Сочинение на кабардинском языке зауэм и к1эр хьэдагъэщ

Обновлено: 04.07.2024

Утыку къитлъхьэнущ уи Iэзагъыр,
Усэ сатырхэм я пэжагъыр,
Уи адыгэбзэм и къулеягъыр,
ЗэхедгъэщIэнущ гурэ псэкIэ!

КъызэбнэкIауэ илъэс блыщIыр,
Зэхэтхыгъащи дэ хъыбар,
ДыноплъкIэ… хъущэкъым ди фIэщ,
Ауэ щIы мы зыр уи фIэщ -

Уэ тыгъэу лъэпкъым къытхуэпщIар
Ди сабиипсэм зэхищIащ.
Уи махуэ лъапIэр бдэтIыгъыну
Гупыж дэ нобэ псоми тщIащ.

2 езыгъ. Нобэ лъэпкъ литературэм игъуэта зыужьыныгъэм Къагъырмэс Борис и гуащIи и фIыщIи хэлъщ. Ар жыджэру икIи зэфIэкI иIэу хэлэжьыхьащ адыгэ литературэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм я зыужьыныгъэм.

1 езыгъ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ гур дэзыхьэх усэхэмрэ басняхэмрэ, псэр зыгъэгуфIэ поэмэхэмрэ рассказхэмрэ, сэбэпынагъ зыпылъ литературно-критическэ тхыгъэхэмрэ литературоведческэ лэжьыгъэхэмрэ.

2 езыгъ. Къагъырмэсым и усэ нэхъыфIхэмрэ и поэмэ купщIафIэхэмрэ ди литературэр зыкъомкIэ къагъэщIэрэщIауэ жыпIэ хъунущ. Дэтхэнэ зы усакIуэ нэсми хуэдэу, абы къелъытэ дунейм щекIуэкIхэм, къанэ щымыIэу, езым и Iуэху хэлъу. Дунейм и дэтхэнэ щIыпIэми къыщыIу гуауэр абы и гум джэрпэджэжу къыщоджэж, гуфIэгъуэ гуэр зыщIыпIэ къыщыхъуауэ зэхихамэ, ар абы и псэ къабзэм щоушэ.

КъухьэпIэм нэсу сIэщIэкIыхукIэ,
Си дыгъэр ину сэ згъэблэнщ.
Си хэку, си лъэпкъ дунейм тетыхукIэ-
Си гъащIэр ахэрщ – сымылIэн!
(Къагъырмэс Борис. Тхыгъэхэр.Налшык,19)

Пэжщ, ар нашэкъашэщ,
Бгъузэжь цIыкIущ езыр,
Ауэ ныбжьэгъу пажэ
Къыпхуэхъун хьэзырщ.

Уешэр уздэкIуэнум-
КъэхутакIуэ цIыкIущ.
Хуейщ ар жыIэщIэну,
Хэлъ абы емыкIу?

Сакъщ ар сытым дежи,
УкъыхэмыщтыкI.
Мывэхэм ублешыр,
Псы хуэзам – пхосыкI.
Хьэ самырым хуэдэу,
Уяпэ ит зэпытщ.
Зэми нэм фIокIуэдыр,
ПфIэщIу утемыт.

Удзхэм къыхэмыщу
Мажэ лъагъуэр ущу,
Мажэ лъагъуэр ущу
Махуэу е нэхущу.

ЗыдэкIуэнур ещIэ,
ИIэр зы къалэнщ:
ЦIыхур цIыхум пещIэ,
Ар-тIэ ябгынэн.

2 езыгъ. Борис зыхуэтхэр, зыхуэусэр езыр куууэ зыгъэпIейтей, псэкIэ игъэв Iуэхугъуэхэу щыпсэу зэманым, и гъащIэм нэхъ пэгъунэгъухэрщ. Дунеягъэм, цIыху гъащIэм, уеблэмэ дэтхэнэ зыми, къыщыпэщылъ лэжьыгъэм и философиекIэ узэщIа а усэ сатырхэм куэдым урагъэгупсыс.

Усэ
Мэву, мэушэ къуршыпс цIыкIур.
Ар къызогъахъуэ си пэгун.
Утхэжкъым псы пэгуным итыр,
И бзэ жьгъырури еубыдыж…
Сохьыж ар псыми хызокIэж.
Джэгун щIедзэж абы аргуэру,
Мэву, мэушэ, мэкъуейщIей,
Мэхъуж нэщхъыфIэ, йожэх уэру,
Пэгун IущIамэ, зыщедзей.

Ар зыхуэусэр езыр куууэ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэрщ. Абыхэм ящыщ зыщ анэдэлъхубзэр фIыуэ лъагъуныр.

2 езыгъ. Ди усакIуэ псоми хуэдэу, Бориси и усэ нэхъыфIхэм зыщыхуегъазэ зыщалъхуа лъахэм. УсакIуэм сыт щыгъуи зэхещIэ абы и щIыхуэ игъащIэкIэ хуэмыпшыныжыну къызэрытехуар. ГъащIэм цIыхум кърита псом ящхьэжщ щалъхуа унэр, адэ жьэгупащхьэр, къызыдэхъукIа къуажэр.

1 езыгъ. Лэскэнщ къыщыщIидзар Къагъырмэсыр нэгъуэщI щIыпIэ куэдым хуэзыша лъагъуэм, и творчествэм къуэпс хуэхъуами гукIэ сыт щыгъуи зыхуегъазэ. УсакIуэм и дежкIэ Лэскэн мэзри щалъхуа щIыналъэм инабдзэщ. Арыншамэ абы и гъащIэр псэншэщ.

2 езыгъ. Техьэ-текI Iэджэу захъуэж цIыхум и гурыщIэхэм. Ауэ абыхэм къатекIуэ гукъыдэжым дапщэщи хэкIыпIэу иIэр щIым и берычэтагъырщ, дунейм и дахагъырщ, цIыхубэм и гуащIэдэкI узыншэрщ. Гурылъ-гуращэхэм я къэхъупIэр гъатхэ щIэращIэм и нэщэнэ насып пэлъытэхэрщ, и хэкум и теплъэ гухэхъуэхэрщ.

2 езыгъ. ТекIуэныгъэ къэзыхьа сэлэт… Ди Анэ-лъахэр и псэ емыблэжу ихъумащ абы. Сыт хуэдиз лIыгъэрэ хахуагъэрэ, къарурэ шыIэныгъэрэ пхэлъын хуей лъыгъажэ зауэм уи щхьэр Iэтауэ, напэм уемыпцIыжу укъыхэкIыфын папщIэ.

1 езыгъ. ТекIуэныгъэ къэзыхьа сэлэт…Абы и фIыщIэщ нобэ мамыр дыгъэ къызэрыттепсэр. И сабиигъуэм зауэ гуащIэр зи нэгу щIэкIа усакIуэм дежкIэ мамырыгъэр лъапIэ дыдэщ икIи ар хъумэным псори къыхуреджэ.

2 езыгъ. Дунейр дахэу щытыныр, хуэфащэу абы тетыныр, нэхъыфIым, нэхъ дахэм хущIэкъуныр, цIыхугъэ лъагэм и щапхъэу щытыныр сыт щыгъуи и хъуэпсапIэщ усакIуэм, аращ гъащIэм и пщалъэу абы игъэувыр, игъэлъапIэр, гурыщIэ псалъэхэр щIызэпищэр.

1 езыгъ. Нобэ зи цIэр фIыкIэ жытIэ Къагъырмэс Борис узыншэу, къару, гукъыдэж иIэу, лъэпкъым хуэщхьэпэу иджыри куэдрэ, куэдрэ псэуну, ди тхылъеджэхэр дяпэкIи игъэгуфIэну дохъуэхъу. Абы зыхуэдгъэзэну дыхуейт езы Борис и псалъэхэмкIэ:

Сэ сщIэркъым къыспэплъэр, си Усэ,
ИтIани узотх, семызэш,
Узот си гурыщIи гупсыси,-
ИрикIуэ уи гъуэгу, къыумыгъэш.
Пхэлъыххэм къару, мы зы закъуэр
КъысхуэпщIэм – уи Iуэху зэфIэкIащ:
Уэ къоджэм къицIыхуу си макъыр
Ухъуфмэ – си кIэныр къикIащ.

ВложениеРазмер
Война России с Черкесией длилась 101 год, с 1763 по 1864 годы. 107.31 КБ
Урыс – Кавказ зауэм адыгэ лъэпкъым къыхуихьа гуауэшхуэм, тхьэмыщкIагъэм, къулейсызыгъэм еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэн.1 часть 2.91 МБ
Урыс – Кавказ зауэм адыгэ лъэпкъым къыхуихьа гуауэшхуэм, тхьэмыщкIагъэм, къулейсызыгъэм еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэн 2 часть. 1.22 МБ

Предварительный просмотр:

21 мая - окончание

1763-1864 гг. - забытая трагедия

Кл.руководитель: Мижаева М.Г.

Учитель родного языка: Нагаева А.В.

Цель: воссоздать панораму событий Русско-Кавказской войны 1763-1864 гг.;

понять суть и истоки этого конфликта;

показать на конкретных фактах героизм и мужество черкесского народа;

способствовать формированию уважения к историческому прошлому своего народа

Темэр: «Лъэпкъым и гум телъ

Мурадыр: Урыс – Кавказ зауэм адыгэ лъэпкъым къыхуихьа гуауэшхуэм, тхьэмыщкIагъэм, къулейсызыгъэм еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэн.

БлэкIам и дерсхэм щыуагъэхэм дыщахъумэн зэрыхуейр егъэщIэн.

Урокыр щекIуэкIыну кабинетым темэм теухуа тхылъхэмкIэ выставкэ щIын.

21 мая 2015 года исполнится 151 лет с того дня, как в 1864 году, в глухом урочище Кбаада (Къуэбыдэ) черноморского побережья (ныне - горнолыжный курорт Красная Поляна, близ Сочи), состоялся военный парад по случаю победы над Страной Адыгов – Черкесией и депортацией ее населения в Османскую империю.

Война России с Черкесией длилась 101 год, с 1763 по 1864 годы.
В результате этой войны древняя страна – Черкесия исчезла с карты мира, черкесский (адыгский) народ подвергся геноциду - потерял 9/10 своей территории, свыше 90% населения, был рассеян по всему миру, понес невосполнимые физические и культурные потери.

Меч иноземного вождя
На землю нартов был обрушен,
Гремели вражеские ружья,
Как гром свинцового дождя.

Сгустился мрак, луну печально
Как будто чей-то вздох задул.
Стоит в тиши исповедальной
К горам прижавшийся аул.

Он смотрит с нежностью, как горцы,
Забыв заботу, мирно спят,
Не замечает, что крадётся
К нему карательный отряд.

Не видит он опасность эту,
Не слышит треск чужих шагов.
Он улыбается, согретый
Теплом родимых очагов.

Не чует он дыханье смерти
И жар грядущего огня.
Враги в ночи идут, как черти,
Молчанье грозное храня.

Река бушует, сокрушаясь,
Волнами бьёт о берега,
Предупредить его пытаясь
О приближении врага.

Но он не слышит, оно мечтает,
Людской любовью поражён,
И даже не подозревает,
Что скоро будет он сожжён.

Он ждёт рассвет и пробужденье,
Прохладу утренней росы,
Но наступили, к сожаленью,
Его последние часы.

Макъамэ нэщхъей къеуэу егъэджакIуэм и хэзышэ псалъэхэм щIедзэ

- Майм и 21-м 2004 гъэм (илъэсищэрэ плIыщIрэ) 140 ирокъу илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Урыс – Кавказ зауэр зэрыувыIэрэ.

- Зауэм и кIэр хьэдагъэщ, - жаIэ адыгэхэм Кавказ зауэм и кIэр ди лъэпкъым дежкIэ хьэдагъэ мыухыжт, а зауэм адыгэ лъэпкъым къулейсызыгъэу, гуIэгъуэу, насыпыншагъэу, нэщхъеягъуэу къахуихьам хуэдиз къэзыхьа зауэ дунейм къытехъуауэ жыIэгъуейщ. ЦIыху мелуаным нэс адыгэ лъэпкъым щыщу къэнар мащIэ дыдэщ, нэхъыбэр яук1ащ, е хым хэкIуэдащ, ерыскъы щхьэкIэ зэтелIащ, узым ихьащ, е Тыркум Iэпхъуащ.

ЦIэрыIуэу, Кавказым ис лъэпкъ псоми къацIыхуу щыта шапсыгъхэм, натхъуэджхэм, абазэхэм ящыщу къэнар мащIэ дыдэщ. Гуузщ адыгэхэм я кIуэдыкIар, ахэр илъэс мин бжыгъэкIэ щыпсэуауэ къыщалъхуа щIыпIэм залымыгъэкIэ зэрырахуар. Адыгэхэм хуэдэу лей къызылъыса лъэпкъ щыIэу фIэщхъугъуейщ.

ЕгъэджакIуэм: Псори фIыуэ дыщыгъуазэщ адыгэхэм я щIыналъэр, къызыщалъхуа Кавказыр фIы дыдэу ялъагъуу зэрыщытам. Абы и щыхьэтщ адыгэ мин Iэджэм я гъащIэр я щIыпIэм, я щхьэхуитыныгъэм щхьэкIэ зэратар.

Русско-Кавказская война

Мурадыр: Урыс – Кавказ зауэм адыгэ лъэпкъым къыхуихьа гуауэшхуэм, тхьэмыщкIагъэм, къулейсызыгъэм еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэн.

БлэкIам и дерсхэм щыуагъэхэм дыщахъумэн зэрыхуейр егъэщIэн.

Урокыр щекIуэкIыну кабинетым темэм теухуа тхылъхэмкIэ выставкэ щIын.

Тхауэ фIэлъынухэр:

- Майм и 21-м 2004 гъэм (илъэсищэрэ плIыщIрэ) 140 ирокъу илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Урыс – Кавказ зауэр зэрыувыIэрэ.

Нобэ, псори дызэрыщыгъуазэщи, илъэсищэм нэскIэ Кавказ бгырысхэм ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэм текIуэныгъэ къыхуахьакъым.

1864 гъэм накъыгъэ мазэм и 21 – м урыс пащтыхьым и дзэ фIыуэ гъэсам, IэщэкIэ зэщIэузэдам, топхэр зи куэдым, бгырысхэм я бэнэныгъэм кIэ иритащ.

- Зауэм и кIэр хьэдагъэщ, - жаIэ адыгэхэм Кавказ зауэм и кIэр ди лъэпкъым дежкIэ хьэдагъэ мыухыжт, а зауэм адыгэ лъэпкъым къулейсызыгъэу, гуIэгъуэу, насыпыншагъэу, нэщхъеягъуэу къахуихьам хуэдиз къэзыхьа зауэ дунейм къытехъуауэ жыIэгъуейщ. ЦIыху мелуаным нэс адыгэ лъэпкъым щыщу къэнар мащIэ дыдэщ, нэхъыбэр яук1ащ, е хым хэкIуэдащ, ерыскъы щхьэкIэ зэтелIащ, узым ихьащ, е Тыркум Iэпхъуащ. ЦIэрыIуэу, Кавказым ис лъэпкъ псоми къацIыхуу щыта шапсыгъхэм, натхъуэджхэм, абазэхэм ящыщу къэнар мащIэ дыдэщ. Гуузщ адыгэхэм я кIуэдыкIар, ахэр илъэс мин бжыгъэкIэ щыпсэуауэ къыщалъхуа щIыпIэм залымыгъэкIэ зэрырахуар. Адыгэхэм хуэдэу лей къызылъыса лъэпкъ щыIэу фIэщхъугъуейщ. (макъамэр ягъэувыIэ)

1. АтIэ сыт апхуэдэ залымыгъэр, апхуэдэ телъыджэр къыщIэхъуар, сыт адыгэхэр зэрыкъуаншэр, сыт абыхэм ялэжьар?

2. А упщIэм и жэуапыр кIыхьщ.

Япэу. Урыс пащтыхьым и зэрыпхъуак1уэ политикэ бзаджэрщ. Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэр езыр зэрыхуейм хуэдэу и блэгущIэт ищIыну и ужь зэритарщ.

ХVII-нэ лIэщIыгъэум и кIэухым урыс пащтыхьым и лъабжьэр Кавказ Ищхъэрэм быдэ щищIа нэужь, и политикэр занщIэу зэрихъуэкIащ, ар политикэ бзаджэ, зэрыпхъуакIуэ политикэ хъуащ, ар зыми еплъакъым. Бгырысхэм, къапщтэмэ, адыгэхэм къащысхьакъым, уеблэмэ абыхэм хуитыныгъэу яIа посри къатрихащ, ахэр къыщалъхуа, зэрыс щIыпIэм залымыгъэкIэ зэрырихуным иужь итащ, ящIхэр зэриубыдын, абы къэзакъ станцэхэр зэрыригъэтIысхьэн, и тепщэныгъэр зэригъэбыдэн фIэкIа, нэгъуэщI Iуэху кърихуэкIыжакъым.

4 . ЕтIуанэу. Адыгэ пщы-уэркъхэм я зэрани хэлъауэ жыпIэ хъунущ,

сыту жыпIэмэ абыхэм къагурыIуэрт я щIыпIэм къинэми,

Псыжь Iэпхъуэми, я тепщэныгъэр куэдкIэ нэхъ мащIэ

зэрыхъунур, я пщылIхэри зэрафIэкIуэдынур. Пщы –

уэркъхэм я дежкIэ я пщылIхэр яфIэкIуэдыным нэхърэ

нэхъ шынагъуэ щы1этэкъым. Абыхэм я гугъэт Тыркум

1эпхъуэмэ, я пщыл1хэр къахуэнэну, я 1уэху нэхъыф1

хъуну. Лэпкъым и 1уэхум ахэр егупсысауэ

5.Ещанэу. Муслъымэн диным и лэжьак1уэхэри адыгэхэм я

щIыпIэр хыфIадзэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ. Абыхэм

гуащIэрыпсэухэм я деж лэжьыгъэ мащIэ

щрагъэкIуэкIакъым, цIыхухэр зэрыIэпхъуэным

6. ЕплIанэу . Езы Тыркум и лIыкIуэхэми къуажэ – къуажэкIэрэ

къакIухьурэ, адыгэхэр къыхураджащ Тыркум

зэрыкIуэным, абы гъащIэ дахэ, насып щаIэну,

7. Етхуанэу . Инджылызым, Франджым я лIыкIуэхэу, эмиссархэу

адыгэхэм я деж щыIахэм я зэрани хэлъщ абыхэм

къалъыса гуIэгъуэм, гузэвэгъуэм. Абыхэм, Тыркухэм

хуэдэу, Урысейм ебэныну адыгэхэр щIагъэсырт,

дэIэпыкъуэгъу хъуну жаIэрт, ауэ къазэрыдэIэпыкъуа

Инджылызми, Франджыми а псор щIызэрахуэр,

езыхэм адыгэ бгырысхэм я деж я тепщэныгъэр

щагъэбыдэну арат, Урысейм Кавказыр Iэрамыгъэхьэу.

8. Ауэ, зэрынэрылъагъущи, адыгэ лъэпкъхэм я гузэвэгъуэмкIэ, я гуIэгъуэмкIэ. Я мыгъуагъэмкIэ жэуап псори зытехуэри зыхьын хуейри урыс пащтыхьыращ, абы и лIыкIуэ Кавказым щыIахэращ. Ахэращ адыгэхэр залымыгъэкIэ я щIыпIэм изыхуар. Урыс пащтыхьым и зэрыпхъуакIуэ политикэм и уэчыл Фадеевым зэритхащи: «Псыжь адрыщIым илъ щIым къэралыр хуейт, езы бгырысхэм зыкIи хуейтэкъым.

ЕгъэджакIуэм: Псори фIыуэ дыщыгъуазэщ езыхэм яфIэфIу я щIыпIэр, къызыщалъхуар къагъанэу лъэпкъ псор зэрымыIэпхъуэным, нэгъуэщI къэрал зэрымыкIуэным, шынагъэкIэ, залымыгъэкIэ ямыхумэ. Псори щыгъуазэщ адыгэхэм я щIыналъэр, къызыщалъхуа Кавказыр фIы дыдэу ялъагъуу зэрыщытам. Абы и щыхьэтщ адыгэ мин Iэджэм я гъащIэр я щIыпIэм, я щхьэхуитыныгъэм щхьэкIэ зэратар .

9. Кавказ зауэр щиухауэ ябжыр 1864 гъэм накъыгъэм и 21-рщ. Абы и ужькIэ щIэхуэбжьащ адыгэхэм я Iэпхъуэныр – ИстамбылакIуэшхуэкIэ зэджэр. Ауэ адыгэхэм я Iэпхъуэныр куэдкIэ абы и пэкIэ щIидзащ.

1858 гъэм щIэхуабжьэу щIидзащ урыс пащтыхьым и дзэм гущ1эгъу лъэпкъ яхэмылъу къуажэхэр, унэхэр, псэуалъэхэр, гъавэхэр ягъэсу адыгэ щ1ыналъэм к1уэц1рык1ыныр, абы ц1ыху 1эджи хэк1уадэрт, къанэхэр я жылэхэм къыдахурт, тенджыз 1уфэм ирахул1эрт, Тыркум зэрагъэ1эпхъуэнум иужь итт.

10. 1860 гъэм щыщIэдзауэ Тыркум Iэпхъуэн хуейуэ хы Iуфэм ирахулIэ адыгэхэм я бжыгъэм куэдIкэ хэхъуащ. Абы шынагъуэ ищIащ Тыркум апхуэдиз цIыхур имыщтэну. ИкIи, абы къыхэкIыу, Тыркум лъэIуакIуэ ягъэкIуащ, адыгэ Iэпхъуэхэр,сыт хуэдиз хъуми, кърамыгъэзэну гурыIуэну. 1858 – 1865 гъэхэм Тыркум Iэпхъуащ цIыху мин щитхум нэблагъэ.

11. ИстамбылакIуэр адыгэ тхыдэм дэнэ къэна, Дуней псом къыщыхъуа мыгъуагъэхэм я нэхъ Iейщ, я нэхъ дыджщ. ИгъащIэм апхуэдэ залымыгъэ къэхъуауэ тхыдэм ищIэжыркъым.

Дунейм теткъым псэущхьэ цIыху нэхърэ нэхъ бэшэч, истамбылакIуэхэм ятелъа бэлыхьыр, тхьэмыщкIагъэр, мэжэщIалIагъэр апхуэдизкIэ инщ, куэдщи, ноби уогъэщIагъуэ, уи гур къызэфIэмынэу укъеджэфыркъым абыхэм ятелъа къулейсызыгъэм, насыпыншагъэм теухуа тхыгъэхэм.

12. Куэдым зэратхыжымкIэ, кхъухьым щитIысхьэкIэ адыгэхэм хэку фIыуэ ялъагъур ягъеижырт, лъэгуажьэмыщхьэу т1ысырти, щIым ба хуащIыжырт. Урысыдзэм ягъэгужьеяуэ хы Iуфэм къыIуахуэхэм, кхъухьхэм ежьэурэ, гъуэмылэ тIэкIури яухырти, мэжэщIалIэу къызэхэнэрт, бжьыхьэ, щIымахуэ щIыIэм хуэфащэ щыгъын зимыIэр куэдти, щIыIэм иук1ырт, сымаджэ зэтехъуэрт.

13. Урыс офицер гуэрым, зауэм хэтам, и нэкIэ илъэгъуахэр мыпхуэдэу итхыжауэ щытащ: «Си нэгум къыщIэнащ, щхьэфэцыр зыгъэтэдж теплъэгъуэхэр: сабийхэм, цIыхубзхэм, лIыжь – фызыжьхэм я хьэдэхэр икъухьат, я нэхъыбэр хьэхэм зэхафыщIат, узымрэ мэжэщIалIагъэмрэ апхуэдизкIэ къарууншэ ищIати, псэууэ хьэ ныбэнэщIхэм зэрызрамыгъэшхыным иужь итт, псэухэр лIахэм егупсысыну е щIалъхьэну хунэсыртэкъым. Езыхэми къапэплъэр щIагъуэтэкъым.

14. Адыгэ тхьэмыщкIэхэр хым зэрызэпрысыкIым сыт хуэдиз бэлыхь пыщIат! Япэрауэ, кхъухьхэр зейхэм уаситху Iахырт, цIыху 30 фIэкIа зэрымыхуэм 100, 150-рэ ирагъэтIысхьэрт, куэд къалэжьын папщIэ. Апхуэдизыр хуэмышэчу щIилъафэ кхъухьхэри мащIэтэкъым, цIыхур куэдыщэти, матросхэм зекIуапIэ ямыгъуэту ц1ыхухэм я гущ1ы1ум къыщак1ухьырт; цIыху Iувым хьэуар яхурикъуртэкъым, бэуапIэ ягъуэтыртэкъыми, куэдыр сымаджэ хъурт, зы тIэкIунитIэ сымаджэу къащIамэ, тенджызым хадзэрт.

15. Тыркум нэса нэужьи, адыгэхэм я Iуэхухэр зыкIи нэхъыфI хъуакъым, уеблэмэ нэхъыкIэ хъуащ. Тыркум и лIыкIуэхэм къызэрагъэгугъа жэнэт псэукIэм, гъащIэ дахэм и пIэкIэ ажал, къулейсызыгъэ, мэжэщIалIагъэ ягъуэтащ. Абы къыхэкIыуи лIэм я бжыгъэр куэдк1э нэхъыбэ хъуащ. Уи гур мыкъутэу къэнэнутэкъым адыгэхэм уаIуплъэмэ.

Адыгэхэм ящыщу лIэр апхуэдизкIэ куэдти, хьэдэхэр щIамылъхьэж хъуат, щIакхъуэ къызэрыратыр цIыху бжыгъэти, лIахэр пщыIэ зэрагъапэщахэм къыщIахыртэкъым, псэухэмрэ хьэдэхэмрэ зэхэлът.

16. ЗыдэкIуа щIыпIэхэм, адыгэхэм, Iэмал зэриIэкIэ, щIыпIэ нэхъ дыджхэр, зыгуэри къызыдэмыкIхэр, псы здэщымыIэхэр, мывалъэ щIыпIэхэр псэупIэ хуащIащ. А гугъуехьхэми адыгэ куэд ихьащ.

А зэманым Тырку пащтыхьыгъуэр езыр инти, адыгэхэр зэбгридзауэ щытащ: Сириеми, Иорданиеми, Ливанми, Полистинэми, Балканми, Крит хытIыгуми икIи нэгъуэщI щIыпIэхэми хигуэшащ. Адыгэхэр зы гупу, зы къарууэ щымытын папщIэ ямыщIа къагъэнакъым.

17. Сыт хуэдиз бэлыхь ямышэчами, сыт хуэдиз гугъуехь ятемылъами, адыгэхэр Iэщ зехуэнкIэ, шы гъэхъункIэ, Iэщэ-фащэ, дыжьын, дыщэхэкI, уанэ, щыгъын гъэхьэзырынкIэ, щIым елэжьынкIэ, хабзэкIэ, нэмыскIэ, хьэщIагъэкIэ, лIыхъужьыгъэкIэ, цIыху гъэсэкIэкIэ лъэпкъ куэдым япеуэфынут. Ноби Тыркуми, Сириеми, Иорданиеми, Израилми, нэгъуэщI къэралхэми щыпсэу адыгэхэр я лэжьыгъэкIи, я пэжыгъэкIи, я гъэсэныгъэкIи, я зыужьыныгъэкIи зыхэс лъэпкъхэм къакIэрыхуркъым.

18. Урыс пащтыхьым и политикэ бзаджэм адыгэхэр къэрал куэдым щызэбгридзащ. Нобэ нэхъыбэр Тыркум щопсэу, абыхэм я бжыгъэр мелуанитхум нос.

- Сирием мини 120-рэ щыIэщ.

- Иорданием – мин 90.

- США-м мини 6-м нэс

- Ливием – мин 350-м щIигъу.

3. Хы фIыцIэм и Iуфэр хьэдэмрэ хьэдэм лъакъуащхьэкIэ хэт цIыху ныбаджэмрэ ясеят, - итхыжащ урыс публицист цIэрыIуэ Я.В. Абрамовым. Ар зи нэгу щIэкIахэм къаIуэтэжым гум зыкъыдегъазэ. Зыр ирихьэлIащ уаем иукIа сабийр зи IэплIэм илъ цIыхубз, - нэгъуэщI зым илъэгъуащ щIыIэм игъэдиижа хьэдэ хъушэ – зэрыгъэхуэбэн щхьэкIэ зэбгъэдэгъуэлъхьауэ, щIыIэм зэтриукIат…

1. Бгырыс хьэжрэтхэм я нэгу щIэкIа гукъутэхэм и хъыбар Iэджэ къэсащ ди деж, уи гущIэм зыкъыдегъазэ абыхэм ящыщ дэтхэнэми. Кипр хытIыгум есылIа кхъухьищым, итхыгъащ газет гуэрым, бгырыс 27000 – рэ исащ, кхъухьхэр хым тетыху, абы хэлIыкIащ цIыху 1441 – рэ.

Pobeda_g

"Зы зэман дигу къэк1ыжынущ, ик1и ди ф1эщ хъужынукъым ар. " итхауэ щытащ поэт ц1эры1уэ, Хэку захэшхуэм хэта Окуджава Булат. Дунейпсор маф1эм щисым, ик1и щык1ырахъуэм щыгъуэ, ди къэралым мамырыгъэ къихьэжын папщ1э куэдым я псэр ятащ. Абыхэм яхэтщ шэрджэсхэри.

Къэралыр щытык1э гугъым щитым щыгъуэ ар кърагъэлыну зыкъа1этащ урысхэм ик1и украинэм и ц1ыхухэм, Татархэм ик1и узбекхэм, къалмыкъхэм ик1и якутхэм. Абыхэм къыщынэмыщ1а, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэри.

Адыгэхэм л1ыгъэ яхэлъыр, я хахуагъыр Хэку зауэшхуэ зэманым щ1ып1э куэдым къыщагъэлъэгъуащ. Псаъэм пащ1эу, Кавказымрэ Станинград деж щек1уэк1а зэхэуэмрэ, Курск деж, ик1и Берлиныр къыщащтэм щыгъуэ. Абы ипкъ итк1э Орденхэмрэ медал зэмыл1эужьыгъуэхэмрэ къратащ, Шэрджэс 17 –м Совет союзым и Л1ыхъужь ц1э лъап1эр хуагъэфэщащ. Абыхэм ящыщщ Къардэнхэ я унэгъуэр: летчик зэкъуэшит1рэ, зы танкистрэ, Къубатийрэ Къабардырэ.

Апхуэдэу, ди къэралым тек1уэныгъэ иныр зы1эригъыхьэу Хэку зауэшхуэм, иухащ. Ди къэралым щыпсэу дэтхэнэ зы лъэпкъми абы и ф1ыщ1э хэлъщ.

Хэку зауэшхуэм тек1уэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрихьамк1э , Дынывохъуэхъухэ.

Совет союзым и Л1ыхъужь ц1э лъап1э зыхуагъэфэща Шэрджэсхэр

Андрухаев Хъусен Борэжь и къуэр

Аскаров Алексей Алексей и къуэр

Ачмизов Айдамир Ахьмэд и къуэр
Бжигаков Камчари Барокъуэ и къуэр
Иуан Хьэсэн Т1алиб и къуэр
Къэнкъуэш Ахъмэт-Хъан Талэ и къуэр

Къардэн Къабард Лукъмэн и къуэр
Къардэн Къубати Локъумэн и къуэр

Къардэн Мурат Асхъад и къуэр
Къаныкъуей Назир Тит1у и къуэр
Къуныжь Заманшяри Уэсмэн и къуэр
Къуэшей Алий Юсуф и къуэр

Нехай даут Ереждыбий и къуэр
Тхьэгъуш Исмаил Хьэлэл и къуэр
Хьэбэч Умар Хьэмид и къуэр

Абубэчыр Баэрбий и къуэр

Яхогоев Михаил Ардашукович

БАКОВА ЗЕРА ХАЧИМОВНА, докт. филол. наук, профессор КБГУ.

Список известных побед Гвардии лейтенанта А. Т. Канкошева:

(Из книги М. Ю. Быкова - "Победы сталинских соколов". Издательство "ЯУЗА - ЭКСМО", 2008 г.)

п / п Д а т а Сбитые

самолёты Место воздушного боя

( одержанной победы ) Свои

1 14.03.1943 г. 1 Ме-109 Темрюкский залив Як-1, Як-7.

2 21.03.1943 г. 1 Ме-109 Казачий Ерик

3 14.05.1943 г. 1 Ме-109 вост. Неберджаевская

4 16.05.1943 г. 1 Ме-109 зап. Старонижестеблиевская

5 23.05.1943 г. 1 Ju-87 сев. Коса Пероконская

6 28.05.1943 г. 1 Ме-109 сев. - вост. Киевское

7 1 Ju-87 сев. - вост. Киевское

8 02.06.1943 г. 1 Ме-109 юж. Киевское

9 03.06.1943 г. 1 Ме-109 сев. - зап. Киевское

10 1 Ме-109 зап. Красный

11 19.07.1943 г. 1 Ме-109 Верхнебаканская

12 09.08.1943 г. 1 Ме-109 Нижний Дессерим

13 12.08.1943 г. 1 Ме-109 юж. Нижне - Греческий

14 21.11.1943 г. 1 Ме-109 Мама Русская - Мама Татарская

Родился 28 августа 1914 года в селе Дейское, ныне Терского КБР. Окончил 2 курса железнодорожного техникума в городе Орджоникидзе в 1933 году, 1-ю Батайскую школу ГВФ в 1937 году, школу усовершенствования лётного состава Осоавиахима при Центральном аэроклубе им. В. П. Чкалова в Москве в 1938 году. Был начальником лётной части и начальником аэроклуба в городе Йошкар - Ола Mapийской АССР в 1938 - 1942 годах.

К июня 1943 года командир звена 42-го Гвардейского истребительного авиационного полка (216-я смешанная авиационная дивизия, 4-я Воздушная армия, Северо-Кавказский фронт) Гвардии лейтенант А. Т. Канкошев совершил 108 боевых вылетов, в 45 воздушных боях сбил лично 8 самолётов противника и 3 в группе.

2 сентября 1943 года за мужество и воинскую доблесть, проявленные в боях с врагами, удостоен звания Героя Советского Союза.

28 декабря 1943 года пропал без вести в бою в районе Керчи. К тому времени сбил 14 самолётов противника лично и 3 - в составе группы. Ещё 1 самолёт сжёг на земле при штурмовке вражеcкого аэродрома и 13 повредил.

Награждён орденами: Ленина, Красного Знамени (дважды ).

В Нальчике на улице имени Героя, в городах Терек и Йошкар-Ола установлены мемориальные доски. Имя Героя носят улица и средняя школа в селе Дейское, улицы в городах Терек, Баксан, Нарткала, посёлках Кенже, школа № 17 в Нальчике, комбинат бытового обслуживания в Баксане, детская библиотека в Тереке.

Читайте также: