Адэ щ1эин мылъку хъурэ сочинение

Обновлено: 03.07.2024

Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.

Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ - ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.

Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.

Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.

Сочинение Темирова Темирлана,

Пшеунова Т. А

Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.

Основные способы перевода пожертвований в Русфонд

1.Через банк

2. Через терминал QIWI (КИВИ)

3. Через банковскую карту

4. Другие способы

17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.

12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Темэр. Насып нэс цlыхум иlэн папщlэ унагъуэм иlэ мыхьэнэр Кlэрэф Мухьэмэд и т.

Описание презентации по отдельным слайдам:

Темэр. Насып нэс цlыхум иlэн папщlэ унагъуэм иlэ мыхьэнэр Кlэрэф Мухьэмэд и т.

Темэр. Насып нэс цlыхум иlэн папщlэ унагъуэм иlэ мыхьэнэр Кlэрэф Мухьэмэд и тхыгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуар. Автор презентации: Карданова Мадина Тамбиевна, учитель кабардинского языка и литературы МОУ СОШ№1 г.Чегем.

Эпиграфыр: Щlэр къокlуэр, Жьыр мэкlуэж, жаlэ адыгэхэм. Атlэ къанэр сыт? Фlыр.

Эпиграфыр: Щlэр къокlуэр, Жьыр мэкlуэж, жаlэ адыгэхэм. Атlэ къанэр сыт? Фlыр къонэ.

Дунейм удэIэпыкъумэ сщIэркъым, ахъумэ уеIэзащIэ хъунукъым. Едж.: Къэбэрдей г.

Дунейм удэIэпыкъумэ сщIэркъым, ахъумэ уеIэзащIэ хъунукъым. Едж.: Къэбэрдей губгъуэхэм, вагъуэм хуэдэу ипхъауэ, lуащхьэ цIыкlу куэд итщ, иныкъуэхэри зи къикlыгъуэ хъуа гуэрэфым хуэдэу, нэхъ къыхэлъэгыкlыу, нэхъыбэр хьэмцlыракlэ щlыкlэу абыхэм къепхъэкlарэ щlы щхьэфэм теплъагъукl къудейуэ. Едж.: Хэти жеlэ а псори кхъэуэ, зауэ-банэкlэ мы хэкум икlуэда къомым тращlыхьауэ, хэти и гугъэщ щlы мыджэмыпцlэр щызэпцlыж гъащlэм езы дыдэм къызыпхибыргъукlауэ. Едж.: Пэжынкlэ хъунщ абыхэм кхъэ дыдэ хэтынри. Сыт щхьэкlэ жыпlэмэ, lэджи икlуэдагъэнщ мы щlыпlэм, ар яубыдын, ар яхъунщlэн щхьэкlэ къытеуэхэм ебэнурэ. Мы щlыпlэр lейкъым, дунейм щlыпlэ хъуэпсэгъуэу щыlэхэм ящыщ зыщ. Ди Хэкурщ ар- ди Кавказырщ, ди лъэпкъырщ, ди унагъуэрщ.

Лэжьыгъэ нэужьым лlыжьхэр мэуэршэрри зэхэсщ:

Лэжьыгъэ нэужьым лlыжьхэр мэуэршэрри зэхэсщ:

Атlэ, Бэтlалэ, уэ зэрыжыпlэмкlэ, цlыхур ебгъаджэкlи бгъасэкlи а зэрыщытым имы.

Атlэ, Бэтlалэ, уэ зэрыжыпlэмкlэ, цlыхур ебгъаджэкlи бгъасэкlи а зэрыщытым имыкlыну, мыхьэнэ имыlэу ара? -Ар дауэ жыпlэрэ?! Егъэджэнымрэ гъэсэнымрэ мыхьэнэуэ иlэр зымыщlэ делэр хэт? Ахэр сэ къысфlумыщ. Апхуэдэ сэзэгъынукъым сэ. -Сщlэркъым. Цlыхур сыт щыгъуи а зэрыщытщ, жоlэ. Иджы ари бдэжыркъым. Цlыхум фlы гуэркlэ зимыхъуэжынумэ, щlебгъэджэнури щlэбгъэсэнури сыт? -Еу-уей, тхьэмыщкlэ, уадыгэ дыди уэ! -Ар лlо, Бэтlалэ, адыгэр нэхъ тхьэмыщкlэу, зыри мыхъужыну ара? А жыпlэр нэхъ хьэлэмэтыжи. -Уэ сэ сызэгуэбгъэудыну аращ, щlалэ, узыхуейр, ауэ ар хъунукъым. Иlэщ псоми мыхьэнэ: егъэджэнми, гъэсэнми, ущиинми. Цlыхум щlэныгъэ пхуетынущ, икlи ират. Щlэныгъэрщ цlыхур хьэршым зыхьар, lэкlуэлъакlуагъэр пхуетынущ, хьэл-щэн дахэр пхуетынущ, дэнэ дежи утыкум укъыщимыгъэукlытэну. Сэ зи гугъу сщlар нэгъуэщlщ: щыlэщ цlыхум пхуемытын икlи пхуемыт. Къыбгурыlуэрэ ар уэ, щlалэ lумпlей? Цlыхур фlей защlэу зэкlуэцlылъмэ, абы и псэр пхуэтхьэщlыжынукъым. Ар зэрыпсэ фlейуэ къонэж. -Аращ-тlэ, лlыфl къуэфl хуэщкъым, жыхуаlэр, -кlэ иритащ нэгъуэщl зыгуэрым псалъэмакъым.-сыт хуэдэлlыт Инал и адэр, я нэхъ лэжьыгъэ гугъуми зыпыlуимыдзу, хьэрэму зы сом зыбгъэдимыгъэхьэну, цlыху зыхэтым яхуэпэжу…

Егъэдж.: Нтlэ, нобэ зи гугъу тщlыну темэр –насып нэс цlыхум иlэн папщlэ унагъ.

Егъэдж.: Нтlэ, нобэ зи гугъу тщlыну темэр –насып нэс цlыхум иlэн папщlэ унагъуэм иlэ мыхьэнэр Кlэрэф Мухьэмэд и тхыгъэхэм къызэрыхэщыр къэгъэлъэгъуэнырщ. Хэт къыжиlэн, сыт унагъуэр зищlысыр?

Едж.: Зымыщlэ щыlэу къыщlэкlынкъым унагъуэр зищlысыр. Ауэ ар лъыкlэ, лыкlэ зэ.

Едж.: Зымыщlэ щыlэу къыщlэкlынкъым унагъуэр зищlысыр. Ауэ ар лъыкlэ, лыкlэ зэгухьэу, зэблагъэу зэдэпсэу цlыху гупым и закъуэкъым. Унагъуэр лъэпкъым и гъащlэм, и псэукlэм и къежьапlэщ, щlэблэм зыщиузэщl, цlыхум и хьэлыр, и гупсысэкlэр щызэфlэувэщ. Икlи ущымыуэу жыпlэ хъунущ: унагъуэращ цlыхур цlыху щыхъур, унагъуэм къыщищта хьэлырщ, цlыхугъэрщ, адыгагъэрщ абы и дуней гъащlэм кlуэцlрихыр. Аращ унагъуэ насыпу сэ къэслъытэр.

Егъэдж.: Насыпыр lыхьэмыгуэшщ, жаlэ. Цlыху къэс , зы гъащlэ зэриlэм хуэдэу, и.

Едж.: Ауэ ар икlэм нэсыху мэгугъэ, хуейщ и къуэм къигъэзэжыну. Хуейщ бын тэмэ.

Егъэдж.: Мэрем и щхьэгъусэ Хъангуащэ дауэ хущыт а lуэхум?

Егъэдж.: Мэрем и щхьэгъусэ Хъангуащэ дауэ хущыт а lуэхум?

Едж.: Дэтхэнэ зы анэми хуэдэу, абы и гур щlоуз и щlалэ закъуэм. Къуэмрэ лlымр.

Едж.: Дэтхэнэ зы анэми хуэдэу, абы и гур щlоуз и щlалэ закъуэм. Къуэмрэ лlымрэ яку къыдэна цlыхубзым и гум куэд щегъэв, мэгузасэ. И псэ закъуэ, дунейм и lэф1ыгъэ псори зыбгъэдилъхьа и къуэ закъуэм къыхыфlидзэу зэрежьэжам и гурыгъузым хэкlыркъым. Анэм щlигъэкlа нэпсхэр, зригъэфа быдзышэм и lэфlыр зыхэзыщlэжу и къуэм къигъэзэжа нэужьщ абы псэхугъуэ щигъуэтыр.

Егъэдж.: НтIэ, апхуэдэ унагъуэ зэгуры1уэ, унагъуэ тэмэм къыхэк1а Нартокъуэ гъ.

Едж.: Мис апхуэдэщ Нартокъуэ и образыр. И щlалэгъуэ-делэгъуэ зэманым ахъшэм д.

Едж.: Мис апхуэдэщ Нартокъуэ и образыр. И щlалэгъуэ-делэгъуэ зэманым ахъшэм дишэхыу, адэ-анэм я мылъкум хэджэгухьа Нартокъуэ пэшэгъу къыхуэхъуа ныбжьэгъупцlхэм ягъэудэфащ, ар зыри хуейкъым, и гугъэщ гъащlэр сыт щыгъуи апхуэдэу ирихьэкlыну.

Егъэдж.: Ныбжьэгъупцlхэр, жыфlэри къыхэвгъэщащ. Хэт фэ ныбжьэгъу пэжу къэфлъы.

Егъэдж.: Пэж гуэри хэлъщ абыхэм жаlэхэм. Щапхъэ дапщэ къытхуэхьыну, гугъу ех.

Егъэдж.: Пэж гуэри хэлъщ абыхэм жаlэхэм. Щапхъэ дапщэ къытхуэхьыну, гугъу ехьу къэтэджахэу, адэ-анэр пасэу яфlэкlуэдауэ, цlыху къахэкlауэ, гъащlэм цlэрыlуэ щыхъуауэ. Къытхуэхьыну пlэрэ апхуэдэ щапхъэ?

Едж.: Апхуэдэщ, псалъэм папщlэ, унагъуэшхуэ къыхэкlа, зи анэр пасэу зыфlэкlуэ.

Едж.: Апхуэдэщ, псалъэм папщlэ, унагъуэшхуэ къыхэкlа, зи анэр пасэу зыфlэкlуэда, илъэсибгъу ныбжьым иту lэхъуэ башыр къэзыщта, иужькlэ усакlуэ цlэрыlуэ хъуа Пащlэ Бэчмырзэ. Едж.: Апхуэдэщ дирижёр цlэрыlуэ Темыркъан Юрэ. Едж.: Апхуэдэщ Ломоносовыр…

Егъэдж.: Апхуэдэ щапхъэ куэд къытхуэхьынущ. Нтlэ, гугъуехьи имылъэгъуауэ, адэ.

Егъэдж.: Апхуэдэ щапхъэ куэд къытхуэхьынущ. Нтlэ, гугъуехьи имылъэгъуауэ, адэ-анэ хъарзыни иlэу, унагъуэ узыншэ къыхэкlа Нартокъуэ гъэсэныгъэ тэмэм щlимыгъуэтар сыту пlэрэ? Едж.: Сыт щхьэкlэ жыпlэмэ ар адэ мылъкум щигъэкlащ, дэнэкlэ жьыр къепщэми имыщlэу мэпсэу, зыри хуэныкъуакъым зэикl, апхуэдэу щытыну и гугъэщ сыт щыгъуи. Зыхэт гупым къызэрыхэкlыжын lэмал къыхуэгъуэтыркъым абы, ахъшэ иlэху. Зы зэман зыкъищlэжу, щалъхуа къуажэм кlуэжу трактористу лэжьэн щlэзыдзэжа, зи анэ закъуэр зыгъэгуфlэжа щlалэм и кlуэгъу-жэгъуу щытахэм псэупlэ къратыркъым. Дауэ хъуами, Нартокъуэ и ныбжьэгъупцlхэм къаlэщlокlыжри, и дуней тетыкlэмрэ псэукlэмрэ зрегъэхъуэж, и анэ Хъангуащи и гур мэзэгъэж.

Егъэдж.: Дауэ феплърэ-тlэ Нартокъуэ и lуэхур къызэрекlуэкlам? Едж.: Дауэ къек.

Егъэдж.: Дауэ феплърэ-тlэ Нартокъуэ и lуэхур къызэрекlуэкlам? Едж.: Дауэ къекlуэкlами, щыуауэ къэзыгъэзэжыр нэхъыфlщ, зи щыуагъэр зыгъэпщкlужыну хэтхэм нэхърэ. Нартокъуи къыщигъэзэжакlэ, абы къыгурыlуащ зэпцlыжа унагъуэ насыпыр уэрамым къызэрыпхудэмыхынур.

Егъэдж.: Адэкlэ сыхуейт мы повестым и гъусэу фигу къэвгъэкlыжыну Кlэрэф М. и.

Егъэдж.: Гуащэнэ и гугъу щытщlакlэ, сыхуейтэкъым гулъытэншэу Къэвгъэнэну абы.

Егъэдж.: Гуащэнэ и гугъу щытщlакlэ, сыхуейтэкъым гулъытэншэу Къэвгъэнэну абы и унагъуэри. Едж.: гущlэгъу хуумыщlу къанэркъым Гуащэнэ и анэмрэ и дэлъхухэмрэ я зэранкlэ Хэкум ирашын хуей хъуа Гъуэрыщl Исмел- Гуащэнэ и адэр. Исмел щlалитl и1эщ, щхьэгъуси иlэщ. И щхьэгъусэ Дарихъан къызыхэкlар унагъуэ къулейщ, зыхуей зыгъуэту къэхъуа цlыхубзщ, ауэ гъэсэныгъэ лъэпкъ бгъэдэлъкъым, и щхьэгъусэ Исмели унэlуту жери зэрипэсыркъым, и къуэхэри и адэм хуэжыlэщlэ ищlыркъым. Едж.: Адэ-анэ зэгурымыlуэм унагъуэр тlууэ гуэша ещl. Пхъур адэм и гъусэщ, лажьэ зэримыlэм гу лъетэ, гущlэгъу хуещl, фlыуэ елъагъу. Къуэхэр анэм нэхъ пэгъунэгъущ. Адэ тэмэмым и жыlэм едэlуа пхъур насыпыфlэ мэхъу. Сытыт щlэмыхъунур а унагъуэр нэрэ псэуэ зэрылъагъуу, я бынхэм адэми анэми зэхуэдэу пщlэ хуащlу, зэгурыlуэрэ зэдэlуэжу зэдэпсэуамэ.

Егъэдж.: Иджы сэ сыхуейт иджыпсту зи гугъу тщlа тхыгъэхэм хэт образхэр хьэлкl.

Егъэдж.: Иджы сэ сыхуейт иджыпсту зи гугъу тщlа тхыгъэхэм хэт образхэр хьэлкlэ, щэнкlэ, гъэсэныгъэкlэ, хабзэ-нэмыс зэрахьэкlэ зэрызэмыщхьхэр наlуэ къэфщlыну. П.п. Сэфаррэ Нартокъуэрэ. Едж.: А тlум я хьэлыр зыкlи зэщхькъым. Пэжщ, тlури цlыхуфlщ, цlыхухэми фlыуэ къалъагъу, ауэ Нартокъуэ адэ мылъкум щигъэкlащ, лэжьыгъи псэуныгъи зыри къыфlэlуэхукъым. Сэфар ади ани иlэкъым, зыгъэсар адэшыпхъурщ. Ар зыкъомрэ гугъу йохь. Абы зыри lей бгъэдэлъкъым. Нэмыс, хабзэ хэлъщ, лэжьыгъэр фlыуэ зылъагъущ. А фlагъыу хэлъым Сэфар насыпыфlэ ещl, щхьэгъусэ тэмэм, унагъуэ насып егъуэт. .

Егъэдж.: Нтlэ, Нартокъуэ унагъуэ тэмэм къыхэкlауэ, адэ-анэ тэмэм иlэу и гъуэг.

Егъэдж.: Нтlэ, Нартокъуэ унагъуэ тэмэм къыхэкlауэ, адэ-анэ тэмэм иlэу и гъуэгу захуэм щхьэ текlынкlэ хъуа? И гъащlэр имыухуэфыну зы щхьэусыгъуи иlэтэкъым абы. Едж.: Ар къызыхэкlар, япэрауэ, адэ-анэм я зэрану къызолъытэ. Псори хьэзыру иратурэ, ар щагъэкlащ. Етlуанэрауэ, Нартокъуэ ныбжьэгъу тэмэм къызэрыхимыхыфарщ. Сыт хуэдэ гъэсэныгъэ унагъуэм щимыгъуэтами, ар ныбжьэгъупцlхэм зыхашэ, и хьэлэлагъыр къагъэсэбэпурэ и мылъкур ягъэкlуасэ. Егъэдж.: Дауикl, адэ-анэм я зэран хэлъщ абы, ауэ зы бын закъуэ фlэкlа гъащlэм щамыгъуэтым, ахэр тегужьеикlауэ япlащ Нартокъуэ. . Ди жагъуэ зэрыхъунщи, цlыхум гъащlэ зэщ зэрыритыр, блэкlами къыпхуегъэгъэзэжынукъым. А гъащlэ гъуэгу дыдэм иджыри зэ ирикlуэну къахуихуатэмэ, адэ-анэр быным и гъэсэныгъэм нэгъуэщlут зэрыхущытынур

Егъэдж.: Иджы сыхуейт нобэ зи гугъу тщlа lуэхугъуэхэм зэ фыхэплъэжу къыжыфlэн.

Егъэдж.: Иджы сыхуейт нобэ зи гугъу тщlа lуэхугъуэхэм зэ фыхэплъэжу къыжыфlэну, сыт фэ насыпу къэфлъытэр? Едж.: Насыпу ди зэманым ябжыр мылъкурщ. Сэ ар сигу ирихьыркъым, мылъкушхуи сыхуейкъым. Сэ сызыхуейр гъащlэ дахэщ, гъащlэ зэгурыlуэщ. Едж.: Насыпщ адэ-анэр зэгурыlуэу, унагъуэм щlэсыр псори фlыуэ зэрылъагъуу зэдэпсэуныр. Адэ-анэр къыпхуэмыарэзыуэ зэикl фlы ухуэзэнукъым. Егъэдж.: Атlэ, сыт зы цlыху гъащlэр зищlысыр? Кlэщlщ ар! Насыпщ гъуэгу тэмэм гъащlэм къыхэпхыфмэ, жьы ухъуа нэужь уи гъащlэ блэкlам ухущlемыгъуэжын хуэдэу. Щlэр къокlуэ, жьыр мэкlуэж. Атlэ къанэр сыт? Фlыр къонэ. Дэри яужь дитын хуейщ ди гъащlэм фlыр нэхъыбэу къызэрыхэднэным, пщlэншэу дунейм дызэрытемытам и щыхьэту. Абы щыгъуэщ цlыхум насып нэс игъуэтауэ зыщилъытэжынур.

Нур Гуащэ

Адыгэ лъэпкъыр зэ шъукъэдаIо!
Ти АдыгабзэкIэ тыжьугъэгущыIэ
Ти бзэ нахь дахэ зэрэщымыIэ
Сабийхэр шъуиIэмэ агурыжьугъаIо!

Адыгэ лъэпкъоу зыбзэ зымышIэрэм
Мыри Адыг пIоу таущтэу уеджэщт?
Янэмэ-ятэмэ арымыгъэшIагъэмэ
Шэныхэр хабзэхэр таущтэу ашIэщт?

Адыгэ унагъом сабыир къихъуагъэмэ
ТинэдэлъфыбзэкIэ шъудэгущыIэ
ГущыIэ дахэ сабыим ебгъашIэмэ
ГущыIэ дахи уигъэшIэжьыщт.

Тибзэ тымышIэу тыкъэжьугъэтэджымэ
Уахътэу блэкIыгъэу шъукIэгъожьыщт
Тэщфэдэу Адыгэ цIыфмэ тахахьэмэ
Ти бзэ тымышIэмэ къытшIокъиныщт.

УАдыгэба, уибзэ умышIэ къытаIомэ
Ар гу къауэшхоба зэ шъуегупщыс
Тыгу кIодыгъоу унэм тыгъэзэжьымэ
Джэуап къэшъутыщтыри къэшъугупщыс.

Тилъэпкъ бае игъэкIодынэу
боу цIыф аджи таужь къихьагъ.
Хэкужьы чIыгум тыкъырыфыгъэми
Хымэжьы чIыгум тыщыбэгъуагъ.

Къухьам изыхэу цIыфхэр къыращызэ
Тянэжьхэр тятэжьхэр ащ щылIыхьагъ
Шхыни тэрэз ящамыгъотоу
Шырамыгъэтоу зэтелIыхьагъ.

Псаоу чIыгу хымэм къэсыгъэхэр
Зы чIыпIэ горэм щыратэкъохьыгъ
Коцыри былыми къыщымыхъунэу
ЧIыгу лIагъэр тэ къытатыгъ.

Тилъэпкъ къинэу тищэкIыгъэр
Сабийхэр жьугъэтIыси шъыпкъэр яшъуIуат
Тэ непэ азапэу тызхэтыр имышIэмэ
ШIу лъэгъуныгъэр фыримыIэщт.

Илъэпкъ ашIугъэр непэ имышIэмэ
Неущ Тыркум, Арапым дэкIони ар хэхьажьыщт
Илъэс пшIырэ пшIыкIутфырэ блэкIымэ
Ар Адыгагъэми шигъупшэжьыщт.

Тянэхэр тятэхэр тыкъэжьугъэтэджи
ЩыIэныгъоу тызфакIорэм тежьугъэгупщыс
Хымэжьы чIыгум тыщымыунэхъузэ
Тыкъэжьугъэтэджи тихэкум тэжьугъэзэжь.

* Мыр къэзытхыгъэр зы кIэлэ егъаджакIо шъуз горэм. Ежьыр зэгорэм Тыркум къэкIуагъэу ныбжьымэ АдыгабзэкIэ аригъэшIэным пылъыгъагъ. Зы кассет ежь имакъэкIэ еджагъэу седэIугъагъ мы поэмыр. ар сэрыкIэ ихэкум пае фэзаорэмэ, фэлажьрэмэ ащыщ.

Нажмите, чтобы узнать подробности

Ди тхак1уэхэм щыщу сэ нэхъыф1у слъагъур Щоджэнц1ык1у Алийщ. Алий ц1эр щыжып1эк1э, 1эмал имы1эу, уи нэгу къыщ1охьэ а ц1ыху щэджащэр къызыхэк1а адыгэ лъэпкъ уардэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, насыпыф1эщ ик1и уахътыншэщ апхуэдэ ц1ыху къызыхэк1а лъэпкъыр. Къэбэрдей - Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым нобэ а ц1эм ирипагэр. Ар я Алийщ усыгъэр ф1ыуэ зылъагъуу ди къэралышхуэм ис псоми.

Адыгэщ1ым и къуэ щыпкъэр дунейм зэрытетар илъэс пл1ыщ1 къудейщ. Арами, зэман к1эщ1ым къриубыдэу Алий адыгэхэм яхуилэжьа 1уэхутхьэбзэр лъытэгъуейщ. Адыгэбзэм и беягъыр, 1эт1элъэт1агъыр, сыт хуэдэ гурыщ1эри къызэрип1уэтэжыфынум и щыхьэт нэскъэ Алий и усэ жьгъырухэр, прозэ тхыгъэ мащ1эу ди нобэрей литературэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар! Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж, нобэми ныжэбэми дызэрыгушхуэ ц1ыхущ.

Щоджэнц1ык1у Алий хиша лъагъуэ-

ращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ


Лэжьыгъэр зыгъэзэщ1ар

Налшык къалэ

31 – нэ курыт еджап1эм

адыгэбзэмрэ литературэмк1э

и егъэджак1уэ Афэщ1агъуэ Светланэщ.

Уи гъащ1эр мащ1эу щытами,

Мык1уэдыжынхэр уи тхылъщ,

Ажалыр уэрк1э п1эщ1ами,

Ц1ыхубэм я гум ухэлъщ.

Ди тхак1уэхэм щыщу сэ нэхъыф1у слъагъур Щоджэнц1ык1у Алийщ. Алий ц1эр щыжып1эк1э, 1эмал имы1эу, уи нэгу къыщ1охьэ а ц1ыху щэджащэр къызыхэк1а адыгэ лъэпкъ уардэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, насыпыф1эщ ик1и уахътыншэщ апхуэдэ ц1ыху къызыхэк1а лъэпкъыр. Къэбэрдей - Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым нобэ а ц1эм ирипагэр. Ар я Алийщ усыгъэр ф1ыуэ зылъагъуу ди къэралышхуэм ис псоми.

Адыгэщ1ым и къуэ щыпкъэр дунейм зэрытетар илъэс пл1ыщ1 къудейщ. Арами, зэман к1эщ1ым къриубыдэу Алий адыгэхэм яхуилэжьа 1уэхутхьэбзэр лъытэгъуейщ. Адыгэбзэм и беягъыр, 1эт1элъэт1агъыр, сыт хуэдэ гурыщ1эри къызэрип1уэтэжыфынум и щыхьэт нэскъэ Алий и усэ жьгъырухэр, прозэ тхыгъэ мащ1эу ди нобэрей литературэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар! Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж, нобэми ныжэбэми дызэрыгушхуэ ц1ыхущ.

Адыгэ литературэм зымащ1эк1э нэхъ мыхъуми 1уэху хузи1а, абы щыгъуазэ, зыджа гуэри бгъуэтынкъым Щоджэнц1ык1у Алий псалъэ гуапэ, псалъэ дахэ хужызымы1э, абы и 1эзагъым пщ1э хуэзымыщ1, зи щхьэр хуэзымыгъэщхъ. Букварь зи блэгущ1эм щ1элъу еджап1эм к1уэм и деж къыщыщ1эдзауэ зи пащ1э – жьак1эр къетхъухахэм нэсыху, хэт зымыц1ыхур Щоджэнц1ык1ур! Абы и усэ жьгъырухэм, и поэмэ телъыджэхэм ямыгъэп1ейтеяр сыт хуэдэ тхылъеджэ? Сэ сызэреплъымк1э, литературэр ф1ыуэ зылъагъу дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми нобэ къыщыбгъуэтынущ Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэхэр. Щоджэнц1ык1ум и тхыгъэхэм къызэщ1аубыдащ л1эщ1ыгъуэк1эрэ адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уэ 1уэры1уатэм и 1эф1ып1эхэр, анэдэлъхубзэм и псалъэ дыщэхэр.

Алий и тхыгъэ псоми ущ1эджык1рэ уегупсысыжмэ, ижьым къыщыщ1эдзауэ нобэм къэсыхук1э Къэбэрдейм и тхыдэм ущ1эджык1ауэ, ц1ыхубэм я псэук1ар, къызэрек1уэк1ар нэрылъагъу пщыхъуауэ къэплъытэнущ. Алий и тхыгъэхэм щыпсэур гу пщтыррэ псэ къабзэрэ зи1э ц1ыху щыпкъэхэмрэ дахэхэмрэ я закъуэкъым, ат1э абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ ди щ1ыналъэ дахэр, ди къурш лъагэхэр, ди псы уэрхэр, берычэтылъэ гъавэ щ1ап1э губгъуэхэр, удз гъэгъахэр, псоми гъащ1э езытыж дыгъэр, дахагъэу щы1э псори.

Щоджэнц1ык1ум и усэ куэдыр нобэ гъащ1эм дызыщы1ууэ мыхъумыщ1агъэхэм тегъэпсауэ итхам хуэдэщ. Ди адыгэ литературэм зы1эригъэхьа ехъул1эныгъэ псомк1и ф1ыщ1э ин бгъэдэлъщ Алий.

Мис апхуэдэ лэжьыгъэф1 куэд и 1эдакъэ къыщ1эк1арщ Алий нэхъыф1у сэзыгъэлъагъур. Ар дунейм зэрехыжрэ илъэс дапщэ хъуа, ит1ани и тхыгъэ гуащ1аф1эхэмк1э ар ноби къытхэтщ, дахэр игъэдахэрэ ем ебэну. Зи ц1эри зи щхьэри нэхуу щыта а ц1ыху телъыджэм и усыгъэхэри нэхуу къытхуоблэ ноби. Ужьыхынкъым а нэхури ц1ыхум и нэр къэплъэху.

Читайте также: