элъоджэ, къаджэ-наджэу къек1ухь.(хьэрхьуп)

-Зи къуэпсыр дуней псом лъэ1эс. (дыгъэ)

-Блыным зыщигъазэу зэман пыбжык1. (сыхьэт)

-К1уэ пэтми, бжьиз зымык1у. (гущэ)

-Цыпхыдзэр зи пащ1э, хуэмып1ащ1эу дзыгъуащэ, гуащэ жьан т1эм дэмык1, зи к1э ц1ык1ур зыгъэджэгу. (джэду)

-Дэнэ ук1уэми пк1эрымык1.(ныбжь)

-Башыпэ к1апсэ, к1апсэпэ мастэ. (къунтх)

-Ди гуэн ц1ык1у лы изщ. (1эпхъуалъэ)

-Уд ф1ыц1э пэ дыд, тхьэк1умак1эм зыхесэ, уэсэпс къехмэ мэмэх, хьэ хыжыгъуэм мэятэ, мэкъуауэгъуэм мэтэдж. (аргъуей)

-Хэт къак1уэми ф1эхъус ирех. (бжэ)

Епл1анэ зэпеуэм щ1ыдодзэ.

Гуп къэск1э нарт л1ыхъужьхэя я ц1эхэр къэщ1эжауэ тхын. Хэт нэхъыбэ псалъэ къищ1эжми а гупыр тек1уэнущ.

Адэк1э ди зэпеуэм къыпыдощэ Нэщэнэ зэпеуэк1э.

Нэщэнэхэри ди 1уэры1уатэм щыщщ. Ахэр ижь- ижьыж лъандэрэ гу зылъата 1уэхугъуэхэм къыхэк1ащ. Ар епхащ къэхъуну- къэщ1эным. Нэщэнэхэм ц1ыхум и зэхэщ1ык1ым зрагъэужь, ар гъащ1эм нэхъыф1у щыгъуазэ ящ1.

Гуп къэск1э фи пащхьэм илъщ нэщэнэхэм я къыщ1эдзап1эр тхауэ. Абыхэм и к1эухыр къыпыфтхэж. Зывгъэхьэзыри фи 1э ц1ык1ухэмк1э фызэрыубыд. Япэ хьэзыр хъу гупым япэ дедэ1уэнщ.

- Уэшх нэужьым лэгъупыкъу къищ1мэ, уэф1 мэхъу, жа1э.

- Къаблэмк1э къик1ыу жьы къепщэмэ, уэф1 мэхъу, жа1э.

- Бжьыным фэ куэд телъмэ, щ1ымахуэр щ1ы1э мэхъу, жа1э.

- Зыщ1ып1э 1уэхук1э уежьауэ къэбгъэзэжмэ-уздэк1уэр къохъул1энукъым, жа1э.

- Махуэр уэму, дыгъэр гуащ1эу къепсмэ, мыгувэу уэлбанэ хъунущ, жа1э

- Былым къозытар хущ1емыгъуэжмэ, пхуобагъуэ, жа1э.

- Пц1ащхъуэр лъахъшэу лъатэмэ,уэшх къошх, жа1э.

- Хьэм удз ишхмэ, гъавэр бэв хъунущ, жа1э. (уэшх къошх)

- Къуаргъхэр зэрызехьэмэ, уэлбанэ мэхъу е уэс къос, жа1э.

- Бабыщхэм удзым зыхакухьмэ, уэлбанэ хъунущ, жа1э.

Зывгъэхьэзыри фи 1э ц1ык1ухэмк1э фызэрыубыд. Япэ хьэзыр хъу гупым япэ дедэ1уэнщ.

Зэпеуэр зэрек1уэк1ар къызэщ1эткъуэжынщ. Жюрим псалъэ идот.

Хъуэхъу: Ди нэхъыщ1и ди нэхъыжьи я гур къабзэу, я бзэр дахэу, зэгуры1уэу, зэдэ1уэжу, гуф1э тхъэжу дызэдэпсэуну сохъуахъуэ.

Нобэрей зэманым еджак1уэхэр егъэджэным,гъэсэным куэд пыщ1ащ.ФГОС-м къалэн къигъэувхэр мащ1экъым.Апхуэдэхэм ящыщщ еджак1уэр урокым щыщ1эсым деж зэрыгъэпсэлъа хъунымк1э 1эмалхэр къэгъэсэбэпыныр.Зыгуэр жызы1эм-зыгуэри ещ1э жыхуи1эр арщи,псалъэм псалъэр къешэ.Зэхэша хъуа псалъэм гупсысэ и1э мэхъу.Гупсысэ жызы1а,ар зыбгъэдэплъхьа еджак1уэм и зэхэщ1ык1ым щынэмыщ1ауэ,бзэми зеужь.Адыгэбзэм и псалъэхэр куэдым гугъу ящыхъуми,еджак1уэ ц1ык1ухэм я анэбзэр ящ1апхъэщ,зэгупсыс,ялъэгъуа,жа1эну зыхуей псори къыща1уатэк1э,адыгэбзэр макъыбэу щызэрагъэлъэлък1э уримыгуф1эн пхузэф1эк1ыркъым.Арагъэнущ мы еджэгъуэ илъэсым Департаментым егъэджэныгъэмк1э и методист нэхъыщхьэ Л1ы1эщын Лудэ еджак1уэхэм я псалъэк1эм гулъытэ хэха щ1ыхуищ1ри.Фок1адэ мазэм щыщ1эдзауэ еджап1э къэс семинар къызэрагъэпэщхэр сэбэп мэхъу еджак1уэхэм адыгэбзэр яджынымк1э,ф1ыуэ псалъэу щытынымк1э.Жып1энурамэ,дыздэщы1а хэу езанэ гимназиер,ет1уанэ лицейр икъук1э ф1ыуэ толажьэ еджак1уэм и бзэр ищ1энымк1э,анэбзэм ирипсалъэу щытынымк1э.Еджак1уэм зы сыхьэтк1и,зы махуэк1и,мазэ зыбжанэк1и бзэр ф1ыуэ пхуемыгъэлъагъуу ущытыныр зым хэмылъщ.Къыбдалъхуа бзэр псэм щыщ щ1ыным лэжьыгъэшхуэ епхащ.Арагъэнущ егъэджак1уэхэми урок щатк1э 1эмалыщ1эхэм куэду утыку щ1рагъэгъэуэтри.Зи гугъу тщ1ы 1эмалхэр зыр зым къыщхьэщок1.Дэтхэнэ зы егъэджак1уэми езым нэхъ къехъул1эу къилъытэ,сэбэп егъэджэныгъэмк1э къыхуэхъу 1эмалхэр къегъэ1урыщ1э.Мазаем и тхум дыздэщы1а Налшык къалэ дэт еджап1эм и егъэджак1уэхэми къагъэсэбэп 1эмал куэди я1эщ.Семинар ди1ар къызэ1уихащ Л1ы1эщын Лудэ.Псалъэ гуапэк1э зыкъытхуэзыгъэза унафэщ1ым дыщигъэгъуэзащ урок-зэ1ухахэм нэхъ дызык1элъыплъын хуейхэр.Адэк1э пэш хуитхэм дыщ1ашащ.Пщыунэ Мадинэ,Мамий Марьянэ,Асанэ Аминэ сымэ ята урокхэр ф1ы дыдэт.Сэ урокит1 сыздыщ1эсар удэзыхьэхт.Пщыунэ Мадинэ еханэ классым щита урокыр хуиунэт1ащ щхьэ ц1эпапщ1эхэм,абыхэм я склоненэм.Пэщ1эдзэм т1эк1у 1энкуну щыта егъэджак1уэм и псалъэхэм къару лъэщ къащ1ыхьэрт еджак1уэхэм щепсалъэм деж.Езы еджак1уэхэри хуэгушхуэрт я егъэджак1уэм.Арагъэнущ абыхэм усэхэри,псалъэжьхэри,къуажэхьхэри утыку къыщ1ралъхьар.Урокым зэрыщ1идзэу лэжьыгъэ гъэзэщ1эным еджак1уэхэр хуэхьэзырт.Макъамэ къыщеуащ дерсым,хьэрф У-м и тхьэусыхафэми демыдэ1уаи,фразеологическэ оборотхэри къэдмыгъэлъэгъуаи,псалъэухахэр синтаксис и лъэныкъуэк1и зэпкърыдмыхаи,фонетикэк1э псалъэри тэмэм дымыщ1аи,къуажэхь къэщ1эныр джэгук1э теплъэ и1эу ц1эпапщ1эхэм хуэдмыгъэпсаи!Еджак1уэхэр щхьэзакъуэуи гупуи лэжьахэщ.Егъэджак1уэм лэжьыгъэшхуэ иригъэк1уэк1ащ .Сыт и уасэт зи щхьэцхэр ухуэнауэ урокым адыгэбзэк1э щыпсалъэ хъыджэбз ц1ык1ухэр плъагъуну?!Ар куэд и уасэщ!Урокым и к1эухым бжэм къытеу1уэу адыгэ ныпыр зы1ыгъыу къытхуеблэгъа щ1алэ ц1ык1ур -щэ?Ар зык1э гъэхуауэ,псэм хыхьэу адыгэбзэм,адыгэхэм теухуауэ усэ къеджащи…пхужымы1энщ! Мамий Марьянэ и урокыр щ1ымахуэм теухуат.Мыадыгэ сабийхэр сытым хуэдэу лэжьа а дакъикъэхэм.Дэтхэнэ зыми адыгэбзэк1э усэ зырыз жа1ащ.Бзухэм,псэущхьэхэм адыгэбзэк1э тепсэлъыхьахэщ.Егъэджак1уэм Уэс дадэм и хъуржыным иригъэ1эбэ1урэ еджак1уэ ц1ык1ухэм къраха сурэтхэм адыгэбзэк1э тепсэлъыхьыжащ.Гупу ахэр щигъэлажьэм щыгъуэ,хьэрф щхьэхуэхэм псалъэхэр къахригъэщ1ык1ащ,нэщэнэхэр жа1ащ,къуажэхьхэри къащ1ащ.Езы еджак1уэ ц1ык1ухэм я 1эк1э ящ1а сурэтхэри дахащэт.Ещанэ классым щ1эсу,мыадыгэ сабийхэу ахэр къыпхуэщ1энтэкъым.Дэтхэнэ зы еджак1уэри нэшхуэгушхуэт.Хэт?сыт?упщ1эхэми щапхъэк1э жэуап ирамытаи,псей ц1ык1ур дахащэу ямыгъэщ1эрэщ1аи,адыгэбзэк1э тхыгъэ ц1ык1уи къытхуемыджаи…куэд,куэд дыдэ мэхъу мы ц1ык1ухэм ящ1ахэр.Ар псори зи ф1ыщ1эри хэт?Егъэджак1уэрщ! Семинарым кърихьэл1ахэм адыгэбзэр сабийхэм егъэджыным папщ1э егъэджак1уэхэм къагъэсэбэпа 1эмалыщ1эхэр гунэс ящыхъуащ.Еджап1эм и унафэщ1ым и къуэдзэми псалъэ гуапэк1э зыкъытхуигъэзащ.Семинарыр къызэщ1икъуэжащ Л1ы1эщын Лудэ.Абы и псалъэхэм къызэрыхэщащи,илъэсыр ик1ыху ек1уэк1ыну семинархэм гу нэхъ зылъитэнур егъэджак1уэхэм еджак1уэхэр зэрагъэпсалъэрщ,бзэр егъэщ1энымк1э 1эмал къагъэсэбэпхэрщ. К1эухыу мыри жыс1энут.Ещанэ еджап1эм псежэхыр и гъунэгъущ.Абы къищынэмыщ1ауэ щ1ы1эщ пэшхэр.Сыхьэт зыбжанэ абы дызэрыщы1ам ди 1эпкълъэпкъхэм щ1ы1эм зыхуаухуэнащ.Согупсыс:дауэ къелу п1эрэ ат1э махуэ къэс апхуэдэ щ1ы1эм щылажьэ еджак1уэхэр,егъэджак1уэхэр… Махуэл1 Беслъэн

Нур Гуащэ

Адыгэ лъэпкъыр зэ шъукъэдаIо!
Ти АдыгабзэкIэ тыжьугъэгущыIэ
Ти бзэ нахь дахэ зэрэщымыIэ
Сабийхэр шъуиIэмэ агурыжьугъаIо!

Адыгэ лъэпкъоу зыбзэ зымышIэрэм
Мыри Адыг пIоу таущтэу уеджэщт?
Янэмэ-ятэмэ арымыгъэшIагъэмэ
Шэныхэр хабзэхэр таущтэу ашIэщт?

Адыгэ унагъом сабыир къихъуагъэмэ
ТинэдэлъфыбзэкIэ шъудэгущыIэ
ГущыIэ дахэ сабыим ебгъашIэмэ
ГущыIэ дахи уигъэшIэжьыщт.

Тибзэ тымышIэу тыкъэжьугъэтэджымэ
Уахътэу блэкIыгъэу шъукIэгъожьыщт
Тэщфэдэу Адыгэ цIыфмэ тахахьэмэ
Ти бзэ тымышIэмэ къытшIокъиныщт.

УАдыгэба, уибзэ умышIэ къытаIомэ
Ар гу къауэшхоба зэ шъуегупщыс
Тыгу кIодыгъоу унэм тыгъэзэжьымэ
Джэуап къэшъутыщтыри къэшъугупщыс.

Тилъэпкъ бае игъэкIодынэу
боу цIыф аджи таужь къихьагъ.
Хэкужьы чIыгум тыкъырыфыгъэми
Хымэжьы чIыгум тыщыбэгъуагъ.

Къухьам изыхэу цIыфхэр къыращызэ
Тянэжьхэр тятэжьхэр ащ щылIыхьагъ
Шхыни тэрэз ящамыгъотоу
Шырамыгъэтоу зэтелIыхьагъ.

Псаоу чIыгу хымэм къэсыгъэхэр
Зы чIыпIэ горэм щыратэкъохьыгъ
Коцыри былыми къыщымыхъунэу
ЧIыгу лIагъэр тэ къытатыгъ.

Тилъэпкъ къинэу тищэкIыгъэр
Сабийхэр жьугъэтIыси шъыпкъэр яшъуIуат
Тэ непэ азапэу тызхэтыр имышIэмэ
ШIу лъэгъуныгъэр фыримыIэщт.

Илъэпкъ ашIугъэр непэ имышIэмэ
Неущ Тыркум, Арапым дэкIони ар хэхьажьыщт
Илъэс пшIырэ пшIыкIутфырэ блэкIымэ
Ар Адыгагъэми шигъупшэжьыщт.

Тянэхэр тятэхэр тыкъэжьугъэтэджи
ЩыIэныгъоу тызфакIорэм тежьугъэгупщыс
Хымэжьы чIыгум тыщымыунэхъузэ
Тыкъэжьугъэтэджи тихэкум тэжьугъэзэжь.

* Мыр къэзытхыгъэр зы кIэлэ егъаджакIо шъуз горэм. Ежьыр зэгорэм Тыркум къэкIуагъэу ныбжьымэ АдыгабзэкIэ аригъэшIэным пылъыгъагъ. Зы кассет ежь имакъэкIэ еджагъэу седэIугъагъ мы поэмыр. ар сэрыкIэ ихэкум пае фэзаорэмэ, фэлажьрэмэ ащыщ.

Читайте также: