Адыгэ фащэм теухуауэ доклад

Обновлено: 18.05.2024

Хъу ЦIыкIу, жаIэ, журту къалъхугъауэ,
Къызэралъхуу адыгэ хъужауэ,
Зэрыжэпхъыу нэмыцэ щылъхуауэ,
Хэт и щылъхуми зинэкIэ къалъхуауэ!

УлъыхъуакIэ ущыхуейм бгъуэтыжкъым –
Хьэжы пыIэ ныкъуэр лIыщхьэ хъуащ.
Езы цIыкIуми и лъыр и фIэщ хъужкъым –
Хъуэжэ и къуэу зигъэувыжащ.

Жыр кIэIунэу ар емынэунэщ:
Инми нэдми унафэ хуещIыф.
Уафэм щIэуэу иухуауэ унэ,
Къытхуоплъыхри цIыкIуу делъагъуф.

Фемыфыгъуэ зыри, фемыижэ,
Жыр кIэIунэ жыфIэ псор зэхех.
Зэхимыхри хуахьыжыр Iужажэм,
И кIуэгъу-жэгъухэм ди фэри ирах.

Хэтым щыщми псоми ди емыкIущи,
ИрокIуэфыр ди гущIыIу Хъу ЦIыкIу.
Угубжьауэ шыжьу уэ ущыщми,
Уемыубзэу бжьизи уимыгъэкIу!

Зэчий

Хэт жызыIар уимыIэу зэчий,
Чыпэху, Чыгъур – си ныбжьэгъужь?
Уоху, дыбохьейри уэ зы чий,
Пшэ чэтхъа Хэкум щодыгъужь.

Уоудэ пшэхэр удым хуэдэу,
Зы дадэжь щIакIуи къыхыбох,
Хамэм ущIыгъуу усэ куэду,
Домбейм и джабэми щыботх.

Дыбогъэтхытхыр уи уэрэдым
Делэ дебгъэщIу дедэIуху,
Дэ тлъэмыкIынур, фщIэрэ, куэдым –
Псым я нэхъ нэфыр ещIыф дыху.

Щыхуейми уафэм щхьэ трелъхьэ,
Пшэхэм я хьэлъэм дыщихъумэу,
Кърегъэс уэсри нэуэжь Iулъхьэу,
Ди кIаси паси ныщIихъумэу.

Мыр фи фIэщ мыхъумэ фыбгъэдыхьэ
Чыпэху, Чыгъур – си ныбжьэгъужь.

Акъыл гъуэжь фищIмэ фымыпыхьэ,
Iыхьэ фхуищIынур фагъуэщ, гъуэжьщ:

ДищI имытыжми Хъуэжэ – дадэ,
Къыхуигъэнащ абы зэчий.
ХьилагъкIэ си гур темыкIуадэ:
КъыхещIыкIыф хьэуами чий!

БлэкIам и нэщхъыр

НэкIэрэ укъэмыпыджэ,
БлэкIам и дыджым и щхьэкIуэ.
КIухьэныр ягъэув щхьэкIэ,
КIэн джэгур ар – мы фо хьэкIуэ.

КIуэж, зыгъэбзэх, теджэгукI,
БлэкIам и нэщхъ, и хьэдагъэ.
Лей зыщIэ, уи Iэр фIрегъукI!
Бгъэвухэр сыт адыгагъэ?

Уи гъэрхэм дэ дапэплъытрэ,
Коммунист партыр уи джатэу,
Адыгэ тIэкIур дыупIытIрэ,
Дыбгъэпсэуаи дыбгъэщатэу?

Зебгъэщхьами у-Ленинакъым,
ЗебгъэIэтми у-Сталинакъым.
Уи нэ къыщихуу уоуб блэкIар –
Тетыгъуэу зэгуэр пIэщIэкIар.

Уи пащIэкIэ ущIэгуфIыкIми,
Уи нэщхъхэр зэхыбогъауэ,
Пкъыуэ узыр зикI къомыфыкIми,
УзгъэфIауэ блэкIам уозауэ.

Коммунистми уэ уащыщакъым,
Фащэ нэпцIкIэ уадэшэсами,
Шыпсэ дыдэми и мэ пщыуакъым,
Совет жьантIэм удагъэсами.

А псори си сабиигъуэщи,
ПщIыхь гъэфIауэ куэдрэ солъагъу,
Си щIалэгъуэм и уэлиигъуэщи,
Солъыхъуэ ноби и фэгъу.

УэсфыгъулIэу псалъэ жысIамэ,
Парт билетыр щыхьэт пхузощI.
Ар уэ пщIэжкъым узукIыж къамэр,–
Уи илъэсхэр мэткIур, мэкIуэщI.

Iэ сэмэгур уи куэщI илъхьэжи,
Уи Iэ ижьыр жьэпкъ щIэгъэкъуэнщ.
Нэщхъ зэхэуэ, бгъэщIам хэплъэжи,
ЖыпIа, пщIахэр лагъым къэуэнщ.

Уи гукъеуэм сыхэдэIуэнути,
Нэщхъ зэхэлъхэр лъыпцIа Iунэжьщ,

Парт бюрокIэ узгъэдэуэнути,
Унэ Хужьри уэ зымкIэ нэщIщ.

Си щIэщыгъуэ зэи хуимыкIыу,
Сигу къокIыжыр – сыкомсомолщ,
Пионерри си гум пымыкIыу
КъыздокIуэкIыр – сэ сымымэл.

ЦIэ лей сиIэхэм ямылъытауэ
Лъынтхуэм итыр си адыгэлъщ.
Зыгъэнэплъи уэ къызэдауэ,
Адэжь лIыгъэ и хъуаскIэ схэлъщ.

Уэ пхэлъыжыр уи нэщхъ зэхэуэщ,
Уардэ унэр зи пщIыхь хэмыкI.
КIэ къурыкъухэр си лъэпкъ гукъеуэщ,
Си блэкIари си гум пымыкI.

Жьынду - дамэдамэду

Адыгэ псори уэ пхуэдэнум,
Дыунэхъужащ – диIэжкъым лъэпкъ.
Уипкъ къикIыкIа уд хэудэным
Къытхугуегъэхур гъащIэ нэпкъ.

Зи бзэгур блащхъуэ саугъэту,
Зи щэхур выщхьэ дарикъэту,
Нэмэз зыхуэпщIыр пщIэжрэ – хэт?
Хьэт лъапсэм и гукъуэпси пхэт?

Урещхькъым зыкIи адыгэлIым,
Атиллэ* и щылъху къуенару.
Уэ пщIыхькIэ уофэ анэм и лъым,
Ебгъэхьат плъыгъэми уову.

Ар здэщыIэми унэсынщ,
Мы дунейм теткъым мылIэжын.
Кхъэ мащэ псыIэр къыплъысынщ,
Къыпщхьэмыпэжу уи тет-жын.

Уэ къопщылIэнущ улIэм блэшхуэ,
ЩхьэкуцIым пцIыбэр иришхыкIыу,
ЗыкъиушэкIрэ къыпщыгушхуэу,
Уегуоун анэм плъимыгъэкIыу.

Хьэдрыхэ дыдэм уэ хьэрэм,
УщащIынщ, сощIэ сэ, Атиллэ.
Зебгъэщхьми узэхъуапсэ бгъэм,
Ужьынду дамэщи – сыхулIэ!
_______________________________
*А т и л л э – гунн гущIэгъуншэхэм я дзэпщт.

ШыкIуртIым

ШыкIуртIым, шыкIуртIым,
Ухэлъщ сабэм уодыхьэшх.
КъысхуощI накIэ, зэм IэштIым,
ТIымэ и бын мыхьэмышх!

Шэджэгъуашхэщ мыIэрысэр,
КхъужьIэрысэри ерчынщ.
Бжьыхьэ жыгхэращ ди нысэр.
Къолъэпауэм уричынщ.

Уэ пачами ущымыщ,
IэфIи фIэIуи зыщIэмылъ,
Теплъэ тIэкIукIэ ущомыщщ,
Къозытари хэт нэмыплъ?

Плъыфэу пщIэтыр дыхьэрэну
Угъэгъати жыгыр бгъафIэу?
Бэв пхуэщыным и борэну,
Нэм ухуихьт къудамэм бгъафэу.

Уэфи уэшхи къыплъысами,
Лъэси шэрхъи уиутами,
Жьыбгъэ пхъашэ къокIэсами,
Зыбохъумэ, уохъури дамэ.

Сыт пхуэсщIэнур, е уэ пщIэнур,
ЩIэин нэпцIу шыкIуртIым?
Сыхуеякъым сопсэлъэну:
Уэ уопапщэ, уогурым.

Абдеж къосри сабий гупи,
Укъапхъуатэ, уагъэлъатэу.
Уэ уздадзыращ уи гупэр,
Умыанэу, умыадэу.

Гъерэтыншэхэм я жьыгъэм
Сту уещхьыщэ, шыкIуртIым!
ГъащIэ нэдым и жьыщIыгъэр
ЩIелъэсыкI уэс кхъахэу жьым.

ТIымэ сымэ я джэгуэнрэ
Гуэн щIэнэцIу уолъэтэж.
Мыращ икIэм сэ бжесIэнур:
Къыпоху жыгми псалъэ пэж!

ЩыкIахэм Хасэр зыхуагъэлъасэ

Зыкъытхуагъэхъур муртат гупым,
Зыкъытхуагъэбжьыр ябжь зытелъым.
Дэ дилъ ящIэтми, ди зэгуэпым
Къегъэплъыр уафэр ещхьу пшэплъым.

Ар нэплъ хъужауэ къыдопсалъэ –
Ахъшэ лъэрыкIуэу бжыхь зыхуар,
Дитх дигъэухуэу къытхуодалъэ –
Анэдэлъхубзэр зыхъуэжар.

Хъуэжэ и нэIуу зэ зыкъещIыр,
Адыгэ гъащIэр игъэщIакIуэу,
IэпщакIуэ кIуэрым къытфIегъэщIыр
Дэр щхьэкIэ махуэхэр игъакIуэу.

И ахъшэм цIыхухэр егъэлъасэ,
Iэслъэс хъуа псори егъэжьыщIэ,
ЖьантIэр щыдот апхуэдэм хасэм,
Къандес тфIахьауэ дигъэхыщIэу.

ДигъащIэ псори хабзэ дахэу
И пхэнжагъ кIыхькIэ къытхуегъэIу.
ФыдаIуэт: хъуащ ди бгыжьхэр махэ,
БлэкIам и цIыхухэр къыщощэIу:

– Зэ фыкъэувыIэт!– зэхызохыр
ЩIы къатхэм еха Нэсрэн,
И жьакIэр уэфу сэ къыстохэ:
Сыхэт? Сэ хэт срипэрмэн?

– Фи адыгэбзэр къыдэфхыжи,
Фи жыпхъи хабзи вгъуэтыжынщ,
Фи жын псэукIэм кIэ ефтыжи,
Фи пашэу сэри сытэджынщ! –

КъызжеIэ дадэм аргуэрыжу –
Темытыж цIыхум мы дунейм.
Солъагъу ди бгыжьхэм лъы къапыжу,
ЩыгуIэу я бгъуэщI Сэтэней.

Ей, яцIыхуатэмэ нарт хабзэр,
Iумпэм ящIынут адыгэбзэр?
Ягу итхьэщIынут псынэ къабзэм, –
Ебзым хэмыкIыу дызгъэлъасэм.

Я лъапсэр гъущу флъагъужынущ,
Дыхэвгъэплъэжи я дыгъуасэм,
Ди пщэдей гъуджэм къищыжынущ
Ди хасэр мылъкукIэ зыгъэлъасэр.

Олимп и адэр

Щожей тхьэмадэр Щачэ бгъуэщIым,
Хы ФIыцIэ шхыдэм ныщIэдэIуу –
КъыхэщIыкIами мыулъий гъущIым,
Зегъазэ загъуэу, тIэкIуи щэIуу.

Iунэ етакъым Адыгэкхъэм –
ТекIуахэм Iэнэ яхуэхъуам,

КъыдэпцIыжауэ насып фэкъум
Зыри къикIынкъым къыддигъуам.

Хышхуэр зэщоджэ сабий макъкIэ,
ЛIыхъухэр мэлъащэ толъкъун ныпкIэ,
Фызхэри мабгэ мыух нэпскIэ,
Я щыгу тхьэрыкъуэ щыгъуэу щескIэ.

КIэн джэгу зэхашэ урыс тетхэм,
Лей къытлъысахэр яфIэмащIэу,
Я гур мэлыцI ди лъэпкъэгъу къэтхэм,
ДагъэщI хьэдагъэ щащIэу, плIащIэу.

Олимп и адэм и цIэ дыдэр
ЯщIэну хуейкъым тет щIихьахэм,
Псэуа адыгэхэр ямыдэ –
Къащтэж куэд щIауэ зэпщIыхьахэр.

Я щхьэ тралъхьэкъым утыкум
Адыгэм и псэр ирахьэн,
ЗыщагъэпскI нэхъри ахэм пцIыкум,
Шыпсэ шхыныгъэур я сыхьэнщ*.

Дунейр чэзукъэ? ЛIы цIыкIу сымэ
Мы дунейр бгъэкIэ яхуэхьын?
КIэн джэгу зэхашэм щоур лъымэ –
Зэгуэр ди лIахэр къэушынщ.

Ныбэнэушкъым нартхэр ноби –
ХьэрамэIуащхьэ щыджэгуар.
Нарт Сосрыкъуи къехьыж тобэ,
ЖыжьэIуэ пэтми зыдэкIуар.

Иныжь абрагъуэм аргуэрыжщи,
Олимп и мафIэр ирехьэжьэ,
ЗыфIэлъэщыжу зэрабгыжщи,
Дэ къыттретхъуэ къихьыр и жьэм.

Зэгуэр ди нартхэм фIадыгъуами,
МафIэр къехьыжыр Сосрыкъуэ.
Фи фIэщ хъужынщ зи фIэщ мыхъуами,
Зиумысыжыпхъэщ къэныкъуэм.

Щожей тхьэмадэр Щачэ бгъуэщIым –
Къэушыжынущ Олимп и адэр:
И бын гуэшахэм ягу хэзгъэщIым
Техуэнущ лъэщу Лъэпщ и уадэр!

Тхьэ ефыгъуэ

Батэкъутэр къыхуахьыр си къалэм,
Блэ уэн гупыр щIым къыщIэпщыжауэ.

Тепщэгъуэ зыхуеIэм ехь и гъаблэм,
Я блэ нэIухэм цIыхуфэр хапщауэ.

ЩIыщIагъщIэсхэм сыт лъагапIэ япткIэ?
ЩIым щыпсэухэр хьэдрыхэ щIалъафэу,
Тхьэ ефыгъуэу мыгъуэм и нэлаткIэ
Къинащ ди кIэм, гууэ яIэр мывэу.

ЯфIэмащIэщ къагъауэр, яхъунщIэр,
НэщI ящI лъахэм щышкIур сабий нэпсыр.
Я ди Псатхьэ, къебгъэх ИлъэсыщIэр
ХуэщI пэIэщIэ зи жагъуэм дыгъэпсыр.

Лъыпсыр пож армырми АдыгэщIым,
ЛIэщIыгъуэжь блэкIахэм къауIауэ,
Къэнэжа си лъэпкъым и гумэщIым
ЯфIэмащIэу лыгъэ ирадзауэ.

Краснодони, Налшыки, Мэзкууи.
Сту куэд дыдэ бзаджэм къащIэкIуар?
Ажал щакIуэу, зыр зым ныщIэгуауэу,
Хъунщ ди нэгум гуауэу щIагъэкIар.

Ягъэ кIынкъым, къытхуэхьэщIэ махуэ,
Уэ къэунэхуи хейм дыгъэIуэтэж,
Илъэсыжь идгъэкIым и лей сахуэу
Дызыхэбгъэплъари хей фэеплъу гъэж.

Уэс къесари исеящ кIэгъуасэм,
Угъурсызхэр дэгъуэт щIихъумам,
Зыдихьыжу гуауэр ди дыгъуасэм,
Сэхъуджахэр куууэ щIивэжам.

Вгъэзэж фи гъуэ, блэ уэн шейтIанузхэ,
Тщхьэщыфх узыгъэжьу фи лагъымхэр.
АдыгэщIым гъымбу къыщхьэщысхэ,
Фахьыжыпхъэт фи шыпсэ залымхэм.

Мэгурым ди къуршхэр. Фахуэшэчкъым,
Чауэ фщIауэ Iуащхьэмахуэ магъ.
Гъэр ар фщIыну фыхуежьами флъэкIкъым
Ди лъэпкъ нейщи – Тхьэм имыIэ къуагъ!

Гур къигъыкIыу сынолъэIур, ГъэщIэу
ИлъэсыщIэ икIи сынохъуэхъу:
Ди бын къэхъухэм къет насыпи, гъащIи,
ЗимыщIасэр ерыкIуэ ирехъу.

Пхуэхъунщ псапэ, гъэхэм уращапхъэу:
Ди пэжыгъэм насыпкIэ хуэпэж.
Гъэм и бэвыр ди бгыжьхэм я дапхъэу,
Хъер щымыщIэу лъэпкъхэр дыгъэфIэж!


Дэ дызэщхьыр


Адыгэ фащэм дроуэркъыр,
Тэмакъым фIэлъщи тфIэкIуэдар,
Дэ пщIэншэу ди жьэри доукъыр,
НэгъуэщIым щыгъмэ дызлъыхъуар.

АтIэ, къэзакъхэм я Iуэху пылъкъэ
Узэрахьэну, лIыхъужь цей?
Ингуш-шэшэнхэм уэ уащыгъкъэ,
УзыщитIагъэкъэ къэрэшейм?

Гъейшей дохъужыр ахэр тлъагъумэ,
Ауэ, си лъэпкъ, зыдмылъагъуж.
Адыгэ фащэм фи гур щIэгъумэ,
Апхуэдэу гугъукъым – щыфтIэгъэж.

Фымыгъеиж щывмытIэгъэжыр,
Фемыфыгъуэж щызытIэгъам.
Уэ нобэ пщыгъыу псоми тщIэжыр
Европэ жыпхъэу зэрыхъащ.

ФIэхъус ефхыж адыгэ цейм,
Ар ей хъужащи зыщтэжам.
ПхуэгъэукIытэн дуней фейцейр?
Дрещхьщ зи ныбжьым щыщтэжам.

Къэдывгъэщтэжыт адэжь лIыгъэр,
КIэс едгъэщIауэ адыгагъэр!
Ди фащи щэни я ухыгъэр
КъыкъуэкIыжынущ Хэкужь дыгъэу.

Уд дерсхэр

Щытащ зэгуэрым щIалэфI цIыкIуу,
Бадзэ тIысар имыгъэлъатэу.
Хуагъэфэщакъым куэд ицIыхуу,
И жьабзэм уэгури иубзытэу.

Губзыгъэ хуейкъэ, атIэ, хасэр?
Къыхурагъэпсыр ар тхьэмадэу.
Хахакъым, си щыхьэтщ мо мазэр,
ЩIидзэри беижь къателъадэу…

Дуней зэхъуэкIым щигъэкIахэм
Я кIэр вагъуэбэу ахъшэ защIэщ,
ЛIыщIыгъуэм зи пхъэ къыдикIахэм
Аргуэру лъэпкъыр дызэIащIэ.

ДагъащIэ ахэм адыгэбзэ,
Хамэбзэ сырхэр къыджьэдасэу.
ЖыпIэн хуеяр, хасащхьэ гъыбзэщ,
Уалъагъури нэжэс уи кхъэдэсэу.

Дагъасэ псори хабзэ мыщIэм,
Ди лъэпкъ и тхыди зэблэшауэ.
Доуш сабийхэр мыхъумыщIэм,
ХощэтыкI анэр езэшауэ.

Уи лъахи махи ибгынауэ,
Иджы щыIэжкъым а щхьэкъутэр.
И анэжь дыдэри нытебгауэ,
Щегъэш хамэщIым батэкъутэр.

МакIуэ и ахъшэр, тракIутэ,
Удыгъэ дерсхэр сту лъапIей?
Уди мэхъуфыр нэмыукIытэу,
МылIа и анэм ар егъей.

Зэмызэгъыжыр къахуэкIуауэ,
ЗэщхьэкIуа хасэр зэроух.
ЗекIуэлIыр къэтщ уд хасэм кIуауэ,
Къэсыжмэ бжэхэр хуIувмых.

ХуIуфхмэ, гущэм хэлъ сабийр
Дерсышхуэ иIэщ итхьэлэну.
Си бийуэ сабэр дрепхъей, –
Ауэ согугъэ сыкъелыну!

Фыз мылъхуэ

Ей, махуэурэ махуэ щIыкIей,
КIэнкIыхьу зэпыкI жэщ къарэ,
Къан пщащэу сту дахэкIейт
КъыщашагъащIэм Нэгуарэ?

Жантешэхэ я пэлъху Мэсхьудт,
Удэзыхьэхыр и щэнт,
Узыхьыжыпэр и теплъэт –
НэкIуплърэ езыр къудант.

Данэр Нэгуарэ и щхьэцт,
Уэсым и шыпхъурэ нэгухут,
Мыухуэ и бгыр псыгъуабзэт,
Вагъуэ гъуэбзыкIэхэр и набдзэт.

И дзэр къыIупсмэ, псынэхут,
И нэ къулэнхэр нэхулъэт.

Лъэтэнт и щауэр къуршыбгъэу,
Шым ар шэсамэ щыжьыбгъэт.

Губгъэн хэмылъу а тIур
ЩIэткIукIа гъащIэм хуоплъэкI,
ЩIэтыжкъым унэм я нур:
Илъэс ищI-ищIыр йокIуэкI.

Я нэр къыхуокIыр сабийхэу
Хамэм я пщIантIэ щызежэм,
ТIэкIуи йоижэр сабейхэу
Уэрам – уэрамхэм тезашэм.

Шыбэу насыпхэр къэкIуами,
Я гъащIэр щIэткIур щыIакъым,
КъуэбынщэбынкIэ хъуэхъуами,
А хъуэхъур ялъэIэсакъым.

Сабий зыIэтым ехъуапсэу,
Я псэр зы чысэм ихуауэ,
Яхуэмыухуэр бын лъапсэу,
Мэпсэу а тIури куэд щIауэ.

ЕщIэ фыз мылъху зэриIэр
ТемыпыIэжу Мэсхьуд,
Ихъуэжыфакъым и нэIэр,
ЩыIакъым фыз щигъэпуд.

Хамэ сабийхэр я пщIантIэм
Щыджэгумэщ я гурыфIыгъуэр.
Я ди Тхьэ, къиптхар я натIэ
А цIыху нуритIым нэ фыгъуэт.

Ягъэгъужакъым я псалъэ,
ЯлъэмыкI быным щIихъумэу.
Арщ лъагъуныгъэм и пщалъэр,
Фыз мылъхуэ пэтрэ ихъумэу.

Нэгей уз

Узыжьурэ щэнджатэ нэIуу
НэIуасэжьым и къамэ Iэпщэ,
ЩIапщэ мыухкIэ зи макъыр
Къытхуэзгъэлъащэу напэншэ!

Зыкъыпхуэгъэшмэ уи узыр
ЗыкIэрыбдзыни плъэкIын,
ЛъэнкIапIэ щIэхыу уи псалъэр
Шхалъэ дэмыхьэ пхуэщIын?

ЗыбогъэщIагъуэ фэрыщIу,
ЗымыщIэ щIалэр бгъэплъакъуэу,
Уэ хьэрэкъуакIэм нэмыщIу
И нэр зэбгъэплъыни уимыIэу.

Уи тхьэрыIуэныр ди Хасэм
Псалъэ дыгъэлу щову,
Мыув хабзэжьыр уи лъапсэм
КъикIыкIа кIыгуу щогуо.

Уи нэгу сыщIоплъэ фэрыщIым,
ЗызэрыпщI псори уэсэпсщ,
Уи псэр зыхуеIэу Iэужьым
И ижьрабгъур кхъуэ Iусщ.

Кхъуэ Iусщ уи щIакхъуэр, уи сомыр,
Зэщыхъуэ щхъухькIэ къэблэжьыр,
Лажьэ зимыIэ цIыху къомыр
Гъуэмылэ нэпцIкIэ щIэбгущIыр.

Iуэху зэIущIэнкIэ щIэныгъэм
И доктор и щхьэ ухъуащ,
Нэгей щIэныгъэм и уагъэм
Удыгъэу хэлъыр гъэпщкIуащ.

Хьэдрыхэ кIуами уи анэу
Нартхэ япхъу пажэу Уэрсэр,
ЩаIыгъщ абдежми щыхъуанэу,
ЩхьэкIуэ щыхъуауэ уэ пщIэр.

Уи нэгей узыр тхьэмыщкIэм
Хьэдрыхэ кIахэ щепшын,
Пшынэ мыухыу уи щIыкIэм
КъибгъэкIым жеIэ: – Сыжынщ!

Жын щылъхут уи адэр, ящIэжыр,
И щIэщхэр зыгъэжэщIар,
Зимыхьэкъ цIыхум лъыщIэжыр
Уэ кIэщIэбгъэж узыщIар.

Зэ щIэрыIэжи хабзэ уимыIэр
Бэзэр Iэрпхъуэрым къыщыщэхуж:
Хьэжы умыхъуми хьэжы пыIэр
Абдеж щыIэххэщ, щхьэрытIэгъэж!

Сэтэней и нейр

Уэ укъежьат Сэтэнейрэ
Псыхъуибгъум урапщIыхьэпIэу,
Удибгъум уагъэщIыкIейрэ
КIейпейхэм урапыхьэпIэу.

Уэ укъежьат тхьэIухудрэ
ЩIалэ къуданхэм урапсэу,
Уи нэпскIэ я псэр Iубудрэ,
УдагъкIэ щхъухьхэр ящIэпсэу.

Укъепсмэ, удыгъэ бзийуэ,
ЗыпшэщIмэ умазэ щылъхуу,
Шыхулъагъуэр уэ къоущийуэ,
УдиIащ шыпсэ мыухыу.

Мыух уэ щыIэу уи гугъэт,
ГъэрыпIэм итт уигу пфIэсысыр,
IупщIакIэ зыщIхэм я лыгъэт
Гъэхэм я фэбжьу узысыр.

Сыт епщIэжынут адыгэм
Уафэм и лъагэр уи лъэгуу?
Зигу пкъута щауэ бгъэдзыхэм
Уэ зыщыбдзейт зыбгъэдэгуу.

Сэтэней пагэр зэгуэрым
Уэ упичащ Хьэрэмыжь,
Мыва-мыжьауэ хьэрш уэрым
Щыбгъуэтыжакъым нэмыщI.

УтIэщIэкIащи цIэрыIуэр
Нарт щылъхухэр димыгъэжей:
Ди пхъэ къикIыжкъым, Тхьэ соIуэ,
Дэ къытщыхуащи уи ней.

Илъэс мин кIуэцIым адыгэм
Ди кIэр паудыр, даух.
Дэ дрибынми мыдзыхэм,
Хамэхьэр пхъэхщ – дызэпех.

Зэпахыр ди щIыр, ди дыгъэр,
Гъэр ящIа Хэкури зэпах,
Хапхъэжащ удхэм ди лIыгъэр,
Ди мази вагъуи ттрах.

Хэку димыIэжым и гъыбзэр
Жьыбгъэ щхьэхуитым къреш,
Къуэш нэпцIхэм тхужаIэ шыпсэр
Хьэдрыхэми щахуэмыгъэш.

Хьэршым щезэш, дыныппоплъэ,
Дызгъэплъэкъуа Сэтэней.
Адыгэр дехьыр уи гъаблэм –
Къытхуэбгъэна пщащэ нейм!

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Уэ л1ыгъэм щауэм хубогъасэ,

Бгъэм хуэдэу, уардэу шыбгым фисщ.

Уи бзыпхъэр сэрк1э къыхахами,

Зэры- Кавказу ухуэф1ыпсщ!

Машбащ1э Исхьэкъ.

В: Фи махуэ ф1ыуэ.

В: Мы дунейм зы лъэпкъ тету пхужы1энкъым ижь ижьыжым щыгъуэ щыгъа фащэр зэримыхъуэк1ыу, зэхуэк1ыныгъэ гуэрхэр химылъхьэу нобэ къынихьэсауэ е ихъумэфауэ. Ар зыми хузэф1эмык1ын 1эхущ.

В: Ди адыгэ лъэпкъми зызэрихъуэк1 , зэманым дек1уу зихъуэж зэпыту ( и фащэк1э, и псэук1эк1э къик1уащ и тхыдэ к1ыхьыр, и гъунэгъухэми ядэплъеймэ , нэхъыф1 я1эмэ къищтэу, езыри ядэгуашэу,нэхъри игъэдахэурэ къек1уэк1ащ.

В: Щ1ыр зэрыгъущэм, бгылъэм и хьэуа къабзэрэ псы1эгъэншэм я ф1ыгъэк1э кхъэм щ1агъуэ къыщымыщ1у щыхъума хъуащ ц1ыхухъу, бзылъхугъэ, сабий, уеблэмэ,зэрыджэгу гуащэхэм я фащэхэр:пы1эхэр,1элъэщ1хэр,щыгъынщ1ы1утелъхэр,щ1аггъщ1элъхэр,гъуэншэджхэр,лъэпэдхэр,лъейхэр, лъакъуэф1элъхьэхэр.

В: Мы кхъэлъахэ гъэщ1эгъуэным къыщагъуэта телъыжэхэр псори тэрэзу тхылъым ихуакъым.

В: Адыгэ фащэр къэзакъхэм щащтар( 1эщэр нэхъэпа1уэу ящтагъэххэт) 1828 гъэращ. Линием и генерал- лейтенант Эмануэль къэзакъхэм я фащэ зэхэтхъуар хуэмышэк1ыжу,псоми адыгэ фащэ зэрахьэну унафэ щищ1аращ.1831 гъэм январым и 16-м а унафэм пащтыхь Александр е2-нэм 1эпэ щ1идзащ.

4 классым я усэхэр.

уэрэд же1э Мамбэт Самирэ-9кл

В: Дунейм лъэпкъыу тетым я фащэхэр зэбгъапщэмэ, адыгэ фащэм нэхъ дахэ, ц1ыхум и 1эпкълъэпкъым и дахагъэр къыщ1эзыгъэщ, удэзыхьэх щ1агъуэ бгъуэтынкъым. Ик1и аращ адыгэ фащэр Кавказым щыпсэу лъэпкъ куэдми я лъэпкъ фащэ щ1эхъуар.

В: Кавказ къудейм къудейракъым, ат1э адыгэ фащэр псоми яхуэф1 хъуащ. Урысейм нэсри пащтыхьым ф1эф1 дыдэу щыгъащ. Абы къинэмыщ1ауэ,тхыдэм къызэрыхэщыжщи, е17-нэ л1ыщ1ыгъуэм и к1эхэм Польшэм и л1ык1уэхэр Тыркум 1уэхук1э щык1уэк1э адыгэ фащэ ящыгъыу к1уэт.Абык1э къагъэлъагъуэт абыхэм я гъусэ адыгэхэм пщ1э зэрыхуащ1ыр.

В: Аращи, тхыгъэм дэнэ дежи къыщыхэщащ ди фащэр.Къызэрыхэщар адыгэм я л1ыгъэмк1э,я 1уэху зехьэк1эмк1э,я дуней тетык1эмк1эщ.

В: Зауэл1ыр, гъуэгурык1уэу и закъуэу губгъуэм къинамэ, маф1э ищ1у хъэк1экхъуэк1э игъэщтэн е уаем зыкъригъэлын хуей хъуамэ,епл1анэм хьэзыру илът маф1э зэрищ1ын щтэкъу- щтаучрэ гъущ1 к1апэрэ. А т1ур зэщихъуэрти, маф1эр къыдидзырт.

В: Бащлыкъыр зауэл1хэмрэ гъуэгу техьа л1ыхэмрэ здащтэт. Абык1э уэшхми, уэсми, жьыбгъэми зыщахъумэрт. Щ1ак1уэр щ1ызэрахьэр теп1эн – щ1элъын папщ1эт. Абы уэшхи псыи пхырык1ыртэкъым,гъудэ – бадзи езэгъыртэкъым.

В: Шырыкъухэм,упщ1элъейхэм шым урытесыну тыншт, хуабэт,гъущэт.

Мэлыфэм къыхэщ1ык1а хъурыфэ пы1эм уэшхми,уэсми, жьыбгъэми, хуабэми л1ыхэм я щхьэр щихъумэт.

В: Ди лъэпкъым сыт щыгъуи, зэмани дыщэм нэхърэ дыжьыным нэхъ пщ1э хуищ1т. Дыщэр нэхъ зэхьэл1апхьэу ялъытэр бзылъхугъэхэрат.

В: Адыгэ пщащэхэм я дахагъэр нэхъри къыщ1эзыгъэщыр я зыхуэпэк1эрт. Ахэм щыгъыныпхъэхэр къыхахырти ек1уу ядыжырт. Махуэ къэс зэрахьэ щыгъынхэр щхьэхуэхэт,хьэгъуэл1ыгъуэм, хьэщ1ап1эм зэрык1уэхэр нэгъуэщ1хэт.

В: Бзылъхугъэ фащэм хохьэр: и гупэмк1э зэгуэх зи1э, уагъэ дахэхэмк1э хэдык1а бэхуцейр, дыжьын щ1ы1ур,дыжьын бгырыпхыр, дыщэ пы1эр,вакъэ псынщ1эр, 1эщхьэпылъыр.

В: Бостейр нэхъыбэу данэмрэ къэдабэмрэ къыхащ1ык1т. Бостейм 1эщхьэ к1ыхь пытщ. Я теплъэк1э ахэр ф1ыц1афэу, дыщафэу щытхэт.

В: Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр, и пагагъэр, и щэныф1агъэр, къызыхэк1а лъэпкъыр кърагъэлъагъуэт адыгэ пщащэм.

В: Бгъэ1улъхэр мыщ1эхэмк1э, дыщэпск1э гъэщ1эрэщ1ат ик1и бостейм ек1упст. Бгырыпххэр тхыпхъэщыпхъэ, мыщ1э ц1ык1ухэмк1э гъэщ1эрэщ1ат.Бгырыппхэр дыжьыныфэхэт, ф1ыц1афэхэт. Бзылъхугъэ щ1алэм и бгырыпхыр нэхъ бгъузэт , нэхъ гъэфэрыщ1ат. Унагъуэм ихьам ейр нэхъ бгъуэт, и быжри нэхъ инт, апхуэдэ дыдэуи гъэфэрыщ1атэкъым.

В: Адыгэ бзылъхугъэхэм зэрахьэ 1элъэщ1хэр тхыпхъэщ1ыпхъэк1э гъэщ1эрэщ1ат, удз дахэхэр хэщ1ыхьат. Ахэм зэрахъэт кхъуак1э зы1ут шылэхъар хужьхэр, лоданхэр, гумлэдынхэр. Сабий зыгъуэта анэм зэи пы1э щхьэрит1эгъэжтэкъым,телъыр 1элъэщ1рэ щхьэф1эпхык1рэт.

В: Бзылъхугъэхэм я фащэм хохьэр дыщэ пы1эри. Абы узыф1эмык1ыжыну пщащэхэр дахэ щ1эхъук1т. Ар хадык1т дыщэ, дыжьын 1уданэк1э. ар бостейм ек1уу щытт. Хъыджэбзым и дыщэ пы1э щыгур папц1эщ, нысащ1эм ейр щхьэгуэщ.

Видео къэгъэлъэгъуэн.

В: Адыгэ фащэм жыуегъэ1э, сыту ф1ыщэт мы псор зи 1эрык1 лъэпкъым сызэрыщыщыр!

В: Маржэ, дымыгъэк1уэдыжу зедывгъахьэ, зылъэгъуам телъыджэ ящыхъуа фащэ гъэщ1эгъуэныщэр!

hello_html_m5a9b7b44.jpg

Бзэм и махуэм ирихьэл1эу Хьэтуей къуажэм курыт еджап1эм _____ классым щек1уэк1а пшыхь.

hello_html_m5a9b7b44.jpg

- Хэку къызыщалъхуам, къызыхэк1а лъэпкъым къыдек1уэк1 адыгэ хабзэ дахэр куу

хъуным, хъумэным елэжьын.

- Я лъэпкъым, я бзэм хуа1э ф1ылъагъуныгъэм зегъэужьын.

Пшыхьым и ек1уэк1ык1эр

  1. Хэзыщэ псалъэмакъ. (Тхьэгъэлэдж Светэ и макъамэ «Бзэрабзэ си

хъыбар псоми фызогъащ1э.

Нобэ махуэ лъап1эщ,

Школым ящ1 унафэ:

Ди еджап1эм щ1эсхэр дэ къыдогъэблагъэ.

Нобэ икъук1э махуэ лъап1эу.

Дэ мы школым дашэ хьэщ1эу.

Езыгъ.: Фыкъеблагъэ, Фыкъеблагъэ!

- Фи махуэ ф1ыуэ, нобэ кърихьэл1а псоми! Нобэрей ди пшыхьыр зытеухуар ди бзэ дахэ, ди бзэ 1эф1, ди бзэ шэрыуэращ.

Адыгэм и хабзэщ сыт хуэдэ 1уэхури хъуэхъук1э къыщ1идзэуи, дэри а хабзэм тету щ1эддзэнщ.

- Ат1э дапщэщ къежьауэ п1эрэ а хабзэ дахэр?

- Хъуэхъур ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадок1уэк1. Хъуэхъуэныр хабзэ дахэщ. Абы пыщ1ар угъурлыгъэрэ акъылыф1агъэрэщ. И ныбжьымрэ и акъылымрэ теухуауэ адыгэхэм мыхъуэхъуэф яхэткъым.

- Адыгэм хьэщ1э и1эмэ, япэ хъуэхъур абы тражы1ыхьу щытщи, девгъэхъуэхъут дэри ди хьэщ1эхэм.

-Ди хьэщ1э лъап1эхэ!

Узыншагъэ быдэ фи1эну,

Фи лъэр здихьам насып здифхьэну.

Нобэ къэфк1уа гъуэгуанэм

Нэхъ гугъехь фымылъагъуу

Куэдрэ ц1ыхухэр вгъэгуф1эу

Усэ ц1ык1ухэр къоджэ

Зджащ нэмыцэр, зэи

Урысыбзэр хъуащ си 1эщэ лъэщ

Ауэ ф1ыуэ слъагъуу адыгэбзэ макъым

И дахагък1э зыри пэмылъэщ

Налкъут щыгъэу ар къызэролъэлъыр.

Жэнэт бзууэ къо1ущащэр зэм…

Си лъэпкъ уардэ – Нобэ ф1ыуэ слъытэм

И къежьап1эр ди уахътыншэ бзэрщ.

Езыгъ: Дэ си1эщ анэдэлъхубзэ дахэ, шэрыуэ, купщ1аф1э.Ар адыгэбзэщ. Ди адыгэбзэр бзэ нэхъ жьы дыдэхэм ящыщщ.

- Сэ сыадыгэщ! – жызы1э дэтхэнэми ищ1эну и къалэнщ адыгэбзэр, сыт щхьэк1э жып1эмэ ар абы и лъым хэтщ, и анэдэлъхубзэщи, къыдалъхуащи.

Бзэр щымы1эм, щы1экъым лъэпкъри. Бзэ нэхъыбэ пщ1эху, уи акъылым зеужь, гъащ1эм ухэплъэ уохъу. Нэгъуэщ1ыбзэ пщ1эмэ адыгэбзэр зыщыбгъэгъупщэн хуейуэ аракъым. Аращи дывгъэбзэрабзэ ди бзэр!

Езыгъ : Упсэу уэ куэдрэ!

Уэрщ лъэпкъым и лъабжьэр.

Упсэу уэ куэдрэ!

Уэ уди1эщ шабзэу

Упсэумэ, ди лъэпкъыр псэунщ.

(Мэзым и макъ къо1у)

Езыгъ.: Щ1ып1э куэдым щикъухьащ ди адыгэхэр. Сыту гуапэт а къомыр зыуэ зэгъусэу культурэми, бзэми, зэрагъэузэщ1у щытыну. Дэнэ ущымы1эми, уадыгэщ.

Къапщтэмэ, псоми а зы бзэр т1урылъщ, дэтхэнэм къыжьэдэк1ри ди адыгэбзэ шэрыуэщ, блэ шэрэзыр къыхэмыхьэну дэтхэнэми дгъэдахэрщ. Ауэ а ди бзэм и гъуджэр ик1и я фащэр ди япэ ита ц1ыхухэмрэ абыхэм жа1а псалъэхэмрэщ. Ахэр ди адыгэ 1уэры1уатэм хыхьэ псалъэжьхэмрэ, жы1эгъуэхэмрэщ . Псалъэжьхэм лъэпкъым и гупсысэк1эр, и дуней еплъык1эр л1эщ1ыгъуэк1э щызэхуэхьэсащ. Псалъэжьхэр нобэми ди культурэм, ди гъащ1эм хэпщауэ, нэхъыщ1эр ягъэ1ущу, нэхъыжьыр яущийуэ щытщ. Дэри нобэ абы гъунэгъу зыхуэтщ1ынщ. Абык1э дэ къыддэ1эпыкъунщ ди еджак1уэ ц1ык1ухэр. (сабийхэм псынщ1эрыпсалъэ, псалъэжьхэр жа1э)

Ц1ык1ухэм псалъэжьхэр жа1э

- Бзэр джатэм нэхърэ нэхъ жанщ

- Адыгэ хабзэр адэ щ1эинщ

- Адыгагъэр – нэмысщ, нэмысыр – насыпщ.

- Адэр дэм хуэдэщи, анэр нэм хуэдэщ

- Уи адэ и щ1ап1э гъэдахэ, уи анэ дахэу епсалъэ.

- Адыгагъэ мыщ1э адыгэбзэ щ1экуъщ.

- Адыгагъэр къалэнщ, армыхъумэ 1уэхутхьэбзэкъым.

- Еблагъэ зи бэм и бын мэжал1экъым

- Псэм ф1э1эф1ыр, нэм ф1эдахэщ

- Бзэгур шэм нэхърэ нэхъ жэрщ

- 1ущыр щэ мэчэнджащэ

- Акъыл к1эщ1ыр бзэгу к1ыхьщ

- Акъылыр къалэнкъым, хабзэр убзэныркъым.

- Пшынауэр бгъунлъэм, лъэпкъыр мэук1ытэ.

Ди анэбзэу-ди адыгэбзэр ф1ыуэ зэрытлъагъур, зэрыдгъэшэрыуэр къыджезы1энур псынщ1эрыпсалъэхэрщ. Псынщ1эрыпсалъэхэр жы1эгъуей щхьэк1э, бзэр къута хъунымк1э сэбэпышхуэщ, щ1эныгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэм я къихып1эщ. Девгъээда1уэт – т1э абыхэм.

- Жьэгум дэлъ яжьэ жьэражьэм л1ыжь жьак1эхум кхъужь мыхъу пэрихъумащ

- Зазэ и зэзыр зэзэмызэ мэуз.

- Пыжь пызу пыту щыту жыг.

- Щак1уэ щ1алэм щ1ак1уэ щ1агъым щ1акхъуэ ныкъуэ щ1элъу щ1ихри щ1эк1ыжащ.

- Щ1алэ щ1акъуэр щ1ыунэм щ1ыхьэри щ1ак1уэ щ1агъым щ1элъ щ1акъуэ ныкъуэр щ1ихри ещ1экъуауэурэ щ1эк1ыжащ.

- Гъук1эр бгъук1э къалъэри пк1элъейм дэлъеижащ

- Мыщэр пэщащэурэ мащэм ищэтащ

Езыгъ.: 1уэры1уатэм и ф1ып1эщ къуажэхьхэри. Ахэр зэгъэк1уауэ, шэрыуэу, зэгъэщ1эгъуаф1эу гъэпсащ. Къуажэхьхэм къуагъащ1э лъэпкъым и акъылымрэ и гулъытэмрэ здынэсыр. Ижь-ижьыж лъандэрэ ц1ыхухэм пщыхьэщхьэрэк1э лэжьыгъэ нэужьым зыщагъэпсэхук1э къащ1эу щытащ а къуажэхьхэр. Ат1э къэфщ1эфыну п1эрэ фэри ахэр. Девгъэплъыт, ди хьэщ1э лъап1эхэ.

- Сэ сыхуейт зыхуэзгъэзэну ди хьэщ1эхэм. Класс къэсыхук1э ц1ыху т1урыт1 фыкъыдогъэблагъэ ди сценэм. Дызэпеуэнщ класск1эрэ, тек1уэм саугъэт къелэжь.

Феплъыт мы къуажэхьхэр къыфхуэщ1эмэ:

  1. Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ. ( Набдзэ)
  2. Зэкъуэшитху док1уейри бырт1ым ц1ык1у къап1ыт1 . ( 1эпхъуамбитху, пэ)
  3. Дзэ уз зымыщ1э, дзэ куэд зы1ут. ( Пхъэх)
  4. Зи щхьэр матэ, зи к1эр топ. ( Аслъэн)
  5. Хьэуазэ и къуэ щ1ыбыбгъуэ. ( Щ1акхъуэ)
  6. Нэ ц1ык1у, пэ ц1ык1у, тэн ц1ык1у зыщыгъ. ( Дзыгъуэ)
  7. Вакъэ лъапэ к1ыхьу мэз щ1ыхьэрей. ( 1эжьэ)
  8. Щ1ым и 1эф1ыр къыщ1эзыш, шэм и хужьыр къызэрыж, жылэр зыгъэунэ, быныр къэзыгъатхъэ. ( Нартыху)
  9. Банэ топу зи пэр т1ей (цыжьбанэ)
  10. Зи пэр папц1э, зи к1эр гъуанэ (мастэ)
  11. К1уэ пэтми бжьиз зымык1у (гущэ)
  12. Вагъуит1 яку 1уащхьэ (пэ)
  13. Ди гуэн ц1ык1у лы изщ (1эпхъуалъэ)

- Езыгъ : Фыпсэу, хъарзынэу фыкъыздэлэжьащ. Ик1и т1эк1у зыдывгъэпсэху. Абык1э дэ къыддэ1эпыкъунщ ди пэщ1эдзэ классым щеджэ ди еджак1уэ ц1ык1ухэм я къафэр. Къедывгъэблагъэ!

  • Хэт, ц1ык1ухэ, фэ фщыщу къебжэк1ым хуэ1эзэр, хэт и жьэнахуагъэм дык1элъигъэплъын?

Т1ум къебжэк1 жа1э:

  • Си къаз пльэгъуа? - Вындыр-щэ?
  • Слъэгъуащ. - Жыгым пысщ.
  • Дэнэ к1уа? - Жыгыр-щэ?
  • Абгъуэм исщ. - Уэщым иреупщ1э.
  • Сыт къиук1эц1? - Уэщыр-щ1э?
  • Джэдык1э. - Пщ1ащэм хэлъщ.
  • Хэт ишх? - Пщ1ащэр-щэ?
  • Мэлыхъуэм. - Лыгъэм ес.
  • Сыт къыдит? - Лыгъэр-щэ?
  • Хъурыфэ. - Псым егъэунк1ыф1.
  • Хэт игъэтэдж? - Псыр-щэ?
  • Тэджырей. - Хьэм иреф.
  • Хэт ибз? - Хьэр-щэ?
  • Бзэрей. - Л1ым щ1ыгъущ.
  • Хэт ид? - Л1ыр-щэ?
  • Дэрей. - Мэкъу йоуэ.
  • Хэт щит1агъэ? - Мэкъур-щэ?
  • Уи шыпхъум. - Шхалъэм дэлъщ.
  • Дэнэ ук1уэ? - Шхалъэр-щэ?
  • Хьэщ1ап1э. - Жэмыр бгъэдэтщ.
  • Сыт къраугъэшх? - Жэмыр-щэ?
  • Щыхь куц1рэ фо - П1ап1у къехь.
  • Си 1ыхьэр-щэ? - Джэдум иреф.
  • Гъуанэм илъщ. - Джэдур-щэ?
  • Илъыжкъым. - Гъуанэм исщ.
  • Дэнэ к1уа? - Гъуанэр-щэ?
  • Вындым ишхащ. - Уэ уисыжщ.
  • Дунейм тетым сыт нэхъ дахэ?
  • -Адыгэ хъыджэбзырщ.
  • -Абы нэхъ дахэжыр сыт?
  • -Адыгэшу къабзэрщ.
  • -Адыгэшыр зыгъэдахэр сыт?
  • -АдыгэлI губзыгъэращ.
  • -Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?
  • -И бзэрщ- адыгэбзэрщ.

Езыгъ: Адыгагъэр дэни къыщыхощыр, ди адыгэ уэрэдхэми, ди усак1уэ, тхак1уэ 1эзэхэм я 1эдакъэщ1эк1хэми. Девгъэда1уэт-т1э абыхэм.

(ц1ык1ухэр усэ къоджэ)

Адыгэбзэ – си анэбзэ

Си лъэпкъым и псэр

Сэри ди Тхьэшхуэм къыс1урилъхьащ.

А бзэм нэхъ лъап1э

Бэзэр 1уэхухэр мыхъумэ, нэгъуэщ1 гуэрхэм

Ар жызы1эм, ахэр зи жьэ къек1уэм,

И анэ быдзышэр ещ1 хьэрэм.

Зи бзэр нэгъуэщ1ыбзэк1э зыхъуэжым,

Сыт имыхъуэжыну къыхуэнэн?

Лъэпкъым и хабзэр хэкIуэдэжат

Ауэ, упсэумэ, анэдэлъхубзэ,

Адыгэ хабзэри мыкIуэдыжынщ.

Адыгэ хабзэр дзапэ уэрэдкъым,

Дыхуэмеижуи, IэщIыб тхуэщIынкъым.

Адыгэ хабзэр-ар анэдэлъхущи

Ди псэр пытыхукIи, дэ дгъэзэщIэнщ.

Езыгъ: Адэк1э ди пшыхьым уэрэдк1э къыпащэнщ ди езанэ классым щ1эс еджак1уэ ц1ык1ухэм.

Езыгъ: Ди пшыхьым и пэм деж зэрыжыт1ащи, адыгэм и сыт хуэдэ 1уэхури хъуэхъук1э къыщ1едзэ,хъуэхъук1и еух. Дэри а хабзэм дытету дыхуейт ди пшыхьым ик1эм деж ди адыгэ лъэпкъым дынывэхъуэхъуну.

(ц1ык1ухэм хъуэхъу жа1э)

Ди гур хуабэ къысхуэфщ1ащ,

Псалъэ дахи зэхэтхащ,

Бзэми дэ зедгъэужьащ,

Ныбжьэгъу куэди къэдгъуэтащ.

Саугъэту дэ хъуэхъу дахи нывжет1ыну дыхуежьащ.

Уафэ джабэр ди унэ бжыхьу,

ЩIым и лъащIэр дитIысыпIэу,

Ди анэ-адэхэр псом хуэмыдэу тлъытэу,

Ди зэхуаку дэлъыр гулъытэу,

Дызытеувэр щIы фIыцIэ щабэу,

Адыгэ Хабзэр ди щIэблэм едгъащIэу,

Шыгъу пIастэм зыщыдмыгъащIэу,

ФIы щIэным дыхуэпIащIэу,

Нэщхъеягъуэхэр ди мащIэу,

Адыгэ цIыхухэр щэджащэу,

Уз бзаджэхэм дыгъуасэр я мащэу,

Жьы угъурлыхэр къытхуепщэу,

Ди Iэнэм тетыр тхъущIэжу,

Ди тхыдэ телъыджэр тщIэжу,

Ддэр цIыхугъэрэ напэу,

Адыгэ Хэкум и Iуэхур тфIэнэхъапэу,

ЗэгурыIуэныгъэр ды зэхуакум щыбатэу

Ди псыежэххэм я щIагъыр мывэкIэщхъыу,

Адыгэ лъэпкъыр Тхьэм дигъэпсэу.

Езыгъ : Зыузэщ1, еф1ак1уэ, си лъэпкъ дахэ!

Бзэрабзэ си бзэу адыгэбзэ!

Узыншэу, ди щIэблэ Iумахуэ!

Еф1ак1уэ, гъагъэ адэжь лъапсэ!

Ет1энэгъэ ф1ык1э, си адыгэ махуэ!

Нажмите, чтобы узнать подробности

Презентация к внеурочному занятиюо традициях кабардинского народа.

АДЫГАГЪЭР - НЭМЫСЩ, НЭМЫСЫР - НАСЫПЩ

Мурадхэр: Хэку къызыщалъхуам, къызыхэк1а лъэпкъым къыдек1уэк1 адыгэ хабзэ дахэр куу хъуным елэжьын; я лъэпкъым, я бзэм хуа1э ф1ылъагъуныгъэм зегъэужьын.

Мурадхэр: Хэку къызыщалъхуам, къызыхэк1а лъэпкъым къыдек1уэк1 адыгэ хабзэ дахэр куу хъуным елэжьын; я лъэпкъым, я бзэм хуа1э ф1ылъагъуныгъэм зегъэужьын.

Псом япэу фигу къэзгъэк1ыжыну сыхуейщ дызыщыпсэу щ1ып1эм и дахагъым. Апхуэдэ щ1ып1э щыпсэу ц1ыхухэм я хабзэри дахэу щытын хуейщ. Емыку1 дыдэу къысщохъу уи хабзэр имыхъумэжыну, абы и дерсхэр умыгъзащ1эу дунейм утетыну.

Псом япэу фигу къэзгъэк1ыжыну сыхуейщ дызыщыпсэу щ1ып1эм и дахагъым. Апхуэдэ щ1ып1э щыпсэу ц1ыхухэм я хабзэри дахэу щытын хуейщ. Емыку1 дыдэу къысщохъу уи хабзэр имыхъумэжыну, абы и дерсхэр умыгъзащ1эу дунейм утетыну.






Адыгэ хабзэр, адыгэ нэмысыр адыгэ л1ыгъэм, адыгагъэм къыгуэх имы1эу къыдэгъуэгурык1уащ. Абы къыхэк1ыуи адыгэхэм ди гъунэгъу лъэпкъ псоми адыгэ хабзэр яф1эхабзэф1у, пщ1э къыхуащ1у, адыгэхэм къазэрыхудэплъеиным хущ1экъуу щытащ.

Адыгэ хабзэр, адыгэ нэмысыр адыгэ л1ыгъэм, адыгагъэм къыгуэх имы1эу къыдэгъуэгурык1уащ. Абы къыхэк1ыуи адыгэхэм ди гъунэгъу лъэпкъ псоми адыгэ хабзэр яф1эхабзэф1у, пщ1э къыхуащ1у, адыгэхэм къазэрыхудэплъеиным хущ1экъуу щытащ.

Езы адыгэхэми адыгагъэр я напщ1эм телъу. Ирипагэу, иригушхуэу щытащ. Абы теухуауэ псалъэ дахэ, псалъэ пэж куэди жа1ащ. Дэри а псалъэхэр ди щапхъэу щытщ.

Езы адыгэхэми адыгагъэр я напщ1эм телъу. Ирипагэу, иригушхуэу щытащ. Абы теухуауэ псалъэ дахэ, псалъэ пэж куэди жа1ащ. Дэри а псалъэхэр ди щапхъэу щытщ.

Адыгэ псалъэжьхэр: 1.Хабзэмыщ1э емык1ухьщ. 2.Хабзэр бзэгупэк1э кърахьэк1ыркъым. 3.Хабзэм къемызэгъыр и бийщ. 4.Хабзэр лъэ1укъыми 1у махуэ 1уэхутхьэбзэкъым. 5.Хабзэжь хэкужь къранэркъым. 6.Хабзэр убзэ зыф1эщ1ым хуэпщ1энум и ныкъуэр къегъанэ. 7. Адыгэм хьэщ1э и щ1асэщ. 8.Нэмыс здэщымы1эм насыпи щы1экъым

2.Хабзэр бзэгупэк1э кърахьэк1ыркъым.

3.Хабзэм къемызэгъыр и бийщ.

4.Хабзэр лъэ1укъыми 1у махуэ 1уэхутхьэбзэкъым.

5.Хабзэжь хэкужь къранэркъым.

6.Хабзэр убзэ зыф1эщ1ым хуэпщ1энум и ныкъуэр къегъанэ.

7. Адыгэм хьэщ1э и щ1асэщ.

8.Нэмыс здэщымы1эм насыпи щы1экъым

9. Нэмыс пщ1ымэ уи щхьэщ зыхуэпщ1ыжыр. 10.Нэмысыр лъэ1ук1э къахьыркъым. 11.Нэмысым насып къыдок1уэ.

9. Нэмыс пщ1ымэ уи щхьэщ зыхуэпщ1ыжыр. 10.Нэмысыр лъэ1ук1э къахьыркъым. 11.Нэмысым насып къыдок1уэ.

Ди щ1ып1э берычэт дахэмрэ, ди хэбзэмрэ ещхьщ ди фащэри. Ди адыгэ фащэм нэхъ дахэ лъэпкъ куэдым ящыгъыу щыбгъуэтынкъым.

Ди щ1ып1э берычэт дахэмрэ, ди хэбзэмрэ ещхьщ ди фащэри. Ди адыгэ фащэм нэхъ дахэ лъэпкъ куэдым ящыгъыу щыбгъуэтынкъым.

 Фащэм теухуа псалъэжьхэр. Укъыздамыщ1эм ущыгъынщи, укъыздащ1эм уакъылщ. Фащэм я нэхъ дахэр ук1ытэщ. Бзылъхугъэм и 1эщхьи, и щхьи и фащэщ. Дахагъэр зэк1ужщи, зэк1ужыр фащэщ.

Фащэм теухуа псалъэжьхэр.

  • Укъыздамыщ1эм ущыгъынщи, укъыздащ1эм уакъылщ.
  • Фащэм я нэхъ дахэр ук1ытэщ.
  • Бзылъхугъэм и 1эщхьи, и щхьи и фащэщ.
  • Дахагъэр зэк1ужщи, зэк1ужыр

Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгэ фащэм ущрихьэл1энур къэфа1куэ гупым хэтхэмрэ, музейхэмрэщ.

Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгэ фащэм ущрихьэл1энур къэфа1куэ гупым хэтхэмрэ, музейхэмрэщ.

Шум бзылъхугъэ гъуэгум ирик1уэу хуэзамэ…

Шум бзылъхугъэ гъуэгум ирик1уэу хуэзамэ…

Ц1ыхухъур шым къепсыхыу бзылъхугъэм блэк1ыху шыр 1эдэжу ишэу щытащ.

Ц1ыхухъур шым къепсыхыу бзылъхугъэм блэк1ыху шыр 1эдэжу ишэу щытащ.

Нэхъыжь щыту зэи умыт1ыс!

Нэхъыжь щыту зэи умыт1ыс!

1.Псом япэ ц1ыхум зыщалъхуа хэкур ф1ыуэ илъагъуу, игъэпэжу щытын хуейщ. 2.Нэмыс, ук1ытэ тхэлъын хуейщ. Нэхъыжьхэм пщ1э хуэщ1ын хуейщ. Нэхъыжьхэм я псалъэ зэпыдуд хъунукъым. 3. Нэхъыжьхэм я гъуэгу зэи зэпаупщ1ыркъым. 4.Адэ-анэм жа1эм деда1уэу, ахэр ф1ыуэ тлъагъу щытын хуейщ.

1.Псом япэ ц1ыхум зыщалъхуа хэкур ф1ыуэ илъагъуу, игъэпэжу щытын хуейщ. 2.Нэмыс, ук1ытэ тхэлъын хуейщ. Нэхъыжьхэм пщ1э хуэщ1ын хуейщ. Нэхъыжьхэм я псалъэ зэпыдуд хъунукъым. 3. Нэхъыжьхэм я гъуэгу зэи зэпаупщ1ыркъым. 4.Адэ-анэм жа1эм деда1уэу, ахэр ф1ыуэ тлъагъу щытын хуейщ.

Ди пщэдджыжьхэр ф1ыуэ щытын папщ1э, ц1ыхуу дунейм тету хъуар, ф1ыуэ дызэрылъагъуу, дызэхуэгумащ1эу, дызэдэ1эпыкъуу дыщывгъэт! Зэи зыщывмыгъэгъупщэ дыкъызыхэк1а лъэпкъыр! Ди хабзэр зыхъумэну дызыщыгугъыр фэращ. Фызэрыадыгэр зэи зыщывмыгъэгъупщэ!

Ди пщэдджыжьхэр ф1ыуэ щытын папщ1э, ц1ыхуу дунейм тету хъуар, ф1ыуэ дызэрылъагъуу, дызэхуэгумащ1эу, дызэдэ1эпыкъуу дыщывгъэт! Зэи зыщывмыгъэгъупщэ дыкъызыхэк1а лъэпкъыр! Ди хабзэр зыхъумэну дызыщыгугъыр фэращ. Фызэрыадыгэр зэи зыщывмыгъэгъупщэ!

Читайте также: