Бажэмрэ уашхэмрэ таурыхъ сочинение

Обновлено: 02.07.2024

Мы группэм, къыдогъэблагъэ, адыгэу зызылъытэжхэмрэ, адыгагъэмрэ адыгъэбзэмрэ егъэф1эк1уэнымк1э зи гум ф1ы илъ датхэнэ зы ц1ыхури!))). Самый главный и наилучший памятник предкам это их потомки достойные своих отцов.
Показать полностью. Это каждый черкес и каждая черкешенка изучающие историю своего народа со всеми ее хорошими и плохими сторонами, дабы сохранять, воплощать, совершенствовать и передавать будущему поколению все прекрасные и высокие качества славных предков и дабы не повторять ошибок прошлого. Это каждый черкес и каждая черкешенка изучающие, хранящие и передающие будущему поколению родной язык, ибо поистине язык - душа народа. Это каждый черкес и каждая черкешенка изучающие и соблюдающие свою религию, и изучающие и соблюдающие свою культуру, традиции не противоречащие принципам Единобожия, и передающие все это будущему поколению. Каждый из нас живой памятник предкам, памятник строящий себя сам. И пусть каждый стремится построить себя наилучшим образом, что бы быть достойными не только прошлым поколениям, но и будущим.
М.А.А

Адыгэ ( таурыхъхэр, псалъэжъхэр, усэхэр. )

Адыгэ ( таурыхъхэр, псалъэжъхэр, усэхэр. ) запись закреплена
Восток. Такой загадочный и прекрасный!

Четыре жены султана

☝

Мудрая притча

У одного султана было четыре жены. Больше всех он любил свою четвертую жену – самую юную и ласковую. Султан дарил ей богатые одежды, драгоценности, холил ее и лелеял.
Показать полностью.

Он любил и свою третью жену – исключительную красавицу. Отправляясь в другие страны, он всегда брал ее с собой, чтобы все видели ее красоту, и всегда боялся, что однажды она оставит его и сбежит к кому-то другому.

Султан любил и свою вторую жену – хитроумную и искушенную в интригах. Она была его доверенным лицом , всегда умна, доброжелательна и терпелива. Когда у султана были проблемы, он доверял их второй жене, и она помогала мужу выйти из сложной ситуации, пережить тяжелые времена.

Первая жена была самой старой и досталась ему в наследство от покойного старшего брата. Женщина была очень предана мужу и делала все возможное для сохранения и приумножения богатств как самого султана, так и всей его страны. Несмотря на это, султан не любил свою первую жену, и даже то, что она глубоко его любила, султана не трогало. Он не обращал на нее никакого внимания.

– Я любил тебя больше всех остальных, я отдавал тебе все самое лучшее, берег тебя с особым старанием. Сейчас, когда я умираю, ты готова следовать за мной в царство мертвых?

– И не думай! – ответила четвертая жена и удалилась, не обронив больше ни слова. Ее слова, как кинжал, поразили сердце мужчины.

Опечаленный султан спросил свою третью жену:

– Я восхищался тобой всю мою жизнь. Сейчас, когда я умираю, ты готова следовать за мною в царство теней?

– Нет! – ответила его третья жена. – Жизнь так прекрасна! Когда ты умрешь, я думаю выйти замуж!

Султан загрустил – такой боли его сердце еще никогда не знало. Тогда он спросил свою вторую жену:

– Я всегда приходил к тебе за помощью, и ты всегда помогала мне и была для меня лучшим советником. Сейчас, когда я умираю, ты готова следовать за мной туда, где бледные тени стонут и молят властителя душ о пощаде?

– Очень жаль, не могу тебе помочь в этот раз, – ответила вторая жена. – Самое большее, что я могу сделать, это с честью тебе похоронить.

Ее ответ поразил султана, как тысячи громов и молний. В этот момент он услышал голос:

- Я пойду с тобой и последую туда, куда ты уйдешь, до конца!

Султан посмотрел в сторону голоса и увидел свою первую жену – истощенную и изможденную горем, почти неузнаваемую. Пораженный султан проговорил:

– Я должен был внимательнее относиться к тебе, пока мог это делать!

У каждого из нас есть четыре жены. Наша четвертая жена – это наше тело; не важно, сколько сил и времени мы вкладываем в то, чтобы выглядеть хорошо, оно нас оставит, когда мы умрем. Наша третья жена – это наша карьера, положение, деньги, богатство, социальное положение. Когда мы умрем, они отойдут другим. Наша вторая жена – это наша семья и родственники. Не важно, сколько они нам помогали здесь, самое большее, что они могут сделать для нас – это сопроводить до могилы.

И наша первая жена – это наша душа, часто игнорируемая нами из-за погони за удачей, властью, богатством и удовольствиями. Несмотря на это, душа –единственная, кто сопровождает нас всюду, куда мы ни ушли. Относясь к ней с заботой и вниманием, оберегая и развивая ее, мы можем подарить миру и себе самый большой подарок.

Нажмите, чтобы узнать подробности

таурыхъым хэлъ гъэсэныгъэ щ1агъыбзэр зыхегъэщ1эн, гулъытэ, гууз – лыуз зыхэлъ ц1ыхуу, 1эмалшыуэ, гущ1эгъулыуэ, акъылыф1эу сабийхэр гъэсэн. Къэхъукъащ1эхэм я1э зэпыщ1эныгъэхэм гу лъатэу, къэхъумрэ ар къыщ1эхъум и щхьэусыгъуэмрж зэпалъытэфу егъэсэн;

Псалъэжьхэмк1э, къуажэхьхэмк1э сабийхэм я бзэм зегъэужьын.

УРОКЫМ И ЕК1УЭК1ЫК1ЭР

I. Пэублэ псалъэ

1.Еджак1уэхэм сэлам ехын.

2.Ц1ык1ухэр урокым зэрыхуэхьэзырым к1элъыплъын.

II Урок к1уам яджар къэпщытэжын.

1.Псысэм гъэхуауэ ц1ыху т1урыт1урэ къегъэджэн, теплъэгъуэ ягъэхьэзырауэ щытмэ, сабийхэр театр гъэджэгун.

2. Упщ1эхэм жэуап кърегъэтын.

3. Тетрадымк1э лэжьыгъэхэр зэрагъэзэщ1ам зыщыгъэгъуэзэн.

5. Псалъэжьхэр къазэрыгуры1уэмрэ псысэм хэтхэм ящыщу ахэр зыхужып1э хъунумрэ зэхегъэгъэк1ын. Сатырым тесхэр зочэнджэщри я гупсысэр зым къе1уатэ, гупсысэр нэсу къэ1уэта мыхъуауэ къащыхъум, гупым хэтхэм е адрей гупит1ым ящыщ сабийхэм гупсысэм дыщ1агъу.

-Ц1ыху акъылыншэрэ маф1эншэ жьэгурэ.

- Имы1эф1 щыгугъым и вит1 ф1ок1уэд.

-Лъэщ нэхърэ 1ущ.

- Чэнджащэ щыуэркъым.

- Удым и удыгъэр япэ ирегъэщ.

Хэт мы псалъэжьхэр къэзыгупсысар? (Ижь зэманым къежьауэ зэхуа1уэтэжурэ ди зэманым къэсащ. Къэзыгупсыса ц1ыхум и ц1эр белджылыкъым).

Хэт псысэр къэзыгупсысар? (Къэрмокъуэ Хьэмидщ. Мыр литературнэ псысэщ.)

ЗЫГЪЭПСЭХУГЪУЭ ДАКЪИКЪЭ

Сабийхэм щыту ягъэзащ1э. Усэр жа1эурэ, егъэджак1уэм к1элъыплъурэ зыпащ1ыж.

Дыгъэм и 1эхэр къеший,

Анзор ц1ык1ур къеущий.

Къытоу1уэ и пэм,

Иригъэк1къым и п1эм.

Щрегъэх и джанэр,

III. ТЕМЭЩ1Э ЕТЫН

Хэзышэ псалъэмакъ

1.Къуажэхьхэр къегъэщ1эн, сурэтк1э егъэлъэгъун, абыхэм теухуауэ ящ1эр жегъэ1эн.

- Зи к1эр зылъэфу зи фэр зий (бажэ).

- Пшэрщи и нэк1уит1ыр къолэлэх, 1ук1э кърехьэк1ыр шхын бэлыхь (уашхэ).

2. Бажэмрэ уашхэмрэ теухуауэ зэпсэлъэныгъэ егъэк1уэк1ын е абыхэм я гъащ1эм теухуауэ кино едзыгъуэ сабийхэр егъэплъын.

3. Псысэм езыр езыру еджак1уэхэр къегъэджэн. Псалъэ гуры1уэгъуейхэм я мыхьэнэр зэчэнджэщурэ егъэубзыхун. Псысэ нэщэнэхэр кърегъэ1уэн.

4. Псысэм макък1э удихьэхыу къегъэджэн, шыпсэ нэщэнэу узыхуэзэр сабийхэм къегъэгъуэтын, къегъэджэн.

5. Бажэмрэ уашхэмрэ сабийхэр зрителъхьэр хэтми, щ1рителъхьэр сытми жегъэ1эн.

6. Сыт хуэдэ чэнджэщ ефтыфынт мы псэущхьит1мия? (Т1ури зэрыщхьэхуещэм, дгуэшынщи тшхынщ е зэдэтшхынщ зэрыжамы1эм сабийхэм гу лъегъэтэн).

7. Мы псысэмк1э сыт къэзыгупсысахэм къыджа1эну зыхуейр?

IV. ТЕМЭЩ1ЭР ЕГЪЭБЫДЫЛ1ЭН

1. Бажэмрэ уашхэмрэ ц1ыхухэм я сыт хуэдэ хьэлхэр къагъэлъагъуэми сабийхэм жегъэ1эн.

2. Псысэм псалъэжьхэр къахуегъэхьын.

3. Бажэм къигупсысам щхьэк1э адыгэхэм жа1эр егъэбелджылын.

Тетрадым ит упщ1эхэр гупхэм ятегуэшауэ егъэгъэзэщ1эн.

V. УРОКЫМ ЩАДЖАР КЪЫЗЭЩ1ЭКЪУЭЖЫН (Вывод щ1ыжын)

Сыт хуэдэу щытын хуейуэ къыпщыхъурэ ныбжьэгъу пэжыр?

Уэ апхуэдэу ущыту п1эрэ, зэгупсысыжыт?

Сыт уэ уи ныбжьэгъум хуэпщ1эфынур?

Сыт щ1эуэ урокым къыщыфщ1ар?

Сыт нэхъ фигу ирихьа?

Сыт хуэдэ псалъэхэмк1э фи бзэр нэхъ къулей хъуа?

Фи лэжьэк1эм теухуауэ: Урокым фызэрыщылэжьам сыт арэзы укъэзымыщ1ар? Сыт фыхунэмысу къэна, ар дауэ вгъэзэк1уэжыну зывгъэхьэзыррэ?

VI. УНЭ ЛЭЖЬЫГЪЭ ЕТЫН

Псысэм удихьэхыу къеджэу зрагъэсэну, я къеджэк1эм елэжьыну, гупу зэгухьэу сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэрагъэпэщыну.

Хэтхэр : автор, мыщэ, бажэ, тхьэкIумэкIыхь.

Автор : ЩыIащ псэуащ зы тхьэкIумэкIыхь. Зы махуэ гуэрым, тIэкIу зыкъэзухьынщ, сшхын гуэри къэзгъуэтынщ жери ежьащ. Апхуэдэу здэкIуэм къыздихуари имыцIыхуу, зы мыщэшхуэ мэзым къыхэпщу IущIащ.

ТхьэкIумэкIыхьыр: къэхъуа мыгъуэ ущI! Уи нэр имысыжми ар зэрыса кумбыр щыIэжтэкъэ? Си лъакъуэр пупIытIыкIащ. Иджы дауэ сызекIуэну, дауэ сыпсэужыну.

Мыщэр : (тхьэкIумэкIыхьым игу щIогъури) Iейуэ узрэ ? жери йоупщI.

ТхьэкIумэкIыхьыр: Iей жыхуэпIэр сыт? Ауи си лъакъуэр схутегъэувэкъым. Иджы си лъакъуэр хъужыху тIэкIу укъысхуэсакътэмэ ….- тхьэмыщкIафэ дыдэ зытригъэуащ тхьэкIумэкIыхьым.

Автор: Мыдрей хьэрэмыгъэншэми сыт ищIэжынт. ТхьэкIумэкIыхьым жиIам еувэлIащ. ИкIи и блэгущIэн кIэщIилъхьэри я дей ихьащ, пIэ щабэм хэлъщ, мащIэ мащIэурэ зыхэпщIэу пшэри къэхъуащ.

Мыщэ: Уи лъакъуэ цIыкIур узрэ иджыри? –жиIэурэ щIоупщIэ, мыдрейми жэуап къет:

ТхьэкIумэкIыхьым: СцIыхукъым къыхуэкIуар хъужыхэкъым. КIэпхъ шхынри сужэгъуащ, еуэ пхъы, еуэ пхъы, дэнэ къэбыстэ, дэнэ жэгундэ?(жиIэурэ мэхъунщIэ).

Мыщэм : Хъунщ, хъунщ, нобэ Iэмал гуэр сщIэнщи, ахэри къыпхуэсхьынщ,-жиIэри ежьэжащ мыщэ тхьэмыщкIэжьыр.

Автор : Ар щыщIэкIар къигъэсэбэпри, шхын къом щIигъэкIуэсыкIри икIи зыми зэримылъагъуным хуэдэу игъэпщкIуащ. Хабзэ зэрыхуэхъуауэ мыщэм махуэ къэс шхын зэхуэмыдэхэр къихьт, ауэ сыт, тхьэкIумэкIыхьым и лъакъуэр хъужыхэтэкъым. ИкIэм-икIэжым, а псори иужэгъури, тхьэкIумэкIыхьыр зыгуэру и натIэм ирихыну мурад ищIащ. А гупщысэм хэту здэкIуэм мыщэм къыхуэзащ бажэ икIи абы жриIащ зыгъэгузавэ Iуэхур.

Бажэм : Уи тхьэкIумэкIыхьыр хъужыну ухуеймэ, IэзакIуэ хуэшэ.

Мыщэм : Сыт IэзакIуэ дэнэ къыздисхынур ар ?

Бажэм : Iау, илъэситI хъуауэ сызэрыIэзакIуэр пщIэкъэ?

Мыщэм : АтIэ схуэбгъэхъужкъэ ар. (мыщэр бажэм гуроIуэри тхьэкIумэкIыхьым и деж макIуэ , езыми я мурадым гу лъитэри езым япэ зыригъэщащ).

ТхьэкIумэкIыхь : А мыщэ махуэ хъун, дыгъужьыр щынэ пшэр иIыгъыу къакIуэри , нобэрей махуэм къожьэу щысащ. УкъыщымыкIуэжыххэм, сэ хьэуа къабзэм тIэкIу сыхэтынщ, къызэрыкIуэжу хъыбар сэгъащIэ, жиIэри къызэлъэIуащи.

Мыщэм : АтIэ щхьэ ущыс! Ухъейкъэ!

Автор : ТхьэкIумэкIыхьри арат зыхуейри, зиIэтри псынщIэу щIэкIащ икIи екъури ежьэжащ. Мыщэжьри бажэри нобэм къыздэсым поплъэри щысщ тхьэкIумэкIыхьымрэ щынэлыр зыIыгъ дыгъужьымрэ къыщыкIуэжыным.

Хэтхэр: бажэ, уашхэ.

Бажэмрэ уашхэмрэ щызэхуэзащ мэз лъапэм. Бажэм : Мэз лъапэм щхьэ ущыт , Уашхэ? Уашхэм : Унэ сщIын мурад сиIэщ. Бажэм : Унэ,жоIэ? Уашхэм : Зэшищ дыхъурти, дызэхэкIри Iыхьэншэ сыхъуащ. ЩIымахуэр къэсащ. Унэ симыIэмэ, щIымахуэр дэнэ щисхын ? Бажэм : Уи Iуэхур хэплъэгъуи зэрыжыпIэмкIэ. Уашхэм : Аракъэ унэ хэссэн мурад щIэсщIар. Бгъэныщхьэ унэ цIыкIу сиIэмэ, щIымахуэр щисхынщ. Бажэм : Гъусэ сыпщIмэ, дзей сыпхуэхъунт. Уашхэм : Дзейкъэ схуэмыгъуэтыр! Унэ тщIымэ, дытыншынущ. Сыт къысхуэпщIэфын? Бажэм : Сыти пхуэсщIэнщ. Укъысщымысхь: къыстеплъхьэр си хьэлъэщ. Уашхэм : Псом япэращи, чы - бжэгъу хэхын хуейщ. Бажэм : Чы – бжэгъуи? Уашхэм : Ы, чы-бжэгъу. Джыдэр къащти, мэзым хыхьэ. Чы – бжэгъур пыбупщIыху, сэ унэ лъабжьэр къэстIынщ. Бажэм . (и щхьэ щIэтIахъуэ зещIри). Чыбжэгъум нэхъ сызыхэмызагъэ срихьэлIакъым игъащIэм. СыIэшмэкъугущ, джыдэр схуэIыгъкъым. Ярэбий , чы-бжэгъур уэ хэпхыу, сэ нэгъуэщI IэнатIэ гуэр сыпэрыбгъэуватэмэ, пхуэзмыщIэн щыIэтэкъым. Уашхэм. Шэмэджым ухэзэгъэн? Бажэм . Шэмэджми ? Уашхэм .Шэмэджым. Унэр зэрыдбгъэн дыхуейщ. Шэмэджыр къащти, сэрэшым кIуэ. Сэ чыбжэгъур хэсхыху, мылыф Iэмбатэ пхупыупщIынкъэ? Бажэм . СхузэфIэмыкIынкIэ сошынэ. Уашхэм. Чы-бжэгъу пхуэмыхынумэ, мэкъуи уемыуэфынэмэ, псыхьэ кIуэ. Бажэм . Псыхьи? Уашхэм. Псыхьэ. Мэз лъапэм псынэ къыщIож. Бажэм . Хьэр псафэ кIуауэ си гугъэщ а псынэм….. Уашхэм . КъакIуэркъым. Бажэм. Хьэ банэ макъ щызэхэсхаи-тIэ зымахуэ? Уашхэм . КъыпфIэщIагъэнщ. Бажэм . КъысфIэщIакъым, сытхьэкIумафIэ дыдэщ. Псынащхьэм сумыгъакIуэ: хьэм саIэрыхьэмэ, сачэтхъэнщ- гъусэншэ ухъуакъэ итIанэ! Чы-бжэгъу тIэкIур уэ хэпхрэ бгъэныр пыбупщIмэ, псы къэпхьыху, сэри схузэфIэкIын гуэр сщIэнт. Уашхэм .Уи Iуэху фIы ирикIуэ бажэ цIыкIу: уэрэ сэрэ гъусэ дызэхуэхъуфыну-къым. (жери уашхэр мэзым щIыхьэжащ.)

Хэтхэр : Таурыхъ Дадэ , Унэ дзыгъуэ , Мэз дзыгъуэ , Зы джэду бэлацэжь: (Iупхъуэр зэхуэщIащ, абы и гупэм Таурыхъ Дадэ къисщ). Таурыхъ дадэ : (залым щIэс цIыкIухэм захуегъазэри). Фи пщыхьэщхьэ фIыуэ, цIыкIухэ! Мис аргуэру си таурыхъхэм федэIуэну фыкъэкIуащ. ИкъукIэ си гуапэщ. АтIэ , сэ ныщхьэбэ нывжесIэщ дзыгъуэ цIыкIуитIым я хъыбарыр. Еуэрэт еуэт жи. Зы пщэдджыжь гуэрым къуэжэбгъум деж щызэхуэзащ, жи, дзыгъуэ цIыкIуитI. Зэхуэзэри, дзыгъуэ цIыкIухэм зэрахабзэу, сэлам гуапэ зэрахащ. (Iупхъуэр зэIуож, сценэм дзыгъуэ цIыкIуитIыр исщ). Унэ дзыгъуэм : (хуабжьу зигъэфэрыщIыу)Уузыншэу, шынэхъыщIэ, дауэ ущыт, тхьэм жиIэмэ? Мэз дзыгъуэм : (къыфIэмыIуэху – къыфIэмыIуэхуу). СыфIщ, тхьэм узыншагъэр къуит. Уэри сыт ухуэдэ ? Унэ дзыгъуэм : (зэрыфэрыщIым хуэдэу). Упсэу хъунущ. СлIо, дэнэ укIуэрэ, дэнэ укъикIыжрэ? Мэз дзыгъуэм : Сэ мо мэзым сыщопсэу.ТIэкIу сезэшати,си нэгу зезгъэужьыну сыкъежьащ… Унэ дзыгъуэм : (мэз дзыгъуэр и щхьэм къыщыщIэдзауэ и лъакъуэм нэс къызэпиплъыхьу). ТIэ, сытхэр щыхъыбар мэзым? Щыпшх мыгъуэри сыт абы, хъарып цIыкIу? Мэз дзыгъуэм : Щыпшхыр сыт жи ! Мэзым шхыныгъуэу щымыIэр укIуэдыж! Узыхуейр шхы, узыхуейм хуэдиз зэхуэхьэси гъэтIылъ. Унэ дзыгъуэм : ЩIымахуэм- щэ, щIымахуэм дауэ ухъурэ? Мэз дзыгъуэм (мащIэу хогупщысыхь). ЩIымахуэми ? ЩIымахуэм пцIы хэмылъу, Iуэхур нэхъ гугъущ. Ауэ идохьэкI. Сэ жыг гъуанэм сисщ, и лъабжьэм гъэтIылъыгъэ тIэкIу щызиIэщи, зыгуэрхэр гъэтIылъыгъэ сощI. НакIуэ, умыпIащIэмэ, сыщыпсэури уэзгъэлъэгъунщ. Жыжьэкъым, мыбдеж дыдэрщ. Унэ дзыгъуэм : НакIуэ. (йокIхэр). Таурыхъ Дадэ : Арати, мэз дзыгъуэм хьэщIэу иригъэблэгъащ унэ дзыгъуэр. Иригъэблагъэри и псэукIэр иригъэлъэгъуащ, зэрыхузэфIэкIкIи къигъэхьэ-щIащ. ТIэкIуи уэршэрыжа иужь унэ дзыгъуэм жиIащ: (Дзыгъуэ цIыкIуитIыр къохьэж). Унэ дзыгъуэм : Уи жагъуэ умыщI шынэхъыщIэ, ауэ защIэу бжесIэнщи, хьэ псэукIэщ си псэукIэр.

Мэз дзыгъуэм : (игъэщIагъуэу). Ар сыт щхьэкIэ? Унэ дзыгъуэм : Зи щхьэкIэращ, уи кIэтIийр уи вакъэпсыу уопсэу! Уи пщIантIэпскIэ къомылэжьауэ зы мышхупIэ цIыкIу закъуи пшхыфынукъым. Ара гъащIэ жыхуаIэр? (хуабжьу зигъэлIыу). Псэу ухуеймэ, сэ сопсэу! Нэху сыкъекIмэ, сыт сшхыну, жысIэу игъащIэм сыгупсысакъым, си псэупIэм и гугъу умыщIыххэ. Си гъащIэ псом зы махуэ гукъеяуи гуныкъуэгъуи сиIакъым. Сэ псори цIыхухэм схуагъэхьэзырыр. Мэз дзыгъуэм : (хуабжьу игъэщIагъуэу). Ар дауэ ? Сыт а цIыху жыхуаIэр? Унэ дзыгъуэм : Дауи- щхьэуи хэлъкъым. Си хугур данагъуэу гъуэжьу къэпкIэ зэтелъщ, си кхъуейр щIэмыхуу чейкIэ зэтетщ, хьэуэ жыпIэрэ, си лыр пшэррэ гъэгъужауэ блыным фIэлъщ! Мэз дзыгъуэм : (и щхьэр игъэкIэрахъуэу). А жыхуэпIэр гъащIэкъым, дуней жэнэтщ. Ауэ хэт жыпIа а псори пхуэзыгъэтIылъ цIыхухэр? Унэ дзыгъуэм : (къыфIэмыIуэхуу). А – а , щыIэщ апхуэдэхэри. Ауэ щэхуу бжесIэнщи, дэ абыхэм фIыщэуи дыкъалъагъуркъым. Мэз дзыгъуэм : Уотхъэ, дзыгъуэ тхъэмэ! Унэ дзыгъуэм : (арэзыуэ) сотхъэ, сотхъэ(мэз дзыгъуэр къызэпиплъыхьурэ). НакIуэ, сэри узгъэхьэщIэнщ, уэзгъэлъэгъунщ сыщыпсэури, си псэукIэри. Мэз дзыгъуэм : На- накIуэ. (йокIхэр). Таурыхъ Дадэ (къихьэурэ). Мэз цIыкIури хьэщIапIэ къуажэм кIуащ. ИгъащIэм имылъэгъуа, куэдрэ и пщIыхьэпIэ къыхэмыхуэ Iэджэ щилъэгъуащ абы къуажэм. Ерыскъы IэфI куэди щишхащ. Ауэ псом нэхърэ нэхъ игу ирихьар кIапэ гъэгъуарщ. ФIыуэ загъэтхъэжауэ ахэр шкIафыщхьэм тесу мэуэршэр. Абы хэту джэду бэлацэжьыр пщэфIапIэм къыщIыхьащ. КъыщIыхьэри жьэгупащхьэм дэтIысхьауэ зетхьэщIри щысщ. Мэз дзыгъуэм зэи джэду илъэгъуатэкъыми щIэупщIащ: Мэз дзыгъуэм : Хэт мо къыщIыхьа наджэIуджэри? Унэ дзыгъуэм : (къызыфIимыгъэIуэхуу). Ар… ар… ар си анэшхуэращ. Мэз дзыгъуэм : (и щхьэр игъэкIэрахъуэу) Зы мэскъалкIэ урещхькъым. Ар сыт телъыджэ ? Унэ дзыгъуэм : ПщIэрэ ар …ар жьы дыдэ хъуащи аращ. Жьы сыхъумэ сэри абы сырещхь сыхъужынущ….. Мэз дзыгъуэм : АтIэ, уи анэшхуэм сэлам езмыхыу, зезмыгъэцIыхуу дауэ сежьэжын? ЕмыкIущ, сыбгъэхьэщIауэ,сыбгъэтхъэжауэ абы зезмыгъэцIыхумэ и жагъуэ ищIынщ. Унэ дзыгъуэм : (фIэмыфI- фIэмыфIу). Ухэмыт абыхэм.

Мэз дзыгъуэм : Ар къезэгъыркъым, ди деж, мэзым, апхуэдэ щыхабзэкъым. Унэ дзыгъуэм : УзэрегуакIуэщ! Ауэ ар жьы дыдэщи фIыуэ зэхихыжыркъым, набгъэ дыди хъуащ. Мэз дзыгъуэм : Ягъэ кIынкъым, сыгурыIуэнщ.(Мэз дзыгъуэр шкIафыщхьэм къожэхри джэду бэлацэжьым и пащхьэм къохутэ. Джэдуужьыр мащIэу къэщтауэ йоплъ, абы и гъащIэм илъэгъуатэкъым, мэз дзыгъуэ, унэ дзыгъуэ цIыкIум гужьеяуэ шкIафыщхьэр къызэхижыхьурэ кърхуэхри джэдуужьым и пащхьэм къохуэ, мыдрейр мэз дзыгъуэм щепхъуэм унэ дзыгъуэр къыIэрохьэри зэуэ зыжьэдедзэ. Мэз дзыгъуэ цIыкIур мащтэри унэм къыщIожыж, бжэщхьэIум деж къыщызэтоувыIэри). Мэз дзыгъуэм : СыхулIэ апхуэдэ анэшхуэ! (жери щIожыж) Таурыхъ Дадэ : (къихьэурэ). Аращ, цIыкIухэ, дзыгъуэ цIыкIуитIым я хъыбарыр зэрыхъур. Ауэ абы иужькIэ мэз дзыгъуэ цIыкIур зэи къуажэм хьэщIапIэ къэкIуэжакъым зым и дежи. Аращи фIыкIэ дызэIущIэ абыкIэ доух ди зэIущIэныгъэр.(йокIыж).

БАЖЭ ЦIЫКIУМРЭ И ХУПХЪЭМРЭ.

Бажэ цIыкIум . Гъуэгум сыздырикIуэм, хупхъэ къэзгъуэтащ. Хупхъэ дахэщ уи хупхъэр, арщхьэкIэ пирог сиIэкъым. Зы IэфI гуэркIэ схъуэжатэмэ аратэкъэ? Къэзгупщысащ. СыкIуэнщ мес мо унэм. (унэм бгъэдохьэри тоуIуэр). Япэ унэр зейм . Хэт ар ? Бажэм . Фи пщыхьэщхьэ фIыуэ! Сэ сы бажэ- шыпхъу цIыкIущ. Ныжэбэ фи деж сыщывгъэIэ. Япэрей унэр зейм . Уэрыншэу дэ унэм дыщIэхуэкъым. Бажэм . Сэ шэнтжьей щIагъым сыщIэгъуэлъхьэнщ, си кIэр шэнтжьей щIагъым щIэслъхьэнщ, хупхъэр- пэшхьэку щIагъым! Япэ унэр зейм . Хъунщ , атIэ къыщIыхьэ! (бажэр шэнтжьейм йогъуалъхьэ). Бажэм . Уи жэщ фIы ухъу! (и нэр зэтрепIэ, итIанэ, псори зэрыжеяр и фIэщ щыхъум, хупхъэр щхьэгъубжэм къыдедз). Япэрей унэр зейм. Уи пщэдджыжь фIыуэ, бажэ цIыкIу! Бажэм . Ох –ох-ох! Дэнэ щыIэ си хупхъэр? Арыншэу иджы сэ сыт сщIэжынур? Хупхъэм и пIэкIэ зы джэд цIыкIу къызэт! Япэрей унэр зейм . АтIэ сыт тщIэн. Нащтэ джэд цIыкIур. (бажэм джэд цIыкIур къэпым ирегъапщкIуэри, щIопхъуэж). Бажэм . Мис иджы мы унэм сытетыркъэнщ. (тотыркъэ). Фи пшыхь фIыуэ! Ныжэбэ сыщывгъэIэ. ЕтIуанэ унэр зейм . Уэрыншэу дэ унэм дыщIэхуэкъым. Бажэм . Сэ шэнтжьей щIагъым сыщIэгъуэлъхьэнщ, си кIэр шэнтжьей щIагъым щIэслъхьэнщ, джэд цIыкIур пэшхьэку щIагъым щIэзгъэтIысхьэнщ. ЕтIуанэ унэр зейм . Хъунщ атIэ, къыщIыхьэ. Бажэм. Фи жэщ фIы ухъу! (Псори щыжеижым, джэд цIыкIур ишхащ). ЕтIуанэ унэр зейм . Уи пщэдджыжь фIыуэ, бажэ цIыкIу. Бажэм . Ой-ой-ой! Дэнэ щыIэ си джэд цIыкIур? Къызэфтыж си джэд цIыкIур, е и пIэкIэ зы бабыщ къызэфт. ЕтIуанэ унэр зейм . Сыт тщIэн атIэ. Нащтэ бабыщ цIыкIур. (Бажэр щIопхъуэ-жыр). Бажэм . (Уэрэд жеIэр). Бажэ цIыкIур гъуэгум ирокIуэ, Хьэлывэху къегъуэтыр, Хьэлывэхур джэд цIыкIукIэ ехъуэжыр, Джэд цIыкIур ехъуэж бабыщ цIыкIукIэ! Бабыщ цIыкIур схъуэжынкъэ хъыджэбз цIыкIукIэ. (ТоуIуэр унэ ещанэм). Бажэм. Фи пщыхьэщхьэ фIыуэ. СыныщIэгъэхьэ тIэкIу зызгъэпсэхуну. Ещанэрей унэр зейм . КъыщIыхьэ унэм, бажэ цIыкIу! Зыгъэпсэху. Шэнтжьейм итIысхьэ, бабыщ цIыкIур пэшхьэку щIагъым щIэгъэтIысхьэ. (Бажэ цIыкIум зыри щIэмысу щилъагъукIэ, бабыщыр ешхыр). Бажэм . Ай-ай-ай! Дэнэ щыIэ си бабыщ цIыкIур! Хэт ар зыщтар? Сыт иджы тщIэжынур? Бабыщым ипIэкIэ фи хъыджэбз цIыкIур къызэфт! Ещанэ унэр зейм . Сыт уэ хъыджэбз цIыкIум епщIэнур? Бажэм. Сэ абы уэрэд зыжрезгъэIэнущ! Хъыджэбз цIыкIум. Сыхуейкъым сэ бажэм уэрэд жесIэну! Бажэм . Апщыгъуэм си бабыщ цIыкIур къызэфтыж.(ГъынэпцI зещI). Ещанэ унэр зейм . (ЛъэныкъуэкIэ зегъазэри). Сыт тщIэн атIэ. Щтэ хъыджэбз цIыкIур. Бажэм . ФIыкIэ! Узыншэу фыщыт! Тхьэм фигъэпсэу. (Къэпым бгъэдохьэри къищтэну хуожьэр, мэгурым, къэпым хьэр къолъэтри бажэм кIэлъыщIопхъуэ).

Хъы идзри , щакIуэм шылэджэд къиубыдащ.

ЩакIуэм. Мыр елъ мы къысIэрыхьар! Мы шылэджэд цIыкIур елъ мыр! Унэм усхьынщи, хъарым уизгъэтIысхьэнщ. Уэрэд къипшу уисынщ хъарым, шылэ-джэд цIыкIу. Шылэджэдым . КхъыIэ, сумыгъэтIысхьэ хъарым! ГущIэгъу къысхуэщI. СутIыпщыж, сыбутIыпщыжмэ, игъащIэкIэ къыпщхьэпэн чэнджэщ уэстынщ, чэнджэщищ. ЩакIуэм. СыкъэбгъэпцIэнкъэ. Шылэджэдым . УкъэзгъэпцIэнкъым. СыбутIыпщыжынумэ, япэ чэнджэщыр бжызоIэ. ЩакIуэм . Хъунщ, узутIыпщыжынщ. КъызжыIэ. Шылэджэдым . Япэ чэнджэщыр мыращ: блэкIам ущIэмыфыгъухьыж. ЩакIуэм. БлэкIам ущIэмыфыгъухьыж жыпIа? Чэнджэщ щIагъуэщ. Сыарэзыщ абыкIэ. ЕтIуанэ чэнджэщыр къызжеIэ атIэ. Шылэджэдым . Ар щыбжесIэнур, сыбутIыпщыжмэщ. ЩакIуэм . Уи щхьэ зэрыхьщ- узутIыпщыжынщ. Ауэ сыкъомыгъапцIэ: етIуанэри ещанэри къызжеIэ. (Шылэджэдыр еутIыпщыж). Шылэджэдым .(Жыгыщхьэм тетIысхьэжауэ). ЕтIуанэ чэнджэщыр мыращ: пцIыр уи фIэщ умыщI. ЩакIуэм . Къызощтэ ари чэнджэщу: пцIыр уи фIэщ пщIы хъунукъым. УIущ гуэр хъунщ уэ, сымыщIа щхьэкIэ….КъызжеIэ ещанэри….. Шылэджэдым . Ещанэм зэкIэ ухуэмыпIащIэ. Уэ делэм пщIэуэ пIэрэ укъызэрызгъэпцIар? Си хулъэм джэдыкIэ хуэдиз хъууэ дыщэ кIанэ илъщ. Ар уиIамэ, игъащIэкIэ пхурикъунт, жьыр къыщепщэр умыщIэу упсэунт. ЩакIуэм .Щхьэ мыгъуэ узутIыпщыжат! Сыту сыдела! Дыщэм сыхэкIыжащ. Еууей! Еуу- ууей! Си Iэпэм себгъэдзэкъэжаи! КъызжеIэ ещанэр. КъызжепIэну сыкъэбгъэгугъатэкъэ? Шылэджэдым . Хьэуэ,ещанэ чэнджэщым ухуейкъым уэ. ТIу бжесIати, асыхьэту пщыгъупщэжащ. БлэкIам ущIэмыфыгъухьыж бжесIатэкъэ? АтIэ сызэрыбутIыпщыжам щхьэ ухущIегъуэжа? Унэпсейти, аращ ущIыхущIегъуэ-жар. ПцIыр уи фIэщ умыщI бжесIати, абыи уедэIуакъым. Сэ сызэрыхъур уолъагъу: джэдыкIэ хуэдиз дыщэ кIанэ си хулъэм ихуэн? ТIум емыдэIуам ещанэр хуэфащэкъым.(Мэлъэтэж). ЩакIуэм. Си пыIэкур къибудащ, шылэджэд цIыкIу. (И щхьэр фIэлэлу гъуэгу тоувэж).

Пщымрэ пщылIымрэ я хъыбар.


Слушать

Загрузил: ДЫГЪЭ БЗИЙ Онлайн театр

Длительность: 2 мин и 55 сек

Битрейт: 192 Kbps

Cлушайте онлайн и cкачивайте песню Дыгъужьымрэ Бажэмрэ Таурыхъ Ц1Ык1У размером 3.84 MB и длительностью 2 мин и 55 сек в формате mp3.

Похожие песни

Хьэ Зыбгъэгуса Ц1Ыхубэ Гушы1Э

ДЫГЪЭ БЗИЙ Онлайн театр

Щ1Эупщ1Ак1Уэ Уэркъ Мухьэмэд

ДЫГЪЭ БЗИЙ Онлайн театр

Адыгэ Гушы1Э Дыгъэбзий Нальчик Кбр Онлайнтеатр Шугъэ Мышу Къардэнгъущ1 Зырамыку

ДЫГЪЭ БЗИЙ Онлайн театр

ДЫГЪЭ БЗИЙ Онлайн театр

Искусство Это Развлечение Или Просвещение

Щ1Эрыпс Ц1Ыхубэ Гушы1Э

ДЫГЪЭ БЗИЙ Онлайн театр

Уэс Дадэ Илъэсыщ1Эмк1Э Псоми Дынывохъуэхъу

ДЫГЪЭ БЗИЙ Онлайн театр

Сыхъужынукъым Ц1Ыхубэ Гушы1Э

ДЫГЪЭ БЗИЙ Онлайн театр

Мэрят Зытхыжар Думэн Мурадинщ

ДЫГЪЭ БЗИЙ Онлайн театр

Быстро Спать Меме

Дача Ц1Ыхубэ Гушы1Э

ДЫГЪЭ БЗИЙ Онлайн театр

Автобус Ц1Ыхубэ Гушы1Э

ДЫГЪЭ БЗИЙ Онлайн театр

Илъэсищ Ц1Ыхубэ Гушы1Э

ДЫГЪЭ БЗИЙ Онлайн театр

Доска Ц1Ыхубэ Гушы1Э

ДЫГЪЭ БЗИЙ Онлайн театр

Повторяем Еду Из Фильмов Чам На Палочке Губка Боб Молочный Коктейль Аниме Повар Боец Сома

Вэрокъуэ Асият Къафэ

Адыгэ Псалъэ Шэрыуэхэр 6 Lыхьэ

Псалъэ Шэрыуэхэр 5 Lыхьэ

ДЫГЪЭ БЗИЙ Онлайн театр

Зимнее Развлечение На Льду По Старинке

Слушают

Guf Feat Сичетыре Dj Cave Авиарежим Official Audio

Eminem First To Eleven Lucid Dreams The Queen S Gambit 2021

Amv Аниме Клип Любовь Не Смогу Я Дать

Don T Know How To Love Henry Cullen Remix Gusgus

Грузовичок Лёва Все Серии

To My Soul Meme Countryhumans

Wander The For Me

Валерия В Инстаграм

Oh My God Adele

Freaks Jordan Clarke

Nudism Video Family Naturism Junior Miss Pageant France Vol 6

Shinzou Wo Sasageyo Attack On Titan Synthesia S2 Op1 Ver 2

Suki Suki Daisuki Remix

Мп3 Speedy Gonzales Calin Geambasu Band Concert Privat

Karen Туз Душа Хулигана Премьера Клипа 2020

Скачивают

Patricio Agus Prado Vente Ya Official Video

Ismail Shahid Comedy King New Song Ismail Shahib Ne Had Kardi Mash Allah

Audio Test Niet Interessant

League Of Angels Paradise Land Events 01 02 2022

Дыгъужьымрэ Бажэмрэ Таурыхъ Ц1Ык1У

Overal Natuurkunde Hoofdstuk 2 Paragraaf 4 A

Eric S 2021 22 Upper Deck Opc Hockey Hobby Box Break

Newport News Church Of Christ

Ilkay Sencan Do It My Neck My Back

Patricio Ro Witteveen Tanto Official Animated Video

Top Boyce Avenue Songs 2022 Boyce Avenue 2022 Acoustic Cover 2022

New Release O Pee Chee 2021 22 Hockey Hobby Box Battle Trophy Pulls And Top Tall Boy Rookie

Читайте также: